Адыгэгур иудыгъуафIэкъым
2019-05-21
- ЩIэныгъэлIым и псалъэ
- «Музей фэеплъхэр щыхьэту къоув» тхылъ гъэщIэгъуэныр зи IэдакъэщIэкI Ехъутэныдж Хьэсэн адыгэ Iэщэ-фащэм теухуауэ ищIэр къыджиIэну дыщелъэIум, цIыху къызыфIэмыщIыжам и къэухь гурыхьым нэIуасэ ухуэзыщI жэуап гъэщIэгъуэн къыдитащ: «Сэ сщIэ тIэкIур а тхылъым итщ. Псом нэхърэ нэхъыфIу а Iуэхум хэзыщIыкIыр Мэрзей Аслъэнбэчщ». Нэхъыжьыр нэхъыщIэм зэрыхуэфащэм и щапхъэщ абы зи цIэ къриIуа щIэныгъэлIыр къызэрыддэгуашэ гупсысэхэр.
- Пасэрей лъэпкъыжь
-
АДЫГЭХЭР, псоми зэращIэщ, щIэныгъэми къызэригъэлъагъуэщи, пасэрей лъэпкъыжьщ. Кавказ тхыдэм илъэс миниплI-минитхукIэ укIуэцIрыплъыжмэ, ди лъэпкъыр зыщIыпIи къикIыу къэмыкIуауэ мыбы зэрыщыпсэуам археологиери тхыдэри тегъэщIапIэ хуохъу. Кавказым Икуу ялъытэ Къэбэрдейм щегъэжьауэ, Псыжь лъэныкъуэкIэ хы Iуфэм, Абхъазым нэблагъэу, Ищхъэрэ-КъухьэпIэ Кавказ жыхуаIэ щIыпIэм нэс къызэщIиубыдэ щIыналъэм ижь-ижьыж лъандэрэ адыгэхэр щыпсэуащ.
- Европэмрэ Азиемрэ зэпызыщIэ гъуэгу псори мыбдежым щызэблокI. Лъэпкъ куэдым я щIыпIэр яхъуэжащ щхьэусыгъуэ зэмылIэужьыгъуэкIэ, апщIондэху гъуэгу зэхэкIыпIэм хуэзэ ди хэкур зекIуапIэ яхуэхъурт. ЗауэлI зэрыпхъуакIуэ лъэпкъхэр Азием икIыурэ Европэм кIуэхэрт, модэкIэ Европэм къикIыу Македонский Александр Азиер къизэуну щыкIуэми мыбыкIэ блэкIауэ щытащ. Ди лъэпкъыр апхуэдэу зэблэкIыпIэм щытескIэ, и щхьэр, и щIыналъэр ихъумэжын папщIэ, зауэм пыщIа Iуэхухэм, Iэщэ-фащэм, шым елэжьын хуей хъурт, хуей-хуэмейми: Iэщэ-фащэ пщIын щхьэкIэ, ар къызыхэпщIыкIын гъущIи зэригъэпэщырт. Гъуаплъэ, домбеякъ хуэдэ гъущI къыщIэхыпIэхэр сыт щыгъуи щыIащ Кавказым. Дызэрыс хэкум и мызакъуэу, илъэс минищ-миниплI ипэкIэ Азие ЦIыкIу жыхуаIэу иджыпсту Тыркур зэрысым ди лъэпкъэгъу, ди благъэ хьэтхэр, каскхэр щыпсэурти, абыхэми пасэу а гъущIымрэ гъуаплъэмрэ щIым къыхахыу, къагъэсэбэпу, ягъэжу, Iэщэ-фащэ къыхащIыкIыу щытащ. Мы дэ тцIыху Европэм нэхъ пасэу гъущI къэзыгъэщхьэпэн щыщIэзыдзар дэ дыкъызытехъукIа пасэрей лъэпкъыжьращ. Куэд щIакъым щIэныгъэлIхэр зэрытепсэлъыхьрэ меотхэм зэрахьэу щытауэ Адыгейм къыщагъуэтыжа, илъэс миниплI зи ныбжь маисэ урыс музейхэм зэрыщIэлъым. 2015 гъэм дунейм ехыжа Горелик Михаилщ Урысейм археологие и лъэныкъуэкIэ Iэщэ-фащэм и тхыдэм нэхъ куууэ елэжьа щIэныгъэлIу исари, Европэ псом пасэрей Iэщэ-фащэу къыщагъуэтыжам и нэхъыбапIэр Адыгэ щIыналъэ цIыкIум зэрыхуэзэр жиIэрт. Мис иджыпсту завод гуэрхэр цIэрыIуэщ машинэ къыщIэгъэкIынкIэ — «Мерседес», «БМВ» жыпIэми. Псалъэм папщIэ, Германием къыщIигъэкIар Япониеми, Америкэми щащэху. «Бренд» жиIэмэ, нэхъыфI дыдэу ялъытэ жыхуиIэщи, дэни щызэбгрокI. Апхуэдэ дыдэу пасэ зэманым щIэупщIэ зиIэ Iэщэ-фащэр дэни щащэхунут. «Меот маисэ» жыхуаIэр къэтщтэнщ щапхъэу. Сэ си фIэщ хъуркъым зы щIыпIэм изэгъауэ имыса лъэпкъ Iэпхъуэрейм; мэз, абы къыщIих пхъэ, гъэсыныпхъэхэу фIамыщI хуэдэхэр зимыIэ лъэпкъым Iэщэ-фащэ хуэщIыну щытауэ.
- Дэ дощIэ ижь-ижьыж лъандэрэ Чингисхъан, Темырлан сымэ я дзэхэм щIым тес лъэпкъхэр яубыда нэужь, абы щыщ IэщIагъэлIхэр ямыукIыу езыхэм зыхуагъэлажьэу зэрыщытар. Сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, езыхэм апхуэдэ щIэныгъэ яIэтэкъым. Сэ сызэригугъэмкIэ, апхуэдэ дыдэу, сарматхэр, аланхэр мы щIыпIэм къэкIуа нэужь, абыхэм дызэзэуаи ди щIыналъэм куэдрэ исаи къахэкIащ, ауэ езы адыгэ щIыналъэр Iэщэ-фащэ зэгъэпэщыпIэу, мыбдежым щагъэхьэзырхэр щIыпIэ жыжьэхэм щызэбгрыкIыу щытащ. Дишхэр куэду ящэхурт. Сытыт щIащэхур? Мис а нобэ «Мерседес», «БМВ»-хэр щIащэху щхьэусыгъуэ дыдэращ.
- Зауэм зэпымычу щыхэткIэ, адыгэхэм щхьэусыгъуэ яIэт сыт и лъэныкъуэкIи я Iэщэр ирагъэфIэкIуэну. Джатэ, къамэ, сэшхуэ, шабзэ жыпIэн; а псор я пIэ щизэгъа езы шу зауэр… Гын къежьэным ипэ лъэпкъ куэд щыIакъым адыгэхэм япэщIэувэфынуи ялъэщIыхьэнуи.
- Урыс гъунапкъэм теса Ащтырхъан и къалэтет Волымский Артемий етхыж: «Зы адыгэ уэркъым нэхъыбэ къыпхуищIэнущ къумыкъухэм е дагъыстэн лъэпкъхэм я зауэлIищэм елъытауэ». Езыхэр мащIэми, IэзагъкIэ, IэкIуэлъакIуагъкIэ ятекIуэрт адыгэхэр адрей лъэпкъхэм. Гынымрэ топымрэ къежьа нэужь, фочхэр, фокIэщIхэр ящIу зрагъэсами, топ ящIыртэкъым, XIX — XX лIэщIыгъуэм хэзэгъэн зауэ щIэныгъэ зэрагъэпэщыфатэкъыми, абыкIэщ къазэрытекIуар гъунэгъу лъэпкъхэри, Урысей империери. Бжыгъэм укъыфIэкIмэ, хуитыныгъэр щIафIэкIуэдар аращ.
- Джатэм и теплъэр
- Иджы маисэм деж къыщедгъэжьэнщи, нэхъ жьы дыдэу Европэм къыщагъуэтыжар домбеякъым къыхэщIыкIа меот «маисэ захуэ» жыхуаIэращ, къыщагъуэтари ди щIыналъэращ. Домбеякъыр апхуэдэу быдэтэкъым. ЗэфIэщIыкIынути, ар кIыхь пщIы хъунутэкъым, сантиметр 60 хъуми арат. ЩIэныгъэлIхэр зэрегупсысымкIэ, гъущIым псом япэ елэжьын щIэзыдзар хьэтхэращ. Ди щIыналъэм а щIэныгъэр къэзыхьар ахэрами тщIэркъым, ауэ Кавказми пасэ дыдэу гъущIым щелэжьу щыхуежьэри, джатэхэр ящIын щIадзащ. Сэшхуэр тIэкIу нэхъ кIасэу къежьауэ къытфIощI, хуэгъэфэщауэ XVIII лIэщIыгъуэм, абыи щхьэусыгъуэ щхьэхуэ иIэщ.
- Джатэм теухуауэ щIэныгъэлIхэм я гупсысэр зэтехуэркъым. Куэдым жаIэ ар къэзыгупсысар хы ФIыцIэ Iуфэ Ищхъэрэм Iуса лъэпкъхэрауэ. Дэ абы зыри хыжытIыхьыфынукъым, ауэ, ди лъэпкъым къимыгупсысами, адыгэ джатэм езым и теплъэ иIэжщ, адрей джатэхэм емыщхьу. Адыгэ джатэр кIыхь дыдэщ. Апхуэдэ джатэ кIыхь ди гъунэгъу лъэпкъхэм къагъэщхьэпэу щытакъым. ИтIанэ адыгэ джатэм и дзэпкъым деж мыжурэм ещхьу папцIэрэ кIыхьу сантиметрипщI-пщыкIутху хъун хуэдиз джатэпэ пыгъэвауэ щытащ. Абы къегъэлъагъуэ джатэмкIэ зэрыупщIатэм нэмыщI, ирипыджэуи зэрыщытар. Ар апхуэдизкIэ кIыхьти, бжы пIыгъми а джатэр пIыгъми тIури зыт. Бжыр метрищ хъурэ и кум деж бубыдмэ, а метррэ ныкъуэращ къыпхуэсэбэпынур. Метррэ сантиметрипщIым е тIощIым нэс адыгэ джатэр щыпIыгъкIэ а бжы дыдэр пIыгъым хуэдэт, сыту жыпIэмэ, адыгэ джатэм и пэ папцIэм афэ джанэр кIуэцIриудыфырт. Iэщэ куэд пкIэрыщIауэ къыумылъэфэкIыу, бжыр къамыгъэсэбэпыж щыхъум, адыгэ джатэр Iэщэ бэлыхьу щытащ.
- Адыгэхэм мэIу зэрахьэртэкъым, афэ джанэхэр фIыуэ ящIырти, псынщIагъуэу зекIуэрт адыгэ зекIуэлIыр. Я зэуэкIэри, шыр зэрагъасэ щIыкIэри зэрахьэ Iэщэм хуэгъэпсат. ЗэрымащIэм къыхэкIыу, бзаджагъэ гуэр хуемыкIуэмэ, бийм текIуэфынутэкъым. Теуэм, щIэпхъуэж нэпцI защIурэ, бийр ягъэбэлэрыгъыурэ мэзым щIашэрти, къатеуэжырт. Уи гур утIыпщауэ узэуэн папщIэ, Iэщэ-фащэкIэ узэгъэпэщыпауэ ущытын хуейт.
- Сэшхуэр япэ йощ
- Сэшхуэмрэ джатэмрэ зэплъытмэ, сэшхуэкIэ джатэм упэщIэувэфынукъым. Джатэр нэхъ лъэщщ. Ауэ фоч е кIэрахъуэ пIыгърэ, уи бийр жыжьэу хэбгъэщIэфынумэ, джатэм и мыхьэнэр мэкIуэд. Фочыр къыщежьам щыгъуэ, псом хуэмыдэу шэр кIэрахъуэу зи кIуэцIым ит «шахъшыр» жыхуаIэр, абы сыт хуэдэ афэджанэри кIуэцIриудырт. Шахъшырыр адыгэхэм XVIII лIэщIыгъуэм къагъэщхьэпэн щIадзэри, джатэм и мыхьэнэр ехуэхащ. Афэ джанэр кIуэцIрыбудын щхьэкIэ пасэрей адыгэ джатэм ухуеижтэкъым. Япэрауэ, а джатэр хьэлъэт. ЕтIуанэрауэ, афэ джанэм и мыхьэнэр ар фочкIэ пхыбуд зэрыхъум иригъэхуэхат. Арати, модрей джатэри кIуэдыжу щIидзэри, абы и пIэ сэшхуэр иуващ. Сэшхуэр псынщIэщ, абыкIэ пыджэкъым, упщIатэу аращ. Хъан-Джэрий етх: «Фоч зиIэм сэшхуэ иIэн хуейщ». Сыт щхьэкIэ? ФочкIэ бийм уоуэри, ухэлъадэу гъунэгъу пхуэхъуа нэужь, сэшхуэр къыбохри уолъащэ, аращ абы и мыхьэнэр.
- Къамэр Iэщэщ, зэрышхэIэмэпсымэкъым
- Къамэри пасэрей Iэщэщ, адыгэхэм къагъэщхьэпэу щытауэ. Ауэ къамэр щыгъыным и Iыхьэ хуэдэу хъуащ. Унэм щIэсми, Iэнэм бгъэдэсми, къамэр зэи зыкIэрахыртэкъым. Уеблэмэ жеину щыгъуэлъхэм и дежи Iэгъуэу яIыгът. ХьэщIапIэ укIуарэ бысымым дзыхь зэрыхуэпщIыр къэбгъэлъэгъуэну ухуеймэ, уи Iэщэ-фащэр зыкIэрыпхырти, хэгъэрейм ар зыщIыпIэ фIидзэрт, ауэ къамэр абы щыщтэкъым, ар сыт щыгъуи пщIэхэлът. КъамэкIэ Iэщ фIагъэжыртэкъым. Iэнэм ягъэтIысакIэ, лы ираупщIатэртэкъым. ЕмыкIуу ябжырт: ар Iэщэщи, зауэм хуэщIащ. Лы зэпыбупщIынумэ, къамэщIэлъысэ жаIэри, къамалъэм и щIыбагъым сэ цIыкIу илъу къыздрахьэкI хабзэт. Къамэр зауэм пыщIа Iуэхути, дэтхэнэ цIыхухъуми балигъыпIэ иува нэужь илъэс пщыкIуплIым щыщIэдзауэ иIыгът. Бгырыпхрэ къамэрэ кIэрыпхамэ, щIалэр лIыпIэ иувауэ арат. КIуэ, ныбжьышхуэ дыдэ зиIэ, и быным и бын дэнэ къэна, абыхэм я быныж зылъэгъуар хуитт къамэр зыкIэрихыу бгырыпхи зэримыхьэну. Ауэ мыдрей цIыхухъухэм къамэ-бгырыпх ящIэмылъу къакIухьыныр емыкIут.
- Адыгэхэр псори зауэлIу щытащ. ЩIалэ цIыкIухэм илъэс 14-м деж щыщIэдзауэ, пщы-уэркъхэм илъэсих-бгъум щегъэжьауэ шы тесыкIэ ирагъащIэрт. Илъэсибгъум пщы-уэркъхэм я сабийхэр атэлыкъхэм къану иратырти, абыхэм щхьэкIэ «сабий Iэщэ-фащэ» жаIэри, къамэ цIыкIу, сэшхуэ цIыкIу, фоч, фокIэщI цIыкIухэр хуащIырт. Илъэс 12 — 14 хъуху а зауэ хуэIухуэщIэхэр къагъэщхьэпэу зрагъасэрт. Илъэс 14 хъуа нэужь, ар балигъыпIэ иувауэ арати, къамэр къамэ дыдэу, сэшхуэри балигъ сэшхуэу иратырт. Илъэс 16 — 17-м нэхъ хуэкIуэу зекIуэ кIуэуэ щIадзэрт щIалэхэм. И закъуэу е гуп иришажьэу къуентхъ къихьыжамэ, ар зауэлI нэс хъуауэ арати, а илъэс 17 — 18-м щегъэжьауэ жьы хъуху зекIуэлIхэм ящыщт. НыбжькIэ хузэфIэмыкIыжмэ, хабзэ щыIауэ щытащ «акIэ упсыж» жаIэри. Зи акIэр (щхьэ упсам къытранэ щхьэц кIыхьыр) зыупсыжар жьыхуегъэзэкI хъуауэ, зекIуэ къалэн къытемыхуэжу арати, «пенсэм» кIуа хуэдэт.
- Зауэмрэ мамыр гъащIэмрэ
- Мис апхуэдэу я гъащIэр яхьащ адыгэхэм. Абыхэм зауэ фIэкIа нэгъуэщI Iуэху ямыIауэ зыгуэрым и гугъэнщ. Ар пэжкъым. ЗекIуэлI гъащIэ езыхьэкIыу щытар пщы-уэркъхэрат. Мамыр гъащIэр къапщтэмэ, гъавэ гъэкIынкIи, Iэщ зехуэнкIи, бжьэ гъэхъункIи, хадэ IуэхукIи пэрыту щытащ ди щIыналъэр. ЩIэныгъэлIхэм зэрагугъэмкIэ, гуэдз гъэкIыныр нэхъапэ дыдэу щыщIадзар Иранымрэ Тибетымрэщ. Ауэ мыIэрысэ гъэкIыныр къыщежьар Кавказращ.
- Пхъэщхьэмыщхьэм Вавилов Николай хуэдэу елэжьа щIэныгъэлIхэм зэрыжаIэмкIэ, Iэрысэ хадэхэр япэу къыщежьар Кавказ лъэпкъхэм я дежщ. Iэзэу щытащ адыгэхэр мэшкIи пхъэщхьэмыщхьэкIи: кхъужь-мыIэрысэ хадэхэмкIэ, жызум гъэкIынкIэ, бжьэ гъэхъункIэ, шы, мэл зехуэнкIэ… Езы щIыналъэр бейти, а лэжьыгъэм пыщIа щэнхабзэми зиужьащ. Зауэм пыщIа хабзэми зимыужьыпIэ иIэтэкъым, я щIыналъэ бейм тесын, ар нэгъуэщIхэм Iэрамыгъэхьэн щхьэкIэ. Хуей-хуэмейми, езы гъащIэм абы ирихулIауэ аращ IэмалыншагъэкIэ.
- «ЗекIуэлI хабзэ», «зауэлI лъэпкъ» жытIэ щхьэкIэ, а щэнхабзэр къару зэфэзэщыр зи тегъэщIапIэ зэхэтыкIэу плъытэнри щыуагъэщ. Адыгэхэм, монголхэм, тэтэрхэм ещхьу, нэгъуэщI лъэпкъхэм ящI зэи яубыду щытакъым. НэгъуэщI лъэпкъ я лъабжьэ щIагъэувэнуи яужь итакъым. Я хэкум, ижь-ижьыж лъандэрэ къаIэрыхьа я щIыналъэм щыпсэужхэрти, езыхэр зыхуей-зыхуэфIкIэ зрикъужхэрт, ауэ я щхьэхуитыныгъэр яхъумэн папщIэ мызауэу хъуакъым. Аращ зауэ щэнхабзэм хэлъхьэныгъэшхуэ щIыхуащIыфари, адрей лъэпкъхэм къахуэщхьэпэн хуэдэу Iэщэ-фащэ хуэIухуэщIэхэр ипэкIэ щIагъэкIуэтари.
- Хабзэр сыт зищIысыр? Хабзэр гъащIэ екIуэкIым цIыхухэр щызэблэкIыфын папщIэ къагупсыса псэукIэу аращ. Хабзэр гъащIэм емызэгъыж хъумэ, адыгэхэм хасэ зэхуашэсырт, а гъащIэм къыщымысэбэпыж хабзэр лъэныкъуэкIэ IуагъэкIуэтырти, нэгъуэщI хабзэ къащтэрт. Псалъэм папщIэ, нэхъыжь-нэхъыщIэ, бзылъхугъэ-хъулъхугъэ, сабий-балигъ зэхущытыкIэхэр къэзыгъэхъуари а зауэ щэнхабзэращ. КъарууфIэм къарууншэр ихъума зэрыхъун щIыкIэр тыншу зэблахыфырт. Нэхъыжьрэ нэхъыщIэрэ гъуэгу зэдытехьамэ, сэмэгур зейр, ижьыр зейр ящIэрт. Гъуэгум щызэхуэза шууитI зэрызэблэкIын хуейри арат. Унагъуэр къапщтэмэ, унэ кIуэцIым цIыхубзыр щынэхъыжьт. ЦIыхухъур унэм щыхьэщIэ хуэдэт. ХьэщIэщрат нэхъыбэу цIыху-
- хъур здэщыIэри, унэм щIагъуэу щIэстэкъым. Сабийхэми унэIутхэми я унафэр зыIэщIэлъыр цIыхубзрат. Ауэ хъулъхугъэрэ бзылъхугъэрэ гъуэгу зэдытеувамэ, мыбдежым цIыхухъум псори езым и пщэ дилъхьэжырт, бзылъхугъэми хьэщIэ хуэдэу пщIэ хуищIынут гъуэгу те-тыху, зыри иригъэщIэнутэкъым. Си ныбжьэгъу, си шынэхъыжь Шопар Мухьэмэд нэхъыжьхэм куэдрэ ядэпсалъэрти, абы и псэлъафэщ мыр: цIыхухъур «къэрал щIыб IуэхухэмкIэ министрым» хуэдэщ, бзылъхугъэр — «къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ министрщ» жиIэрт. Къэшэн-яшэн, лъэпкъитI щызэхуэзэ Iуэхухэм цIыхубзыр ирипсалъэртэкъым, унафэ псори лIырат къызыбгъэдэкIыр, унагъуэм исхэм ечэнджэщ хъуми. Къуажэм, жылэм унагъуэм къабгъэдэкIыу гуп яхыхьэри цIыхухъурат. ЦIыхубзым хасэ унафэ зэи лъагъэсыртэкъым.
- Сыт апхуэдизрэ дыщIэзэуар?
- Iэщэ-фащэ тэмэм пщIын щхьэкIэ, экономикэ лъэщ уиIэн хуейщ. Тхыдэм дигу къегъэкIыж адыгэ афэ джанэхэм урыс пащтыхьымрэ иран шахымрэ къыщIэупщIэу зэрыщытар. Зы афэ джанэ пщIыным илъэс-илъэситI ихьырт. Абы шэи кIуэцIрыкIыртэкъым, джатэми иупщIэтэфыртэкъым, апхуэдизкIэ быдэт икIи псынщIэти. Хъыбар щыIэщ адыгэ афэ джанэ гуэрым уасэу вы щитI щIатауэ. А зэманми иджыпстуи мылъкушхуэт ар.
- ЛIакъуэлIэш, дыжьыныгъуэ хъуми, пщы нэхъ лъэщ дыдэм уэркъ минитI-минищ иIэт езым и унафэм щIэту. Уэркъ зимыIэ пщыр пщытэкъым. Иджы уэркъыр езым и деж щигъэIэн папщIэ, уэркъ тын иритын хуейт. Вэн-сэн хэмыту, зауэм хузэпэщ IэщIагъэлI хъун папщIэ, зыхэпсэукIын игъуэту хущIыхьэн хуэдэу, мылъкукIи былымкIи зыхуей хуигъазэрт. Экономикэ лъэщ зимыIэ лъэпкъхэм я Iэщэ-фащэри мыхьэнэншэт, нэгъуэщI лъэпкъхэми тыншу къазэуфырт ахэр.
- Адыгэхэр XIX лIэщIыгъуэр къэсыху зыми къазэуфакъым. Сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, зэщIэузэдауэ щытащ. Я экономикэр езыхэр зыхуей-зыхуэфIым тещIыхьат. Шыхэр лъапIэт. Адыгэшыр нэгъуеишми къалмыкъышми елъэпIэкIырт. Ахэр псори мылъкут. Адыгэхэр тхьэмыщкIэу щытауэ, хъунщIэным хэпсэукIауэ, я зауэныгури абы къыхэкIауэ жызыIэ урыс тхыдэтх урохьэлIэ. Ахэр щIэзэуар тхьэмыщкIагъэракъым къызыхэкIар. Иджыпсту Дагъыстэным деж щыщIэдзауэ хы Iуфэм нэс ди щIымрэ гъунэгъу лъэпкъхэмрэ я щIымрэ зэплъыту урикIуэ-мэ, адыгэхэм нэхърэ нэхъ щIы дахэ, нэхъ щIы бей, нэхъ щIы удзыфэ зиIа яхэткъым.
- Псори къыщыкIырт ди щIыпIэм, зыми хуэныкъуэтэкъым, зыхуейр ягъуэтырт. ЗекIуэ кIуэрейуэ щIыщытар щIалэгъуалэм лIы хьэл кърагъэщтэн, ягъэсэн, лъэпкъыр зытетыпхъэ лъагагъым къытенэн плъапIэкIэщ, армыхъумэ тхьэмыщкIагъэкъым. Гуннхэм я лъэхъэнэм щегъэжьауэ, зэман щIагъуэ дэкIакъым адыгэхэм зыгуэр къатемыуэу: хъэзархэр, аланхэр, монголхэр, тэтэрхэр… Зыр блэкIмэ, адрейр къэсу езы зауэм ипсыхьащ лъэпкъыр, я щэнхабзэри зауэмкIэ нэхъ гъэза щIэхъуар аращ.
- Абы къикIыркъым адыгэр дахагъэм, мамырыгъэм хуэхейуэ псэуауэ. Адыгэхэм я хуитыныгъэр яфIэкIуэдын ипэкIэ я псэукIэр дахащэу щытащ: зэхэтыкIэ узыншэ, бзылъхугъэ-хъулъхугъэм я зэхуаку дэлъ нэмыс, цIыху къэс и напэр къэзыхъумэ хуитыныгъэ яIащ. Иджыпсту анархистхэр, коммунистхэр, социалистхэр щIохъуэпс цIыхур зэрыпсэун хуей хабзэ къагупсысыну, адыгэхэм псори къехъуапсэу а зэманым зэхалъхьакIэт а псэукIэ дахэр. ЗыплъыхьакIуэ къэкIуа инджылыз, франджы тхакIуэхэм яIуэтэж: «Къэрал, полицэ, лъэхъуэщ ямыIэу, езыхэми захъумэжыфу икIи щхьэхуиту мэпсэу мы лъэпкъыр, я зэхуаку хабзэ екIу дэлъу, тхьэмыщкIэри бейри къахэмыщу», — ятхырт.
- Урыс тхыдэтххэм яфIэгъэщIэгъуэнт Бытырбыху илъэситIкIэ щагъэIэу хэкум къаутIыпщыж адыгэ щIалэхэр урыс щэнхабзэм драмыгъэхьэхыфу, зэрыщытам хуэдэу къызэрынэжым къигъэуIэбжьу зэрыщытар.
- Лъы гуащIэ зыщIэтхэр
- Щэнхабзэ и лъэныкъуэкIи зыри къыттекIуэфакъым дэ. ЗалымыгъэкIэ, бжыгъэкIэ, къарукIэщ къызэрыттекIуар. НэгъуэщIым и псэукIэр, и зэхэтыкIэр нэхъ лъагэу зэи илъытакъым адыгэм. ЦIыхум уенапэуэн, псалъэм папщIэ, пщылIыр бгъэгъуэлъу удын епхын, бзылъхугъэр бгъэпудын — ахэр щызекIуэртэкъым ди хэкум. Урысейм ахэр и махуэкъэс Iуэхут. Я пщылIхэм лей ирахырт, ар къэралым идэм и мызакъуэу апхуэдэ хабзэр къихъумэрт. Адыгэм цIыхум и пщIэр апхуэдизкIэ лъагэу иIыгъти, лей зепхьэмэ уэ езым уи напэ тепхыжут зэрилъытэр. Адыгэ щэнхабзэм зэхэтыкIэм и щхьэу игъэувыр цIыхум и напэмрэ и пщIэмрэщ. Ар ди хабзэм купщIэу хэлъщ. ТехнологиекIэ дыкъыкIэрыхуами, армэ зэгъэпэщарэ топрэ димыIами, ар диIащ. Апхуэдизрэ щхьэ зэуа адыгэхэр жыфIэнщ? Мис ар яхъумэн щхьэкIэ. Адыгэхэр фIыр зыхэмызагъэ лъэпкъ къыкIэрыхуауэ щыта хуэдэу ягъэIу. Адыгэпщ куэд Мэзкууи, Персиеми, Истамбыли щыIат, ялъэгъуат абыкIэ щызекIуэ псэукIэр, ауэ ехъуапсэртэкъым. Езыхэм я псэукIэр зэрынэхъ лъагэр ялъагъужырти, аращ абыхэм я лъабжьэ щIэувэну щIыхуэмеяр. Апхуэдиз илъэскIэ щIэзэуари зыщIрагъэукIари аращ — абыхэм я лъабжьэ щIэувэу ещхь мыхъун папщIэщ.
- Ауэ я лъабжьэм щхьэхуимыту щIэува нэужь, зэрыхъум, зэрезэгъым, зэрахузэфIэкIым хуэдэу яхъумэжащ я хабзэр. Ар апхуэдизкIэ ди лъым хэпщIауэ щытщи, иджыри къэс допIастхъэ, дыхуейщ ар тхъумэнуи дэри зытхъумэжынуи. Абы Алыхьталэм и Iуэху хэлъщ, сэ сызэригугъэмкIэ. Мис, сыт хуэдизу зэтрамыукIами, ягъэкIуэдыну хэмытами, къытщIэхъуэ щIэблэм зы псалъи яжумыIауэ ар я лъым хэлъу къотэдж. ГъэкIуэдыгъуафIэкъым ди лъэпкъыр. «Адыгэшым нэгъуэщI шым илъ хэбгъэлъадэрэ уемылIалIэу бутIыпщми, лIэщIыгъуитI блокI, и лъыр егъэкъэбзэжри аргуэру адыгэш мэхъуж», жаIэ. Лъы гуащIэщ адыгэхэм ящIэтри, абы дыщогугъ, Алыхьталэм дыщогугъ. Иджыпсту долъагъу дунейм мыхьэнэншагъэу щекIуэкIыр. Технологиер лъагэ, цIыхугъэр махэ хъуащ, маршынэхэр куэд хъуами. Псэм емылэжьыж цивилизацэшхуэр зэтофыхь, цIыхур абы мыхьэнэншэ щIохъукI, технологиеми укъызэрыримыгъэлынури тлъэгъуакIэщ. Адыгэхэм ябгъэдэлъа дахагъэр къэзыухъуреихьхэми ялъэгъуащ икIи, псэукIэ дахэ диIэну дыхуеймэ, ар хэти къигъэщхьэпэфынущ, къищтэжмэ. Псом хуэмыдэу цIыхур цIыху зыщIыж Iущыгъэр. ЦIыхухэм я зэхуаку хуабагъэ, дахагъэ, хабзэ дахэ дэмылъмэ, адрей псоми мыхьэнэ иIэкъым. Алыхьым и шыкуркIэ, тхыдэри, уэрэдыжьхэри, «Нарт» эпосри, ди бзэри, хабзэри къэнэжащ. Дыхуеймэ, Iэмал гуэр къэдгъуэтмэ, зытIыгъыфмэ — дыкъызэтенакIэщ. Дэ тфIэмыкIуэдыр «адыгэгу» жыхуаIэращ. Ар иджыри ди лъым хэтщи, мис а адыгэгум къигъэщIыпхъэ фIым дыщогугъ.
- МЭРЗЕ21Iэныгъэхэм я кандидат.