ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Апрель, 2019

Матовников Александррэ КIуэкIуэ Казбекрэ яхуэзащ Iэпщэрыбанэ зауэмкIэ Налшык щекIуэкI турнирыр къыщызэIуахым кърихьэлIа спортсмен цIэрыIуэхэм

2019-04-11

  • УФ-м и Президентым и полномочнэ лIыкIуэу Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ округым щыIэ Матовников Александррэ КъБР-м и Iэтащхьэм и къалэнхэр пIалъэкIэ зыгъэзащIэ КIуэкIуэ Казбекрэ дыгъуасэ яхуэзащ Урысейм и спортсмен цIэрыIуэхэу Налшык щыхьэщIэхэм. Абыхэм ящыщщ UFC хьэлъагъ псынщIэмкIэ и иджырей чемпион Нурмагомедов Хабиб, кикбоксингымкIэ плIэнейрэ дунейпсо чемпион Абдулаев Валиф, самбомкIэ плIэнейрэ дунейпсо чемпион Минаков Виталий, WBO-м хиубыдэу 2013 — 2014 гъэхэм дуней псом и чемпиону щыта Проводников Руслан, Арктикэм хиубыдэ щIыпIэхэр къэгъэсэбэпынымкIэ «Ищхъэрэ десант» ассоциацэм и лIыкIуэ Гришин Дмитрий, нэгъуэщIхэри.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: КъБР-м и Парламентым

КIуэкIуэ Казбек я пашэу Къэбэрдей-Балъкъэрым и лIыкIуэхэр хэтащ «Арабия-ЭКСПО» IV Дунейпсо гъэлъэгъуэныгъэм

2019-04-11

  • КъБР-м и Iэтащхьэм и къалэнхэр пIалъэкIэ зыгъэзащIэ КIуэкIуэ Казбек хэтщ «Арабия-ЭКСПО» IV Дунейпсо гъэлъэгъуэныгъэм, «Урысеймрэ Хьэрып дунеймрэ: ди зэхуэдэ къэкIуэнум дытелэжьэным и зэманщ» къыхуеджэныгъэм щIэту Москва щекIуэкIам.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: КъБР-м и Правительствэм

2019-04-11

  • Тыркум щызэхэт Кавказ жылагъуэ
  • зэгухьэныгъэхэм я федерацэм деж
  • ПщIэ зыхуэтщI ди хэкуэгъу лъапIэхэ!
  • ПщIэ зыхуэтщI Шекерджи   Илдыз!
  • Дунейпсо Адыгэ Хасэм и ГъэзэщIакIуэ гупым хэтхэм я цIэкIи си щхьэкIи гуапэу сынохъуэхъу Тыркум щызэхэт Кавказ жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм я федерацэм и тхьэмадэу узэрыхахам папщIэ!

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хъуэхъу

КАФФЕД-м и гуащэ Шекерджи (Мамхэгъ) Илдыз

2019-04-11

  • Тыркум щылажьэ Кавказ Хасэхэм я федерацэм и зимычэзу зэхыхьэшхуэр мэлыжьыхьым и 7-м екIуэкIащ. Илъэс зыбжанэкIэ КАФФЕД-м и тхьэмадэу щыта Хьэгъундокъуэ Яшар политикэм епха къэрал лэжьыгъэ зэрыпэрыхьам къыхэкIыу, жылагъуэ Iуэхур къигъэнэн хуей хъуати, абы и пIэкIэ унафэщIу хахащ бзылъхугъэ гуащIафIэ Шекерджи (Мамхэгъ) Илдыз.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

Нобэрэ пщэдейрэ

2019-04-11

  • Мэлыжьыхьым и 11, махуэку
  • Фашист гъэрыпIэм исахэр хуит къызэращIыжам и дунейпсо махуэщ. 1945 гъэм гъатхэпэм и 11-м къызэрыIэтауэ щытащ нэмыцэ лагерь нэхъ ин дыдэхэм ящыщ Бухенвальд (Германием и Веймар къалэм пэмыжыжьэу щащIауэ щытащ) исхэр.
  • Паркинсон узыфэм ебэныным и дунейпсо махуэщ. А узыфэр къэзыхута дохутыр Паркинсон Джеймс къыщалъхуа махуэм (1755 гъэм мэлыжьыхьым и 11-м) техуэу ягъэуващ 1997 гъэм.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

ЗэфIэкI лъагэ зиIэ

2019-04-11

  • ЩIДАА-м и академик, абы и япэ вице-президенту щыта, Адыгэ Республикэм, Кубаным щIэныгъэхэмкIэ щIыхь зиIэ я лэжьакIуэ, филологие щIэныгъэхэм я доктор, профессор Бырсыр Батырбий Мыхьмуд и къуэр лъэпкъ щIэныгъэм и къызэгъэпэщакIуэ нэсхэм, абы зыIэригъэхьа ехъулIэныгъэхэм хэлъхьэныгъэ ин хуэзыщIахэм ящыщщ. Бырсырыращ Адыгэ Республикэм егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ и япэ министру щытар. Батырбий и фIыгъэ куэд хэлъщ адыгэ щIыналъэм щIэныгъэм хэпщIыкIыу зэрызыщиужьам. ЛъэпкъылI щэджащэм и ныбжьыр мы махуэхэм илъэс 80 ирикъуащ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: ДифI догъэлъапIэ

Къэрал  15-м  къикIахэр

2019-04-11

  • Бэрбэч ХьэтIутIэ и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым и пресс-IуэхущIапIэм хъыбар къызэрыдигъэщIамкIэ, а еджапIэ нэхъыщхьэм иджыблагъэ щызэIущIахэм яхэтащ Москва къэрал зэхущытыкIэхэмкIэ и институтым (МГИМО), Ингуш къэрал университетым, Кавказ Ищхъэрэм ГъуазджэхэмкIэ и къэрал институтым, Налшык дэт гимназие №4-м щеджэхэр, зэхыхьэр къызэзыгъэпэща бысымхэр.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

Гагариныр  зыцIыхуу щытам  и  гукъэкIыжхэр

2019-04-11

  • Пщэдей  илъэс  58-рэ  ирокъу  дуней  псом 
  • щыяпэу  Гагарин  Юрий  хьэршым  зэрылъатэрэ
  • 1961 гъэм мэлыжьыхьым и 12-м цIыхум и блэкIамрэ и къэкIуэнумрэ лъэхъэнитIу игуэшауэ жыпIэ хъунущ. Ар япэ дыдэу хьэршым зэрылъэтам нэхъ мыхьэнэшхуэ иIащ, сыт хуэдэ революцэми елъытауэ.
  • Зэманыр макIуэ, хьэршыр къэгъэIурыщIэныр псори дызэсэжа Iуэхущ. Ауэ зэи зыщыдгъэгъупщэ хъунукъым а гъуэгур илъэс 58-рэ ипэкIэ  Гагарин Юрий зэрыхишар. Аращ абы и пщIэмрэ и щIыхьымрэ дунейр щыIэху щIэмыкIуэдыжынури.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Ди нэхъыжьыфIхэр

Сэ  зыкъэслъыхъуэжу

2019-04-11

  • НАТХЪУЭ  Къадыр, тхакIуэ (США, Нью-Йорк)
  • ГукъэкIыжхэр
  • (КIэухыр. ПэщIэдзэр №40-м итщ).
  • США-м  сыкIуэну
  • мурад  зэрысщIар
  • Иджыри къэс сыздэщыIа хэгъэгухэм елъытауэ, псом нэхърэ нэхъ щхьэхуит, езым нэхърэ нэхъ телъыджэ узыгъэлъыхъуэн Хьэшимит къэралыгъуэ цIыкIур псынщIэу дэхуэхырт. Палестинэм къиIэпхъукIахэр улахуэ мащIэкIэ лэжьэну зэрыарэзым къыхэкIыу, щIыналъэм исхэм хьэрхуэрэгъу къахуэхъурти, ущылэжьэныр кIуэ пэтми нэхъ гугъут.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

ЗэкIэлъыкIуэу хэнейрэ

2019-04-11

  • Сыт  Сталиныр  куэдым  ягу  фIыкIэ  къыщIагъэкIыжыр?
  • «Уасэхэм хэхъуащ!» псалъэхэм дэ десэжащ, нэху дыкъекIамэ, ди напэр зэрыттхьэщIым хуэдэу. Хэбгъэзыхьмэ, дыпоплъэ. Ар фIэкIыпIэншэщ. Псалъэм и хьэтыркIэ, щIыдагъэр — «дыщэ фIыцIэр» — зыIэрыхьахэм ар нэгъуэщI къэралхэм нэхъ лъапIэу щащэмэ нэхъ къащтэнущ, ди деж пуду щрагъэкI нэхърэ. Уасэхэр къехуэхами, дыхилъэфэнущ — олигарххэм яфIэкIуэд ахъшэр ди деж щрагъэкъужын хуейщ. Сыт хуэдэу щымытми, фэ фрихьэлIа уасэхэр къыщехуэха? Псом хуэмыдэу ахэр хъийм щикIыр гъатхэмрэ бжьыхьэмрэщ. АрщхьэкIэ щыIащ нэгъуэщI зэмани.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Махуэку

2019-04-11

Шотландием и щыхьэр Эдинбург мывэхэм къыхэщIыкIа псэуалъэхэм, пасэрей уардэунэхэм, чэщанэхэм я къалэщ. Мыбы цIыху мин 430-рэ щопсэу, ауэ а бжыгъэм куэдкIэ хохъуэ зыплъыхьакIуэхэм я хьэкъкIэ. Гъуазджэхэм я Эдинбург фестивалыр Европэм къыщрахьэжьэ апхуэдэ Iуэху псоми йофIэкI и къызэгъэпэщыкIэ дахэмкIэ. Ар икIи Шотландиер зыхыхьэ Инджылызым и банк ин дыдэхэр щылажьэ щIыпIэщ. Ауэ абы нэгъуэщI къэралхэм щыщ цIыхухэр нэхъыбэу къезышалIэр и унэхэм я дахагъэрщ.

Зыхыхьэхэр: Махуэку

ЩIыналъэ зрагъэужь

2019-04-11

  • Къэбэрдей-Балъкъэрым щекIуэкIащ «Золотой козерог-2019» мылылъэ бгыхэм дэкIынымкIэ къэралпсо чемпионат. Абы хэтащ Кавказ Ищхъэрэм хыхьэ къалихым, Дон Iус Ростов, Мэзкуу щыщ спортсмен 36-рэ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Спорт хъыбархэр

ХьэщIэ  егъэблэгъэгъуэм  къыкIэрыхуахэр

2019-04-11

  • Ди республикэм футболымкIэ и гъэмахуэ чемпионатым и етIуанэ джэгугъуэр щэбэтымрэ тхьэмахуэмрэ зэхэтащ. Абы хьэщIэхэм я насып нэхъ къыщикIащ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Футбол

2019-04-11

  • «КъБР-Медиа» къэрал кIэзонэ IуэхущIапIэм, КъБР-м и Журналистхэм я зэгухьэныгъэм, «Эльбрус» тхылъ тедзапIэм, «Адыгэ псалъэ», «Кабардино-Балкарская правда», «Заман», «Горянка», «Советская молодёжь» газетхэм, «Iуащхьэмахуэ», «Литературная Кабардино-Балкария», «Минги Тау», «Нур», «Нюр», «Солнышко» журналхэм я редакцэхэм, «Къэбэрдей-Балъкъэр» телекомпанием, «Налшык» жылагъуэ-радиотелекомпанием, «КъБР-инфо» хъыбарегъащIэ агентствэм, «Тетраграф» ООО-м я лэжьакIуэхэр «Эльбрус» тхылъ тедзапIэм адыгэбзэкIэ тхылъхэр гъэхьэзырынымрэ къыдэгъэкIынымкIэ и къудамэм и унафэщI Джэрыджэ Арсен Хьэнахъуэ и къуэм хуогузавэ абы и къуэш Джэрыджэ Мухьэмэд Хьэнахъуэ и къуэр зэрылIам къыхэкIыу.

Зыхыхьэхэр: Хэха

КъБР-м и ТВ-мрэ радиомрэ

2019-04-11

  • 1 КъБР «Мир» канал
  • Блыщхьэ, мэлыжьыхьым и 15
  • 6.00 «Республикэ: тхьэмахуэ зэхуаку хъыбархэр» (16+)
  • 6.30 ЩIэныгъэлI, жылагъуэ лэжьакIуэ Соттаев Адэлджэрий теухуа тхылъыр утыку кърахьэ (балъкъэрыбзэкIэ) (12+)
  • 7.15 «ЩыIащ-псэуащ…» (балъкъэрыбзэкIэ) (6+)
  • 7.30 «Республикэ: тхьэмахуэ зэхуаку хъыбархэр» (16+)
  • 8.00 «Уи пщэдджыжь фIыуэ, Къэбэрдей-Балъкъэр!» (12+)

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Нэтынхэр