Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и къалэнхэр пIалъэкIэ зыгъэзащIэ КIуэкIуэ Казбек Кавказ зауэм хэкIуэда адыгэхэм я фэеплъ махуэм ирихьэлIэу цIыхухэм Зэрызахуигъазэр
2019-05-21
- Къэбэрдей-Балъкъэрым и цIыхухэу пщIэ зыхуэсщIхэ!
- Накъыгъэм и 21-м илъэси 155-рэ ирокъу адыгэ лъэпкъым гузэвэгъуэ куэд къыхуэзыхьа Кавказ зауэр зэриухрэ.
- А махуэм дэ а зауэ шынагъуэм ихьахэм ди щхьэр яхудогъэщхъ, хэкIуэдахэм дахуощыгъуэ икIи ди адэжь хэкур зрагъэбгынахэм я гузэвэгъуэр дигу къыдогъэкIыж.
- Адыгэ лъэпкъым и тхыдэм и напэкIуэцI нэхъ гузэвэгъуэ дыдэхэм ящыщым дыщегупсысыжым, дэ ди адэжьхэм ябгъэдэлъа акъылымрэ губзыгъагъэмрэ пщIэшхуэ худощI: сыт хуэдэ гугъуехьрэ гузэвэгъуэрэ къахуимыхуами, ахэр сыт щыгъуи хуэпэжу щытащ Урысейм хэтыну ята псалъэм икIи абы и фIыщIэкIэ яхузэфIэкIащ я щIылъэр, я лъэпкъыр, я щэнхабзэр яхъумэжын, адэкIэ лъэпкъым зэрызиужьыну гъуэгур яубзыхун. Иджы Урысей Федерацэм и лъэпкъыбэ унагъуэ зэкъуэтым хэту ди лъэпкъыр мамырыгъэм, лэжьыгъэм, социальнэ зыужьыныгъэм и гъуэгум тету япэкIэ макIуэ.
- Дызэкъуэту, дызэрыIыгъыу, жылагъуэ зэгурыIуэ тхэлъу дызэдэлажьэурэ, дэ сыт хуэдэ гугъуехьри къызэрызэднэкIынур, дыщалъхуа Къэбэрдей-Балъкъэрым хуэфэщэн къэкIуэн зэман къызэрыхузэдгъэпэщынур быдэу си фIэщ мэхъу.