Щэнхабзэм и лэжьакIуэ емызэшыж
2019-04-30
- Тхьэзэплъыж Ислъам и ныбжьыр илъэс 75-рэ ирокъу
- ЕгъэджакIуэ-гъэсакIуэ гумызагъэ
- Тхьэзэплъыж Ислъам Мамсыр и къуэр 1944 гъэм Лашынкъей къуажэм къыщалъхуащ. Курыт еджапIэ нэужьым абы щIэныгъэ нэхъыщхьэ щызригъэгъуэтащ Москва ЩэнхабзэмкIэ и къэрал институтым. Ар къиухщ, 1971 гъэм къигъэзэжри, ЩоджэнцIыкIу Алий и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей къэрал драмэ театрым лэжьэн щыщIидзащ. ИлъэситхукIэ абы щыIауэ, Ислъам КъБР-м ЩэнхабзэмкIэ и министерствэм ягъэкIуащ. абы зэрыщыIа илъэс 28-м къриубыдэу инспектору, IэщIагъэлI нэхъыжьу, къудамэм и унафэщIу, министрым щэнхабзэмрэ гъуазджэмрэ я IэщIагъэлIхэм ядэлэжьэнымкIэ и къуэдзэу (илъэс 15-кIэ) щытащ.
- 2003 гъэ лъандэрэ Тхьэзэплъыжыр щолажьэ Сабий творчествэмкIэ республикэ унэм, IутIыж Борис и цIэр зезыхьэ цIыхубэ литературэ театрым и унафэщIщ.
- Гъуазджэм щиIэ ехъулIэныгъэхэмрэ илъэс куэд щIауэ хьэлэлу зэ- рылажьэмрэ къапэкIуэу, Тхьэзэплъыж Ислъам «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм гъуазджэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ» цIэ лъапIэр 1992 гъэм къыхуагъэфэщауэ щытащ.
- Ди къэралым и къалащхьэм квалификацэ нэхъыщхьэ зиIэ щэнхабзэ лэжьакIуэ — театрым и гупхэм я режиссёр IэщIагъэхэр щызэзыгъэгъуэтауэ къэкIуэжа щIалэм и къарур игъэунэхун щыщIидзащ ЩоджэнцIыкIу Алий и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей къэрал драмэ театрым. Абы зэрыщыIа илъэс зыбжанэм къриубыдэу Ислъам хэтащ Островскэм и «Лъагъуныгъэ хэкIэса», Ширван-Заде и «Жин фIыцIэ» (режиссёрри езырат), Шолоховым и «ЩIыщIэ къэIэта», Журт Биберд и «УкъулыкъущIэнумэ, къеблагъэ» тхыгъэхэм къытращIыкIа спектаклхэм. Апхуэдэуи абы игъэуващ Иоселиани «Выгур щхьэпримыдз щIыкIэ», Шетов «Лъагъуныгъэм и къарур» я лэжьыгъэхэм къытрищIыкIахэри.
- — Зэи сщыгъупщэнкъым ди лъэпкъ артист щэджащэ Мысостышхуэ Пщызэбий режиссёру сызэрыдэлэжьар. жыпIэнурамэ, аращ си IэщIагъэ дыдэмкIэ щапхъэ нэс схуэхъуари, си япэ егъэджакIуэу къэслъытэри, — жеIэ Ислъам.
- 1976 гъэм адыгэ театрым и «Жин фIыцIэ» спектаклым Мурад и ролыр щигъэзащIэрт Ислъам. Пшыхьыр иуха иужь, щэнхабзэмкIэ министр Ефэнды Джылахъстэн утыкум къихьэри, артист щIалэм гуапэу ехъуэхъуащ икIи жиIащ хэлъэт зиIэ, лэжьыгъэр фIыуэ зылъагъу, къызэгъэпэщакIуэфI езыри зэрыхуэныкъуэр. Апхуэдэ щIыкIэкIэ министерствэм и къулыкъущIэ хъуащ Тхьэзэплъыжыр. Театрым къанэу и гуащIэр абы хилъхьэн и гугъами, зэрыхъуар нэгъуэщIущ. Ауэ Ислъам ича лъэбакъуэм зы махуи хущIегъуэжакъым. «Куэд къыщысщIащ Джылахъстэн и деж, къапщтэмэ, лэжьэкIэ сэзыгъэщIари аращ. Зыми я жагъуэ сщIыну сыхуейкъым, ауэ абы и ужькIэ министр дапщэм садэмылэжьами, Ефэндым хуэдэ яхэтакъым. А ди нэхъыжьыфIым и гъэсэну зыкъызолъытэжри, сызыхуейр абы хуэфащэу сыкъыщIэкIынырщ».
- Министерствэм зэрыщылажьэм хуэдэурэ, щэнхабзэмрэ гъуазджэмкIэ еджапIэхэм щримыгъаджэу зэи къэнакъым Ислъам. Псалъэм папщIэ, 1972 гъэм къыщыщIэдзауэ ар щыIащ Кэнжэ, Лашынкъей къуажэхэм, Налшык и Культпросвет училищэм, нэгъуэщIхэми. И япэ театр гъэлъэгъуэныгъэр, ЩоджэнцIыкIу Алий и «Мадинэ» поэмэм къытращIыкIар, Лашынкъей къуажэм дэт курыт еджапIэм 1976 гъэм утыку къыщрахьауэ щытащ. А лэжьыгъэр Урысейм и цIыхубэ театр гупхэм я къэралпсо зэхьэзэхуэм и лауреат хъуащ.
- ГъэщIэгъуэну зы Iуэху кърикIуащ мы спектаклым. Абы хэтахэм унагъуищ яухуащ: Мадинэрэ Зауррэ я ролхэр зыгъэзэщIахэм, Умаррэ Дисэу джэгуахэм, Лалинэрэ макъымкIэ режиссёрымрэ. «Зэман дэкIауэ абы гу щылъыстэжам, згъэщIэгъуат, — жеIэ Ислъам. – Спектаклым дызэрелэжьа мазиплIым «къывэплъым и фIэщ фыхъуу» яжесIэ зэпыту зэрыщытара къыщIэкIынщ гурыщIэхэр къэзыгъэушар (мэдыхьэшх). Сызыгъэгушхуэр дэтхэнэри гъащIэм лъэ быдэкIэ зэрыхэуварщ, щапхъэ зытепх хъун унагъуэ дахэ зэрыхъуарщ».
- КъБР-м ЩэнхабзэмкIэ и министерствэм зэрыщыIа илъэсхэм куэд дыдэ хузэфIэкIащ Тхьэзэплъыжым артистхэм, театр гупхэм я лэжьыгъэм зригъэужьынымкIэ, гулъытэ яхуищIынымкIэ. Iуэхум хуэIэижьу зэрыщытам къэзыцIыху псори щыхьэт техъуэфынущ. Псалъэм папщIэ, махуэшхуэхэм, цIыху щхьэхуэхэм ятеухуа пшыхьрэ зэхыхьэ ину 450-м щIигъу къызэригъэпэщурэ иригъэкIуэкIащ. Абыхэм ящыщ куэд ди республикэми, Урысейм и къалэ зыбжанэми, уеблэмэ хамэ къэралхэми щагъэлъэгъуащ.
- Зигъэпсэхуну тIысыжа иужьщ и лэжьыгъэ нэхъыщхьэм щыщIидзауэ къилъытэр Ислъам. «КъулыкъущIэу сылэжьэхукIэ, сыкъыщалъхуа щIыналъэм хуэсщIэну сыхуейуэ сызыхунэмысахэращ иджыпсту сызэлэжьыр», — жеIэ абы. 2009 гъэм Сабий творчествэмкIэ унэм абы къыщызэригъэпэщат «Художественнэ псалъэ» зыфIища литературэ зэгухьэныгъэ, ар иужькIэ литературэмкIэ театр ящIащ. Илъэсищ дэкIри, IутIыж Борис и цIэр зезыхьэ цIыхубэ театр хъуащ. Мы гъэм илъэсипщI ирикъу гупжьейр щолажьэ Налшык и гимназие №32-м. Зи гугъу тщIы пIалъэм къриубыдэу мы театрым гъэщIэгъуэну, Iэзэу, щIэблэм гъэсэныгъэ и лъэныкъуэкIэ щапхъэ яхуэхъуу Тхьэзэплъыжым цIыкIухэм ядигъэуващ ЩоджэнцIыкIу Алий и «Къамботрэ Лацэрэ», Чхеидзе Александр и «Хэди къыхэх», IутIыж Борис и «Нартхэм я дыгъэ», «Тыргъэтауэ», «МафIащхьэтыхь», Лермонтов Михаил и «КIуэрыкIуэсэж», Чуковский Корней и «Тараканище» спектаклхэр, нэгъуэщIхэри. Зэрынэрылъагъущи, Ислъам гулъытэ хуещI адыгэ, урыс лъэпкъ классикэм.
- – Зи гуащIэм къихьа псори лъэпкъым хъугъуэфIыгъуэшхуэу къыхуэзыгъэна драматург, философ, литератор IутIыж Борис и IэдакъэщIэкIхэр нэхъыбэм къегъэщIэнырщ сэ къалэн нэхъыщхьэу зыхуэзгъэувыжауэ сызыхуэлажьэр, сызинэхъыжь театрым и пщэрылъу къэслъытэр, — къыджеIэ Тхьэзэплъыжым. — Абы къыкIэлъыкIуэр адыгэбзэр си гъэсэн цIыкIухэм езгъэщIэнырщ. СхузэфIэкIращи, си нэIэм щIэт ныбжьыщIэ 15-м (абыхэм илъэс къэс къахызогъэхьэ къыдэкIуэтей цIыкIухэри) адыгэбзэ гъэхуа яIурызолъхьэ.
- Къыхэгъэщыпхъэщ, класс щIыб лэжьыгъэхэм дежи, къалэ, республикэ зэпеуэхэм щыхэткIи Ислъам егъэджакIуэхэм зэрадэIэпыкъур. ЖыпIэнурамэ, зыгуэркIэ къыщыгугъ зы цIыхуи гулъытэншэу къигъанэркъым. Арагъэнщ къыдэлажьэхэми, и гъэсэнхэмрэ абыхэм я адэ-анэхэми фIыуэ къыщIалъагъур, пщIэшхуэ къыщIыхуащIыр.
- Зи IэщIагъэм фIыуэ хэзыщIыкI цIыхур езыр зэрыгумызагъэмрэ апхуэдэ дыдэу и гъэсэнхэм зэрахущытымрэщ и лэжьыгъэм щиIэ ехъулIэныгъэм и «щэхур». Ислъам сабийхэм зегъэужьыным, я зэфIэкIым хэгъэхъуэным, гъэсэным гулъытэ хэха хуэзыщI егъэджакIуэ-гъэсакIуэщ. Абы Iэзэу къегъуэтыф сабийхэм зэрепсэлъэну бзэи бгъэдыхьэкIи, адэ-анэхэри къыщыхуэмыарэзы къэхъуакъым. Ислъам фIы дыдэу къыгуроIуэ ныбжьыщIэхэм я бзэр псынщIэрыпсалъэхэмрэ псалъэжьхэмрэ «зэракъутэр», тхыгъэм щыщ пычыгъуэхэм къеджэным, спектаклым къащылъыс Iыхьэр зрагъэщIэным я гупсысэкIэмрэ гурыхуагъэмрэ зэрызригъэужьыр.
- Тхьэзэплъыжым къыхихри гъэсэныгъэ мыхьэнэ зиIэ тхыгъэхэрщ. Абы сабийхэр хуегъасэ драматургиемрэ утыку итыкIэмрэ я щэхухэм. Абы игъэув спектаклхэм ныбжьыщIэхэм къадэкIуэу егъэджакIуэхэри щыхэт куэдрэ щыIэщ. Режиссёр-егъэджакIуэм и лэжьыгъэхэр апхуэдизкIэ зыхуей хуэзащи, къалэдэсхэми я пащхьэм щIэх-щIэхыурэ щагъэлъагъуэ. Мы махуэхэм театрым и илъэс лэжьыгъэр къыщапщытэж зэIущIэ щыIати, къызэхуэсахэм ягу ирихьащ, псалъэ гуапэ хужаIащ, дяпэкIэ ехъулIэныгъэ куэд IуэхущIапIэм иIэну ехъуэхъуащ.
- Дэри ядыдоIыгъ абыхэм я хъуэхъухэр. Узыншагъэ иIэу, гукъыдэж щымыщIэу, сабийхэм я ехъулIэныгъэм игъэину куэдрэ иджы- ри лъэпкъым ухуэлэжьэну ди гуапэщ!
- ИСТЭПАН Залинэ.
- P.S. Тхьэзэплъыжым и пшыхь ныщхьэбэ, мэлыжьыхьым и 30-м, сыхьэт 18-м щIидзэу Лашынкъей къуажэм ЩэнхабзэмкIэ и унэм щекIуэкIынущ. Абы хэтынущ КъБР-м и цIыхубэ артист Нэхущ Чэрим, ди республикэм щIыхь зиIэ и артистхэу Гумэ Маринэ, Тхьэгъэлэдж Светланэ, Къуэныкъуейхэ Алимрэ Иринэрэ, ЩоджэнцIыкIу Алий и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей къэрал драмэ театрым и артистхэу ХьэхъупащIэ ФатIимэ, Къардэн Заур, КIарэ Ларисэ, Къэзанш Джульеттэ, Тэмазэхэ Лиуанрэ Iэулиятрэ, Бейтыгъуэн Жамболэт, КIэбышэ Аслъэн сымэ. Зи гукъыдэжыр къэзыIэтыну хуей псори фрагъэблагъэ.
- ДгъэлъэпIэну къелэжь
- Тхьэзэплъыж Ислъам соцIыху министерствэм щыщыIа зэманым щегъэжьауэ. И щхьэр течауэ схужыIэнущ абы щыгъуэ щэнхабзэмкIэ министру лэжьа Ефэнды Джылахъстэн Ислъам хуэдэу фIыуэ илъагъу, пщIэ зыхуищI дэIэпыкъуэгъу зэримыIар. Ар абы къилэжьат Iуэхум фIыуэ зэрыщыгъуазэмкIэ, пщэрылъ хуэпщI дэтхэнэ зы къалэнри нэгъэсауэ зэрызэфIигъэкIымкIэ. И къулыкъум и зэран и гуащIэм тIэкIу екIам пцIы хэлъкъым, ауэ зэи театр Iуэхур IэщIыб имыщIын хузэфIэкIащ абы.
- Нэхъыщхьэ дыдэу сэ къыхэзгъэщыну сызыхуейр Ислъам хузэфIэкIам хуэдэ зыхуэщIэн режиссёр куэд зэрыщымыIэрщ. Зи гугъу сщIыр узыхуейм хуэдэ театр къызэбгъэпэщынырщ. IутIыж Борис и цIэр зезыхьэ цIыхубэ Литературэ театрым и цIэ кърамыIуэу къагъанэ хъунукъым, ди къалэм, республикэм и гъуазджэ IуэхущIапIэхэм я гугъу щащIкIэ. Абы лъэпкъым, щIэблэр адыгэ нэсу къэгъэхъуным, я зэхэщIыкIым зегъэужьыным, нэгъуэщIхэми ехьэлIауэ къалэнышхуэ и пщэ къыдохуэ, тэмэмуи полъэщ.
- ЖысIэнуращи, фIыуэ солъагъу си ныбжьэгъуфIыр, шыгъупIастэ Iэджэ дэсшхащ, цIыху хьэлэлщ, гу пцIанэщ, къыдэгъуэгурыкIуэхэм пщIэшхуэ зэрахуищIым хуэдэу, езыри дгъэлъэпIэну къелэжь.
- ТЕУВЭЖ СулътIан,
- Музыкэтеатрым и режиссёр нэхъыщхьэ.
- Театрымрэ театреплъымрэ
- Иужьрей зэманым куэд ятх хъуащ сабийм дежкIэ гъуазджэм мыхьэнэуэ иIэм теухуауэ. ЖаIэ къудей мыхъуу, куэд ялэжь а къалэн гугъур зи пщэ къыдэхуэхэм. Абыхэм ящыщщ театрыр. Ауэ театр гъуазджэр сабийм зыхищIэн папщIэ, ар къыгурыIуэу гъэсэн хуейщ.
- Псори зыщIэу къалъху щыIэкъым. Апхуэдэу щыщыткIэ, щысабий дыдэм щегъэжьауэ хэпщэн хуейщ гъуазджэр сабийм и гъащIэм, абы етын хуейщ художественнэ щIэныгъэ, и гущIэр хуэм-хуэмурэ дахагъэм къыхуэушын хуэдэу. Ауэ, дауэ? Сыт хуэдэ щIыкIэкIэ? IэмалкIэ? Мис ар, дауи, гугъущ. Гугъуми, «Iуэху мыублэ блэ хэсщ» жыхуаIэращ. Ирехъу нобэрей ди псалъэмакъыр абы и пэублэ. Дэ дыхущIэкъунщ дытепсэлъыхьыну искусствэм и зы Iыхьэ ин икIи гугъу — театрым, абы сабийр гъэсэнымкIэ мыхьэнэуэ иIэм.
- Гуащэ театрым сабийхэми нэхъ къэжэпхъахэми хуагъэуващ спектакль зыбжанэ. Театрищми я репертуарым сабийхэм папщIэ спектакль щыхэмыт къэхъуркъым. Мыхьэнэшхуэ иIэщ «Сабийхэмрэ театрымрэ» жаIэу, илъэс къэс абы я тхьэмахуэ зэрыхухахым. Махуэшхуэ пэлъытэу, ахэр зэIущIэ гъэщIэгъуэну йокIуэкI, а лэжьыгъэмкIи театрхэм къапщытэж сабийм хуалэжьар. Ауэ сабийхэм хуэлэжьэныр а тхьэмахуэ къудеймкIэ иухыркъым. Спектакль гъэувыныр лэжьыгъэ ныкъуэщ, ар зыхуэгъэза еплъынухэм я деж нэмысмэ. Сабийхэм папщIэ бгъэув спектаклым къиIэт Iуэхугъуэр хуэгъэзауэ щытын хуейщ абы и ныбжьым. Армыхъумэ, я фIэщ ухъунукъым, къоплъынукъым, къодэIуэнукъым. ЕтIуанэу, сабийр къэгъэпцIэгъуафIэ ди гугъэщ дэ. Ар пэжкъым. ПцIыр абы и фIэщ хъуркъым икIи зыбгъэдигъэхьэркъым. Сабийм занщIэу гу лъетэ утыкум ит актёрым тIэкIу зыщIригъэхыу, щхьэхынэ псэлъэкIэ щищIым и деж. ДжэгуакIуэм игу хэмыхьащэу щилъагъукIэ, зиплъыхьын, зигъэкIэрэхъуэн, нэхъыкIэжыращи, хущхьэн щIедзэ. Сабийм пцIы зэрыхэмызагъэм и щыхьэту, мыри сигу къэкIыжащ. Унэм сыкъыщыщIэкIым, «уздэкIуэм сыздэшэ», — жиIэу зыкъыскIэрызыщIа цIыкIум жызоIэ: «Си дзэр Iуезгъэчыну сокIуэ, уздэсшэ хъунукъым». «КхъыIэ, псори Iуумыгъэч», — къыспидзыжащ зи ныбжьыр илъэситхум ит сабийм. Дауи, абы къипх хъунущ мыпхуэдэу: «СощIэ сыкъызэрыбгъапцIэр, ауэ псори зэуэ Iуебгъэчмэ, сыт щхьэусыгъуэу пщIыжын?»
- Сабийхэр щыджэгукIэ уакIэлъыплъмэ, куэдым гу лъыботэ. Ахэр зэпымыууэ мэджэгу, театру зыкъагъэлъагъуэ, ролхэр зэхуагуэшауэ, зыхуеину хьэпшыпхэр къагъуэтауэ, къалъыса образхэм хуэфащэу я макъхэр яхъуэжу, я зекIуэкIэхэр нэгъуэщIу ящIу, щыгъын зэмылIэужьыгъуэхэр ящыгъыу. Мис а джэгун щыщIадзахэм и деж зэхагъэкIыфу хуожьэ абы фIымрэ Iеймрэ. Iей- мэ, зызэкIэщIишу, макъ гъумыжькIэ псалъэу, нэщхъхэр ищIу. ФIымэ, Iэдэбу, кIий-гуо хэмыту псалъэу. Ар сыткIэ мытеатррэ? Дауи, а щыджэгухэм и деж абыхэм къагъэсэбэп театрым щалъэгъуахэр.
- Хэт тхьэкIумэкIыхьу, хэт бажэу, адрейр мыщэу, еплIанэр псори зыгъэхъужыф дохутыру. Абыхэм зыпащIыж ялъэгъуа персонажхэм, ягу къагъэкIыж я зэхущытыкIэр. Хэт бзаджэми, хэт захуэми, хэт къуаншэми зыпащIыж щхьэкIэ, езыхэр артисту къонэж, я еплъыкIэ гуэрхэр халъхьэж. Си гугъэмкIэ, мис мыбдежщ театрым и гъэсэныгъэ нэхъыщхьэм и щIэдзапIэр, и мыхьэнэр здэщыIэр. ИкIи а зэманым ирихьэлIэу щIэдзапхъэщ ахэр театрым пыщIэн щIэдзэныр, абы я гущIэм къыщыуша эстетическэ зыхэщIэр гъуэгу тэмэмкIэ унэтIыныр. Сабийм илъэгъуа спектаклым имыгъэпIейтеяуэ щытмэ, хъуакъым а лэжьыгъэр, ауэ зыпащIыжу, езыхэм къехъулIэм еплъыну яужь щихьэкIэ, къапкърыхьащ а зэплъар. Сабийхэм деж унэмыс, дэ балигъхэри спектаклыфIыр е фильмыр дигу нэса нэужь, нэхъыфIу, нэхъ жану дылажьэу дохъу. Аращ гъуазджэм и къалэн нэхъыщхьэри: зыгуэрым укъыхуигъэушыну, укъыхузэщIиIэтэну, ухуигъэпэбгъэну. Сабийр гъуазджэм къыхуэбгъэушмэ, абы и гъащIэр гъунапкъэншэ, и зыхэщIэр нэхъ куу мэхъу. Сыту жыпIэмэ, сыт хуэдэ гъуазджэ нэгъэсари дерсщ икIи махуэшхуэщ. Сабийр а дахагъэм хуэдэгумэ, хуэкъулейсызмэ, зэшыгъуэщ абы и гъащIэр, и сабиигъуэр. ЩIэблэм дахэр зыхезыгъащIэр, театрыр абы и гъащIэм хэзышэр адэ-анэрщ, сабий садым щыIэ гъэсакIуэхэрщ, иужькIэ егъэджакIуэхэрщ. ЦIыкIухэм къазэрыгурыIуэнкIэ, егъэщIэн хуейщ гъуазджэм и лIэужьыгъуэ псори, псом хуэмыдэу театрыр. Нэхъапэм телевизорхэр, радиохэр щынэхъ мащIэм, цIыхухэр зэрыхьырт театрым. Адэ-анэхэм хуэсакъыу я нэIэ трагъэтыпхъэщ сабийхэр зэплъыпхъэхэм. Телевизорым къит псоми цIыкIухэр щIеплъын щыIэкъым, абы хухахахэрщ ялъагъун хуейр. Арыншэмэ, Iейри фIыри яхузэхэмыгъэкIыу ахэр къэнэнкIэ шынагъуэщ. Адэ-анэхэр я бын цIыкIухэр я гъусэу театрым кIуэуэ, гъуазджэм теухуа хъыбархэр жраIэу, зэрызэщхьэщыкI лIэужьыгъуэхэр хуаIуатэу, театрым и фIагъыр къыгурагъаIуэу щытмэ, хуэм-хуэмурэ художественнэ щIэныгъэ иратыфынущ я бынхэм. Адэ-анэм жызыIэн къахэкIынщ: «Дэ а псор дэнэ щытщIэн? Ди зэманым абы хуэфэщэн гулъытэ хуащIыфу щытакъым».
- Иджы сабий репертуарым теухуауэ. Нэхъыбэм къащохъу цIыкIухэр зэплъыпхъэр таурыхъхэм къытращIыкIа спектаклхэр арауэ. Таурыхъ къудейкIэ зэфIэкIынукъым сабийм хуэгъэза репертуарыр. Я ныбжьым елъытауэ ахэр егъэплъын хуейщ жанр зэмылIэужьыгъуэхэм. ЕджакIуэ гуп театрым къэзыша егъэджакIуэм спектакль нэужьым лэжьыгъэ мащIэ къыхукъуэкIыркъым. Зэплъа спектаклым зэгъусэу тегъэпсэлъыхьыжын, тегъэтхыхьыжыным сэбэпынагъышхуэ къишэнущ. Я гупсысэ къаIуатэр лъэныкъуэкIэ екIуэкIыу щыуэмэ, егъэджакIуэм гъуэгу захуэ тригъэувэжыпхъэщ. Ауэ спектакль нэужьым егъэкIуэкIын хуей лэжьыгъэм нэхърэ нэхъ мащIэкъым абы ипэкIэ егъэкIуэкIын хуейри. Ди жагъуэ зэрыхъущи, школми унагъуэми ар щыхуагъэхьэзырыркъым залым зэрыщIэсын хуейм, спектаклыр щIидзэху зэманыр зэригъэкIуэну щIыкIэм. Апхуэдэу щытми, Iупхъуэр къызэIуахыу сабийм я тIысыпIэр зрагъэгъуэтыху, гъэсэныгъэ лэжьыгъэ мащIэ абы яку дэлъкъым. Хэт и билетыр Iэпыхуащи, и тIысыпIэр игъуэтыжыркъым, хэт и цIыхугъэ гуэр къилъэгъуауэ абы йогуо, хэти къыIэрыхьа тIысыпIэр егъэкIыргъ. Сабийхэр гъэсабырын, а зэплъынум хуэгъэхьэзырын, цIыкIухэр усэ кърагъаджэу, уэрэд жрагъэIэу, театрым и лэжьакIуэ а махуэм спектаклым хэмытхэр сабийхэм епсалъэу гъэкIуэн хуейщ а зэманыр. Станиславскэм «театрыр щыгъын фIэдзапIэм къыщыщIедзэ», жиIамэ, сабий театрым нэхъ жыжьэу къыщыщIедзэ. Ар театр бжэIупэрщ. Бжэм деж уащыIущIэу, уащыгуфIыкIыу, махуэшхуэ пэлъытэу къызэгъэпэщын хуейщ.
- Школым щеджэ сабийр самодеятельностым хэшэн зэрыхуейм теухуауэ. КлассщIыб лэжьыгъэ къызэзыгъэпэщ егъэджакIуэр Iэмал имыIэу хущIэкъунущ сабийхэм гупжьей зэмылIэужьыгъуэхэр къахузэригъэпэщыным. Сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, егъэджакIуэхэм къагуроIуэ апхуэдэхэм хэт еджакIуэхэм я зэхэщIыкIым зэрызиужьыр, гулъытэ яIэу, набдзэгубдзаплъэу къызэрыхъур. Бзэмрэ литературэмкIэ егъэджакIуэхэмкIэ хуабжьу щхьэпэщ апхуэдэ гупжьейхэр. Иджырей сабийр хуабжьу Iущщ. Абы куэд зэхех, куэдым щыгъуазэщ, щыгъуазэIуэщ. гупжьейхэр гъэщIэгъуэну къызэбгъэпэщрэ сабийр абы дебгъэхьэхыфмэ, зэи мыкIуэдыжын жылэ щыхэпсащ абы и гущIэм. Апхуэдэ гупжьейхэм къыщонахуэ сабийм талант гъэпщкIуа иIэмэ. Iэмал имыIэу щыткъым самодеятельностым хэта псори артист мыхъуну. Псалъэм папщIэ, инженер е дохутыр хъуауэ ар дахэу усэ къеджэмэ, уэрэд жиIэмэ, и гъащIэр нэхъ къулей, щыз хъуакъэ?! Ауэ псом нэхърэ нэхъыщхьэжыр — сабийм зэраныну, хьэулеину хущIэмыхьэу сэбэпынагъ зыпылъ IуэхукIэ и зэманыр гъэнщIынырщ.
- Иджы театрым япэу кIуэ нэхъ цIыкIуIуэхэм папщIэ чэнджэщхэр. Театрым укIуэну мурад пщIамэ, зумыгъэгувэ. ЩIидзэным сыхьэт ныкъуэ и пэ иту нэс. Уи тIысыпIэр зыIэрыбгъэхьамэ, пэплъэ адэкIэ къэхъунум. Театрым и фойер уэрамкъым, абы къыщыбжыхь, ущыкIий хъунукъым. Спектаклыр щекIуэкIкIэ артист джэгухэм уапэмыпсэлъэж, узэплъ спектаклыр къызэрыпщыхъумкIэ къыббгъурысым удэмыгуашэ, зыхуэгъэшэч антрактыр къэсыху.
- ТХЬЭЗЭПЛЪЫЖ Ислъам.
- ФIым фIыщIи щIыхьи щIыгъущ
- Псэхуэлажьэ
- Тхэн IэщIагъэм къалэмыр къызэрыхуэсщтэрэ къызогугъуэкI цIыху щхьэхуэм сытетхыхьыну. Абы щхьэусыгъуитI иIэщ. Япэр: тхыгъэ зыхуэстхым фIагъ-Iэзагъыу бгъэдэлъ псори къэслъагъуу цIыхум я деж нысхуэхьэсыну пIэрэ? ЦIыхур цIыхущи, лъэныкъуэ куэду мэпщIыпщI. ЕтIуанэр: гуемыIу хъун е сызыщымыгъуазэ гуэр хэлъмэ-щэ абы и Iуэхум? Сэ пщIыпщIу къысфIэщIар тецIуукIа фIамыщIу къыщIигъэщыжмэ-щэ и IуэхущIафэ гуэрым?.. Абы къыхэкIыу, куэдым сатетхыхьакъым, яхужысIэн гуапагъэ сигу яхуилъ пэтми. Ауэ, сызыгъэчэнджащэ гурыщхъуэхэр лъэныкъуэ езыгъэзыж IуэхущIафэ зыдэслъэгъуа цIыхум си къалэмыр хущIолъэт. Тхьэзэплъыж Ислъам апхуэдэхэм ящыщщ.
- Тхьэзэплъыж
- Тхыгъэ зыхуэзгъэфащэ цIыхум и унэцIэращ япэу сызэгупсысыр. Абы и лъэпкъыр пщы-уэркъым ящыща, цIыху цIэрыIуэ куэд къыхэкIа, къулыкъущIэр я куэд жысIэу сеплъкъым, атIэ унэцIэм къиIуатэмрэ абы щIыгъу цIэр цIыхум зэрекIумрэ согупсыс. Тхьэзэплъыжым и унэцIэр егъэпэж. Адыгэм «уи тхьэ узэреплъщ» жиIэмэ, «уи напэ къызэребгъэзэгъщ» жиIэу кърегъэкI. Тхьэзэплъыж Ислъам и Iуэху бгъэдыхьэкIэр, зехьэкIэр, зэфIэхыкIэр апхуэдизкIэ гугъэзагъэщи, куэдрэ гущIэм щимыгъэфIа, гурэ псэкIэ зэмылэжьа зы Iуэху утыку кърихьэнукъым, зыщысхьыжи ищIэнукъым. Ари дауэ? НэфIэгуфIэрэ зыхэтым гукъыдэж яриту, жьы щIэтрэ зыхуэIэижь лэжьыгъэм еджэгуэкI-егушыIэкI защIэу и Iуэхур зыхуейм нигъэсу!
- Театрыр зи гъащIэ
- Тхьэзэплъыж Ислъам и гъащIэр тыхь зыхуищIыр театрыращ. ЩищIалэгъуэм джэгуащ, пьесэ игъэуващ; къулыкъум щыпэрыхьам театрым гулъытэу хуищIыр фIэмащIэу сценарийхэр итхыурэ абы хуэлажьэхэр игъэлъэпIащ, пшыхьхэр яхузэхишащ; иджыпсту и къару псори сабий театрым ирехьэлIэ. Мис а иужьрей лэжьыгъэм гулъытэ щхьэхуэ хуэфащэщ!
- Адыгэбзэр Iум ирелъхьэ
- Ислъам и дежкIэ мы гъэр хуабжьу лъапIэщ. Ар езыр илъэс 75-рэ мы мазэм ирикъуащ, IутIыж Борис и цIэр зэрихьэу къызэригъэпэща сабий театрыр — илъэсипщI! IуэхуфIхэмкIэ гъэнщIауэ къызэринэкIа и илъэс бжыгъэмкIэ сехъуэхъуну къалэмыр къэсщтауэ аракъым, атIэ а адыгэлIыр ди лъэпкъым и къалэн нэхъыщхьэ дыдэм зэрыхуэлажьэм папщIэ фIыщIэ хуэсщIыну аращ. Махуэ къэскIэ зи анэдэлъхубзэм пэIэщIэ хуэхъу лъэпкъым пщэрылъу иIэм я щхьэжщ къыщIэхъуэ щIэблэм бзэр Iурилъхьэныр. Ислъам зытелажьэр аращ. Къалэ еджапIэм театр къыщызэбгъэпэщу, адыгэбзэр нэхъ Iэзэ дыдэу зыгъэбзэрабзэу диIа тхакIуэ IутIыж Борис и цIэ лъапIэр абы фIэпщу, къалэдэс сабийм зыры- зыхэу адыгэ псалъэхэр и Iум иплъхьэну, анэдэлъхубзэм къыхуэбгъэуша абы и гур литературэм и лъагъуэкIэ театрым хуэпшэну, ар сыт и уасэ!
- ФIыщIэ
- Ислъам, уи щхьэри, уи пщIэри уи цIэм хуэдэу лъапIэщ. ЛъапIэныгъэ уиIэу, узыхуэлажьэ лъэпкъым и зэхэщIыкI плъагъужу, уи къару илъу, уи лъэ узэрихьэу тхьэм илъэс куэдкIэ утхуигъэпсэу, утхуигъэлажьэ!
- АБРОКЪУЭ Беллэ,
- «Нур» журналым и редактор нэхъыщхьэ, усакIуэ.