ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Урысейм и Президент Путин Владимир и УказкIэ МэшбащIэ Исхьэкъ къыфIащащ «Урысей Федерацэм ЛэжьыгъэмкIэ и ЛIыхъужь» цIэ лъапIэр. Адыгейм, Къэбэрдей-Балъкъэрым, Къэрэшей-Шэрджэсым я цIыхубэ тхакIуэм ехъуэхъуащ КIуэкIуэ Казбек

2019-04-27

  • Урысейм и Президент Путин Владимир дыгъуасэ къыдигъэкIа УказымкIэ Адыгейм, Къэбэрдей-Балъкъэрым, Къэрэшей-Шэрджэсым я цIыхубэ тхакIуэ МэшбащIэ Исхьэкъ къыфIащащ «Урысей Федерацэм ЛэжьыгъэмкIэ и ЛIыхъужь» цIэ лъапIэр. Къэрал къулыкъущIэ, жылагъуэ лэжьакIуэ цIэрыIуэм ехъуэхъуащ КъБР-м и Iэтащхьэм и къалэнхэр пIалъэкIэ зыгъэзащIэ КIуэкIуэ Казбек:

  • «Исхьэкъ Шумахуэ и къуэм лъэпкъ куэдым зэдай урысей литературэм зегъэужьыным, ди къэралышхуэм щыпсэу лъэпкъхэм яку дэлъ мамырыгъэр, зэгурыIуэныгъэр, зэхущытыкIэфIхэр хъумэнымрэ гъэбыдэнымрэ хуищIа хэлъхьэныгъэм и инагъыр къыпхуэмылъытэным хуэдизщ. Абы и тхыгъэхэм пхышащ къыщалъхуа щIыналъэм хуиIэ лъагъуныгъэр икIи и IэдакъэщIэкIхэм пщIэ щаIэр Урысейм и закъуэкъым, атIэ къэрал куэдми щызэлъащIысащ.
  • Исхьэкъ Шумахуэ и къуэм си гум къыбгъэдэкIыу сохъуэхъу къыхуащIа къэрал гулъытэшхуэм папщIэ! Узыншагъэ быдэ иIэну икIи и Iуэхухэр сыт и лъэныкъуэкIи ефIэкIуэну си гуапэщ», — итщ хъуэхъу тхыгъэм.
  • КъБР-м и Iэтащхьэмрэ Правительствэмрэ я пресс-IуэхущIапIэ.