ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Хабзэт къэбэрдейхэм уадэплъеиныр

2019-05-21

  • Пасэрей Iэщэр къызыфIэIуэху цIыхухэм зэхамыхыпIэ иIэкъым Аствацатурян Эммэ и цIэр. Мэзкуу дэт Къэрал тхыдэ музейм епхауэ зи гъащIэр зыхьа ермэлы бзылъхугъэр Кавказ Ищхъэрэми мызэ-мытIэу къэкIуауэ щытащ, хъыбар щхьэпэ куэди ди щIыналъэм теухуауэ къызэринэкIащ. Ди жагъуэ зэрыхъущи, цIыхубз щыпкъэр илъэс бгъущIым иту иджыблагъэ дунейм ехыжащ. Дигу къэдгъэкIыжыну ди гуапэщ щIэныгъэрылажьэ гумызагъэм илъэс зыбжанэ ипэкIэ Хайдаков Камил ирита интервьюм адыгэхэм ятеухуауэ щыжиIахэр. Бзылъхугъэ Iущым зыкъеумысыж «Кавказ лъэпкъхэм я Iэщэхэр» и тхылъ цIэрыIуэм и япэ къыдэкIыгъуэр щигъэхьэзырым (2004 гъэ), адыгэ Iэщэм теухуауэ щыуагъэ гуэрхэр, имыщIэныгъэкIэ, зэрыIэщIэкIамкIэ. Ар топсэлъыхь тхылъым «Шэрджэсей» Iыхьэр щихъуэжу щIэрыщIэу къызэрыдигъэкIыжынум.

  • Аствацатурян Эммэрэ Хайдаков Камилрэ. 2015 гъэ

    Ди бысымыр зыми егъэцIыхун хуейкъым. Си ныбжьэгъум хуэзэу зэрыжиIащи, къуэкIыпIэ Iэщэм и IуэхукIэ псори зыщIэр Аствацатурян Эммэ и закъуэщ. Абы и тхыгъэм нэхърэ нэхъ купщIафIэ зэкIэ зыми итхакъым. Иджы аргуэру альбомыщIэ къыдигъэкIыну егъэхьэзыр. Сэ зэрызэхэсхамкIэ, ар икъукIэ альбом гъэщIэгъуэну къыщIэкIынущ.

  • — Къэрал Тхыдэ Музейм адрей музейхэм кърашурэ къуэкIыпIэ Iэщэм и лIэужьыгъуэ куэд щызэхуахьэсар пэж?
  • — Зэрыщыт дыдэр апхуэдэукъым. Бытырбыху Зауэ-Тхыдэ Музей дэтт. Ар 1932 гъэм зэхуащIыжри, и гъэтIылъыгъэхэр зэрыщыту ди музейм нратыжат. Сэ музейм сыщыувар 1954 гъэращ. ЗэрымыщIэкIэ къэхъуауи пхужыIэнущ, ауэ гъащIэм езым и хабзэхэр иIэжщ. Кавказым елэжь ди лэжьакIуэ Денисовыр сымаджэрилэ хъуат, зыщIыпIи кIуэжыфыртэкъым. Дэ цIыхуитху хъууэ дызэдэлажьэрти, Денисовым ечэнджэщы-ну къэкIуа бзылъхугъэм сэрэ дыщызэрыцIыхум, Кавказым, Адыгейм, Шэрджэсейм и гъусэу сыкIуэну сыкъытригъэхьэри, аращ си япэрей ежьэгъуэри, кавказ Iэщэм селэжьынри къызыхэкIар.
  • — Ар сыт хуэдэ илъэс зыхуэзэр?
  • — 1958 гъэм. Тырку Iэщэм елэжьын суха къудейт. Гъуэгуанэри гъэщIэгъуэнт, Адыгейри телъыджэт. Сэ нэхъ пасэуи слъэгъуат къуажэр, ауэ абы щыгъуэ си нэгум щIэкIар гъэщIэгъуэныщэт. Щэнхабзэм и паркым уохьэри, уи хъуреягъыр удз гъэгъам щIигъэнащ, ари ауэ сытми удз къызэрыкIуэу щымыту — гуащэнапщIэхэр…
  • — Дауи, ар ипщэ щIыналъэщ.
  • — Плъагъурэ, зым гуащэнапщIэ хэссащэрэт жи, адрейр зыри хуейкъым…
  •  Япэ теплъэгъуэу сигу къинэжар сыт жыпIэмэ, — бзылъхугъэ ныбжьыфIэ телъыджэ, и щIалэгъуэм алэрыбгъу хидыкIыу икIи зэIуищэу щытауэ. Музейм и унафэщI Азэмэт Эльзэ ар ицIыхурти, езым хуэдэ бзылъхугъэ IэпэIэсэхэм, зыгуэр зыщIэж дадэхэм дахуигъазэрт.
  • — Iэщэм теухуауи?
  • — Хьэуэ, Iэщэр къызыфIэIуэхур сэрат, Эльзэ IэкIэ зэIуащауэ унэхэм щызэрахьэ алэрыбгъухэрат къилъыхъуэжри, сэри абы сригъусэт.
  • — А зэманым иджыри зыгуэр бгъуэтыжыф къыщIэкIынт, ХIХ лIэщIыгъуэм пыщIауэ.
  • — Дэ ди псэлъэгъухэри ХIХ лIэщIыгъуэрат къыщалъхуар. Егъэлеяуэ удэзыхьэх Iуэхут икIи мыхьэнэ зиIэ лэжьыгъэт ар. ИужькIэ Къэбэрдей-Балъкъэрым, Налшык дыкIуащ, Черкесски дыщыIащ. Щапхъэ гъэщIэгъуэн къыпхуэсхьынщ. Черкесск дэт музейр цIыкIут, пэшитI къудейт зэрыхъур. Зы лэжьакIуэ закъуэ щылажьэу арат. УнафэщIыр зыщIыпIэ къытрагъэкIа къулыкъущIэ гуэрти, лэжьапIэм хущIыхьэгъуэкIэ фIэкIа къекIуалIэртэкъым. Мо бзылъхугъэр а щIыпIэм щыщтэкъым, зэрихьэри украин унэцIэт, езыр урыст. И IэщIагъэкIэ биологти, къэкIыгъэхэмрэ псэущхьэхэмрэ ятеухуауэ пхузэхуэхьэсыну псори кърихьэлIат музейм. Тхыдэ къудамэри хъарзынэ дыдэт, ауэ псом нэхърэ нэхъыщхьэр гъэтIылъыгъэхэрат. Зы пэшт абыхэм хухахари, зы блыным щегъэжьауэ адрейм нэс кIапсэ кIуэцIрышауэ, ХIХ лIэщIыгъуэм ящыгъыу щыта бостейхэр, тэджэлейхэр фIэлът, псори а бзылъхугъэм зэхуихьэсауэ. Абдеж къыщызгурыIуащ зыгуэр пхузэфIэкIын папщIэ, гукъыдэжым фIэкIа зыми мыхьэнэ зэримыIэр. И цIэ къисIуэну сыхуейкъым, ауэ а зэман дыдэм Къэбэрдейм дэт музеишхуэ лэжьакIуэ зи куэдым зы бостей закъуэ щIэлъу арат, мо бзылъхугъэм бостей щэщI хуэдиз иIэ къыщIэкIынт. А щIыпIэм щыщтэкъым ар икIи. Щыпсэу къыщIэкIынт, ауэ къыщалъхуатэкъым, фIэгъэщIэгъуэн къудейт.
  • — Апхуэдэ цIыхухэм я фIыгъэщ зыгуэр хъума зэрыхъуар. Кавказ Iэщэм и гугъу тщIымэ, зэманышхуэ щIыдэхур сыт абы и тхыдэм? Япэрауэ, археологие нэмыджыса диIэщ, Кавказыр нэсу «зэхатIыхьакъым» иджыри. «Кобан щэнхабзэр» жаIэ, ауэ иджыри зи Iуэхур зэхэгъэкIын хуей щIыпIэ куэд диIэщ. Зэуэ ХVIII, ХIХ лIэщIыгъуэхэм, ХХ и пэм щыщIедзэ псоми. Кавказ Iэщэм щыщу нэхъ пасэрейуэ къыпIэрыхьахэр дапщэщ щащIар. Сыт ахэр: къамэ, сэшхуэ, джатэ?
  • — Iэщэ лIэужьыгъуэм елъытащ. Иджыпсту сызэлэжьым и гугъу сщIынщ занщIэу. Налшык къикIри Къуэдзокъуэ Алихъан Владимир и къуэр къэкIуащ ди музейм. А зэманым езыр иджыри дихьэхатэкъым, ауэ уэрэджыIакIуэу щыта и адэм зэхуихьэсыжу щытащ Iэщэ. (Зи гугъу ищIыр «Андемыркъан» уэрэдыр зыгъэзащIэ Къуэдзокъуэ Владимирщ). Ди музейм къакIуэри, пасэрей Iэщэ зэрыдимыIэм дыздытепсэлъыхьым, мухьэжырхэр щыпсэу къэралхэм езыр-езырурэ кIуэну игу къэкIащ. КъухьэпIэ Шэрджэсейм, хы Iуфэм псо дыдэри IуаукIыхьа къыщIэкIынтэкъыми, Урысейм щыпсэун ямыдэу хэкум иIэпхъукIахэри щыIэт. Ахэр Тыркум къищтэри, япэщIыкIэ къэрал зыбжанэм иригъэтIысхьащ…
  • — Ар Кавказ зауэм и зэманра зыхуэзэр?
  • — ЩыIэпхъуар зауэр иуха нэужьщ. Нэхъыбэу Тыркум, Иорданием, Сирием щопсэу. Арати, а къэралищым кIуэну Къуэдзокъуэ Алихъан гупыж ищIри, 2007 гъэм и гъэмахуэм и мурадыр къехъулIащ. Зы музейм и лэжьакIуи и пщIыхьэпIэ къыхэхуакъым абы гъэтIылъыгъэу кърихьэлIам хуэдиз хузэхуэхьэсыну. А къомым иджыпсту долэжь. Мэзкуу щыщ къэбэрдей щIалэ гуэрым мылъку хилъхьэри Iуэхур зэфIагъэкIащ: сурэтхэр, хъыбархэр, гъэтIылъыгъэхэр. Нэхъыбэу къамэрэ сэшхуэрэ, джатэ куэд яхэткъым. Къамэхэр щищрэ хыщIрэ мэхъу. Плъэгъуа апхуэдэ бжыгъэ игъащIэм? Щищрэ хыщIым я сурэти ахэр зейм я хъыбари дэщIыгъужу.
  • — Ар зэрыщыту адыгэ Iэщэу ара?
  • — Адыгэ Iэщэщ.
  • — Иджы Къуэдзокъуэм адыгэ Iэщэм теухуауэ тхылъ игъэхьэзыр къыщIэкIынщ.
  • — Альбом догъэхьэзыр, мис абы и сурэтхэр (къегъэлъагъуэ). Тхылъыр (зи гугъу ищIыр «Кавказ лъэпкъхэм я Iэщэр» тхылъращ) къыдагъэкIыжыну мурад щащIамрэ ди лэжьыгъэмрэ зэманкIэ зэтехуащ.
  • — НтIэ, тхылъым зэхъуэкIыныгъэ хэлъу къыдэвгъэкIыжыну ара?
  • — НтIэ.
  • — Щыгъуазэ фыдощI, ныбжьэгъу лъапIэхэ, «Кавказ лъэпкъхэм я Iэщэр» тхылъ адыгэхэм ятеухуа Iыхьэм зэхъуэкIыныгъэ хэлъу щIэрыщIэу къыдагъэкIыжынущ. Iэщэ щхьэхуэхэр зыхуэпхьа лъэпкъхэра зэхъуэкIыныгъэ зыхэлъынур?
  • — Аращ.
  • — Къамэхэра зи гугъу пщIыр?
  • — НтIэ. Иджы къызгурыIуэу аращ абыхэм уадыгэну «моднэ» зэращIыфа щIыкIэр.
  • — Дауи, ахэр нэхъыбэт, мелуаным нэблагъэрт. Адрей лъэпкъхэр — лакхэр, авархэр, шэшэнхэр мини 130-рэ, мин 200 хуэдиз хъуми арат.
  • — Пэжщ. Псэууэ къелар дапщэми пщIэрэ? Мин пщIей.
  • — Абыхэм гузэвэгъуэ зыбжанэ къатепсыхат. Япэрауэ, епщыкIуиянэ лIэщIыгъуэм емынэ узым адыгэхэм я закъуэкъым, Дагъыстэнми фIыуэ яхигъэщIащ. ИтIанэ къэралым зэрырагъэкIари дощIэ. Адыгэ Iэщэм елэжьа Горелик Михаил зэритхымкIэ, шэрджэсхэм Дыщэ Уэрым (Ордам) Iэщэрэ афэ джанэрэ куэду хуащIу щытащ. ЗауэлI къудейхэтэкъым, дыщэкI Iэзэхэри яхэтт.
  • — Телъыджэщ а псори, зыджаи зыщIи щымыIэу. Къуэдзокъуэм сохъурджауэ: Налшык щIэныгъэрылажьэ институтищ дэтщ, ауэ щыхъукIэ, мы псори зэхуэзыхьэсар Алихъанщ. Ар тхыдэджкъым, нэгъуэщIкъым. ГъэщIэгъуэнкъэ ар?
  • — Уэ лэжьэгъу узэрыхуэхъуаращ псом нэхърэ нэхъыфIыр. Уэ пхуэдэу а Iуэхум хэзыщIыкI щIэныгъэ лэжьакIуэ Урысейм щыбгъуэтынукъым. Аращи, тхылъыр зыхуей хуэза лэжьыгъэ щхьэпэ хъун хуэдэщ.
  • — «Шэрджэсей» зи фIэщыгъэ Iыхьэм зихъуэжынущ. Нэхъ пасэм адыгэхэм зэрейр сымыщIэу адрей лъэпкъхэм щыуагъэкIэ ягуэстхахэри къыхэсхыжынущ.
  • — Уэ зэрыплъытэмкIэ, Кавказым адыгэ Iэщэм нэхърэ нэхъ пасэрей илъкъым? Хьэмэрэ ар хъума нэхъ хъуауэ ара, къэралым зэрырашыфам къыхэкIыу?
  • — Хьэуэ, хьэуэ! Абы и щIыкIэм зыри хэIэбэжакъым. А мухьэжырхэм я Iэщэр ирашати, сэшхуэ хуэдэхэр хъума хъуащ. Сэшхуэ защIэу тхущIрэ хырэ диIэщ ХIХ лIэщIыгъуэм щыщу.
  • — ИтIани, пасэрей Iэщэ щыIэкъым. Ахэр щыIауи си фIэщ хъуркъым сэ. Псалъэм папщIэ, ХVIII лIэщIыгъуэм сэшхуэхэр щыIакъым.
  • — Хьэуэ, щыIащ!
  • — Тырку музейхэми?
  • — Хьэуэ, музейхэракъым, я гугъу щащI тхыгъэхэм урохьэлIэ. Псалъэм папщIэ, 1718 гъэм, нэхъ пасэжуи щапхъэ зыбжанэ сиIэщ, куржы пащтыхьым и шыфэлIыфэм Имеретием кIуа урыс лIыкIуэхэр топсэлъыхь. Езы пащтыхьымрэ къулыкъу зэмылIэужьыгъуэ зезыхьэ и къуэдзэхэмрэ члисэм щIохьэ нэмыцэ, къызылбаш джатэхэр якIэрыщIауэ. Зытхыжым жеIэ: «И джатэр сэ нэхъей кIэрыщIауэ и куэпкъым телът». Абы зи гугъу ищIыр «шашкэ» жыхуэтIэращ. КъэбэрдеибзэкIи ардыдэращ псалъэм къикIыр: «сэшхуэ».
  • — Уэ зэрыплъытэмкIэ, абы зи гугъу ищIыр «шашкэщ».
  • — Шэч хэмылъу. «Нэмыцэ, къызылбаш джатэхэр» щIыжиIэр сыт? А зэманым урысхэм Европэ лъэныкъуэмкIэ къикIа псоми «нэмыцэ» хужаIэрт, зауэлI шыфэлIыфэр абыкIэт къыздикIыр. Абы нэмыщI инджылыз щIалэ Архангельск щыпсэууэ урыс псалъалъэ зэхилъхьэрти, тIэкIу дыкъигъэщIэхъуащ (мэдыхьэшх). Урыс Iэщэр къыщрибжэкIкIэ, «шаш» псалъэр хегъэувэ. И мыхьэнэри нэгъэсауэ итхакъым. А «шашри» къыпхуэгупсысынукъым, пэжкъэ? А щапхъитIыр сэшхуэм теухуа хъыбар нэхъ пасэу щыIэщ.
  • — Куэд зодауэ абы теухуауэ, щхьэж, зэрыжаIэу, шхыIэныр езым и дежкIэ илъэфыну иужь итщ. Хэт «шашкэр» адыгэхэм ейуэ ялъытэ, «сэшхуэ» псалъэр я тегъэщIапIэу. Хэти апхуэдэ Iэщэ тыркухэми, къэжэрхэми яIауэ, Афганистанми щалъэгъуауэ жаIэ. Къэзакъхэми «сэшхуэр дэращ зи Iэщэр» жаIэ.
  • — Шэч хэмылъыххэу, Iэщэри псалъэри зейр адыгэхэращ, шэрджэсхэрат Кавказым щызекIуэ хабзэхэр къезыгъажьэу щытар. Зи фащэ ящыгъыр хэт-тIэ къэзакъхэм? Мэзкуу метром телъыджэ гуэр си нэгу щыщIэкIат перестройкэм и зэманым. «ТеплъэгъуэкIэ» фIэкIа абы сызэреджэнур сщIэркъым. Европей кIэстум зэфIэткIэ зэщыхуэпыкIа кавказ щIалэ гуп зэрыс метром и бжэр зэIуокIри, къэзакъ гуп къотIысхьэ адыгэ фащэ зыкъизыххэр ящыгъыу. Дауэ къыпщыхъурэ ар?
  • — Плъагъурэ псоми зэрызихъуэжар?! Сытми, нэхъ пасэрейуэ плъытэ хъунур шэрджэс къамэхэращ. ТIэкIу нэхъ гувауэ абыхэм Тифлис дащрохьэлIэ я Iэпщэм куржы тхыпхъэхэр тету, ауэ езы къамэхэр адыгэ къамэщ. Тхыпхъэ къыхэIущIыкIахэрат ящI хабзэр, аракъэ?
  • — Хьэуэ, мис ахэращ иджыпсту гугъу сызыдехьыр. Апхуэдэ дыдэукъым Iуэхур зэрыщытыр. А къыздахьахэр ХVIII лIэщIыгъуэращ нэхъ зыхуэзэр, ХIХ и япэ Iыхьэм. Ахэр куэду диIэщ.
  • Мухьэмэд-Алий и цIэу щыIащ зыгуэр. Абы мамлюк щIэблэр зэтриукIэн щыщIидзэм, абы зыщахъумэу къыщIэпхъуэжауэ щытащ шэрджэсхэр, аращи, а зэманым, епщыкIубгъуанэ лIэщIыгъуэм хуэзэ щапхъэ куэд диIэщ. Ар тхыдэр и тегъэщIапIэу пхузэхэгъэкIынущ, къыщIэхъуа щхьэусыгъуэр, сытхэр. Абы шэч хэлъкъым, хуэгъэфэщэныгъи хэткъым. Ахэр сыт и лъэныкъуэкIи зэрыадыгэ хьэпшыпыр IупщIу долъагъу. Нагъыщэ зытетхэри куэду диIэщ. Ахэри зэрышэрджэс нагъыщэм шэч хэлъкъым. Сыту жыпIэмэ, нэгъуэщIхэм апхуэдэу ящIыртэкъым, адрей къамэщIхэм иджыри къаублатэкъым Iэщэм нагъыщэ тращIыхьу.
  • — Сыт щхьэкIэ, Тыркуми къыщыхаIущIыкIырт нагъыщэхэр.
  • — Сэ Кавказращ зи гугъу сщIыр. А псори шэрджэс хьэпшыпщ. Сыт ар къызыхэтхыр? Зы зэманым ирихьэлIэу сэшхуэ 56-рэ диIэщ. И щIыкIэкIи и нагъыщэкIи псори зэбгъэдэплъхьэу узэхуеплъмэ, гуп-гупу зэхэбдзмэ, псори гурыIуэгъуэ мэхъу. Ар зыгуэрым къигупсысауэ аракъым. Аращи, мы тхылъым зыщызыхъуэжыр адыгэхэм ятеухуа Iыхьэм и закъуэщ. ЗэрымыщIэкIэ адрей лъэпкъхэм ятеухуа Iыхьэхэм хэхуар къыхызохыж. СщIэртэкъым и пэжыпIэр. Мис, псалъэм папщIэ, джатэм теухуауэ зы напэ закъуэ стхауэ арат, сщIэртэкъыми. Иджы сощIэ адыгэ джатэр зищIысыр. Адыгэ сэшхуэр зищIысри сощIэ.
  • — Хъунщ, «адыгэ джатэ», «адыгэ сэшхуэ» жыдоIэ, ауэ езы адыгэхэри зыгуэрхэм ядэплъейхэрт, псалъэм папщIэ, хьэрыпхэм, Ираным.
  • — Ар ябзыщIыртэкъым абыхэм. Къашэрт, къагъэщхьэпэрт.
  • — ФIыуэ зэращIра къыщIэкIынт къыщIашэр. Ауэ, щапхъэу къатщтэмэ, «къамэ» жыхуэтIэ кавказ Iэщэр, си гугъэмкIэ, Дагъыстэнращ къыщежьэр.
  • — Плъагъурэ, абыи шэч хэмылъу щыткъым. ИтIанэ къэхъу хабзэрат. Адыгэхэр зэтраукIа нэужь, я Iэщэхэр нэгъуэщIхэм яIэрыхьащ. Мис, псалъэм папщIэ, езы къамэр зэращI щIыкIэм, жудхэр зэрыжьэдах хабзэм елъытауэ уоплъри, зэрыадыгэ хьэпшыпыр уолъагъу. Ауэ нагъыщэ тетыр нэгъуэщIщ. Абы къикIыр зыщ: нэгъуэщI IэщIагъэлIым къищэхури, дыжьын тхыпхъэ трилъхьэжа. Аращи, зэхэбгъэкIыну гугъущ, ущыуэнкIи хъунущ. ИтIанэ хьэпшыпыщIэ гуэр къежьа нэужь, ар къезымыгъэжьами ищIу зрегъасэ. «Адыгэ сэшхуэ схуэщI» жеIэри, зыгуэр къокIуэ дагъыстэн дыщэкIым деж, е «шэрджэс нагъыщэ» («черкес накыш») тету схуэщI, жи. Дагъыстэнри хуэмыхукъым, пэжыр жыпIэмэ. Аращи, хуещI лъэIуакIуэм «шэрджэс нагъыщэ» зыкъизых.
  • — КъызэрыдгурыIуэн хуейр, Iэщэм дыжьын тхыпхъэ тещIыхьыныр къыщежьар ХIХ лIэщIыгъуэм и етIуанэ Iыхьэращ, икIи ар тегъэщIапIэ хъуркъым езы Iэщэр къызыхэкIар къэпщIэн папщIэ.
  • — Пэж дыдэщ. Iэщэр зым ещI, нагъыщэ тезылъхьэр нэгъуэщIщ.
  • — Iэщэр зэрыт тхылъхэм дамыгъэхэм гулъытэ нэхъ щрат, езы сэхэм гу лъамытэххэ хуэдэщ.
  • — ЯщIэркъыми аращ. Зыри тетхыхьакъым абыи, зэрамыщIэм къыхэкIыу. Узэджэн щыIэкъым абы теухуауэ.
  • — Iэщэм ущытетхыхькIэ псом япэ къамэдзэра хъунщ узытепсэлъыхьын хуейр, уэ зэрыпщIым хуэдэу, итIанэщ къамэ Iэпщэм телъ нагъыщэхэм я гугъу щыпщIынур.
  • — Шэч хэмылъу, аращ зэрыщIын хуейр. Ауэ, плъагъурэ, хьэпшып куэд зыщIэлъыр артмузей, Эрмитаж хуэдэхэращ, музей къызэрыкIуэхэм зы хьэпшып-хьэпшыпитI щIэлъу аращ, абыхэмкIэ дауэ зэхагъэкIын а псор? Адыгэхэм ятеухуауи тщIэртэкъым ар. Иджы мы къаша хьэпшыпхэм я фIыгъэкIэ зэхэдгъэкIауэ аращ.
  • — Адыгэ дыщэкI гуэрхэм я цIэр къыхэщрэ хьэмэрэ ауэ къызэщIэубыдауэ и гугъу зэрыфщIыр?
  • — ЗэкIэ къызэщIэубыдауэ. ИтIанэ «зыщIар Алийщ» жиIэу тетхакIэ, абы куэд къыбжиIэнукъым. Псалъэм папщIэ, мы тхыпхъэм зэреджэр «мазэщ» (къегъэлъагъуэ). Нэмыцэ IэщIагъэлIищым ящIырт «мазэ» тхыпхъи, адыгэхэми, ягу ирихьри, ящIын щIадзащ. Апхуэдэ нагъыщэу щитIым нэс диIэщ. «Мазэр» зы, иджыри «фалъэ» тхыпхъэми куэдрэ урохьэлIэ.
  • — Апхуэдэ Африкэм щащIа къамэхэми тетщ.
  • — Ар дэни щыIэнкIи хъунущ, Iэщэр кърашэкIыу щытащ.
  • — Мис мы нагъыщэми куэдрэ урохьэлIэ.
  • — Куэдрэ урихьэлIэркъым. ИтIанэ къамэм и щIыкIэми техуэн хуейщ.
  • — Нагъыщэм и закъуэкIи зэфIэкIыркъым Iэщэр къыздикIар жыпIэн папщIэ, нэгъуэщI щытыкIэ зыбжани зэтехуэн хуейщ, ара?
  • — НтIэ. Мыбы, псалъэм папщIэ, адыгэ IэщэкIэ дыщIеджэр апхуэдэ тхыпхъэ нэгъуэщIхэм ящIыртэкъыми аращ, нэгъуэщIхэм апхуэдэ нагъыщэ лIэужьыгъуэ къафIэIуэхуртэкъым. Мыбы нэгъуэщI лъэпкъхэм я деж дыщрихьэлIэркъым. Иджыпсту куржыхэм ятеухуауэ зыгуэр зэхэзгъэкIыну сыхэтщ. Мыпхуэдэ нагъыщэхэр зыхуэзэр ХIХ лIэщIыгъуэм и етIуанэ Iыхьэращ. Мысырым щыIэ адыгэхэр зы зэманкIэ щхьэхуиту щытащ. ИтIанэ Тыркум иубыда нэужь, Шэрджэсейр щIыпIэ пхыдзауэ пыщхьэхукIат.
  • — Мамлюкхэм адыгэ куэд яхэта си гугъэщ.
  • — Яхэтащ-тIэ. Мамлюк щыжаIэкIэ, пщылI хужь кърагъэкIыу арат. ЯпэщIыкIэ яIар тырку пщылIт. ИужькIэ, 1230 гъэра си гугъэжщ, адыгэхэр тепщэ хъури, зэманкIэ унафэр яIэщIэлъащ. 1517 гъэра сфIощI тыркухэм Мысырыр щаубыдар. Ауэ мамлюкхэр япэщIыкIэ яукIыртэкъым, я мылъкуи къытрахыртэкъым, я сэрейхэри къыхуагъэнат. Зыхуейр тыркухэм ягухьэрти, Тырку къэралыгъуэм хэту ядэлажьэрт. Ауэ ХIХ лIэщIыгъуэм и пэм революцэ хуэдэу Iэуэлъауэ гуэр къэхъури, ар ягъэбэяужын папщIэ тыркухэм щIыналъэ яубыдахэм зауэлIу исыр зэхуашэсащ. Абы ирихьэлIэу албаныдзэм и дзэпщ Мухьэмэд Алий жыхуаIэр IэкIуэлъакIуэ гуэр къыщIэкIынти, дзэхэр зэгуигъэхьэщ, унафэр иубыдри, тыркухэм ар пэщэу ягъэувыну къабыл ящIащ. Иджы и телъхьэхэм щIы яритын хуейтэкъэ? ХэкIыпIэ тынш дыдэ къигъуэтащ: щIы иIэтэкъыми, мамлюкхэм я щIыр къатримыхыу, езыхэр иукIын щIидзащ, ящIхэр иубыдын папщIэ. Арати, адыгэхэм Шэрджэсейм зэрыщыщыр къащIэжри, я хэкум зыкъомым ягъэзэжащ. Иджы адэкIэ жысIэнур хуэзгъэфащэу аращ, мыпэжынкIи хъунущ, ауэ а къэкIуэжахэм дыщэкI яхэта къыщIэкIынщ Iэщэ ищIу. Ар зыхуэзэр 1807 гъэращ. Нагъыщэ лIэужьыгъуищым куэдрэ урохьэлIэ: «мазэ», «фалъэ», иджыри…
  • — «Фалъэм» ещхь нагъыщэхэм Кавказым и адрей щIыналъэхэми ущрохьэлIэ.
  •  — Дэнэ, псалъэм папщIэ?
  • — Псалъэм папщIэ, Тифлис дыщрохьэлIэ апхуэдэ нагъыщэ зытет къамэхэм. Авархэм яIакъэ апхуэдэ?
  • — Хьэуэ, яIакъым. Кавказым щащI къамэхэм дыжьын нагъыщэ тращIыхьу щытакъым. Ар иужькIэщ къыщежьар.
  • — НтIэ, мы нагъыщэхэр адыгэм и закъуэ ейуэ плъытэу ара?
  • — Аращ. Мухьэжырхэм я хьэпшыпхэр куэдым щыхьэт тохъуэ, сыту жыпIэмэ, ахэр куэд мэхъу.
  • — ДыщэпскIэ тетха тхыгъэхэр Кавказым щызекIуэртэкъэ?
  • — Ахэр хущIыхьэм ищIырт, хабзэ гуэрым теткъым ар. Мы зи гугъу тщIыр хабзэм тетщ, ХIХ лIэщIыгъуэм ящIа къамэ псоми ущрохьэлIэ, ХVIII щыщхэм ятеткъым. Нагъыщищ мэхъу: «мазэ», «фалъэ», «вагъуэ».
  • — «Вагъуэм» тифлис Iэщэми, персхэм ейми уащыхуозэ.
  • — Тифлис щыIэхэм сщIэркъым апхуэдэ яхэту.
  • — Ятх апхуэдэу.
  • — Я щхьэм къихьэ псори ятх, аращ схужыIэнур, апхуэдизрэ сыбэлэрыгъа нэужь. Иджыри нагъыщэ хъурей ущрохьэлIэ адыгэхэм я деж. ХVIII лIэщIыгъуэм щыщу дызрихьэлIа зы Iэщэм, апхуэдэ насып къытхуихуэри, щащIа гъэр тету къыщIэкIащ. ХьиджрэмкIэщ зэрытетыр, ауэ ди бжыкIэмкIэ ар зыхуэ-зэр 1714 — 1715 гъэхэрщ.
  • — Сыт хуэдэ лIэужьыгъуэ?
  • — ДэбзыкIитI иIэу: зыр и кум хуэзэу, етIуанэр — адрей лъэныкъуэмкIэ. «Ибрэхьим» жиIэу тетхащ. Къамэхэр лIэужьыгъуитI мэхъу, тIуми Ибрэхьим цIэр тетщ. Иджы догупсыс: мыр езыр дыщэкIыу арат хьэмэрэ Iэщэ къыщIэзыгъэкI IуэхущIапIэ иIэт? Я щIыкIэр щызэмыщхькIэ, Iэщэ къыщIэзыгъэкI гуэр къыщIэкIынт, ауэ аракъым мыхьэнэ зиIэр. Ибрэхьим и цIэр зэрытетымрэ гъэр зэрытетхамрэщ. Аращ нагъыщэ нэхъ пасэ дыдэу диIэр. Мыр пхуэмыIуэтэну лэжьыгъэ гъэщIэгъуэн дыдэщ, зэрыщыту сызыIэпешэ.
  • — Уэ уи зэхэдзыкIэмрэ зэгъэзэхуэкIэмрэ зыри къылъэщIыхьэркъым. Революцэ псо пщIым хуэдэщ.
  • — Iуэхум зыри елэжьакъыми аращ.
  • — Гугъу хъунщ адыгэхэм ятеухуа Iыхьэр зэбгъэзэхуэжыну.
  • — Тхылъыжьым адыгэ къамэхэм, джатэхэм ятеухуауэ щыстхым нэгъэсауэ сщIэртэкъым, къыздисхыни сиIэтэкъым. Революцэ къэзыгъэхъуар Къуэдзокъуэ Алихъанщ. Ар зэрымыIэщIагъэлIым хуэдэу, дызэлэжьын хьэпшып дызэрыхуейм и щхьэр хуэкIуащ.
  • — Тхылъыр къыдэкIмэ IэщIагъэлIи хъуну къыщIэкIынщ. Фызэдэлажьэу аракъэ?
  • — НтIэ. Абы псори нэгъэсауэ итхыжащ, сурэтхэри зыхуей хуэзауэ трихащ, сурэттех Iэзэ здишат.
  • — Альбомыр къыдэкIмэ, псори аргуэру дызэхуэзэнщ. Кавказым папщIэ уэ езы кавказырысхэм ящIам нэхърэ нэхъыбэ пщIауэ къысфIощI.
  • — Кавказырысхэр бгъэкъуаншэ хъунукъым. Зы гъуазджэрылажьэ бзылъхугъэ гуэрым Мэзкуу къэкIуауэ адыгэ Iэщэ гуэр езгъэлъагъу пэт къызжиIат: «Дэ езым зэи зыри димыIауэ ди фIэщ ящIащ, жиIэри. Уеблэмэ узэлэжьын темэу кърагъащтэртэкъым. Сэ, псалъэм папщIэ, дапщэрэ сыщIэмыупщIами, зыми къыспиубыдакъым кавказ Iэщэм селэжьыну. ЗанщIэу си гум дыхьат адыгэ нагъыщэхэр. Егъэлеяуэ гъэщIэрэщIауи щыттэкъым ар…
  • — НтIэ, абы и теплъэр къызэрыкIуэ дыдэщ, тхыпхъэ зэщIэкъуахэщ, бжьакъуэ гуэрхэр, дамыгъэхэр…
  • — Хьэуэ, къызэрыкIуэкъым. УзыIэпызышэ гуэр хэлъщ абы. Дагъыстэн гуэбэшыхэм, Кубачи щыщхэм яфIэфIу ящIырт «адыгэ тхыпхъэхэр». СыкIэлъыплъыху солъагъу а нагъыщэр адэ-модэкIэ зэрызэбгрыкIар. Плъагъурэ, адыгэхэм псори ядэплъейрт, зыпащIыжырт. Ахэр лъэпкъ ехьэжьат а лъэхъэнэм. Я фащэхэр, япщхэр яIэжу, пщылI бэзэрым псом нэхърэ нэхъ лъапIэу щащэ я бзылъхугъэ зэкIужхэр-щэ? Торнау щIэщыгъуэу итхыжащ ар, уеджакъэ…
  • — Альбомыр дапщэщ къыщыдэкIынур?
  • — Зэретту, традзэнущ, мис, щылъщ.
  • — Хьэзыр, къэщыпакIэ?
  • — НтIэ, хьэзырщ, ауэ зэгъэзэхуэжын хуей гуэрхэр щыIэщ.
  • — Сытми, илъэс дэмыкIыу къыдэкIыну дыпэплъэ хъуну?
  • — Сыщогугъ къыдэкIыну, текIуэдар къыщIэкIыжын хуейкъэ, нэгъуэщI мыхъуми.
  • 2015 гъэ, щэкIуэгъуэм и 23.