ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и къалэнхэр пIалъэкIэ зыгъэзащIэ КIуэкIуэ Казбек Гъатхэмрэ Лэжьыгъэмрэ я махуэшхуэм теухуа и хъуэхъу

2019-04-30

  • Къэбэрдей-Балъкъэрым и цIыхухэу пщIэ зыхуэсщIхэ!
  • Гъатхэмрэ Лэжьыгъэмрэ я махуэшхуэмкIэ си гуапэу сынывохъуэхъу!
  • А махуэшхуэр и дамыгъэщ зи ныбжькIи зэтемыхуэ, зи IэщIагъэкIи зэмыщхь цIыхухэр зэрызэрыIыгъым, бэм я зэкъуэтыныгъэм, абы зэрешалIэ зыпэрыт IэнатIэр фIыуэ зылъагъухэр, республикэ зыужьыныгъэм, ди къэралым и лъэщагъыр гъэбыдэным хэлъхьэныгъэшхуэ хуэзыщIхэр.

  • ФIым телэжьэныр зэрыщыту жылагъуэми, дэтхэнэ унагъуэми, цIыхуми я зэIузэпэщыгъэм и лъабжьэщ. Дэ Iэмал псори къэдгъэсэбэпурэ лэжьакIуэ цIыхум и пщIэр адэкIи тIэтынущ, ар зыхуей хуэзэн папщIэ лэжьыпхъэхэр зэфIэдгъэкIынущ, республикэм ис псоми я псэукIэр едгъэфIэкIуэнущ.
  • Шэч къытесхьэркъым, дызэдегугъурэ ди цIыхубэм я къарумрэ творческэ зэфIэкIхэмрэ тегъэщIапIэ тщIымэ, дыкъыщалъхуа Къэбэрдей-Балъкъэрым нэхъри зиужьыным хуэунэтIауэ зыхуэдгъэувыжа къалэнхэр гъэзэщIэныр зэрытхузэфIэкIынум.
  • Си гум къыбгъэдэкIыу сынывохъуэхъу узыншагъэ, ехъулIэныгъэ, насып фиIэну, зэIузэпэщу фыпсэуну.