ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

2019-05-21

  • IуэрыIуатэ
  • ЛIыхъужьым и джатэ
  • Ди щIэныгъэрылажьэ институтым щIэлъ тхыгъэхэм зэрыжаIэмкIэ, Андемыркъан и джатэр зыщIар Хьэщэхэ ящыщ IэщIагъэлIщ. А гъукIэ унэцIэр XX лIэщIыгъуэ пщIондэ къоIу. Ауэ нэгъуэщI хъыбари щыIэщ, джатэр езы Лъэпщ и Iэдакъэ къыщIэкIауэ жиIэу. Ещанэ хъыбарым зэрыжиIэмкIэ, Андемыркъан и джатэр кърым хъан Долэтджэрий ейуэ щытащ, лIыхъужьым и лъэпкъэгъу гъэрхэр къригъэутIыпщыжыну абы деж щыкIуам щыгъуэ, хъаным и хэкум пэрыуэншэу изыгъэт ихьэпщIэ хуэдэу къритауэ.

  • Андемыркъан

    КъыкIэлъыкIуэ хъыбарым зэрыжиIэмкIэ, Андемыркъан и джатэр зыхъумар Шыпшхэщ. Къэбэрдейм Дондук-Омбэ къалмыкъ хъанымрэ ХьэтIохъущокъуэ Кургъуокъуэ ипхъу Жанрэ я къуэ хъанышхуэ Дондуков Ион хьэщIэу къащыхуеблэгъам, а джатэр къэбэрдеипщхэм Шыпшхэ я деж къыщащэхуу хьэщIэм тыгъэ хуащIауэ яIуэтэж. Ауэ дауэ хъуа а джатэм и Iуэхур а псом иужькIэ? Псом нэхърэ нэхъ гъэщIэгъуэнращи, дауэ абы Къэбэрдейм къызэригъэзэжар?

  • Дондук Омбэ дунейм ехыжа нэужь, хъаныгъуэр абы и къуэ Дондук Тайшэ Iэрыхьауэ щытащ. Пасэрей урыс тхыгъэхэм ущрохьэлIэ щIэныгъэлIхэм нобэр къыздэсым гу зылъамыта Iуэхугъуэ гъэщIэгъуэн. Зи гугъу тщIыр къэбэрдеипщ ХьэтIохъущокъуэ Мыхьэмэтрэ Дондук Тайшэ къалмыкъ хъанымрэ хьэпшып гуэр зэпаубыдауэ зэрыщытам тепсэлъыхь тхыгъэхэрщ. А тIур щIызэдауэр зы джатэ закъуэщ. Дондук Тайшэ хъаныр урыс тетым губжьауэ хуотхьэусыхэ Къэбэрдейм къэна и мылъкум щыщу афэ джаниплI, фочитI, зы джатэ кърамытыжу. Ар къыщыхъуар 1743 гъэрщ, илъэс 20-кIэ къалмыкъ хъаным и щхьэгъусэу щыта ХьэтIохъущокъуэ Жан и дыщым къэкIуэжу зы илъэс дэкIа нэужь. 1744 гъэм урыс къулыкъущIэ Спицын Никитэ Дондук Тайшэ деж щыIэу щыхьэт тохъуэ абы афэ джанэхэмрэ фочитIрэ зэрыратыжам, ауэ, гъэщIэгъуэнкъэ, джатэр иратыжауэ жиIэркъым. Дондук Тайшэми урысхэр хегъэзыхь, Индыл хъанхэм я пашэу щыта и адэшхуэм урысхэм я щIыхуэ зэрытелъыр къыдригъэжеижурэ. Ауэ сыт хуэдиз сабэ дримыпхъейми, хъаным зыхуейр Iэрыхьэркъым. 1744 гъэм мэлыжьыхьым и 13-м хъаным деж Iуэхур зэхагъэкIыну урыс тепщэгъуэм къыбгъэдэкIыу Кольцов бригадирымрэ зи гугъу тщIа полковник Спицын Никитэрэ макIуэ, Къэбэрдейм къыбгъэдэкIыу — ХьэтIохъущокъуэ Мыхьэмэт. Хъаным аргуэру ткIийуэ къапеубыд 1742 гъэм и хэкум ираха джатэр къратыжыну. Хъанхэм я бзаджагъэм щыгъуазэ ХьэтIохъущокъуэм иджы ибзыщIыркъым джатэр Къэбэрдейм зэрыщыIэр, ауэ ар зыIыгъри здэщыIэ щIыпIэри и жэуапым къыхимыгъахуэу, къаугъэи къимыIэту хъаным и гугъэр джатэм хрегъэхыж. Дондук Тайшэри сыт имыщIэми зыхуейр зэрыIэрымыхьэнур къыщыгурыIуэм, мэбэяуж.
  • Сыт иджы а джатэм лъэпкъитIым зэпаубыдын хуэдизу хэлъар? XVIII лIэщIыгъуэм фочхэр куэдкIэ нэхъ лъапIэт джатэм нэхърэ. Сыт икIи хъаным афэ джанэхэмрэ фочхэмрэ иратыжу джатэр къыщIагъэнар? Андемыркъан и джатэр армырауэ пIэрэ зи гугъу ящIыр? ХьэтIохъущокъуэ Жан Къэбэрдейм щыкIуэжым игу къэмыкIауэ пIэрэ и хэкум апхуэдизу фIыуэ щалъагъу лIыхъужьым и фэеплъыр здихьыжыну?
  • Аращ Андемыркъан и джатэм и хъыбару дэфтэрхэмрэ хъыбарыжьхэмрэ къыхэщыр. Абы и ужькIэ лIэщIыгъуэ псо дэкIауэ, XIX лIэщIыгъуэм, Хъан-Джэрий джатэ лъапIэ гуэрым топсэлъыхь, ари Андемыркъан и джатэрауэ уригъэгупсысу:
  • «Шумнокъуэхэ я унагъуэм пасэрей джатэ гуэр илъщ, тхьэпэлъытэу ябж гъукIэм и IэдакъэщIэкIыу къалъытэу. Ар хыфIыцIэIуфэ къэзакъхэм Шумнокъуэхэ я лъапсэр щызэтракъутэм щыгъуэ къагъуэтати, цIыху цIэрыIуэ гуэрым и фIыгъэкIэ зейм иратыжащ иужькIэ. СощIэж абы пыщIа зэхуэсышхуэр. Шумнокъуэхэ я унафэ щIэт уэркъ щитI къуажэм къэкIуауэ, зым и ужьым зыр иту лъэпкъым и хъугъуэфIыгъуэр къахуэзыхьыжам и цей къуащIэм ба хуащIхэурэ зэблэкIхэрт. А джатэм теухуауэ хъыбар куэд щыIэщ, зэгуэр стхыжын си мураду».
  • ЕХЪУТЭНЫДЖ Хьэсэн.
  • 1984 гъэ
  • Андемыркъан и уэрэд
  • (КъардэнгъущI Зырамыку зэритхыжамкIэ)
  • 1
  • Андемыркъанри тенджыз тlуащlэ гущэмэ къыщалъху,
  • Шышэр и lуст, Андемыркъаныр къыдокl!
  •  
  • Пщlэгъуалэ кlэщlыр Андемыркъаным хуагъафlэ,
  • Афэхум и быдэр Андемыркъаным щатlагъэ!
  •  
  • Бгъэшхуэр тохуарзэри, Андемыркъаныр ныдех,
  • Щlылъэм къыщехкlэ джатэпэ-бжыпэкlэ къыlах!
  •  
  • Къэбэрдеищlым Андемыркъаныр щызоуэ,
  • И адэм и унэм Андемыркъаныр мэкlуэж!
  •  
  • Жэрыбэм хохьэри, пщlэгъуалэ кlэщlыр еубыд,
  • «Быдапlэщ» жери ищхьэм унапlэр щиlыгъщ!
  •  
  • 2
  • ЖырамыlэнкIэрэ Андемыркъаным и шхыдэщ,
  • Тхыдэр и бэщэщи, езым хуэдэпщхэр лъэщIыскъым.
  •  
  • И джатэ lэпщэри Лъэпщыр зи къаным хуехуз,
  • И жанырыбзэт, Аущыджэрджэм lэ делъэ!
  •  
  • Шухэр зэдилъым, лъэрытемыту мэщIыс,
  • Щlылъэм щынэскlэ, пшагъуэ гуэрэну мэув!
  •  
  • Щlылъэ увыгъэм гуащIэв и хабзэу зресэ,
  • И хьэрхуэрэгъут, Чынтыпщуэ щауэр псэхужщ!
  •  
  • И зэхэзежэ Аслъэмбэчыпщыр хохутэ,
  • Былым итынкlэ нэхъыпэ нарти пащlакъым!
  •  
  • Хъунщlэ къищlынкlэрэ шууищэ пщlондэр фlэмащlэщ,
  • Ди Адыгэщlыр Елмырзэ къаным хуэкъуэпхъэщ!
  •  
  • Шэр зэдытрапхъэм, и афэ гъуапэ гущэри и мэlущ,
  • Бжыщхьэ зэмыlур лlыхъущхьэ нэкlум и лысщ!
  •  
  • Хуарэ пэнэсыр хэщlапlэ хэтым хэбгъагъуэщ,
  • И щуlэгъэгъут, Елбичэ гуащэр йогъых.
  •  
  • Джатэр ирихмэ, бийм я гущlыlур и гъуэгущ,
  • Игужьым ихьэм, нэбэжэ хабзэу мэзеплъэ!
  •  
  • И нэр зытеплъэр Жэманшэрыкъым lэщlэкlкъым,
  • Бийм ящlэкlием, мэл щтагъэ хабзэу зэрехуэ!
  •  
  • 3
  • Езы гущэри Тэхъут, лlыхъур щэджащэу зи щэгъу,
  • — Ныбжьэгъум и тхьэр Къаниболэтым тикъутэ!
  •  
  • Тхьэкlэ сигъапцlэри, щlым и пцlанапlэм сришэщ,
  • «Хьэжэбажащэ» жери алащэжь шууэ сыдишщ.
  •  
  • Сыщхьэдишэхри, жылэшхуэ пэкIути, сахишэщ,
  • Сазыхишам сэ си лIыукIыр зэрахьэрт.
  •  
  • Хьилэт зэрахьэри, кхъуэтIыгъэ мащэр къысхуащI,
  • ЛIапIэу къысхуащIым лъэ зэбгъурыткIэ сафIелъэщ.
  •  
  • Си апэкIэ сыплъэмэ, фочауэ лъэсхэр къыщысщ,
  • Сыкъеплъэкlыжмэ, джатэ кlэщl шухэр къэсащ!
  •  
  • Битуужьри носри, и бжыкl къуаншэжьыр пыlуедз,
  • Зынредзэкl Андемыркъаным, Битум и жьакlэр
  • пегъэщ!
  •  
  • — Сыпщыгъупщэнкъым! — жери, и lэпхъуамбищыр
  • дегъакIуэ,
  • — Уэ узэхэзекlуэщ, — жери, нэкlу и дамыгъэр тредзэ.
  •  
  • Шэрэджыкlэпс, Хъыукlэ псынэм лъыр хашэ,
  • Мы мывэ къуршым lэдэгъумылъэу Андемыркъаныр
  • хагъащlэ.
  •  
  • Ерыщтаупхъум дыщэ хъунщIэным хуигъасэрт,
  • Андемыркъаным и уардэ унэр досей.
  •  
  • Псалъалъэ
  • Бжырыбжыщхьэ, лIыхэх, пэрузэд, шхъуэ, Iэжбыж
  • АкIэ — адыгэ зауэлIхэм я щхьэщыгум къранэу щыта щхьэц Iэрамэт, зауэлIым и щхьэр зауэм щыпаупщI хъужыкъуэмэ, я Iэр хамэлъкIэ ямыуцIэпIу щхьэр къащтэжын папщIэ. Адыгэхэм цIыхум и пкъыр щIалъхьэу щытакъым щхьэр щIымыгъуу.
  • Афэ кIуасэ — афэ джанэм апхуэдэуи еджэрт, зымащIэкIэ егъэзыхыгъуэ игъуэту ягъэтIылъмэ, зэтежурэ «кIуасэрти».
  • Афэ лъей — афэм къыхэщIыкIа лъей.
  • Афэху — зи тхьэгъухэм дыжьын тегъэлъэда афэ джанэ лъапIэ дыдэ.
  • АфэщIагъуэ — зи тхьэгъухэр тIурытIурэ щIа афэ джанэт, икIи лъапIэт икIи уэндэгъути, нэхъыбэм къахуехьэкIыртэкъым.
  • Афэ Iэлъэ — афэм къыхэщIыкIа Iэлъэ.
  • Бгъэгущталъэ — цеибгъэм и кIуэцIкIэ иIэ бгъэ жып.
  • Бгы утхъуэцI — къамэ-бгырыпх зибг имылъ цIыхухъу.
  • Бдзэхушэ — бдзэхум (олово) къыхэщIыкIа шэ.
  • Бжырыбжыщхьэ — шабзэ жыжьэрыуэм и шащхьэ.
  • Бзалъэ — шабзэр зэрылъу, зэрызэрахьэу щыта.
  • Гынжьей — фочдапхъэм тракIутэ шэгын щабэ.
  • Гыншыгъу — шэгыным хэлъ шыгъу, адыгэхэм мэл гуарцэмрэ яжьащхъуэ яжьэмрэ къыхагъэвыкIыу щытащ.
  • Гыныгъуэ — зэ икIутэгъуэ шэ гын.
  • Гынылъэ — шэ гыныр зэрылъращ.
  • Гъэщхъуэн — псыхьын (жырыр).
  • Гъуазэ — фочыр зэрырагъапщэ.
  • Даныстэ — мывэупцIэ, мывэдз (дротик).
  • ДэщI — пасэрей зауэлIым кIэрылъу щыта Iэщэ псори зэуIуу.
  • Детч — шабзалъэм апхуэдэуи еджэрт.
  • Домбаз — щагъэкIэ щIагъанэурэ ягъауэу щыта пасэрей фочыжь.
  • Дохъутей — фочыр уэшх-уэсэпсым ирыщахъумэу япэм адыгэхэм зэрахьа упщIэ фочылъэ.
  • Дыхьэрэн — лъахъстэн плъыжьыбзэ, пщы-уэркъхэм вакъэрэ лъейрэ къызыхащIыкIыу щытаращ, апхуэдэ лъахъстэныр Къэжэ-рым я къалащхьэ Тегеран кърашырти, дыхьэрэныр абы къытекIыжащ.
  • Джатэдэпщ — джатэрэ залымыгъэкIэ пщыгъэр, тетыгъуэр зыIыгъ.
  • Джатэжьей — джатэ кIэщI.
  • Джатэпэрыжэ — зауэм и деж ипэ иту бийм яхэлъадэрщ.
  • ДжэдыкIауэ — адыгэхэр нэщэнэ еуэнкIэ щызэпеуэкIэ джэдыкIэр лъэбакъуэ щищ и жыжьагъыу къытрагъэтIысхьэрти, арат зэуэхэр.
  • ДзакIуэ, дзашэ — дзэзешэм апхуэдэуи еджэрт.
  • ДзакIуэ пашэ — дзэм и пэ ит пакIэ.
  • Дзапщэ — дзэм и пэрытхэр.
  • Дзэгъасэ — дзэ пакIэм и унафэщI.
  • Дзэгъуэлъ — гъуэгу тет дзэ пакIэм я зыгъэпсэхугъуэ.
  • Дзэ гъуэлъыпIэ — дзэм зыздигъэпсэху щIыпIэ.
  • ДзэкIэ — дзэм и кIэ дыдэр.
  • Дзэукъуэ — дзэр хьэзежэ зыщI хъыбар е цIыху.
  • Дзэхъумэ — дзэ зызыгъэпсэхур е гъуэгу тетыр зыхъумэ гуп.
  • Дзэ шу — зауэлI шу.
  • ЕдзэхъулIэн — биидзэм епщылIауэ и тIасхъэ къэщIэн.
  • Едзых — дыжьын бгырыпхым кIэрыщIа елэлэххэр.
  • Жыпталъэ — бгъэгущталъэ, хьэзырылъэм и щIагъкIэ иIэ жып.
  • Жырыщхъуэ — быдэу гъэщхъуа жыр.
  • Зэпэбаш — фочыр щытрагъапсэкIэ фочыпэм щIагъэувэу къыздрахьэкI пхъэ быдэ зэпха цIыкIуитI.
  • Кулакъ — шабзэм и бзэр зэрегъэубыда фэ кIапсэ быдэхэрщ.
  • КIапсэрышэ — адыгэ зауэлIым и закъуэу бий шу гуп яIууамэ, шынэу щIэпхъуэжа хуэдэфэ зытригъауэрти, абы кIэлъыщIэпхъуа гупыр ирикъухьырт, итIанэ закъыпигъазэрти, зырызурэ иригъэпсыхырт, апхуэдэ зэуэкIэм «кIапсэрышэкIэ» йоджэ.
  • КIэрахъуэпс — дахэу ухуэна уагъэт, и зы кIапэр фокIэщIым и кIым, етIуанэр лэрыпсым хуэдэу и пщэм фIэдзауэ.
  • Къарэдае — пасэрей адыгэ щтауч фоч.
  • ЛIыхэх — дзэзешэу, гуп унафэщIу хаха лIы.
  • Маисащхъуэ — жыр псыхьыпам къыхэщIыкIа джатэ.
  • Маитэ — дыщэрэ дыжьынкIэ гъэщIэрэщIауэ Iэщэ-фащэм халъхьэ тхыпхъэ.
  • Майдэ — зи жаныпIэр хьэлывэ нэзу къэгъэжыхьа зэрызауэ джыдэ.
  • Мастэпылъэ — нэщанэ еуэкIэу пасэм щыIа.
  • МафIэч, щтэ — щтаучым хъуаскIэ къызэрыхаху жыр тыкъыр.
  • Мыхъурысэ — зыщIа гъукIэ Iэзэм и дамыгъэ зытелъ сэ.
  • Нагъыщэ псалъэ — зы дзэ пакIэм хэтхэм зэдащIэ псалъэ щэху.
  • Пэмпэхул — фоч е топ бжыгъэ зэдэуэмэ.
  • Пэрузэд — пасэм щыIа щагъэ-щтауч фочхэрщ.
  • Сэдзэ еуэ — лъэбакъуэ 60-кIэ япэжыжьэу пхъэбгъум хэтIа сэм и дзэм фочкIэ еуэхэурэ зэпеуэхэрт адыгэ нэщанауэхэр.
  • Сэкъауэ — зэрызауэ джыдэ лIэужьыгъуэ.
  • Уанэджыдэ — уанэ щIагъым щIэлъу зэрахьэу щыта джыдэ цIыкIу.
  • Фочынэ — фочым и пэ дыдэрщ.
  • Фочпэбж — фочыпэм фIалъхьэ мыжурэ.
  • Фочыпэрыхь — фочышэм ихьа.
  • Хьэдзэгъей — пасэрей джатэ лIэужьыгъуэ.
  • Хьэжмэстафэ — адыгэ щтауч фочыжьхэм ящыщщ.
  • Хъарцыдж — афэ джанэм щIалъхьэу щыта цыджанэ Iув.
  • Хъыданшу — лэжьэн зи жагъуэу зыкъихыныр зыфIэфI.
  • ХъумпIырэ — фокIэщIылъэ, кIэрахъуалъэ.
  • Цахъуэ — цеяпхъэ зэIущар зэрахъуэж чий щабэ.
  • Цеихъуэ мажьэ — цеяпхъэм тет цы щабэр зэражь мажьэ.
  • Цеищэ (цеищэ пкъо) — цеяпхъэр зэрызэIуащэу щыта Iэмэпсымэ.
  • Цеящэ баш — зэIуща хъуа цеяпхъэр зытрашэ баш.
  • Цыбырыб — салъэ, щIопщ, шы Iэпслъэпсхэм кIэралъхьэ лъахъстэн кхъуакIэ.
  • Цыгурылъ — цеяпхъэр игъэбыдэн папщIэ цы Iуданэм щIэп налъэ хэджам апхуэдэу йоджэ.
  • Шабзий — шабзэшэм и пэм фIэлъ шэ дыдэрщ.
  • Шалъэ — шабзэшэхэр е фочышэхэр зэрылъ.
  • Шалъэ щIыIу — шалъэм ирадэ фэ щIыIу.
  • ШапсыхьыкI — шабзэшэм и кIым апхуэдэу йоджэ.
  • Шэбзий — шабзэшэм далъхьэ къабзий.
  • ШэмпIал — фочым къыдрашейр.
  • Шэмыуэхъу — IэрыфIауэ, зытригъэпсыхьым фIэзымыгъэкI.
  • Шэпхъуэт — быдапIэхэр къыщатIысыхькIэ къагъэсэбэпу щыта мэIут, шэрхъ щIэту ягъэкIуатэу.
  • Шэхъшынэ — фочыкум и гъумагъыр.
  • Шэшкъан — фочым и курыбз.
  • Шхъуэ — дзэм щымыщ, ауэ Iэщэ зыIыгъ гуп.
  • Шыкъу — зауэм лIыгъэ щызезыхьам и тажым (пыIэм) хадэу щыта дамыгъэ гъэфэрыщIа.
  • Шыкхъаблэ — бжэгъухэр зэрызэпха кIапсэ кIапэхэр шитIым я уанэ къуапэхэм фIадзэрти, бжэгъухэм щIакIуэ трапхъуэжырт, абы уIэгъэ хьэлъэр е хьэдэр къытралъхьэрти къахьыжырт.
  • Шыщхьэегъ — шыкхъаблэкIэ хьэдэр къыщахьыжкIэ жаIэу щыта зауэ уэрэд.
  • ЩIакIуэелъэ — шу зэпеуэм хэт Iыхьэщ: щIалитIым метр 1,5-рэ — 1,7-рэ и лъагагъыу щIакIуэ зэпаIыгъыр яубыдырти, абы шыхэр кърагъалъэрт.
  • ЩIэндэр — шабзэ лIэужьыгъуэ щыIащ.
  • ЩIакIуэ зэфIэлъ — щIакIуэрэ щхьэрыхъуэнрэ зэгъусэмэщ.
  • ЩIэрэщIауэ, чэрэчауэ — афэ джанэхэм я нэхъыфI, нэхъ быдэ дыдэрат, тхьэгъухэр тIурытIурэ зэрыдзати, а джанэ лIэужьыгъуэм и уэндэгъуагъым къыхэкIыу, и уасэшхуэм пэлъэщхэми, куэдым ар яхузехьэртэкъым.
  • Iэдакъэсэ — сэ мыин дыдэ, Iэщ сыт щызэIахкIэ ириIэбэу.
  • Iэжбыж — адыгэ цIыхухъу бгырыпхым ехьэлIа псори.
  • IэрэIэкъу — IэштIым зэзауэ, Iэщэ къыхэмыхьэу.
  • IэхуэкI — шыплIэкIэ кърахьэкIыу щыта пасэрей Iэщэт, и теплъэр къытхуэгъуэтыжакъым.
  • Iэщакъуэ — бжыр зи Iэщэу щыта, абы хуэфI зауэлI.
  • IэщэгъэтIылъыж — и ныбжькIэ е и узыншагъэкIэ зекIуэм, зауэм хэмытыжыфын зекIуэлI нэхъыжьым и зекIуэгъу-хэм яхуиIуэхути къызэхуишэсырт, ешхэ-ефэ яхуищIырти, и Iуэху зытетыр къагуригъаIуэрт.
  • IэщIтелъ — Iэ щIыIур зыхъумэ афэ Iэщхьэтелъ.
  • Шэрджэс Алий.
  • КъШР, Хьэбэз къуажэ
  •  
  • Адыгэхэм  хужаIахэр
  • Адыгэхэм уи нэгум къыпхущIэмыгъэхьэн хахуагъ къагъэлъэгъуащ. Урыс мыжурэхэмрэ топышэхэмрэ дэнэкIи къащыпежьэу, тIощIым щIигъурэ къытрагъэзэжурэ ахэр урысхэм къебгъэрыкIуахэщ.
  • «УхэкIуадэмэ нэхъыфIщ, бийм уи къуэ-шым и хьэдэр къыхуэбгъанэ нэхърэ»,- жызыIа Мухьэммэд лIыкIуэм и уэсятым хуэпэжу, ахэр урысхэм я топ гъэувыпIэхэм нэс къыкIуэцIрыкIхэрт, зауэзэрылI гужьеигъуэм щыхэкIуэдахэр къалъыхъуэжу. Зауэ губгъуэм къинар жэнэткIэ къэзыгъэгугъэ диным ерыщу зэрыбгъэдэтхэращ мы зауэлI лъэпкъхэм дащIыпэмылъэщыр. Зэхэуэ гуащIэхэм ущыхэплъэкIэ, къарууэ къыхуэнэжар зэхилъхьэжу, и сэшхуэр зытрикъута урыс ныкъуэлIэм и хьэдэм и гъусэу щIым техуэн хуэдэу, зи бгъэгум мыжурэ кIуэцIрыкIа адыгэр бийм ебгъэрыкIуэу зэкъым-тIэукъым узэрырихьэлIэр.
  • Де ПинО Эммануэль.
  •  
  • Лермонтов Михаил
  • Исмэхьил-бей
  • (Поэмэм щыщ пычыгъуэ)
  • Хэт хъуну-тIэ мы гъуэгурыкIуэр?
  • Урыс? Хьэуэ! Цей къызэрыкIуэ,
  • Къэптал, хъур пыIэ, щхьэрыхъуэн;
  • И кIэрахъуалъэм, сампIэ щIыкIэм
  • «Куэд текIуэдакъым», — хужыпIэнщ.
  • Бгырыпх щIэпхащ иджыри щауэм,
  • И сэшхуэр мащIэу мэбыркъауэ.
  • УпщIэ фочылъэм илъу Iэщэр
  • Хужьыфэу и плIэм къыщотIей;
  • Уанэгум ис бгырыс шууейр
  • Къэзакъым сыту езмыгъэщхьрэт?!
  • Пэжщ, сыщыуакъым — ар адыгэщ!
  • Ауэ щытами къамылыфэу,
  • Нэхъ сырыхуфэ къытеуащ;
  • Хэтыху ищхъэрэ хьэуа псыIэм
  • Ипщэрэ дыгъэр хэкIыжащ.
  • ИтIани IупщIщ зэрыадыгэр!
  • И набдзэр Iувщи, къашыргъэнэщ,
  • Нэбжьыцхэр фIыцIэщ икIи кIырщ,
  • ПсынщIэу мэIэбэ, и гур илъщ;
  • ХамэщI щыхабзэр зимыщэным
  • И пащIэ-жьакIэр имыупс;
  • Тенджыз тхъурымбэуэ къыIупс
  • Дзэ сатыритIри хужьыпсщ.
  •  
  • Тэрч и тыгъэхэр
  • Iуфэ щабэм къытегъуалъхьэу
  • Къарс, жей нэпцIу, зеущэху.
  • Дадэм Тэрч къыбгъэдолъадэ,
  • ЗыхуигъафIэу хуеIущэщ:
  • «Сэ IэнэщIу сыкъэкIуакъым,
  • СиIэщ тыгъэ хэплъыхьа,
  • Зауэм Iут къэбэрдей щIалэ,
  • ЩIалэ хъыжьэ къыпхуэсхьащ.
  • ЛъапIэкIейщ и афэ джанэр,
  • И IэщIтелъхьэу жыр псыхьам
  • КъурIэн лъапIэм щыщ Iэятхэр
  • Дыщэ тхыпхъэу хэщIыхьащ.
  • ТIэкIу зэхиуфащ и набдзэр,
  • И пащIэкIэм, зэрыплъагъущ,
  • ЩIалэ хахуэм и лъы къабзэр
  • Бжьыгъэ плъыжьу къытенащ.
  •  
  • Бестужев-Марлинский Александр
  • Шэрджэс уэрэдыжь
  • Бгъэжьхэм ещхьу Казбек щыгум
  • Пшагъуэр хьэлъэу къытогъуалъхьэ.
  • Пшагъуэм хуэкIуэу къыр шыгу гъуэгум
  • Уэркъ шуудзэ гупыр тохьэ.
  • ДокIхэр лъагэу, нэхъри лъагэу,
  • Урысыдзэм дэжэщIа
  • Уэркъ гуп цIыкIум и къыр лъагъуэр
  • Лъы ящIэкIымкIэ гъэнщIащ.
  •  
  • Фочхэр, сэшхуэр ягъэдалъэу
  • Къэпхъэрахэщ бий емынэр.
  • Я топышэу къателъалъэм
  • Пэлъэщыфкъым афэ джанэр…
  • «Шыхэ, флъэкIыр къэвмыгъанэ!»
  • Фэ фешакIэщ — ауэ жыжьэщ
  • Ди быдапIэу къурш мэзыжьыр!
  • Бий нэщанэ хъуащ ди гущхьэр…
  • Щысщ молэр лъэгуажьэмыщхьэу,
  • Тхьэ йолъэIур, тхьэлъэIу псалъэр
  • Тенджыз нэхум, уафэ нэзым
  • ПхолъэтыкIри шабзэшэу,
  • Бегъымбарым и деж носыр:
  • «Алыхь лъапIэ, дыкъэхъумэ!»
  •  
  • Ялъагъужыркъым къелыпIэ,
  • Ауэ, ди Тхьэ, сыт пщIыхьэпIэ!
  • Асыхьэтым тхьэ IэмыркIэ
  • ЗэщIоушэ мэзыжь щхьэкIэр:
  • Толъкъун щIыкIэу зэщIэгъуагъуэу,
  • ЯгъэщIагъуэу, ар къоIэгъуэр!..
  • Муслъымэнхэр я ажалым
  • Мэз Iувыжьым кърегъэлыр.