Сэшхуэр топым йобгъэрыкIуэ
2019-05-21
- Къэбэрдей-Балъкъэрым и Лъэпкъ музейм и унафэщI Накуэ Феликс газетеджэхэм щIэрыщIэу егъэцIыхужын хуейкъым. Зи диссертацэр адыгэ Iэщэм тезыухуа щIэныгъэлIым ита интервьюхэмрэ игъэхьэзыра теплъэгъуэхэмрэ а Iуэхум дихьэххэр фIыуэ щыгъуазэщ. Ауэ, гъэщIэгъуэнракъэ, адыгэ Iэщэм хуэфащэ пщIэр нобэ нэхъ хуэзыщIыфыр абы и тыншагъыр иджыри Кавказ зауэм и зэманым зыгъэунэхуа къэзакъхэрщ. Андреев Александр игъэхьэзырауэ адыгэбзэм къидгъэзэгъа «Сэшхуэр топым йобгъэрыкIуэ» нэтын гукъинэжыр абы и зы щапхъэщ.
-
ГЪЭЩIЭГЪУЭНЩ, ауэ напIэзыпIэм псэр хэзых мы Iэщэр зэгуэр жызум зэрыпаупщI сэ къызэрыкIуэу щытащ. Ауэ щыхъукIэ, нэгъуэщI мыхъуми зэ закъуэ абы и къарур игъэунэхуну къызыхуихуа псоми — Псыжь Iуфэ Iус къэзакъхэм я деж щегъэжьауэ тырку уэсмэнхэм я деж щиухыжу — ар зыкIэралъхьащ. 1881 гъэм пащтыхьым и унафэкIэ адыгэ сэшхуэр Урысей армэм Iэщэ жан закъуэу зэрахьэну унафэ къыдэкIат. Дызэрыт зэманми ар урыс офицерхэр зэрагъэлъапIэ саугъэтщ. Аращ и щхьэусыгъуэр урыс шууейхэм сэшхуэр нэхъыфI дыдэу ялъагъу ныбжьэгъуу къащIыхуэнам.
- Адыгэ Iэщэхэр зэзыгъэпэщыж БжьыхьэлIокъуэ Мадин и кIыщыр Краснодар и гъунэм деж щытщ. «Сэшхуэр маисэм хуэдэу жану, къабзийм хуэдэу псынщIэу, чым хуэдэу лантIэу щытын хуейщ», — жеIэ Мадин. — Сэм и хьэлъагъыр грамм 300 — 350-м фIэкIын хуейкъым».
- Адыгэ-шэрджэсхэм я Iэщэу къежьа сэшхуэм и фIагъыр Урысей империемрэ Уэсмэн къэралыгъуэмрэ щагъэунэхуа XIX лIэщIыгъуэм Iэщэ жан зумыхьэжыххэми хъун хуэдэу щытт. КъызэрыщIэкIамкIэ, зэуэкIэ IэмалыщIэ къэунэхуахэм псом нэхърэ нэхъыфIу хэзэгъэнур пасэрей кавказ сэжьрат. Зэманми къигъэлъэгъуащ а лъэныкъуэмкIэ абы нэхърэ нэхъыфI зэрумыгъуэтынур.
- «Къамэмрэ сэшхуэмрэ абыхэм я Iэпкълъэпкъым и Iыхьэщ», — хужаIэрт бгырысхэм Кавказ зауэм и зэманым. Сыт мы Iэщэ лIэужьыгъуэр апхуэдизу фIыуэ къыщIалъытар икIи апхуэдиз щIыналъэм щызэбгрыкIыныр къызыхэкIар? «Шашкэ» псалъэм адыгэбзэкIэ «сэшхуэ, сэ кIыхь» жиIэу къокI. Накуэ Феликс зэриIуатэмкIэ, сэшхуэр къызэрежьар набжэ ящIыну чыхэр зэрыпаупщI сэ къызэрыкIуэущ. Абы къыщIэнауэ «чы пыупщIыкIэ» жаIэри сэшхуэ гъэбзэкIэ Iэмал щыIэщ, зауэлIхэр ирырагъасэу.
- Адыгэ сэшхуэм и благъэ нэхъ гъунэгъу дыдэр дэ дызэригугъэм хуэдэу шууей джатэракъым, атIэ цIыху укIыным хуэмыщIэхха, сэжьейращ. Уеблэмэ Iэщэр зыдж IэщIагъэлIхэми яхэтщ сэшхуэр джатэм и лIэужьыгъуэу жызыIэ, ауэ ар пэжкъым. Iэщэ жанхэр лIэужьыгъуитIу зэхедз: зы гупыр маисэм къытехъукIащ, адрейхэр — сэжьейм. Дзэ лъэныкъуэ фIэкIа зимыIэ маисэр — палашщ, ар къэбгъэшмэ, джатэ мэхъу. А лъагъуэм тету, сэжьей къызэрыкIуэм сэшхуэр къытехъукIащ. «Сэшхуэм, джатэм елъытауэ, шэч зыхэмылъыж зы фIагъ бгъэдэлъщ, — пещэ Накуэ Феликс. — Ар япэ уэгъуэм и псынщIагъырщ. Джатэр къыщипхкIэ къэхъуращ: япэщIыкIэ джатэр сампIэм къыбох, итIанэ ар уогъэкIэрахъуэ. Абы иужьыжщ зыкъэпшэщIу ущыуэр. Сэшхуэм и Iуэхур куэдкIэ нэхъ псынщIэщ. Япэрауэ, ар къыдэгъэзеяуэщ сампIэм зэрилъри, къипха нэужь, сэдзэр къэбгъэзэн папщIэ гъэкIэрэхъуэн хуейкъым. ЕтIуанэрауэ, сэшхуэ Iэпщэр сампIэм куууэ йоувэри, а тIур къарукIэ зэрыхын хуейкъым, и къихи, и шэщIи, и уэгъуи — зы Iэбэгъуэщ. А псом и фIыгъэкIэ, укъезыгъэлыну напIэзыпIэр пIэщIэкIыркъым».
- Фочхэр къежьа нэужь, Iэщэ жанхэр лей хуэдэу хъуат. Джатэхэр хьэлъэт, къэбгъэщхьэпэнуи гъуэтыгъуэ уихуэжыртэкъым. А зэман дыдэм адыгэ сэшхуэ зыкъизыххэм я лъэщагъыр къагъэлъэ-гъуащ. Зытегъэпсам напIэзыпIэм щытехуэкIэ, абы тхылъымпIэри бийм и Iэпкълъэпкъри зэхуэдэу зэгуегъэху.
- «Мы урыс самурайхэм бгъэдыхьэпIэ яхуэдгъуэтыркъым», — етхыж 1904 — 1905 гъэхэм екIуэкIа зауэм хэта япон зауэлIым. «Катанэ» жыхуаIэ япон маисэр игъащIэ лъандэм япэ уэгъуэм нэхъ хуэщIа Iэщэ псынщIэ дыдэу ялъытэу къекIуэкIащ. Ауэ, иджы къызэрыщIэкIымкIэ, адыгэ сэшхуэр абы нэхърэ нэхъ псынщIэжщ.
- АНДРЕЕВ Александр.