«Ажал гъуэгур» — хьэрыпыбзэкIэ
2019-05-21
- Кавказ Ищхъэрэм, ди къэралым я щэнхабзэм увыпIэшхуэ щызыубыд, Урысей Федерацэм ЛэжьыгъэмкIэ и ЛIыхъужь, тхакIуэ, адыгэ литературэм и классик МэшбащIэ Исхьэкъ и Iэдакъэ къыщIэкIа «Ажал гъуэгу» («Дорога смерти») зыфIища тхыдэ романыщIэр иджы дыдэ хьэрыпыбзэкIэ дунейм къытехьащ. Адыгэм и тхыдэ напэкIуэцIхэм къыхэщыж Iуэхугъуэм — 1708 гъэм Къэбэрдей хэкум щекIуэкIа Къэнжал зауэм теухуа тхыгъэр зэридзэкIащ Сирием и ТхакIуэхэм я союзым хэт, 2015 гъэ лъандэрэ адэжь щIыналъэм къэкIуэжауэ Ерокъуэ къуажэм щыпсэу Тхьэкъуахъуэ Уэлид.
- Фигу къэдгъэкIыжынщи, Уэлид МэшбащIэм и роман 11 хьэрыпыбзэкIэ зэридзэкIащ. «Ажал гъуэгу» романыр экземпляр 500 хъууэ дунейм къытехьащ, ар хамэ къэралхэм щызэбгрыкIынущ.
- НэщIэпыджэ Замирэ.