ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Февраль, 2020

Iуащхьэмахуэ лъапэ ящыщщ щIымахуэ лъэхъэнэм зыгъэпсэхугъуэ махуэхэр нэхъ тэмэму къызэзыгъэпэщ курортищым

2020-02-13

  • ТурСтат турист порталым къытридзащ щIымахуэ лъэхъэнэм зыгъэпсэхугъуэ махуэхэмрэ махуэш­хуэхэмрэ тэмэму къы­зэ­зыгъэпэщ IуэхущIапIэхэм я рейтингыр.

  • Абы ипкъ иткIэ япэ увыпIищыр яубыдащ Сочэ щыIэ Розэ Хутор, Къэбэрдей-Балъкъэрым хиубыдэ Iуащхьэмахуэ лъапэр, Москва областым и Дмитровскэ ­районым и курортхэм.
  • Рейтингыр зэхалъхьащ зыгъэпсэхуа­кIуэ­хэм зэрахэупщIыхьам кърикIуахэм япкъ иткIэ. ЗэупщIахэм ящыщу щIымахуэ зыгъэ­псэхупIэу къыхах: процент 24-м Розэ Хутор (Сочэ) курортыр, процент 19-м Iуащхьэ­махуэ лъапэ и курортыр, проценти 8-м ­Москва къалэм и Iэшэлъашэм щыIэ Дмит­ровскэ курортыр.

 

 

Зыхыхьэхэр: Хэха

Къардэн Къубатий

2020-02-13

«Зауэр иухащ. ФIэхъус, си къуажэ!»

  • Хэку дахэм хамэр къефыгъуэрт,
  • Гъунэгъуейр къуентхъым зэдеблэрт,
  • Зауэр яублэм, гъатхэпэ щыблэти,
  • хэуэрт,
  • Къардэным и къуэу ди Къубатий
  • пхъэшакъуэт.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

ТекIуэныгъэм дыхуэзыша лъэбакъуэ 1418-рэ

2020-02-13

  • Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и дзэ комиссариатым къызэритамкIэ, Уры­сей Федерацэм Зыхъумэжыныгъэм­кIэ и министерствэм зэхилъхьащ «Фэ­еплъым и гъуэгуанэ» проектыр. Ар зыхуэунэтIар зауэм и лъэхъэнэм фронтым Iута псоми ятеухуа хъыбархэмрэ сурэтхэмрэ зэхуэхьэсынырщ.
  • Дэтхэнэ зыми щыгъуазэ зызыхуи­щIыфыну хъыбархэр зэхуэхьэсыныр ­Зы­хъумэжыныгъэмкIэ министерствэм еунэтI. Лэжьыгъэхэр къэрал псом щокIуэкI, архивхэм хэт тхыгъэхэмрэ документхэмрэ электрон Iэмэпсымэхэм иралъ­хьэн папщIэ бжыгъэ зэхэлъыкIэхэм ­хуагъакIуэ, псори Москва дэт лабораторэ щхьэхуэм зэхуехьэсыж.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

Урысей Федерацэм и Кубокым щIэбэнхэр

2020-02-13

  • Iуащхьэмахуэ лъапэ щызэфIэкIащ бгы-лыжэ спортымкIэ Урысей Федерацэм и Кубокыр къэхьыным ехьэлIа зэ­хьэзэхуэм и еплIанэ, етхуанэ Iыхьэхэр. Абы хэтыну Терскол къыщызэхуэсат къэ­ралым и щIыналъэ 14-м къикIа спорт­смен 74-рэ.

  • Москва, Санкт-Петербург къалэхэм, ­Ленинград, Москва, Киров, Мурманск, Красноярск, Кемеровэ, Челябинск областхэм, Краснодар, Камчатскэ, Алтай крайхэм, Сахалиным, Тэтэрстан республикэм къикIахэр мазаем и 6-м щыщIэ­дзауэ махуищкIэ Урысей Федерацэм и ­Кубокым и еплIанэ, етхуанэ Iыхьэхэм щызэныкъуэкъуащ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

Нобэрэ Пщэдейрэ

2020-02-13

  • Мазаем и 13,
  • махуэку
  • Радиом и дунейпсо махуэщ
  • 1830 гъэм дунейм къы­техьащ Урысей къэралы­гъуэм и законхэр щызэхуэ­хьэса тхылъхэр. Ахэр том 45-рэ хъурт.
  • 1842 гъэм урысей пащ­тыхь Николай Езанэм Санкт-Петербург — Москва гъущI гъуэгур ухуэным теухуа уна­фэм Iэ щIидзащ. ЗэрагъэхъыбарыжымкIэ, а гъуэгур зыхуэдэнур картэм щыщритхъэм, Николай иIыгъ къэ­рэндащыр тхылъымпIэм ­телъ и Iэпэм жьэхэуэри, ар къитхъыхьащ. ЛэжьакIуэ жы­IэдаIуэхэм а щIыпIэм деж, апхуэдэ дыдэу, къэгъэ­шыпIэ иIэу ящIауэ щытауи жаIэж. А гъуэгум ар езыгъэщIа пащтыхьым и цIэр зэрихьэу щытащ 1923 гъэ пщIондэ, иужькIэ Октябрь­скэ цIэр фIащащ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

Апхуэдэщ ЕхъулIэ Мартин

2020-02-13

  • Лъэпкъ щIэныгъэлI пажэ, техникэ щIэныгъэхэм я доктор, профессор, Къэбэрдей-Балъкъэрым щIэ­ныгъэмкIэ щIыхь зиIэ лэ­жьа­кIуэ ЕхъулIэ Мар­тин ящыщщ зи зэфIэкI лъагэ­м­рэ щIэныгъэ куумрэ мэ­къу­мэш щIэныгъэм и зыу­жьыныгъэм тыхь хуэзы­щIахэм. АдыгэлI щып­къэм и ныбжьыр иджыблагъэ илъэс 65-рэ ири­къуащ. Абы ­щыщу 42-р ­ЕхъулIэм хуигъэпсащ щIэныгъэкъэхутэныгъэмрэ егъэ­­джэныгъэ лэжьыгъэм­рэ.
  • Мартин къыщалъхуари и сабиигъуэ-щIалэгъуэр щигъэ­кIуари Малка жылэращ. Къуажэ курыт школыр нэхъыфI­хэм ящыщу 1972 гъэм къиуха нэужь, КъБКъУ-м и инженер-техникэ къудамэм щIэтIысхьащ. Абы щыщIэса илъэсхэм ар егугъуу, зыхэтым фIыкIэ къахэщу еджащ, щIэныгъэфIи зригъэгъуэтащ. 1977 гъэм диплом плъыжьыр къыIэрыхьэжа нэужь, Москва дэт станкоинструментальнэ институтым стажёр-къэхутакIуэу ягъэкIуащ. А щIыпIэм щригъэкIуэкIа къэхутэныгъэхэр лъабжьэ хуэхъуащ «Технология маши­ностроения, металлорежущие станки и инструменты» щIэныгъэ диссертацэм. 1982 гъэм кандидат лэжьыгъэр пхигъэкI­-ри, ЕхъулIэм Налшык къигъэзэжащ икIи 1983 гъэм къы­щыщIэдзауэ нобэр къыздэсым Къэбэрдей-Балъкъэр къэ­-рал университетым щолажьэ. А зэманым къриубыдэу абы IэнатIэ зыбжанэ ирихьэкIащ: егъэджакIуэу, кафедрэм и ассистенту, иужьыIуэкIэ и унафэщIу, КъБКъУ-м и Политех­никэ къудамэм и унафэщIу лэжьащ. Нобэ ЕхъулIэ Мартин еджа­-пIэ нэхъыщхьэм и инженер-техникэ факультетым и зы ­ка­федрэм и унафэщIщ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

Эскадроным и командир

2020-02-13

  • 1939 гъэм и фокIадэм къэ­хъуар Белоруссием и тхыдэм дежкIэ мыхьэнэшхуэ зиIэ Iуэхугъуэт. ЗалымыгъэкIэ зэбграхуа цIыхубэр зэкъуэт ищIыжат абыхэм я щхьэхуитыныгъэм щIэзэуа Дзэ Плъыжьым. Апхуэдэ Iуэху бгъэдыхьэкIэр захуэт, ауэ, ди жагъуэ зэрыхъунщи, псоми ар къагурыIуэркъым.
  • Зауэ Iуэхум зыхуэгъэхьэ­зы­рыным Совет Союзым щыщIа­дзат 1939 гъэм и фокIадэм ипэжкIэ. А лъэхъэнэм щытыкIэр дуней псоми щыгугъут.
  • Балъкъыз Хьэсэнбий дзэм ­ираджащ къыщалъхуа Аруан ­районым и военкоматым. Хэку зауэшхуэм и пэ махуэм щегъэ­жьауэ ар псэемыблэжу нэмыцэ зэрыпхъуакIуэхэм япэщIэтащ.
  • 1941 гъэм и фокIадэм Балъкъызыр щIагъэтIысхьащ Тбили-си щыIэ дзэ унафэщI гупым и курсхэм. Ар ехъулIэныгъэкIэ ­къиуха нэужь, Хьэсэнбий 816-нэ фочауэ гупым и шу тIасхъэ­щIэххэм я Iэтащхьэу ягъэуващ. А зэманым полкыр Тамань хытIыгу ныкъуэм щыIэт. 1941 гъэм дыгъэгъазэм и 26-м, жэщу, Хьэсэнбий и дзэр щIыгъуу, Керчь хытIыгу ныкъуэмрэ Феодосиерэ щитIы­сыкIри, зэхэуэ гуащIэхэм хэтащ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

Щауэ Данил и лIыгъэ

2020-02-13

  • Мы тхыгъэр зытеухуа Щауэ Данил Хьуд и къуэр ипэжыпIэкIэ ящыщщ гъащIэ купщIафIэ къэзыгъэщIахэм, щалъхуа и лъахэм псэухукIэ IуэхуфI хуэ­зылэжьахэм. Ар Кушмэзыкъуей къуа­жэм (Бахъсэн къалэм щыщ хъужа Старэ Крепость) 1897 гъэм гъатхэпэм и 1-м къыщалъхуащ.
  • Япэ дунейпсо зауэм Урысейм и лъэныкъуэкIэ хэтащ ди щIыналъэм щызэхашауэ щыта Къэбэрдей шу полкри. А дзэм щIалэщIэу хагъэхьат Щауэ Хьуд и къуэхэу Хьэбалэрэ Данилрэ. Дэфтэрхэм къызэ­рыхэщыжымкIэ, ахэр ящыщщ, хахуагъэ къагъэлъагъуэу, империалист (кайзер) Германием и зауэлIхэм ерыщу япэщIэтахэм.
  • Зауэр здекIуэкIым ди адыгэ шухэр ­Галицие щIыналъэм къыщыщIидзат. ­Абдежым лъэныкъуитIым щызэхаубла зэпэщIэувэныгъэ гуащIэм псэемыблэжу зэрыхэтам, лIыгъэшхуи зэрыщызэра­-хьам папщIэ, зэкъуэшитIым къыхуагъэ­фэщат Георгий Щихъым и орденым и IV нагъыщэр.
  • Щалъхуа я лъахэм къагъэзэжа нэужьи Хьэбалэрэ Данилрэ, лIыгъэжьыр зэрахьэу, яхэтащ Урысейм къыщыхъея Октябрь революцэ инымрэ абы къы­кIэлъыкIуа Граждан зауэмрэ я хуэмэбжьымэу Къэбэрдейм щекIуэкIахэми (1917 — 20 гъэхэм).

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

Антарес вагъуэм и нэхур

2020-02-13

  • Егъэджэныгъэ ІэнатІэр егъэфІэ­кІу­ным теухуа къэралпсо проектхэм япкъ иткІэ, ди республикэм щокІуэкІ сабий зэчиифІэхэр наІуэ къэщІыным, абы­хэм хэхауэ ядэлэжьэным хуэгъэпса Іуэ­хугъуэ куэд. Абы хуэунэтІащ иджы­благъэ къызэІуаха «Антарес» егъэ­джэныгъэ центрыр.
  • Скорпион вагъуэбэм хэт вагъуэхэм    я нэхъ нэху дыдэм и цІэр зыфІаща ІуэхущІапІэм дызэрыт илъэсым и кІуэцІкІэ ныбжьыщІэ 500-м щадэлэжьэнущ. Ап­хуэдэ егъэджэныгъэ центру ди къэралым итыр пщІы къудейщ, ди республикэм къыщызэІуахари яхэту.
  • «ЩІэныгъэ», «Гъуазджэ», «Спорт», нэгъуэщІ унэтІыныгъэхэмкІи сабийхэм зыщ­рагъэужь «Антарес»-м. Мазаем и ­10-м щІидзащ химие-биологие унэтІыныгъэмкІэ зи щІэныгъэм хэзыгъахъуэ ­са­бийхэм я еджэныгъэхэр. Нэхъапэ­Іуэ­кІэ, илъэс кІуам и дыгъэгъазэм и кІэухым, абы щыІащ физикэм, математикэм дахьэх ныбжьыщІэ 250-м нэс. Сабий зэчиифІэхэм зэрадэлэжьапхъэ программэ хэхахэм тету къызэгъэпэщащ Іуэхур.
  • КъБР-м ЦІыхухэр егъэджэнымкІэ, щІэ­ныгъэмрэ щІалэгъуалэм я ІуэхухэмкІэ, ЩэнхабзэмкІэ, СпортымкІэ и министерствэхэм я нэІэм щІэту лажьэ центрым екІуалІэр 6-10-нэ классхэм я еджакІуэхэращ. Абыхэм я нэхъыбапІэр ди республикэм и къуажэхэм дэт курыт школхэм я гъэсэнщ.
  • Тамбий  Линэ.

Зыхыхьэхэр: Хэха

Фестивалыр и кIэм ноблагъэ

2020-02-13

  • МахуиплIкIэ Налшык къалэм щызэхэта «Фестиваль платформ» щэнхабзэ фестивалыр и кIэм нэблэгъащ. Ар къызэригъэпэщащ къалэм зегъэужьынымкIэ «Платформа» институтым, Налшык къалэ администрацэмрэ ITV Group гупымрэ и дэIэпыкъуэгъуу.
  • Математик Савватеев Алексей и «Волшебная школьная геометрия» лекцэмкIэ фестивалыр къы­зэIуихащ. «Зимняя платформа» Iуэхум хыхьэу, къалэм щып­сэу­хэмрэ абы и хьэщIэхэмрэ екIуэлIэну икIи Кавказ Ищхъэрэм и иджырей гъуазджэмрэ лъэпкъхэм я щхьэхуэныгъэхэмрэ щытепсэ­лъы­хьыну Iэмал яIащ Кавказым иджырей гъуазджэмкIэ и фондым и президент Астемыр Заирэрэ худож­ник Чыгъэду Закрэ я лекцэ гъэщIэгъуэнхэм.
  • Зэхуэсахэр Кавказ Ищхъэрэм ­нэгъуэщIынэкIэ иригъэплъыжы­-ну икIи зэрыс щIыналъэр нэхъыфIу яригъэлъагъуну къехъу­лIащ Та­рабринэ Иринэ игъэлъэ­гъуа «Сев Кав Ван Лав» и фильмым. Фестивалым и хьэщIэхэм Iэмал яIащ «В поисках идентич­ности» арт-зэ­хуэ­сым хыхьэу къы­зэрагъэпэща гъэлъэгъуэныгъэ­хэм зыщаплъыхьыну.
  • ЗэIущIэр зэхуащIыжащ «Городская идентичность, Кизиловка» уоркшопымкIэ. Архитекторхэу Пановэ Алёнэрэ ГъукIэлI Муратрэ я ­гъусэу налшыкдэсхэм къагъэлъэгъуащ Кизиловкэ зэрыдэкI гъуэгум и Iуэху зэIумыбзхэм, абы зэрыз­рагъэужьыну, зэрырагъэфIэкIуэну щIыкIэхэм.
  • БЖЬЫХЬЭЛI  Розэ.

Зыхыхьэхэр: Щэнхабзэ

«Урысейм и макъ жьгъырухэр — 2020»

2020-02-13

  • Апхуэдэ фIэщыгъэ зиIэ урысейпсо зэпеуэм и муниципальнэ Iыхьэр Налшык щекIуэкIащ. ЗэфIэкI зиIэ уэрэджыIакIуэхэм я зэхьэзэхуэр къызэрагъэпэщащ «Хоровод традиций» урысейпсо фестивалым хыхьэу.
  • Зэпеуэм и къалэ Iыхьэм хэтащ курыт еджапIэхэмрэ щIэныгъэ гуэ­дзэнхэм я IуэхущIапIэхэмрэ я еджакIуэ 69-рэ. Абы и саугъэт нэхъыщхьэр хуагъэфэщащ Акаевэ Мариамрэ къалэм и курыт еджапIэ №23-мрэ.
  • Адрей Iыхьэхэм пашэ щыхъуахэщ: илъэси 10-13 зи ныбжьхэм я деж «Эстрадэ уэрэдхэр гъэзэщIэн» унэтIыныгъэм щытекIуащ Цыплухинэ Аннэ (курыт еджапIэ №6), Уэлджыр Миланэ (курыт еджапIэ №37), Тэшт Айдэмыр (курыт еджапIэ №20);
  • — илъэс 14-16 зи ныбжьхэм я деж «Эстрадэ уэрэдхэр жыIэн» унэтIыныгъэм пашэ щыхъуащ Шыбзыхъуэ Бэллэ (лицей №2), Къуэдзокъуэ ­Арианнэ (курыт еджапIэ №9), Жэмыхъуэ Камиллэ (курыт еджапIэ №27).
  • — илъэс 14-16 зи ныбжьхэм я деж «Академическэ уэрэдхэр гъэзэщIэн» Iыхьэм щытекIуащ Шэрий Iэминэ (лицей №2).
  • Зэхьэзэхуэм и щIыналъэ Iыхьэр мазаем и 19-м ирагъэкIуэкIыну яубзыхуащ.
  • ТекIужь  Заретэ.

Зыхыхьэхэр: Хэха

Теплъэгъуэхэр

2020-02-13

Абхъазым и утым щащIа къежэхыпIэм и теплъэ дахэрщ. Абы яфIэфIу сабийхэри балигъхэри къокIуалIэ, я нэгу зыщрагъэужь, бгы IэрыщIым къожэххэр. Сурэтыр Къарей Элинэ трихащ.

Зыхыхьэхэр: Теплъэгъуэхэр

«Кавказ хабзэ», «бгырыс хабзэ» жыхуаIэхэмрэ къинэмыщIхэмрэ

2020-02-13

 

АдыгэлIрэ адыгэшрэ.

 

  • Мы тхыгъэм щхьэусыгъуэ хуэхъуар Котляровхэ Мариерэ Викторрэ я тхылъ тедзапIэм къыщыдэкIа «Кавказ этикет» (Налшык, 2019 гъ.) тхылъымрэ КъБКъУ-м и профессор Хъурей­ Леоренэ «Лъэпкъ хабзэм къыбгъэдэкI узыншагъэр» («Здо­ровьепорождающая сила национального этикета», «Газета Юга», №45, 2019 гъ., щэкIуэгъуэм и 29) зыфIища и тхыгъэмрэщ. ТегъэщIапIэу къэтщтар филолог Гъут Iэдэм «Кавказ этикетым теухуа теплъэгъуэхэр» («Этюды о кавказском ­этикете», Налшык, 1998 гъ.) зыфIища и лэжьыгъэмрэ зытепсэлъыхь IуэхугъуэкIэ абы ещхь нэгъуэщI зыбжанэрэщ. Хъурей Леоренэ къызэрилъытэмкIэ, адыгэ хабзэр Кавказ ­Ищхъэрэм щыпсэу лъэпкъ псоми я деж щызекIуэ хабзэхэм лъабжьэ зэрахуэхъуам­ къыхэкIыу, «кавказ хабзэ зы­фIэп­щыфын зэхэтыкIэ зэдай» щыIэу пхужыIэнущ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

Махуэку. Маршал Чуйковым и уэсятыр

2020-02-13

  • Абы и гум къыхуидакъым лIа иужькIи а щIыналъэр ибгынэн
  • Сталинград» псалъэр зэхэзымыха цIыху балигъ къэгъуэтыгъуейщ. И пщIэр апхуэдизкIэ инщи, Европэм и къалэ зыбжанэм я уэрамхэм фIащащ и цIэр. Сыт ар апхуэдизу зыIэтар? Хэку зауэшхуэм и зэманым ар зыхъумахэм къыпхуэмылъытэн хуэдизу зэрахьа лIыгъэрщ. Нобэ ди тхыгъэр тыдоухуэ абы и деж къыщахьа ехъулIэныгъэ иным и къызэгъэпэщакIуэхэм ящыщ дзэзешэ Чуйков Василий.
  • Ар 1900 гъэм мазаем и 12-м Тульскэ губернэм бын куэд щапI унагъуэм (зэкъуэши 8-рэ зэшыпхъуи 4-рэ хъурт) къыщалъ­хуащ. И ныбжьыр илъэс 12 фIэкIа мы­хъуауэ лэжьэн щIидзащ, пасэу 1917 гъэм, Кронштадт къулыкъу щищIащ, 1919 гъэм РКП (б)-м хыхьащ.
  • Граждан зауэм и лъэхъэнэм IэнатIэ зэмылIэужьыгъуэхэм пэрыту плIэнейрэ уIэгъэ къыщащIащ. Илъэс 19 зи ныбжь Чуйковым уIэгъэ хъуар зэрихъуэкIри 1921 гъэр иухыхукIэ 5-нэ фочауэ дивизэм и ­43-нэ полкым и унафэщIу щытащ. Ипщэ, Ищхъэрэ, КъухьэпIэ фронтхэм щызэуащ, зэрихьа лIыгъэм папщIэ Бэракъ Плъыжь орденитI, дыщэ сыхьэт, дыщэ Iэщэ къы­хуагъэфэщащ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

Израиль

2020-02-13

Израилым езым и щыхьэру игъэува Ие­русалим ящыщщ дунейм и къалэ нэхъ ­дахэ дыдэхэм икIи телъы­джэхэм. Ар ижь-ижьыж лъандэрэ дин лъэрызехьэхэу щым я щIыналъэу къокIуэкI. Абы щыIэщ нэгъуэщI щIы­пIэхэм узы­щри­мы­хьэ­лIэну ухуэ­ны­гъэхэр. Сыт щыгъуи цIыху куэд дыдэ йо­кIуалIэ Аль-Аксэ мэжджытым. (Су­рэтым и кум щыво­лъагъу).
Сурэтыр Къарей Элинэ трихащ.

Зыхыхьэхэр: Хэха

« Раньше