Нобэрэ пщэдейрэ
2019-04-30
- Мэлыжьыхьым и 30, гъубж
- Джазым и дунейпсо махуэщ
- Ветеринархэм я дунейпсо махуэщ
- Урысейм и МафIэсгъэункIыфIхэм я махуэщ
- Мексикэм щагъэлъапIэ Сабийм и махуэр
- Вьетнамым и къэрал гуфIэгъуэщ — я текIуэныгъэм и махуэщ
- Швецием щагъэлъапIэ я пащтыхьым и махуэр
- 1789 гъэм США-м и япэ президенту хаха Вашингтон Джордж а къулыкъум зэрытеувэм теухуа зэIущIэ екIуэкIащ.
- 1918 гъэм «Ленфильм» киностудиер къызэрагъэпэщащ
- 1945 гъэм Егоров Михаилрэ Кантарие Мелитонрэ ТекIуэныгъэм и Бэракъыр Берлин и Рейхстагым щыфIадзащ.
- 1945 гъэм Гитлер (и унэцIэ дыдэр Шикльгруберщ) Адольф зиукIыжащ.
- 1971 гъэм Москва и Ленинскэ бгыхэм циркыщIэ къыщызэIуахащ.
- Мэжэр композитор цIэрыIуэ Легар Франц къызэралъхурэ илъэси 149-рэ ирокъу.
- Зи IэдакъэщIэкIхэмкIэ дуней псом щыцIэрыIуэ чех тхакIуэ Гашек Ярос- лав къызэралъхурэ илъэси 136-рэ ирокъу.
- Биологие щIэныгъэхэм я доктор, КъБКъМУ-м и профессор, КъБР-м щIэныгъэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Дзу Руслан и ныбжьыр илъэс 70 ирокъу.
- Филологие щIэныгъэхэм я доктор, КъБКъУ-м и профессор ЩоджэнцIыкIу Нинэ къыщалъхуа махуэщ.
- УэрэджыIакIуэ, композитор, продюсер, УФ-м и цIыхубэ артист Киркоров Филипп и ныбжьыр илъэс 52-рэ ирокъу.
- Дунейм и щытыкIэнур
- «pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, Налшык пшэр техьэ-текIыу щыщытынущ. Хуабэр махуэм градус 22 — 23-рэ, жэщым градус 11 — 12 щыхъунущ.
- Накъыгъэм и 1, бэрэжьей
- Гъатхэмрэ Лэжьыгъэмрэ я махуэшхуэщ
- Къэзахъстаным щыпсэу лъэпкъхэм я зэкъуэтыныгъэм и махуэщ
- Литвам Анэм и махуэр щагъэлъапIэ
- США-м зэхудэчыхыныгъэм, сабийхэм я узыншагъэр хъумэным, хуитыныгъэм я махуэхэр щагъэлъапIэ
- 1840 гъэм Инджылызым къыщыдэкIащ дунейм щыяпэ пощт маркэхэр.
- 1918 гъэм Ходынскэ губгъуэм щекIуэкIащ Совет Армэм и япэ дзэ парадыр.
- 1929 гъэм Джылахъстэнейм псыщIэгъэлъадэр щаутIыпщащ.
- 1941 гъэм Налшык Сабий стадионыр къыщызэIуахащ.
- 1944 гъэм «Москва зэрахъумам папщIэ» медалыр къащтащ.
- Къэрал лэжьакIуэу, КъБР-м и Правительствэм и УнафэщIу 1969 — 1984 гъэхэм щыта Къущхьэ КIыщыкъуэ къызэралъхурэ илъэс 96-рэ ирокъу.
- КъБР-м щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Урыс Мухьэзир къызэралъхурэ илъэс 84-рэ ирокъу.
- Социологие щIэныгъэхэм я доктор, профессор, ЩIДАА-м и академик, Адыгэ Республикэм щIэныгъэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ АфэщIыж Тыркубий и ныбжьыр илъэс 82-рэ ирокъу.
- Адыгэ Республикэм и цIыхубэ художник, АР-м и Къэрал саугъэтым и лауреат Гъуэгунокъуэ Мухьэрбий и ныбжьыр илъэс 80 ирокъу.
- ХьэрычэтыщIэ, техникэ щIэныгъэхэм я доктор, Адыгэ Республикэм и Президенту щыта Щэумэн Хьэзрэт и ныбжьыр илъэс 80 ирокъу.
- «Къэббалъкътурист» ОАО-м и генеральнэ директор, КъБР-м щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Къалэ Владимир и ныбжьыр илъэс 77-рэ ирокъу.
- Къэрал къулыкъущIэ, политик, жылагъуэ лэжьакIуэ Нэхущ Заурбий и ныбжьыр илъэс 76-рэ ирокъу.
- Дунейм и щытыкIэнур
- «pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, Налшык пшэр техьэ-текIыу щыщытынущ. Хуабэр махуэм градус 24 — 26-рэ, жэщым градус 13 — 14 щыхъунущ.