ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Хэкум ис  адыгэхэмрэ хэхэсхэмрэ яхуэгъэза Джэпсалъэ

2019-05-21

  • Ныбжьэгъу лъапIэхэ!
  • Хабзэ зэрытхуэхъуащи, накъыгъэм и 21-м хэкурысхэри, хамэ щIыпIэ куэдым ипхъауэ ис ди лъэпкъэгъухэри блэкIам — лъэхъэнэ хьэлъэм, адыгэм Урысей пащтыхьыгъуэм кърищIылIа зауэ гущІэгъуншэм дыхуоплъэкIыж.

  • ЦIыхум нэхъ тхьэмыщкIагъэ дыдэу и щхьэ кърикІуэнур — лъэпкъ гъэкIуэд зауэр — Урыс пащтыхьыгъуэм къыдищIылIат: ди лъахэр тфIигъэкIуэдащ, ди лъэпкъэгъухэр минищэ бжыгъэкIэ зауэм хэкIуэдащ, цIыху мелуаным нэблагъэр я хэку ирахури, Уэсмэн пащтыхьыгъуэм къыщыщІидзащ.
  • Зи хэку зрагъэбгына, зи щIыпIэр зыфIагъэкIуэда цIыху мин бжыгъэхэр ибэ хъурейхэу, гупсэхугъуэ щагъуэт щIыпIэ ямыIэжу, я адэжь лъахэ къыщIэхъуэпсу дунейм ехыжащ. Илъэс блэкIахэми а зауэм зи щхьэ хэзылъхьахэр дигу ихуакъым. Ди лъэпкъ тхыдэм и напэкIуэцI гуузхэм дронэщхъеиж, хуэфащэ пщIэи худощI.
  • Нобэ хуэдэ щыгъуэ махуэм дигу къигъэкІын хуейщ Урысей пащтыхьыгъуэм къыдищIылIа, цIыхугъэм къимытIасэ зауэ гущІэгъуншэр тщыгъупщэ зэрымыхъунур, лажьэ зимыIэ цIыхухэм хьэзабу ирагъэшэчар.
  • Дэ ди еплъыкIэр сыт щыгъуи а зым тету къонэж: лъэпкъ зэхэдз имыIэу, ахэр зи щIыгужь изыхуа, зи хэгъэгу изыукIыхьа Урысей пащтыхьыгъуэр бгъэзахуэн плъэкIынукъым. Мыпхуэдэ гузэвэгъуэр зэи зыщIыпIи къыщымыхъужын щхьэкIэ цIыхухэм Iэмалу яIэр ирахьэлIэн хуейщ.
  • ЦIыхугъэрэ гущIэгъурэ зыхэлъ дэтхэнэми Кавказ зауэм тхьэмыщкIагъэу лъэпкъым къыхуихьар езым и гуауэу къыщохъу, гухэпсыхэ ещІ. Апхуэдэу, XX лIэщIыгъуэм и кIэхэм, дыщыпсэу къэралыгъуэм и цIыхухэм я хуитыныгъэ зэманыр къыщысым, адыгэхэр щыпсэу республикэхэм я парламентхэм ди лъэпкъым и щхьэ кърикIуа тхьэмыщкIагъэм пэжыр и лъабжьэу уасэ хуащIыгъащ.
  • ИужькIи Урысей къэралыгъуэм и япэ Президент Ельцин Б. Н. Кавказым щыпсэу лъэпкъхэм яхуэгъэзауэ ищIа Джэпсалъэм япэ дыдэу къэрал лIыщхьэр гущІэгъурэ захуагъэрэ хэлъу адыгэхэм къытехьа лейм щхьэихауэ щытепсэлъыхьащ. А еплъыкIэм дэри дытетщ.
  • Зауэр тхыдэм хилъэсэжащ, абы лъандэрэ илъэс Іэджи блэкIащ. Куэд щIащ зэрыщымыIэжрэ а лъэхъэнэм лъэпкъгъэкIуэд зауэр къезыгъэжьахэри, абы хэкIуэдахэри.
  • Ныбжьэгъу лъапIэхэ! Зэман гущIэгъуншэр гъунэм нэсри, блэкIащ. Нобэ дызыщыпсэу дунейми хуабжьу зихъуэжащ. А лъэхъэнэ жыжьэхэм къыщегъэжьауэ, гугъуехь мыухыжхэм къелри, адыгэ щІэблэ зыбжанэ Кавказми, нэгъуэщI къэралхэми къыщалъхуащ. Лъэпкъым и лIыкIуэу дэнэ щІыпІэм щымыпсэуми, къыщалъхуа къэралыр иригушхуэу, щытхъу къыхуахьу цIыху цІэрыІуэ куэд къахэкIащ.
  • Шэрджэс цІыхум хэлъ щэнхабзэ дахэм и хьэтыркIэ нэгъуэщI къэралхэм щыпсэу адыгэхэм зыхэсхэм пщIэ хуащIу, езыхэми уасэ къыхуащIу мэпсэу. Адыгэр дэнэ щымыIами, адыгагъэм ирогъуазэ: цIыхугъэр, лIыгъэр, гущIэгъур псоми япэ ирегъэщ, зэрыжаIэу «псэр ещэри, напэр къещэху», и лъэпкъ напэр зэримыгъэулъииным, абы и щытхъу зэриIэтыным сыт щыгъуи и нэIэ тетщ. Аращ зэрыдунейуэ лъытэныгъэрэ пщIэрэ къыщIытхуащIыр. ДызэпэIэщIэу, дикъухьауэ дунейм дыщыпсэуми, къэралхэм драгуэшами, адыгэгур ди бгъэгум дэлъым хуэдэу къызэдоуэ. Дызэгупсысыр, дызыщIэхъуэпсыр — ди лъэпкъыр зэрыIыгъыу ди хэкужь исыжыныр аращ. Аращ ди адэжьхэри псэемыблэжу зыщIэбэнар.
  • Сыт хуэдиз гугъуехь ди нэхъыжьхэм ямышэчами, Кавказым и жьэгу мафIэр ди адэжьхэм ягъэужьыхакъым. Лъэпкъым иIа зэкъуэтыныгъэр, хэлъа цIыхугъэр, и хэкум хуиIа фІылъагъуныгъэр игъэкIуэдакъым. Ар лIэщIыгъуэ куэдым щызэIэпахыурэ ди деж къэсащ. Дэ тфIэкIуэдакъым адыгэ бэракъ лъапIэр — ди Адыгэ хэгъэгум и дамыгъэр. Дунейм адыгэу тетыр зрипхыу ноби ди щыгу щохуарзэ ар.
  • Яужьрей илъэсхэм тлъагъу зэхъуэкIыныгъэхэм наIуэ къытщащI адыгэхэм я хэкужь къагъэзэжынымкIэ гъуэгур зэрызэIухар. Илъэс 30-м щIигъуауэ абыхэм къагъэзэж…
  • ЩIэрыщIэу фIыуэ ялъагъу щIыгум къытоувэжхэр, ди адэжь-анэжьхэр зыщIэхъуэпсахэр къадохъу, илъэс минхэр зи ныбжь тхыдэм езыхэри зэращыщыр зыхащIэ, щэнхабзэ лъэщ дызэриIэр, ди анэдэлъхубзэр зэрылъащІэншэр къагуроIуэ.
  • Ауэ а гъуэгур алэрыбгъу зэфэзэщ дахэкIэ зэІущакъым. Зи щIыгу къэзыгъэзэжыну тегушхуахэр гугъуехь мащIэкъым зыІууэри зыхэтри. Хабзэри щыщIэныгъэншэу сыт щыгъуи къахущIэкIкъым. Ауэ щыхъукIи, а Iуэхугъуэхэр узэкъуэтмэ, зэфIумыхыфыну щыткъым, ди лъэпкъэгъу зыкъом абы щыхьэт тохъуэ, нэхъыбэми зэфIахыну къапэщылъщ. Илъэс блэкIахэм зыщIэхъуэпсахэр къадэхъуауэ къэзыгъэзэжа ди лъэпкъэгъухэр щапхъэ зытехыпхъэу диIэщ. Нэхъыбэу нобэрей махуэм ди нэIэ нэхъ зытетын хуейр зауэр щекIуэкI Щам къикIыжу зи хэку къэзыгъэзэжхэмрэ къагъэзэжыну щIэхъуэпсхэу апхуэдэ Iэмал зымыгъуэтхэмрэщ.
  • Псоми ди нэгу щІэкІащ: адыгэм, зыщыпсэу къэралыр сыт хуэдизу тыншыпІэ хуэхъуауэ щымытми, гупсэхугъуэ къезыт щIыпIэ зэрыхуэмыхъуфынур. Хы уэрым хуэдэу къэзыухъуреихь цIыху зэмылъэпкъэгъухэмрэ хамэ къэралхэмрэ илъэс бжыгъэ хъуауэ ди къаруи, ди лъэпкъи яхокIуэдэж.
  • Ди жэнэтыр Кавказырщ — ди адэжьхэм я лъахэрщ. Аращ адыгэм и къэкIуэнур зэпхари, абдежщ зыщиужьынури.
  • Тхьэм и фІыщІэкІэ, зы псэукIэ гъуэгу хэтхауэ дрокIуэ. Ди лъэпкърэ ди щIыгурэ зы тщIыжыным дыхуэкIуэу, абы зедгъэужьу дыпсэун хуейщ. Ауэ лъэпкъ гупсысэ зимыIэ, Iуэхум и хэкIыпIэр зымубзыхуф, гуитI-щхьитIу лъэпкъ Iуэхум хущытхэр адыгэм гъуази, паши тхуэхъунукъым.
  • Адыгэ лъэпкъым и Хэкужь къигъэзэжыным пэрыуэгъу хуэхъум игу фIы илъкъым. ДэркIэ ар нахуэщ.
  • Лъэпкъым хуэлэжьэныр, и щIыгужь щIэбэныныр, и анэдэлъхубзэ ихъумэныр, диныр игъэлъэпIэныр, адыгагъэм темыкIыу илъэс мин бжыгъэхэм я кIуэцIкIэ лъэпкъым къыдекIуэкI хабзэхэр зыми химыгъэгъуэщэным пылъыныр — аращ адыгэ нэсым и пщэрылъ нэхъыщхьэр.
  • Ди гугъапIэхэмрэ ди гуныкъуэгъуэхэмрэщ зытеухуауэ щытын хуей ди псэуныгъэр.
  • Адыгэ бэракъыр ди щхьэщыгу иту ди лъэпкъыр Тхьэшхуэм къихъумэ!
  • Сэхъурокъуэ Хьэутий (Дунейпсо Адыгэ Хасэ)
  • ХьэфIыцIэ Мухьэмэд (Къэбэрдей Адыгэ Хасэ)
  • ЛIымыщэкъуэ Рэмэзан (Адыгей Хасэ)
  • Сэхъут Аскэр (Краснодар Адыгэ Хасэ)
  • Аслъэн Алий (Шэрджэс Хасэ)
  • Дербит Валерий (Мэздэгу Адыгэ Хасэ)
  • Шыбзыхъуэ Юрий (Ставрополь Адыгэ Хасэ)
  • Щанэ Рэмэзан (Армавир Адыгэ Хасэ)
  • КIэкIыхъу Мэжид (Шапсыгъ Адыгэ Хасэ)