ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Апрель, 2019

Управленэм и унафэщIыри IэнатIэм пэроувэ

2019-04-13

  • КъБР-м и Iэтащхьэм и къалэнхэр пIалъэкIэ зыгъэзащIэ КIуэкIуэ Казбек Правительствэм и Унэм и щыхуэзащ Тезырхэр егъэпшынынымкIэфедеральнэ къулыкъущIапIэм шынагъуэншагъэр къызэгъэпэщынымкIэ и управленэм и унафэщI Шмидко Андрей. Абы КъБР-м и Iэтащхьэм и къалэнхэр пIалъэкIэ зыгъэзащIэм иригъэцIыхуащ Тезырхэр егъэпшынынымкIэ феде-ральнэ къулыкъущIапIэм и Управленэу республикэм щыIэм и унафэщIу иджыблагъэ ягъэува Лыхь Аслъэн.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: КъБР-м и Правительствэм

Къэбэрдей-Балъкъэрым и унафэщIхэр хэплъащ губгъуэ лэжьыгъэхэр дызэрыт гъатхэм тэмэму егъэкIуэкIыным пыщIа Iуэхухэм

2019-04-13

  • Къэбэрдей-Балъкъэрым и Iэтащхьэм и къалэнхэр пIалъэкIэ зыгъэзащIэ КIуэкIуэ Казбек дыгъуасэ иригъэкIуэкIа зэIущIэшхуэр теухуауэ щытащ гъатхэ губгъуэ лэжьыгъэхэр тэмэму зэфIэгъэкIыным икIи 2019 гъэм мэкъумэшыщIэхэр зыхуэплъэ мурадхэр нэгъэсауэ гъэзэщIэным.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: КъБР-м и Правительствэм

Адыгэбзэр ефIэкIуэн папщIэ

2019-04-13

  • ЩIэныгъэхэмкIэ Дунейпсо Адыгэ Академием хэт «Адыгэ ЩIэнгъуазэ» институтым, Дунейпсо, Къэбэрдей Адыгэ Хасэхэм я жэрдэмкIэ лъэпкъ щэнхабзэм увыпIэшхуэ щызыубыд тхыгъэхэр щызэхуэхьэса «Черкесика» тхылъ гупыр къыдокI 2011 гъэм щегъэжьауэ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: ТхылъыщIэ

Зеикъуэ къыщагъуэта «Нартхэм я кхъэр»

2019-04-13

  • Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым иджыблагъэ щызэхашащ Кавказ Ищхъэрэ археологие экспедицэ зэгуэтым Зеикъуэ и бгылъэхэм щригъэкIуэкIа илъэситху лэжьыгъэм щриплъэж зэхуэс ин. Абы хэтащ экспедицэм и унафэщI, ТхыдэмкIэ къэрал музейм и щIэныгъэ лэжьакIуэ Кадиевэ Аннэ, ди лъахэгъу, хэкурыдж цIэрыIуэ Котляров Виктор, КъБКъУ-м и IэщIагъэлIхэр, аспирантхэмрэ студентхэмрэ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: ЩIэныгъэ

ГъукIакъуэ Анетэ (Гуащэ) Хьэчим и пхъум дохъуэхъу и ныбжьыр илъэс бжыгъэ дахэ зэрырикъумкIэ

2019-04-13

  • ФIыуэ тлъагъу Гуащэ, уи махуэ лъапIэм фIыгъуэ куэд къыпхудэкIуэну, дахагъэмрэ гуапагъэмрэ уи Iэпэгъуу, уи пщIэр лъагэрэ уи псэр къабзэу, уи Iэнэгум берычэтыр темыкIыу, уи бынхэм я ехъулIэныгъэхэм уригушхуэу, уи дахагъэм, цIыхугъэм, нэмысым кIэрымыхуу иджыри куэдрэ упсэуну дыпхуохъуахъуэ. ЦIыхубзым и гур зыщIэхъуэпс, насыпу къилъытэ псомкIи Тхьэр къыпхуэупсэну ди гуапэщ.
  • ГъукIакъуэхэ я унагъуэр.

Зыхыхьэхэр: Хъуэхъу

Мы махуэхэм

2019-04-13

  • Мэлыжьыхьым и 13, щэбэт
  • Рок-н-роллым и дунейпсо махуэщ
  • Гъуазджэм, щэнхабзэм я лэжьакIуэхэм защIэзыгъакъуэм, псапащIэм и махуэр Урысейм щагъэлъапIэ
  • Дунейм и къэрал куэдым нобэ я анэдэлъхубзэхэмкIэ диктант щатх. 2004 гъэ лъандэрэ къекIуэкI а хабзэр хуэгъэпсащ лъэпкъыбзэхэм зегъэужьыным.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

ХЬЭФIЫЦIЭ Мухьэмэд: Лъэпкъ  зыужьыныгъэмрэ  зыузэщIыныгъэмрэ  яхуэгъэза  Iуэху щхьэпэхэм  долэжь

2019-04-13

  • Нобэ Налшык щокIуэкI Дунейпсо Адыгэ Хасэм и ГъэзэщIакIуэ гупым хэтхэм я зэхуэсышхуэ. Абы къыщаIэтынущ лъэпкъым и дежкIэ мыхьэнэзиIэ Iуэхугъуэхэр. Апхуэдэу щыхэплъэнущ ДАХ-м хыхьэ Къэбэрдей Адыгэ Хасэм иужьрей илъэс зыбжанэм зэфIиха лэжьыгъэхэмрэ къыпэщылъ къалэнхэмрэ. ГъэзэщIакIуэ гупым я пащхьэ абы теухуауэ къыщыпсэлъэнущ КъАХ-м и тхьэмадэ, «Адыгэ псалъэ» газетым и редактор нэхъыщхьэ ХьэфIыцIэ Мухьэмэд.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Лъэпкъ Iуэху

Зыгъэпсэхугъуэ махуэм

2019-04-13

  • Лъэпкъ шхыныгъуэхэр
  • Мэл кIапэ гъэгъуа, тебэкIэ гъэжьауэ
  • КIапэ гъэгъуар псы хуабэкIэ ятхьэщI, бзыгъэурэ зэпаупщI, г 150-рэ хъууэ. Зы сатыру тебэ Iувым иралъхьэ, псы щIыIэ тIэкIу щIакIэри, тебащхьэр тепIауэ мафIэм трагъэувэ. МафIэр ирашэхри, кIапэр зэрагъэдзэкIыурэ, дакъикъи 10 — 15-кIэ тхъуэплъ дахэ хъуху ягъажьэ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Малъхъэдис