Адыгэ Iэщэмрэ фащэмрэ ятеухуауэ
2019-05-21
- «Адыгэ псалъэ», «Адыгэ макъ», «Черкес хэку» газетхэм я зи чэзу мы номер зэхэтыр теухуащ адыгэхэм я Iэщэмрэ фащэмрэ я тхыдэм. Абыхэм ехьэлIауэ дызыщымыгъуазэ куэд щIэджыкIакIуэхэм я пащхьэ ирелъхьэ тхыгъэхэр зыгъэхьэзыра Чэрим Марианнэ.
- Кавказ зауэр зэриухрэ илъэси 155-рэ щрикъум иредгъэхьэлIа мы къыдэкIыгъуэм ихуащ тхыдэдж цIэрыIуэ Аствацатурян Эммэ адыгэ Iэщэм теухуауэ драгъэкIуэкIауэ щыта псалъэмакъри, ди Хэкум зэман зэхуэмыдэхэм къэкIуа щIэныгъэлIхэм, зыплъыхьакIуэхэм ди деж щалъэгъуахэр къызыхэщыж я гукъэкIыжхэри, тхыгъэ гъэщIэгъуэн куэди.