ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

2019-05-21

  • Пасэрей тхыдэ
  • ЗауэлIым и кхъэлъахэ
  • XIII лIэщIыгъуэм и етIуанэ Iыхьэм — XIV лIэщIыгъуэм и япэ Iыхьэм щыщ щIыщIагъ фэеплъу Поросье щIыпIэм къыщагъуэтыжахэр
  • Пасэрей Iэщэм пыщIа археологие лэжьыгъэхэр зыджхэм фIыуэ ящIэ Горелик Михаил и цIэр. Адыгэхэм я пасэрей тхыдэм и щыхьэт наIуэ куэд утыку зэрищIам нэмыщI, а щIэныгъэлIращ ди лъэпкъым и дунейпсо фIэщыгъэ «шэрджэсым» и къежьапIэм нэплъысари. «Монгол-тэтэрыдзэм адыгэхэр я унафэм щIагъэувэным иужь щихьар Урысейм щебгъэрыкIуа зэман дыдэращ – 1237 гъэм и бжьыхьэм. Дзэзешэхэр Бату хуэдэ дыдэу цIэрыIуэ икIи пщIэ зиIэ Мэнгуурэ Къэданрэт, — щетх Горелик «Черкесхэмрэ черкасхэмрэ» тхыгъэм. — Монгол-тэтэрхэм адыгэхэм иращIылIа теуэр Тукъар зи пашэ адыгэдзэр зэрызэтракъутамкIэ иухащ. 1240 гъэм дунейм къытехьа «Монголхэм я тхыдэ щэхур» пасэрей тхыгъэм япэ дыдэу къыхохуэ ахэр адыгэхэм зэреджэу щыта лъэпкъыцIэ «шэрджэсыр». ИужькIэ а псалъэ дыдэр адыгэхэм бзэ зэмылIэужьыгъуэхэмкIэ ятетхыхь адрей къуэкIыпIэ тхакIуэхэми къагъэщхьэпэн щIадзащ». ЩIэныгъэлIым фIэщщIыгъуафIэу и гугъу ещI «черкес» фIэщыгъэр зезыхьэ адыгэхэмрэ «черкасы» цIэр зыгъуэта украинхэмрэ зэзыпхымрэ а зэпыщIэныгъэр къыщыхъуа лъэхъэнэмрэ.

  • Горелик Михаил

    УРЫСЕЙМ и пасэрей тхыдэм къыхэщ Юрьев (иджы — Белая Церковь) къалэм и Iэгъуэблагъэм ит Яблоновскэ кхъэлъахэм и 69-нэ Iуащхьэм щыщIалъхьауэ зауэлIитI къагъуэтыжащ. Ди жагъуэ зэрыхъущи, абы теухуа тхыгъэр зи IэдакъэщIэкIхэм къагъуэтахэр зыщыщ лъэпкъри, ар зыхуэзэ лъэхъэнэри пэжу зэхагъэкIыфакъым. ЗауэлIхэр Кавказ Ищхъэрэм зэрыщыщыр къагурыIуа щхьэкIэ, ахэр метр зыбжанэм нэс щIыщIагъ кхъэлэгъунэхэр зыщI зи хабзэ, X-XI лIэщIыгъуэхэм псэуа аланхэрауэ къафIэщIащ, ауэ 69-нэ Iуащхьэм къыщагъуэта кхъэлъахэр абыхэм зыкIи ещхькъым. Апхуэдэ хьэдэ щIэлъхьэкIэ а зэманым зиIар адыгэхэращ. Псом хуэмыдэу а хабзэр къыхощ XIV-XV лIэщIыгъуэхэм къэунэхуа Пасэрей Адыгэ — Дыщэ Уэр Белореченскэ щэнхабзэм. Кхъэлъахэм къыщIахыжа зауэлIым и Iэщэ-фащэм шэч закъуи къигъанэркъым ар зыщыщ лъэпкъми щыщIалъхьа зэманми ятеухуауэ.

  • Нэхъ IупщIу зэманри зауэлIым и лъэпкъри къэзыгъэлъагъуэ щыхьэтщ гъущIым къыхэщIыкIа, сантиметр 70 зи къэухь мэIум къыщIэна IыхьитIыр — и дзакIэм ирикIуэ мэIупс псыгъуэхэмрэ мэIу убыдыпIэмрэ. УбыдыпIэр сантиметр 16 зи къэухь гъущI хъурейщ, и дзакIэхэр упщIапхъэкIэ жьгъейуэ дэбзыкIауэ. Апхуэдэ Iэщэ щIыкIэр Дыщэ Уэрым и гъукIэхэм я IэдакъэщIэкIхэм щыплъагъурейщ. ГъущI хъурейм и щIыIу сантиметри 2,5-рэ — 3,5-рэ зи бгъуагъ куситI щызэпрыдзащ. Кусэхэми гъущI хъурейми я кум убыдыпIэ пхокI, гъущIыр пхъэм е цы зэIущам къыхэщIыкIа мэIум триубыдэу. МэIу убыдыпIэр езы мэIум щытрагъэзагъэкIэ кусэ зэпрыдзахэм я кIапэ упIэщIаиплIым кIуэцIрыкIыуи щрагъэубыд къэхъурт. И кIуэцIымкIэ убыдыпIэхэр тхьэгъум ещхьу къытрагъэшэжа нэужь, абы фэм е щэкIым къыхэщIыкIа мэIупсхэр зытрагъэубыдэ уэрдыхъу зежэхэр храгъэубыдэрт. Шэч къытедмыхьэн хуэдизу абы ещхьу куэд дрохьэлIэ щыжытIэм деж, зи гугъу тщIыр апхуэдэ мэIу убыдыпIэ къухьэпIэ-ищхъэрэ Кавказым 15-рэ къызэрыщагъуэтарщ, псори XIII-XIV лIэщIыгъуэхэм къикIауэ, тажхэри, афэ джанэхэри, джатэхэри, бийм зэрытеуэ нэгъуэщI Iэщэ мымащIэ дэщIыгъуу. Абыхэм я зыр Дыщэ Уэрым щыщ афэ джанэ зыщыгъ кыпчакъщ, адрейхэр — адыгэхэщ. Апхуэдэ щIыкIэу щIылъэхэкI хьэпшыпым къыхэщIыкIа мэIур гъущI убыдыпIэкIэ нэхъ быдэ ящIу щыщIадзари гурыIуэгъуэщ: а Iэмалыр XIII лIэщIыгъуэм и етIуанэ Iыхьэм адыгэ IэщэщIхэм урымхэм къыбгъэдахауэ щытащ. А зэманым хы ФIыцIэм и ищхъэрэ-къуэкIыпIэ Iуфэмрэ Iузэв хымрэ я Iэгъуэблагъэр урым колоние гупу зэхэтт, апхуэдэ мэIу щIыкIэри XIII лIэщIыгъуэм КъухьэпIэ Европэ псом щегъэжьауэ Скандинавием нэс, псом хуэмыдэу Италием щызекIуэрт. ИтIанэ адыгэ-шэрджэсхэм я фIыгъэкIэ ар Жынгыз къэралыгъуэм Iэрыхьащ.
  • Зэманыр къэзыгъэлъагъуэ Iэщэу убж хъунущ джатэри. Зи гугъу сщIыр абы и Iэпщэ зэтеуплIэнщIэкIэрщ: езыр упIэщIарэ и кIапэхэр ешэхауэ. Апхуэдэ уплIэнщIэкIэр Дыщэ Уэрым и IэщэщIхэм я хабзэт, нэхъыбэу Кавказ Ищхъэрэм щызекIуэу.
  • ГъэщIэгъуэнщ кхъэлъахэм къыщагъуэта бжыпэхэри. Апхуэдэхэм уащрохьэлIэ Жынгыз къэралыгъуэм хыхьэу щыта Улус Курытым — Алтайм, Тувэ, Байкал гупэмрэ щIыбымрэ, Монголием. Тхьэмпэ хуэдиз фIэкIа мыхъу шабзэпэхэм хуэдэ Дыщэ Уэрым и лъэхъэнэм ящIа адыгэ кхъэлъахэхэм куэдрэ уащрохьэлIэ.
  • ЖытIахэм къагъэлъагъуэ кхъэлъахэм къыщагъуэта зауэлI хьэдэр, шэч хэмылъыххэу, Дыщэ Уэрым хэта адыгэ зауэлIым зэрейм. Абы пщIэхэлъхэр Чхаидзе Викторрэ Дружининэ Ингэрэ зи гугъу ящI зауэлI фащэ етIуанэ лIэужьыгъуэм, Iузэв и Iэгъуэблагъэм узыщыхуэзэм ящыщщ: ахэр джатэ яIыгъыу бийм теуэ хабзэт. Мыбы иджыри адыгэхэм я деж куэдрэ узыщримыхьэлIэ бжырэ зэрызахъумэж Iэмэпсымэрэ, псалъэм папщIэ, мэIу и гъусэщ.
  • Ауэ иджы Украинэм икъукIэ къыфIэIуэху упщIэ къоув «черкасхэм» ятеухуауэ. Апхуэдэут мэзкуудэсхэр Днепр Курытым и Iэгъуэблагъэм щыпсэухэм зэреджэр. ИужькIэ украин лъэпкъ теплъэ хъуа щхьэ упсам къытранэ акIэри жьэпкъыпэр яупсрэ пащIэр кIыхьу къызэрагъанэри адыгэ хэIэтыкIахэм я нэщэнэу зэрыщытар XIII-XV лIэщIыгъуэхэм зыплъыхьакIуэхэм ятхахэм къыхощ. Хуэбгъэфащэ хъунущ зи гугъу тщIа кхъэлъахэм къыщагъуэтар а зэманым зыкъэзыIэтын щIэзыдза Литвамрэ Урыс Пщыгъуэмрэ япэщIигъэтын папщIэ Дыщэ Уэр тепщэгъуэм и гъунапкъэм игъэIэпхъуа адыгэ зауэлIхэм я зым и хьэдэу.
  • «Сыт ар адыгэу къыщIыщIэкIын хуейр?» жыпIэнщ. Абы и щхьэусыгъуэр мырат. Адыгэхэр Улус Джучим (монгол-тэтэр къэралыгъуэм) и унафэ щIэтхэм нэхъыфI дыдэу яхилъагъукIа лъэпкът. Езы лъэпкъыцIэ «шэрджэсым» япэ дыдэ ущрохьэлIэ XIII лIэщIыгъуэм и кум ятха монгол тхыгъэхэм. Муслъымэн тхакIуэхэм Улус Джучим хыхьэ лъэпкъыцIэ- хэр къыщрабжэкIкIэ, япэ дыдэ зи цIэ къраIуэр адыгэ-шэрджэсхэращ (тхакIуэ псоми сыт щыгъуи етIуанэу зи цIэ къраIуэ «урысхэр» Рашид ад-Дин зэ закъуэ япэу къызэрыри-Iуэр хыумыбжэмэ). Дэ дыщыгъуазэщ Китайм и монгол императорыдзэхэм урысхэр, алан-асхэр, кыпчакъхэр мин бжыгъэкIэ зэрыхэтам, Улус Джучим и тепщэхэм «бжьэпэм» къыщагъэщхьэпэу. Абыхэм Юань империем къулыкъушхуэхэр щызэрахьэрт. Ауэ Китайм теухуа юань дэфтэрхэм зэи адыгэцIэ ущрихьэлIэркъым. Дыщэ Уэрым и тепщэхэм тыншу зыIэщIагъэкIыртэкъым езыхэм я нэфI зыщыхуа блыгущIэт- хэр. Адыгэхэр абыхэм фIыуэ ялъагъуу зэрыщытам Псыжь и Iэгъуэблагъэм къыщагъуэтыжа адыгэ кхъэлъахэхэр щыхьэт тохъуэ: абыхэм ящыщ куэдым Дыщэ Уэрым и къулыкъущIэхэм къабгъэдэкI саугъэтхэу дыщэхэкI фалъэхэр, бгырыпх гъэщIэрэщIахэр хэлъщ. Языныкъуэхэм апхуэдэ пщIэхэлъхьапщIэу и гъусэр зыкъым, тIукъым. ГъущI лъапIэхэм нэмыщI, зауэлIхэр зэрагъэлъапIэ фэеплъхэм дэщIыгъущ жынгыз къэралыгъуэм щащIа щэкIхэр — упщIэу е монгол бзыпхъэкIэ да фащэ хьэзыру.
  • Сыт хуэдэ щхьэусыгъуэ монгол тепщэхэм я нэфI адыгэхэм къащIыщыхуар? Шэрджэсхэр нэхъ вэгъзэгъыу щытауи пхужыIэнукъым: чырэхэм зэрытеуэм къыхэкIыу, абыхэм дзэзешэхэр щIэх-щIэхыурэ ягъэгузавэрт, ар монголхэм яфIэфIтэкъым. УпщIэм и жэуапыр къыщыдогъуэт XIII-XIV лIэщIыгъуэхэм Iузэв хым и къуэкIыпIэ лъэныкъуэмрэ Псыжь дежрэ къыщагъуэтыжа кхъэлъахэм. Иджыблагъэ Чхаидзерэ Дружининэмрэ утыку кърахьа лэжьыгъэм къыщагъэлъагъуэ: абдежым щыщIалъхьа за-
  • уэлIхэм я процент 30-р шуудзэ зэщIэузэдам щыщт: абыхэм тажхэри, афэ джанэхэри, джатэхэри, мэIухэри, афэIэлъэхэри, нэгъуэщI Iэщи япщIэхэлъщ; процент 30-р къызэрыкIуэу узэда шуудзэщ, джатэрэ Iэщэ щхьэхуэхэмрэ яIыгъыу; процент 30-р шабзэ фIэкIа зымыIыгъ шухэщ. Афэ джанэ зыпщIэхэлъу щIалъхьа шуудзэм и зауэлIхэм яхэтыр адыгэхэм я закъуэкъым, абыхэм япэгъунэгъуу псэуа кыпчакъхэри монголхэри яхэтщ. Дэ фIыуэ дощIэ адыгэхэм зыхуей хуэзэпауэ Iэщэ яхуэщIу зэрыщытар. Щхьэгуащэ пыщIа щэнхабзэм щыщ къамэхэм якIэлъыплъа Iэ-щIагъэлIхэм жаIащ ахэр «дамаск жыр» жыхуаIэм къызэрыхэщIыкIар. Адыгэ кхъэлъахэхэм къыщагъуэтыжа Iэщэм и бжыгъэр Европэми Азиеми XIII-XIV лIэщIыгъуэхэм къыщагъуэтыжа Iэщэ псоми я бжыгъэм ящхьэдох: джатэхэр щэ бжыгъэм, афэ джанэхэр пщIы бжыгъэм, тажхэри щэ бжыгъэм нос.
  • Адыгэхэращ къэзыгупсысар «адыгэ къамэдзэ» («черкесский клинок») цIэрыIуэри; гу зэрылъыттащи, адрейхэм зэращIым емыщхь мэIу убыдыпIэри; къыхэхыкIэ IэмалкIэ адрейхэм етыншэкI афэ нэкIуIулъхьэри; хуэбгъэфащэ зэрыхъунумкIэ — къуэкIыпIэм афэ джанэ нэхъыфI дыдэу щызекIуэу щыта уэрдыхъу зэрыхъахэм къыхэщIыкIа афэри. ГурыIуэгъуэт апхуэдэу укъигъэуIэбжьу нэгъэсыпауэ афэ джанэ шуудзэ зыузэдыф, я щхьэм къыдэхуэу я гъунэгъухэри зэрагъэпэщыфын хуэдизу Iэщэ нэхъыфI дыдэр бжыгъэншэу зыхуэщI лъэпкъыр зыгуэру къыхэгъэщын зэрыхуейр; шэч зыхэмылъыххэращи, ахэр хамэ щIыпIэм ебгъашэу хамэ унафэ щIэбгъэувэ хъунутэкъым.
  •  ЖытIам къегъэлъагъуэ адыгэхэм Дыщэ Уэрым и дзэр узэда хъунымкIэ мыхьэнэуэ яIам. Дыщэ Уэрым и унафэр лъэлъэжа нэужьи, абыхэм ящыщу Днепр и Iэгъуэблагъэм исахэм пщIэшхуэ щIаIам и щхьэусыгъуэри наIуэ мэхъу. Абдежым щыпсэуа славянхэм къыхагъэтIысхьа лъэпкъ хэIэтыкIам и лъэпкъыцIэр езыхэми къащтам и мызакъуэу, ар я къалащхьэми — Черкассы — фIащат, езыхэми я къуэкIыпIэ гъунэгъухэр «черкас»-кIэ къызэреджэр я жагъуэтэкъым.
  • Горелик Михаил,
  • тхыдэ щIэныгъэхэм я доктор, археолог.
  •  
  • Япэ лъэпкъ этнографыр щыхьэт тохъуэ
  • ЗекIуэлI уэрэдхэр
  • Хъан-Джэрий СулътIан

    Адыгэхэм зекIуэ щыкIуэкIэ лIыхъужь уэрэдхэр жаIэ хабзэщ, языныкъуэхэр я гум щIыхьэу ягъэзащIэу. Зы едзыгъуэ жаIа нэужь, зауэлIхэм шы сокум зытрагъащIэ, я пыIэхэр зыщхьэрахри, зекIуэр къайхъулIэн папщIэ тхьэ йолъэIу. Апхуэдэ уэрэдхэм зекIуэлIхэр лIыгъэ зэрахьэу цIэрыIуэ хъуным трагъэгушхуэ. Я нэхъыбэхэр тхыдэм къыхэнэжа лIыхъужьхэм ятеухуащ, щагъэзащIэри зекIуэ щыкIуэм и дежщ.

  • Iэщэ-фащэр
  • Адыгэм сыт хуэдэ дакъикъэми Iэщэ кIэрыщIа зэпытщ, и гъащIэр Iэуэлъауэншэу зэрыщымытым апхуэдэ щытыкIэм иригъэувауэ. Зауэм щыIухьэ сыхьэтым дэтхэнэ зы пщы-уэркъри и лъакъуэм щегъэжьауэ и щхьэм нэс Iэщэ-фащэ зэщIэлыдэкIэ зэщыхуэпыкIащ.
  • Зэрытеуэ Iэщэ
  • Шабзалъэ е шабзэшэ щэщI зэрылъ сагъындакъ. Ар Шэрджэсейм ижь-ижьыж лъандэрэ щызекIуэ Iэщэщ. Нобэми псэущ ахэр уэркъыжьхэм къагъэщхьэпэу зэрыщыта щIыкIэр зыщIэж дадэхэр. Сагъындакъыр адыгэхэм монгол-тэтэрхэм я деж къыщащта къыщIэкIынщ, ауэ ар къэзыгъэщхьэпэ зы лъэпкъми ар адыгэхэм ещхьу игъэщIэращIэу зригъэсэфакъым. Шабзалъэм дэщIыгъу дыжьын Iэмэпсымэхэр саутрэ дыщэкIэ гъэщIэрэщIащ. Езы шабзалъэр маитэрэ (дыжьын тхыпхъэ) дыщэпскIэ дытащ. Адыгэхэм Iэзэу шабзэшэ ящIыф, ауэ шабзэ яхуэщIыркъыми, Тыркум къраш. Дызэрыт зэманым ахэр зэзэмызэххэщ къыщагъэщхьэпэжыр, псоми мафIэрыуэ Iэщэр зэрынэхъ тыншыр ягъэунэхуащ. Ауэ пщышхуэхэм сагъындакъ хьэзыр яIыгъыныр иджыри яфIэигъуэщ икIи гъатхэмрэ гъэмахуэмрэ ар къыздрахьэкI, сыту жыпIэмэ, шабзэр гъэмахуэм лалэ, щIымахуэм — къурэ мэхъури, а зэманитIым пасэрей Iэщэр яIыгъмэ нэхъ къащтэ.
  •  
  • Джатэ. Ар шабзалъэм и гъусэу къыздрахьэкI, и Iэпщэр екIуу хэIущIыкIа, блафэм ещхьу зэтепщIыкI гъуаплъэм къыхэщIыкIащ. Джатэр сэшхуэм сыт зэрефIэкIыр жыпIэмэ, джатэмкIэ ууп-щIати упыджи мэхъу, сэшхуэр упщIатэ къудейщ.
  •  
  • Фоч. А Iэщэ дунейкъутэжыр иджы псом нэхърэ нэхъ къащтэ икIи дэтхэнэ адыгэми, мэлыхъуэм деж щегъэжьауэ пщым деж щиухыжу, ар зэрехьэ. Нэхъ лъэпкъыфIхэм ящыщ пщы-уэркъхэм зи дакъэр саутрэ дыщэкIэ гъэщIэрэщIа, дыщэпс нагъыщэхэр зытет фочхэр зэрахьэ. Фочым и гъусэу чы пIащIэ цIыкIуитIым къыхэщIыкIа зэпэбаш къыздрахьэкI.
  •  
  • ФокIэщI. Ахэр адыгэ фокIэщIрэ тырку фокIэщIу зэхедз. Пщы-уэркъым сыт щыгъуи фокIэщI узэда иIыгъщ, мыхьэнэ зимыIэ зэдауэхэм а Iэщэр имычэзууэ къыщыщхьэпэ куэдрэ къохъу.
  • Сэшхуэ. Ар фочым и гъусэу кърахьэкI хабзэщ, сыту жыпIэмэ, фоч зиIэм сэшхуи иIэн хуейщ. А Iэщэм адыгэхэм пщIэшхуэ хуащI, псом хуэмыдэу пасэрей сэшхуэхэм. ИщхьэкIэ зэрыжытIащи, сэшхуэкIэ упыджэну тыншкъым, ауэ уупщIэтэну тыншщ. Абы и Iэпщэр саутрэ дыщэпскIэ ягъэщIэращIэ, бжьакъуэ фIыцIэкIэ е къупщхьэ хужькIэ къыщращIыкIи къохъу. Адыгэ тхьэмыщкIэхэм я сэшхуэ Iэпщэхэр пхъэщ къызыхэщIыкIар.
  •  
  • Къамэ. А Iэщэр адыгэм и щIыIутелъ фащэм и Iыхьэу плъытэ хъунущ, псом хуэмыдэу пщы-уэркъхэм къахэкIа зауэлIхэм, сыту жыпIэмэ, абыхэм къамэ щызыпщIэхахыр я щIыIутелъ фащэр щыщахым и дежщ. Адыгэр щышхэкIи, щефэкIи, щыпсалъэкIи, и зэш щытригъэукIи къамэр и бгым ищIащ, щыжейкIи и пIэщхьагъым щIэлъщ, аращи, ар сыт хуэдэ сыхьэтми узэдащ.
  •  Пасэ зэманым майдэ жыхуаIэ джыдэ цIыкIури зэрахьэу щытащ адыгэхэм, ар Азием щыщ лъэпкъхэм иджыри къагъэщхьэпэ. КъинэмыщIауэ, пасэрей адыгэхэр бжыкIэ зауэу щытащ, я уэрэдхэм къызэрыхэщщи. ауэ иджы ар къагъэсэбэпыжыркъым.
  • Зэрызахъумэж Iэщэ
  • Таж. Тажхэр лIэужьыгъуитI мэхъу: таж лъагэхэмрэ жыр пыIэ жыхуаIэ нэхъ лъахъшэхэмрэ. Ахэри дыщэрэ дыжьынкIэ ягъэщIэращIэ, и гупэмкIэ нэкIухъумэ е гъущI хъар Iулъщ.
  • Афэ джанэ. Пкъыр зыхъумэ а фащэр къамэ къихакIэ зэпэщIэувэ адыгэхэм я зэхуаку къыдэхъуэ къаугъэхэм щхьэпэн щохъу. Афэ джанэхэр жыр уэрдыхъу цIыкIухэм къыхэщIыкIащ.
  • Афэ Iэлъэ. Ар IитIым тралъхьэ, дыщэрэ дыжьынкIэ гъэщIэрэщIа гъущIым къыхащIыкI.
  • IэщIтелъ. Ахэр адыгэ бзылъхугъэхэм лъахъстэн плъыжьым къыхащIыкIри дахащэу дыщэрэ дыжьынкIэ хадыкI, и кIапэм гъущI зэпрыдза палъхьэ. IэщIтелъхьэхэм Iуадэ баринэм Iэпхъуамбэхэр ехъумэ.
  • Пасэрей зэманым зэрызахъумэж фащэм афэ гъуэншэджри хиубыдэрт. Афэ джанэхэм ещхьу ахэр зэзэмызэххэщ щыбгъуэтыжыр.
  • Адыгэм и Iэщэ-фащэм шы Iэпслъэпсхэри хабжэрт.
  • ЖыIэпхъэщ шууей цIэрыIуэхэм я Iэщэ-фащэм губгъуэм узыщыхуэныкъуэнкIи хъуну псори кIэрылъу зэрыщытар: аркъэн, гъэру яубыдхэм папщIэ гъущI лъэхъу цIыкIухэр, мывэупцIэ, щтауч, тхъуэбзащхъуэм е шэхум къыхэщIыкIа уэздыгъэхэр, дыд, бгырыпх лей, пхъуантэ цIыкIухэр, жьакIэупс, нэгъуэщIхэри. Нэхъ шууей ахъырзэманхэми джэбыныпхъэ къыздрахьэкI, абы къегъэлъагъуэ сыт хуэдэ сыхьэтми я псэ ятыну ахэр зэрыхьэзырыр.
  • Афэ джанэхэр, тажхэр, сэшхуэхэр, фочхэр япэми иджыри адыгэ пщы-уэркъхэм я мылъкуу ялъытэрт. Абыхэм я Iэщэм апхуэдизкIэ я гум куууэ пхыкIа пщIэ хуащIри, Iэщэхэм я нэхъыфIым нэ трамыгъаплъэу зэрахьэ, ахэр елIалIэу ныбжькIэ зэIэпах, нэхъыжьхэм нэхъыщIэхэм щIэину къыхуагъанэу, зэрылъ унагъуэми ехъумэ, мылъку хэплъыхьа зэриIэм шэч къытримыхьэу. Азие псом мафIэрыуэ Iэщэр къыщежьэху, Iэщэ хужьыр дыщэхэкIым пащIу къекIуэкIащ. Апхуэдэ щIыкIэу абы и пщIэр адыгэхэм я дежи къэсащ, и уасэр зэи емыхуэхыу. Лъы уасэми нэчыхьыпщIэми я уасэр къызэралъытэр IэщэмкIэщ, уасэр щIыдрагъэуей хабзэри хуэфэщэн Iэщэ щамыгъуэтым и дежщ.
  • Кърым хъанхэм адыгэхэр зрашэлIэн папщIэ, Iэщэ щысхьхэртэкъым. Езы адыгэпщхэми уэркъхэр къызэрыдахьэхыр IэщэфIкIэщ, нобэми лъэпкъ щхьэхуэхэм пщIэ лей пылъу щызэрахьэ, и зэманым уасэшхуэ зыщIата Iэщэм и хъыбархэр жызыIэж дадэхэр псэущ.
  • Афэ джанэ цIэрыIуэ дыдэхэм, сэшхуэхэм, тажхэм, къинэмыщIхэм цIэ лей яIэу, адэм къуэм къыхуигъанэу зэрахьэ.
  • Нэхъ лъапIэ дыдэу Шэрджэсейм щызекIуэ афэ джанэ лIэужьыгъуэр «шэкъшэр», афэху жыхуаIэхэращ. Япэрейр кIэмыргуеипщым ейщ, щIалэрэ пщащэу нэрыбгэ тIощIрэ пщIырэ уасэу щIатауэ. Ар Мухьэммэд бегъымбар лъапIэм и малъхъэ, Тхьэр арэзы зыхуэхъун Алий-хъалифым зэрихьэу щытауэ жаIэ. ЕтIуанэр езы Мухьэммэд бегъымбарым ейуэ щытауэ ягъэхъыбар, абы нэхъ лъапIэ щыIэкъым. А афэ джанэхэм ятеу-хуа хъыбар куэд Шэрджэсейм щызокIуэ.
  • Хъан-Джэрий СулътIан.
  • Псалъэжьхэр
  • Гу зимыIэ лIибгъу я ней къысщыхуэ
  • Джатэрыпщ нэхърэ — пщы Iущабэ.
  • Джэдыгу гъурыдзэрэ пщыдзэ етарэ.
  • ЗылъэкI и джатэ кIыхьщ.
  • «Губзыгъэмэ къызэуэнкъым, делэмэ къыстехуэнкъым», — егупсысащ къуаргъыр, фоч зыIыгъ
  • щилъагъум.
  • Джатэ и щIагъ нанэ щыIэжкъым.
  • Джатэ къихакIэ къыпхуэжэм ущымыщти, къуэгъэнапIэм къуэтым хуэсакъ.
  • Зауэм хэту джатэ хьэху яткъым.
  • ЗимыщI ис щауэр убзалэщи, бланэм шэр техуэмэ, псыхъуажэщ.
  • Имыгъуэу уи джатэ къыумых, къипхамэ, лIыгъэншэу иумылъхьэж.
  • ЛIыгъэ зиIэм Iэщэр ейщ.
  • ЛIыгъэ щIапIэ лIы икIуадэркъым.
  • ЛIыгъэм Iэщэр хуэжыIэщIэщ.
  • ЛIыхъужь и джатэ бзэщхъуркъым.
  • Iэщэ зыгъэдалъэм илъ япэ мажэ.
  • Уи лъэпкъым хэплъи, уи джатэ гъэдалъэ.
  • Джатэм и щIагъи пэжыр жыIэ.
  • Джатэм пиупщIыр мэкIыжри, жьэм пиупщIыр кIыжыркъым.
  • ЛIы Iэщэншэ еуэркъым.
  • Шу закъуэщ жыпIэу утемыгушхуэ, гупышхуэщ жыпIэу ущымышынэ.
  • ГъукIэм и Iэщэр Iэдэрэ уадэрэщ.
  • ЗылъэкI и джатэ зылъэмыкI егъэIурыщIэ.
  • Хъанхэ я щIыб джатэ щагъэдалъэ.
  • Джатэр тыным я тыныжщ.
  • Япэ умыуэ, къоуэм ущымысхь.
  • Хьэжыдзэуи дзэ къыпхуэмызэкIэ.
  • Афищэ зытар хьэ матищкIэ ящэжащ.
  • Лей зезыхьэр и хьэкъ хуозэ.
  • Ухеймэ — улъэщщ.
  • Бийр къыпщытхъурей хъумэ — умыбэлэрыгъ.
  • Бийм ущысхьмэ, уIэгъэ ухъунщ.
  • Е улIын, е улIэн.
  • Зауэ уIухьэмэ, уи Iыхьэ IущIыхь.
  • ЛIыхъужьыр зэ лIэгъуэщIи, къэрабгъэр тIэу лIэгъуэщ.
  • ЛIыр лIыуэ мэлIэж.
  • ЛIыфI и щытхъу кIуэдыркъым.
  • Нарт и псалъэ епцIыжыркъым.
  • СопIащIэ жыпIэу, шы лъэхъа умышэс.
  • Уи лIыгъэ къимыхьар уи насып къремыхь.
  • Уи къарур пхуримыкъумэ, уи акъыл гъэлажьэ.
  • Шэ цIывами гу шынамкIэ зегъазэ.
  • Гу зимыIэ лIибгъу я ней къысщыхуэ.
  • И къамэ тIэу къихкъым, и псалъэ тIэу жыIэкъым.
  • И сэкI къощ.
  • И шэ щIым нэскъым.
  • Къэрабгъэр япэ мауэ.
  • Аргъуейм и нэр къраху
  • ЗЫРИ гъэщIэгъуэну хэмылъ хуэдэу щытщ гушхуауэ псэу адыгэхэм я хъулъхугъэхэм я мызакъуэу бзылъхугъэхэри зэуэным зэрыхуэIэзэми, фадэ зэрызыIуамылъхьэм, къамэм зэрыхуэIэкIуэлъакIуэм къыхэкIыу, ахэр хабзи бзыпхъи зымыщIэ куржыхэм я дежкIэ бий нэхъ шынагъуэ дыдэу зэрыщытми. Ауэ адыгэхэм я зауэлI Iэзагъым дзэ зэгъэпэщахэри егъэшынэ. Урысхэм щапэщIэт зэхэуэм абыхэм мэIум ещхьу топышэхэр къэзыгъэлъеиж Iэмэпсымэ гуэр щызэрахьэ. Куэдрэ уолъагъу я шыгу шэрхъхэм я зэхуакум иIэ цы е фэ зэшэкIа бэрэбэнышхуэкIэ абыхэм топышэхэр къызэраубыдыр, апщIондэху абы и щIыбагъ къыдэт зауэлIхэм зыри къащымыщIу.
  • Паллас Петр-Симон,
  • нэмыцэ щIэныгъэлI.
  • 1811 гъэ
  • АДЫГЭ къамэхэр лезгинхэм ейм нэхърэ тIэкIу нэхъ кIэщIщ. Шэрджэсхэми, къэбэрдейхэми, лезгин бейхэми фочымрэ фокIэщIымрэ нэмыщI иджыри таж ящхьэрыгъщ, афэIэлъэрэ IэщIтелърэ зэрахьэ, къинэмыщIауэ, хьэщIапIэ е зэхуэс щыкIуэкIэ, шабзэрэ шалъэрэ къыздащтэ. Абыхэм я афэ джанэхэр лъапIэкIейщ. ЗэрыжаIэмкIэ, ахэр апхуэдизкIэ Iэзэу ящIри, хъуарэ мыхъуарэ къащIэн щхьэкIэ шкIэм траубгъуэурэ абы бдзапцIэшэкIэ йоуэ, езы псэущхьэм мащIэу зигъэхъей фIэкIа къыщыщIаIакъым.
  • Бларамберг Иоганн,
  • урыс-нэмыцэ генерал-лейтенант.
  • 1850 гъэ
  • УРЫС сэлэтыр армэм зэрыхэт фащэр зауэм зэрыIухьэм хуэдэкъым. ГъущI пыIэхэм я пIэкIэ абыхэм щхьэратIагъэ фуражкIэр пщхьэрыгъыу адыгэ сэшхуэ шынагъуэм упэщIэувэныр дзыхьщIыгъуэджэ дыдэщ. Адыгэ пщы-уэркъхэм шэм кIуэцIримыудыф афэ джанэ ящыгъщ, ауэ щыхъукIэ, езы адыгэхэм я шэ цIыкIухэр урыс зауэлI фащэм пхокI. Уеблэмэ мыжурэри адыгэ афэ джанэм тоцIэнтхъукI. Абы къыхэкIыу, урыс сэлэтыр зимыIэжьэу и бийм емыбгъэрыкIуэмэ, езыр абы и удыным йокIуэдыкI. Адыгэ Iэщэм и лъэщагъыр къывгурызгъэIуэн папщIэ, схужыIэнур урыс фочхэр абыхэм я сэшхуэхэм зэ уэгъуэм тIууэ зэрызэпагъэлъэтырщ. Адыгэхэм мыжурэм укъызэрелын Iэмалыр зрагъэщIэфащ, ауэ щыхъукIэ, урысхэм сэшхуэм узэрыIэщIэкIын Iэмалыр иджыри ящIэркъым.
  • Головин Иван,
  • инджылыз-урыс тIасхъэщIэх.
  • 1854 гъэ
  •  

    Адыгэ зауэлIхэр. 1781 гъэ

  • Шэрджэс зауэлIхэм я хэщIапIэ. 1830 гъэ