ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Нобэрэ Пщэдейрэ

2020-02-20

  • Мазаем и 20,
  • махуэку
  • ЦIыхухэр зэхуэгъэдэным и дунейпсо махуэщ
  • 1975 гъэм хьэуам зыщыхъумэжынымкIэ дзэхэм я махуэр ягъэуващ.
  • 1940 гъэм Налшык къалэм IэфIыкIэ щащI фабрикэ къыщызэIуахащ.
  • Адыгей драматург, уса­кIуэ Кубэ Билъостэн къы­зэралъхурэ илъэси 123-рэ ирокъу.
  • Адыгей тхакIуэ Теувэж Хьэбиб и ныбжьыр илъэс 89-рэ ирокъу.
  • Медицинэ щIэныгъэхэм я доктор, КъБКъУ-м и профессор Гъащтэ Абдул къы­зэралъхурэ илъэс 85-рэ ирокъу.

  • Композитор, УФ-м гъуа­з­джэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, КъБР-м и цIыхубэ артист, Къэбэрдей-Балъкъэрым и Къэрал саугъэтым и лауреат, жылагъуэ лэжьакIуэ Хьэ­Iу­пэ ДжэбрэIил и ныбжьыр илъэс 78-рэ ирокъу.
  • Генерал-лейтенант, ­УФ-м и Къэзыбж палатэм и къэпщытакIуэ, Москва и Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ, «Адыгейм и щIыхь» медалыр зрата Дзыбэ Мусэ и ныбжьыр илъэс 69-рэ ­ирокъу.
  • Адыгэ Республикэм, ­КъБР-м щIыхь зиIэ я артисткэ БжэIумых Барисэт (Бэллэ) къыщалъхуа махуэщ.
  • «Адыгэ псалъэ» газетым и къудамэм и унафэщI, КъБР-м и Правительствэм и ЩIыхь тхылъыр зыхуа­гъэфэща Истэпан Залинэ къыщалъхуа махуэщ.
  • Дунейм и щытыкIэнур
  •    «pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, Налшык пшэр техьэ-текIыу щыщы­тынущ. Махуэм хуабэр градуси 8 — 10, жэщым  градус 2 — 6 щыхъунущ.
  • Мазаем и 21,
  • мэрем
  • Анэдэлъхубзэм и дунейпсо махуэщ. ЮНЕСКО-м 1999 гъэм къищта унафэм ипкъ иткIэ ягъэ­лъапIэ.
  • Экскурсиер езыгъэ­кIуэкIым и дунейпсо махуэщ
  • 1819 гъэм Санкт-Петербург къэрал университетыр къызэIуахащ.
  • 1885 гъэм Нью-Йорк Вашингтон Джордж и фэеплъ щагъэуващ.
  • 1920 гъэм Урысейр электрификацэ щIынымкIэ и къэралпсо комиссэр (ГОЭЛРО) къызэрагъэпэщащ.
  • Урысей император Пётр Ещанэр къызэралъхурэ илъэс 292-рэ ирокъу.
  • Чехием щыщ тхакIуэ, усакIуэ, адыгэхэм я псэу­кIэм мызэ-мытIэу тетхыхьа Чех Сватоплук къызэралъхурэ илъэси 174-рэ ­ирокъу.
  • БзэщIэныгъэлI, филолог, Кавказым и тхыдэр зыджа, абхъазыбзэмрэ адыгэбзэмрэ ятеухуа къэ­­­ху­тэныгъэхэр езы­гъэ­кIуэ­кIа Марр Николай къызэралъхурэ илъэ­­си 157-рэ ирокъу.
  • Абхъазым и цIыхубэ уса­кIуэ, узэщIакIуэ, абхъаз ли­тературэм и лъабжьэр зыгъэтIылъа Гулиа Дмит­рий къызэралъхурэ илъэси 147-рэ ирокъу.
  • РСФСР-м и цIыхубэ сурэтыщI Кончаловский Пётр къызэралъхурэ ­илъэ­си 144-рэ ирокъу.
  • Адыгэ тхакIуэ Лохвицкий Михаил (Аджыкъу-Джэ­рий) къызэралъхурэ илъэс 98-рэ ирокъу.
  • Актрисэ цIэрыIуэ, УФ-м и цIыхубэ артисткэ, СССР-м и Къэрал саугъэтыр зрата Алентовэ Верэ и ныбжьыр илъэс 78-рэ ирокъу.
  • КъэфакIуэ Iэзэ, КъБР-м щIыхь зиIэ и артист Нэгъуд Борис и ныбжьыр илъэс 71-рэ ирокъу.
  • Къэрал къулыкъущIэ, УФ-м транспортымкIэ и министру щыта, Урысей Федерацэм и Президентым и дэIэпыкъуэгъу Левитин Игорь и ныбжьыр илъэс 68-рэ ирокъу.
  • Урысей дипломат, УФ-м и лIыкIуэу ООН-м щыIа Чуркин Виталий и ныбжьыр илъэс 68-рэ ирокъу.
  • УэрэджыIакIуэ цIэрыIуэ, Урысейм и цIыхубэ артист, УФ-м и Къэрал Думэм и депутат Расторгуев Николай и ныбжьыр илъэс 63-рэ ирокъу.
  • Дунейм и щытыкIэнур
  •    «pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, Налшык пшэр техьэ-текIыу щы­щытынущ. Махуэм хуабэр градуси 4 , жэщым градус 2 щыхъунущ.
  • Зыгъэхьэзырар
  • ЖЬЭКIЭМЫХЪУ
  • Маринэщ.