Зеикъуэдэсхэм я лIыгъэ
2019-04-02
Мы сурэтым щыволъагъу Зеикъуэ щыщ шууей щIалэ гуп. Абыхэм Кавказыр адыгэшкIэ къызэхажыхьащ. СэмэгумкIэ къыщыщIэдзауэ щытхэщ:Быхъурэ Хьэжумар, Къалмыкъ Хьэтал, Сыжажэ Мущтэфар, Ует Мацэ,щысхэщ:Къардэн Iэюб, Абазэ Ибрэхьим, Сэбаншы Жантемыр, Шурдым Хьэпагуэ.1935 гъэ
Зыхыхьэхэр: Ди сурэт гъэтIылъыгъэхэр
Щапхъэ зытраххэр
2019-04-02
-
- Ставрополь щыщ сурэттех Смольников Андрей и гъэтIылъыгъэхэм иджыри зы сурэт телъыджэ къахэхъуащ. 2019 гъэм и накъыгъэ мазэм зи илъэс 90-р зыгъэлъапIэ, филологие щIэныгъэхэм я доктор, профессор, ЩIДАА-м и вице-президент Бэчыжь Лейлэ Iэбубэчыр и пхъум Андрей триха сурэтыр Италием, Сербием щекIуэкIа сурэт гъэлъэгъуэныгъэхэм утыку къыщрихьащ.
- Дуней псом къыщацIыху литературэдж, критик, шэрджэс, абазэ, нэгъуей, къэрэшей литературэхэм ягъуэта зыужьыныгъэр щызэпкърих тхылъ куэд зи Iэдакъэ къыщIэкIа, зи гъащIэ гъуэгуанэр купщIафIэу къэзыкIуа Бэчыжьым и сурэтыр къыщыхагъэщащ гъэлъэгъуэныгъэм икIи абы щхьэкIэ Смольников Андрей саугъэт къратащ.
Зыхыхьэхэр: Ди сурэт гъэтIылъыгъэхэр