ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Лъэпкъ пшыналъэм и хъумакIуэ

2019-04-30

  • КъБР-м и цIыхубэ артист, «Макъамэ» сабий пшынауэ ансамблым и художественнэ унафэщI, пшынауэ Iэзэ Къуэдз Iэбубэчыр къызэралъхурэ мэлыжьыхьым и 25-м илъэс 75-рэ ирикъуащ.

  • Бахъсэн щIыналъэм хыхьэ Къулъкъужын Ищхъэрэ къуажэм къыщалъхуащ ди республикэми нэгъуэщI щIыналъэхэми цIэрыIуэ щыхъуа пшынауэ Къуэдз Iэбубэчыр Хъусен и къуэр. Курыт еджапIэр къиуха нэужь, Iэбубэчыр и цIэр нэхъ къраIуэ хъуащ. Зэрысабийрэ зыхилъхьэ щымыIэ, пшынэм фIэкIа нэгъуэщI плъапIэ зимыIэ щIалэ цIыкIум а Iэмэпсымэм еуэфу, макъамэхэр къригъэкIыфу зригъэса нэужь, 1964 гъэм Бахъсэн щIыналъэм и пшынауэхэм я зэпеуэм щытекIуащ икIи щIыхь тхылъ къыхуагъэфэщащ. Агитбригадэхэм я зэпеуэу Налшык щекIуэкIам Къуэдзыр зыдэлажьэ Зеикъуэ щыщ гупым япэ увыпIэр къихьри, Москва къыщызэрагъэпэща Урысейпсо зэпеуэм и гъэлъэгъуэныгъэм лауреат щыхъуащ, Зеикъуэ къуажэм ЩэнхабзэмкIэ и унэм и унафэщIу лэжьа, уэрэдус Щомахуэ Хьэсэнбийрэ 11-нэ классым щIэс, иджыпсту «Адыгэ псалъэ» газетым и редактор нэхъыщхьэ ХьэфIыцIэ Мухьэмэдрэ я гъусэу. Iэбубэчыр игу къинэжащ абы щыгъуэ зыдэлэжьа, и чэнджэщэгъуфIу щыта уэрэдус, усакIуэ, артист Бахъуэ БетIал.
  • А зэманым Къуэдзыр Бахъсэн къалэм, Тыжьей, Зеикъуэ къуажэхэм дэт щэнхабзэмкIэ унэхэм щылэжьащ. Пшынэ еуэныр зи псэм хэлъ Iэбубэчыр щапхъэ зытрихын и мащIэтэкъым. Апхуэдэхэт, и къуажэгъу пшынауэ цIэрыIуэхэу ПщыхьэщIэ Мухьэжыр, Къуэдз ТIамышэ (и нысэт), Къуэдз Дзадзунэ (и шыпхъут), Къущхьэ Быцэ, Ездэч Лидэ сымэ. А зэманым радиокIэ Iэбубэчыр зэдэIуэн фIэфIу щыта пшынауэхэм ящыщщ Къашыргъэ КIурацэ, Бырмамыт Гуащэкъарэ, ДыщэкI ФатIимэт, ТIэш Лакушкэ, Тенджыз НэIиб, Борий Линэ.
  • «Кабардинка» къэрал ансамблым Къуэдзыр 1965 гъэм ирагъэблэгъащ. Куэдым ягу дыхьэ, дуней псом фIыуэ ялъэгъуа а гуп Iэзэр 1987 гъэ пщIондэ къигъэфащ. А зэманым Iэбубэчыр ядэлэжьащ пшынауэхэу ДыщэкI ФатIимэт, Уэрэзей Лидэ, накъырапщэ Ашуров Падацур, бэрэбанауэхэу Алохэ ПIотIэ, Руслан, Арсен сымэ. Iэбубэчыр зыхэта гуп дахэр зэкъуэту, зы унагъуэшхуэм хуэдэу къекIуэкIащ, къэрал куэдым зэгъусэу щыIащ.
  • «Кабардинка» ансамблым щыщылэжьа зэманым Къуэдзым и пшыналъэхэр радиом щригъэтхауэ щытащ. ИужькIэ ар нэхъри цIэрыIуэ хъуащ, и пшыналъэхэр нэхъыбэрэ къатыну щIэлъэIуу радиом и редакцэм лъэIу тхыгъэ куэд къыIэрыхьэу хуежьащ. Нэхъ иужьыIуэкIэ Къуэдзым и пшыналъэхэр зытет грампластинкитху къыдэкIащ.
  • 1987 гъэм щыщIэдзауэ 2001 гъэ пщIондэ Iэбубэчыр къигъэфащ Куэшей Алик зи художественнэ унафэщI, щапхъэу къалъыта «Нал цIыкIу» сабий ансамблыр. Сабий творчествэмкIэ республикэ унэм и унафэщI Къалмыкъ Кларэ и жэрдэмкIэ, 1994 гъэм къэунэхуащ Къуэдз Iэбубэчыр зи художественнэ унафэщI «Макъамэ» сабий пшынауэ ансамблыр. Ар къызэрызэрагъэпэщрэ мы гъэм илъэс 25-рэ ирокъу. Ансамблым ехъулIэныгъэ куэд зыIэригъэхьащ. 1995 гъэм гупым къыфIащащ «КъБР-м и цIыхубэ ансамбль» щIыхьыцIэр, 2005 гъэм ансамблыр къалъытащ щапхъэ зытрах гупу.
  • Пшынауэ Iэзэ Къуэдз Iэбубэчыр къызэралъхурэ илъэс 70 щрикъум ирихьэлIэу, 2014 гъэм дунейм къытехьащ «Джатэ зыгъабзэ нэхърэ, пшынэ зыгъэбзэрабзэ» тхылъыр. Ар зэхэзыгъэувэу къыдэкIыным хуэзыгъэхьэзырар филологие щIэныгъэхэм я кандидат, КъБЩIИ-м адыгэ литературэмкIэ и къудамэм и лэжьакIуэ Хьэвжокъуэ Людмилэрэ а институтым и лэжьакIуэ Гуанэ-Махъсидэ Аидэрэщ. «Пшыналъэр бгъунлъэмэ, лъэпкъыр мэукIытэ», — жиIэгъащ усакIуэ цIэрыIуэ ПащIэ Бэчмырзэ. Тхылъым и пэублэ псалъэм къыщыхьащ «Лъэпкъ пшыналъэр зымыгъэбгъунлъэ» тхыгъэр. Абы зыубгъуауэ щызэпкърыхащ Iэбубэчыр и гъащIэмрэ и гуащIэмрэ, абы и псэм, и лъым пшыналъэр зэрыхэтым. КъыдэкIыгъуэм щытопсэлъыхь Къуэдзым зэфIэкI абрагъуэ къызэрыдалъхуам щыхьэт техъуэ щапхъэхэм, «Кабардинка», «Нал цIыкIу» ансамблхэр илъэс зыбжанэкIэ къызэригъэфам, «Макъамэ» пшынауэ ансамблыр къызэрызэригъэпэщам, нобэ здынэса лъагапIэм зэрыщхьэдэхам, и гъэсэнхэм ехъулIэныгъэфIхэр зэраIэм, абыхэм республикэми нэгъуэщI щIыпIэхэми къыщацIыхуахэр куэду зэрахэтым. Тхылъым щызэхуэхьэсащ Къуэдзым и зэфIэкIыр, республикэм и щэнхабзэм, гъуазджэм хуищIа хэлъхьэныгъэфIхэр ягъэнахуэу журналистхэм, щIэныгъэлIхэм ягъэхьэзыра тхыгъэхэр, интервьюхэр, и ныбжьэгъухэм, лэжьэгъухэм, гъэсэнхэм, и зэфIэкIым пщIэ къыхуэзыщIхэм къабгъэдэкI псалъэ гуапэхэр, «Адыгэ псалъэ» газетым нэхъапэIуэкIэ къытехуахэри хэту.
  • Лъэпкъым IэпэIэсагъэкIэ хуэупсэ, хъугъуэфIыгъуэу ялъытэ пшыналъэр зымыгъэбгъунлъэ Къуэдзым щIэблэр пшынэ еуэным зэрыхуигъасэм папщIэ фIыщIэ ин хуэфащэщ. Пшынауэм и гъэсэнхэм пщIэ къыхуащI, абыхэм я адэ-анэхэр, адэшхуэ-анэшхуэхэр къыхуэарэзыщ, я щIэблэр щэнхабзэм зэрыдрагъэхьэхам папщIэ. Къуэдзыр ирогушхуэ и гъэсэнхэм зэфIэкIышхуэ зэраIэм, ахэр республикэми нэгъуэщI щIыпIэхэми къызэрыщацIыхуам. Iэбубэчыр езым итхыжа пшыналъэ зыбжанэ иIэщ. Апхуэдэхэщ «Удж», «Удж пыху», «Пасэрей къафэ», «Хъыджэбз къафэ», нэгъуэщIхэри. Зи гъащIэмрэ гуащIэмрэ лъэпкъ щэнхабзэмрэ гъуазджэмрэ хуэзыгъэпса Къуэдзым а унэтIыныгъэхэм хуищIа хэлъхьэныгъэфIхэр къалъытэри, 1979 гъэм «КъБР-м щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ» цIэ лъапIэр къыфIащащ.
  • ТЕКIУЖЬ Заретэ.