ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

ДгъэлъэпIэнущ  фи  цIэр

2019-05-21

  • Бемырзэ Мухьэдин
  • Ди шыпхъухэ, дядэ-анэхэ, ди къуэшхэ,
  • ЩIы фIыцIэр жэнэт пщIащэ зыхуэхъун,
  • Насыпыр лъэпкъ къабзагъэкIэ ягуэштэм,
  • ЩымыIэт хьэрхуэрэгъу фэ къыфхуэхъун.
  • Фи лIыгъэкIэ фэ псоми фраплъапIэт,
  • Фи хабзэкIэ Кавказым фрищIыхьт,
  • Фи Хэкум къизышием зэ и лъапэ
  • Къыщыхъурт илъэгъуахэр жэнэт пщIыхь.

  • АрщхьэкIэ пцIыр здэуэркъ мы дунеижьу,
  • Здэмысэу хейхэр, мысэхэр здэхейм,
  • Лъыпсае зауэм къыфхукъуэури и жьыр,
  • ИщIащ фи натIэу щыIэм я нэхъ Iейр.
  • Иныкъуэр фикIуэдащ зэуапIэ губгъуэм,
  • Иныкъуэр гъеймрэ узымрэ фихьащ.
  • Абыхэм къащIэнар ищхъэрэ жьыбгъэм
  • Зэрыдунейуэ дыщрикъухьащ.
  • Дэ дыпсэухукIэ дгъэлъэпIэнущ фи цIэр,
  • ФлъэкIащи фи псэ къабзэхэр щIэфтын,
  • КъарукIэ къывэбэкI хамэдзэ фIыцIэм
  • Лъэпкъ щIыхьыр имыщIыным лъэгущIэтын.
  • Лъэпкъ щIыхьым зи псэр шэпэIудз хуэзыщIу,
  • ЯукIыхункIэ бийм хуимыкIуэтахэм,
  • Хьэжрэту мыжурэпэм ирихужьэу,
  • ИстамбылакIуэ гъуэгум текIуэдахэм
  • Щана псэ нэхухэм я фэеплъщ мы сынри.
  • Адыгэ, зэтеувыIи, хуэгумэщI
  •  
  • Къэбэрдей зауэлI. Сурэтыр Гагарин Григорий ищIащ. 1842 гъэ

  •  
  • Адыгэ зауэлIхэр бгым къох. Сурэтыр Грузинский Павел ищIащ. 1852 гъэ

  •  
  • Iэнапэ щыщ адыгэ зауэлI. Сурэтыр Гагарин Григорий ищIащ. 1840 гъэ

  •