ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Апрель, 2019

КIуэкIуэ Казбек иригъэкIуэкIащ Стратегие зыужьыныгъэмрэ лъэпкъ проектхэмкIэ советым и зэIущIэ

2019-04-18

  • Дыгъуасэ КIуэкIуэ Казбек иригъэкIуэкIащ КъБР-м и Iэтащхьэм и деж Стратегие зыужьыныгъэмрэ лъэпкъ проектхэмкIэ щыIэ советым и зэхуэсыр. Абы хэтащ КъБР-м и Парламентым и УнафэщI Егоровэ Т. Б., КъБР-м и Премьер-министр Мусуков А. ТI., КъБР-м къегъэщIылIа федеральнэ инспектор нэхъыщхьэ Ткачёв Е. А., министерствэхэм, ведомствэхэм, муниципальнэ зэгухьэныгъэхэм я унафэщIхэр, хьэрычэт Iуэхум хэтхэм я лIыкIуэхэр.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: КъБР-м и Правительствэм

Хьэрычэт IэнатIэм и гулъытэ

2019-04-18

  • Ди республикэм и сымаджэщ, поликлиникэ зыбжанэм «Лада Гранта» автомобиль щIэрыпсхэр къаIэрыхьащ. Ахэр 25-рэ мэхъу. Абы ехьэлIа гуфIэгъуэ зэхыхьэр Налшык Абхъазым и утыкум дыгъуасэ щекIуэкIащ. ЗэIущIэм кърихьэлIащ КъБР-м и Iэтащхьэм и Администрацэм и УнафэщI Къуэдзокъуэ Мухьэмэд, республикэм и Правительствэм и Тхьэмадэм и къуэдзэ Мовсисян Грант, узыншагъэр хъумэнымкIэ министр Хъубий Марат, зыхуэупсэну медицинэ IуэхущIапIэхэм я лIыкIуэхэр.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хъыбар гуапэ

Усыгъэм дихьэххэм папщIэ

2019-04-18

  • Мэлбахъуэ Тимборэ и цIэр зезыхьэ Лъэпкъ библиотекэм литературэ пшыхь дахэхэр щокIуэкI «Библионочь-2019» фIащауэ. Абы щыщщ «Дуней псор — театрщ» гупсысэр мы гъэм лъабжьэ зыхуащIахэри.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Гу зылъытапхъэ

«Iэгуауэншэ  пшыхь»

2019-04-18

  • Ар и фIэщыгъэу УФ-м гъуазджэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, КъБР-м и цIыхубэ артист, композитор цIэрыIуэ, усакIуэ, Шостакович Дмитрий и цIэр зезыхьэ, Урысейм и Композиторхэм я союзымрэ КъБР-м и Къэрал саугъэтхэмрэ я лауреат ХьэIупэ ДжэбрэIил и Iэдакъэ къыщIэкIа тхылъым и лъэтеувэ пшыхьыр Сэралъп Мадинэ и арт-центрым щызэхэтащ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: ТхылъыщIэ

Нобэрэ пщэдейрэ

2019-04-18

  • Мэлыжьыхьым и 18, махуэку
  • Фэеплъхэмрэ тхыдэ мыхьэнэ зиIэ щIыпIэхэмрэ я дунейпсо махуэщ
  • Радиор фIыуэ зылъагъухэм, ар зэпкърылъхьэным дихьэххэм я дунейпсо махуэщ. 1925 гъэм Радиор фIыуэ зылъагъухэм я дунейпсо зэгухьэныгъэр къызэрагъэпэщащ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

Дунейпсо Адыгэ Хасэм и ГъэзэщIакIуэ гупым и зэхуэс Налшык щекIуэкIащ

2019-04-18

  • Ди газетым зэрытетащи, иджыблагъэ Налшык щекIуэкIащ Дунейпсо Адыгэ Хасэм и ГъэзэщIакIуэ гупым хэтхэм я зэIущIэ. Зэхуэсым кърихьэлIащ КъБР-м и Iэтащхьэм и Администрацэм и УнафэщI Къуэдзокъуэ Мухьэмэд, КъБР-м и Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэ Къардэн Мурат, бизнесымкIэ институтым и ректор, философие щIэныгъэхэм я доктор Хъурей Феликс, КъБР-м граждан жылагъуэ IуэхущIапIэхэм ядэлэжьэнымрэ лъэпкъ IуэхухэмкIэ и министр КIурашын Анзор.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Лъэпкъ Iуэху

ПроектыщIэхэр къыхалъхьэ

2019-04-18

  • Бэрбэч ХьэтIутIэ и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым иджыблагъэ щаутIыпщащ «Лъэпкъхэм яку дэлъ зэныбжьэгъугъэм и лъабжьэр ди тхыдэм къыщожьэ» дунейпсо проектыр. Ар ди щIыналъэм щыгъэлэжьэным я нэIэ трагъэтынущ Кавказ Ищхъэрэм и студентхэм я зэгухьэныгъэмрэ КъБКъУ-м урысыбзэмкIэ и кафедрэмрэ. ПроектыщIэр даIыгъ Президентым къыбгъэдэкI грантхэм я фондымрэ КъБР-м ЦIыхухэр егъэджэнымкIэ, щIэныгъэмрэ щIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ и министерствэмрэ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Егъэджэныгъэ

«Спартак» — «Автомобилист» —  «Эльбрус» — «Спартак-Налшык»

2019-04-18

  • Нобэ илъэс 60 ирокъу Къэбэрдей-Балъкъэрым и футбол командэ нэхъыщхьэр къэралпсо утыку къызэрихьэрэ
  • Япэ лъэбакъуэхэр зычахэр
  • Ди республикэм футболым зыщиужьын щIидзащ къэралым и чемпионатым щыджэгуну Налшык и «Спартак» командэр 1959 гъэм къызэрагъэпэща и ужькIэ. СССР-м и етIуанэ лигэм и «Б» классым къыщыщIидзэри, абы ехъулIэныгъэ инхэр иIащ. Къапщтэмэ, 1965, 1970 гъэхэм РСФСР-м и чемпион хъуащ, 1972 гъэм япэ лигэм хыхьащ. ГуфIэгъуэшхуэ къытхуихьащ 2005 гъэм — япэ дивизионым етIуанэ увыпIэр щиубыдри, зэи къэмыхъуауэ Къэбэрдей-Балъкъэрым и командэ нэхъыщхьэр премьер-лигэм кIуащ икIи абы щыхэта япэ илъэсым ебгъуанэ хъуащ. Урысей Федерацэм футболымкIэ и гуп нэхъыфI пщыкIухым «Спартак-Налшыкыр» илъэсихрэ ныкъуэкIэ хэтащ икIи дэрэжэгъуэ ин къыдитащ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Спорт

КъБР-м и ТВ-мрэ радиомрэ

2019-04-18

  • 1 КъБР „Мир“ канал
  • Блыщхьэ, мэлыжьыхьым и 22
  • 6.00 «Республикэ: тхьэмахуэ зэхуаку хъыбархэр» (16+)
  • 6.30 Иуан БетIал и концерт. ЕтIуанэ Iыхьэ (адыгэбзэкIэ) (12+)
  • 7.15 «Iущыцэ». Сабийхэм папщIэ нэтын (6+)
  • 7.30 «Республикэ: тхьэмахуэ зэхуаку хъыбархэр» (16+)
  • 8.00 «Уи пщэдджыжь фIыуэ, Къэбэрдей-Балъкъэр!» (12+)

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Нэтынхэр