ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Апрель, 2019

КъБР-м и ЛIыщхьэр хэтащ лъэпкъ проектхэр зэрагъэзащIэм теухуауэ екIуэкIа къэрал зэхуэсым

2019-04-09

  • Къэбэрдей-Балъкъэрым и Iэтащхьэм и къалэнхэр пIалъэкIэ зыгъэзащIэ КIуэкIуэ Казбек хэтащ УФ-м и Премьер-министр Медведев Дмитрий лъэпкъ проектхэр зэрагъэзащIэм теухуауэ Подмосковьем махуищкIэ щригъэкIуэкIа зэхуэсым.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: КъБР-м и Правительствэм

И цIэр макъамэу мэIу

2019-04-09

  • Налшык Музыкэ театрым щекIуэкIащ Урысейм и цIыхубэ артист, РСФСР-м щIыхь зиIэ и артист, КъБР-м, Къалмыкъым я цIыхубэ артист, КъБР-м и Къэрал саугъэтым и лауреат Темыркъан Борис теухуа пшыхь. Композиторыр илъэс куэдкIэ и унафэщIу щытащ Урысейм и композиторхэм я зэгухьэныгъэм и Къэбэрдей-Балъкъэр щIыналъэ къудамэм, ар КъБР-м и Жылагъуэ палатэми хэтащ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Пшыхьхэр

Нобэрэ пщэдейрэ

2019-04-09

  • Мэлыжьыхьым и 9, гъубж
  • Куржым и лъэпкъ зэкъуэтыныгъэм и махуэщ. 1991 гъэм Куржым и Совет Нэхъыщхьэм унафэ къищтащ я къэралыгъуэр зэфIэгъэувэжыным теухуауэ.
  • Косовэ Республикэм и Конституцэм и махуэщ
  • 1667 гъэм дунейм щыяпэу гъуазджэм и произведенэхэм я дунейпсо выставкэ Париж къыщызэIуахащ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

2019-04-09

  • Адыгэ кином и махуэхэр
  • Адыгей.УФ-м и Кинематографистхэм я зэгухьэныгъэм и къудамэу Адыгейм щыIэм и унафэщI Нэгъаплъэ Аскэрбий и жэрдэмкIэ мэлыжьыхьым и 9 — 14-хэм Краснодар иджы япэу щекIуэкIынущ Адыгэ кином и махуэхэр. Кубанькином щагъэлъэгъуэнущ адыгэ лъэпкъым и тхыдэм, абы и хабзэхэм ухэзыгъэгъуазэ фильмхэр.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Ди къуэш республикэхэм

Лъэпкъхэм я зэгурыIуэныгъэрщ зыужьыныгъэм и лъабжьэр

2019-04-09

  • Иджыблагъэ КъБР-м и Жылагъуэ палатэм щекIуэкIащ лъэпкъхэм, дин зэмылIэужьыгъуэхэр зезыхьэхэм я зэхущытыкIэхэр гъэтэмэмынымкIэ лэжьакIуэ гупым я зэIущIэ. Абы щыхэплъащ республикэм ис лъэпкъхэр зэгурыIуэнымкIэ, дин Iуэхухэр тэмэму зэтегъэувэнымкIэ мы зэманым екIуэкI лэжьыгъэхэм.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: КъБР-м и Жылагъуэ палатэм

Лъэпкъыр зыгъэгушхуа Бэгъэпщ Сергей

2019-04-09

  • Абхъазым и щхьэхуитыныгъэр Урысеймрэ нэгъуэщI къэралхэмрэ къыщалъыта зэманым Республикэм и пашэу щыта Бэгъэпщ Сергей зи цIэр иджырей тхыдэм къыхэнэнухэм ящыщщ. Псэужамэ, Абхъазым и етIуанэ Президентым гъатхэпэм и 4-м игъэлъэпIэнут и илъэс 70-р.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Юбилей

2019-04-09

  • Франджы  «Газета»-р Къэнжал  зауэм  топсэлъыхь
  • 1709 гъэм гъатхэпэм и 23-м Франджым къыщыдэкIа «Газета»-р («La Gazette» — 1631 гъэм къыщыщIэдзауэ Франджы пащтыхьыгъуэм и унафэкIэ дунейпсо мардэм тету къыдагъэкI) Къэнжал зауэм теухуа хъы-бар къытридзауэ щытащ. ФIыщIэ хуэфащэщ ар къэзыгъуэту хэIущIыIу зыщIа тхыдэ щIэныгъэлI, адыгэхэм ятеухуа тхылъ мымащIэ хамэбзэхэм кърихыурэ дэзыгъэцIыхуа Мэлбахъуэ Къэралбий. Дызытепсэлъыхь тхыгъэр «си нэкIэ слъэгъуарэт» жызыIэхэм ар щызрагъэхъулIэфынущ къыдэкIыгъуэм и электрон архивым.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Япэу тыдодзэ

Археологиемрэ  туризмэмрэ

2019-04-09

  • Ди гуапэ зэрыхъунщи, зи нэгу зезыгъэужьыну ежьэхэм куэд яхэтщ здэкIуэ щIыналъэхэм ижькIэрэ щыпсэуа лъэпкъхэм лIэщIыгъуэкIэрэ къадекIуэкIа щэнхабзэм, архитектурэм, тхыдэм щыгъуазэ зыхуэзыщIын зыфIэфIхэри. Апхуэдэ «гъуэтыгъуэ» ахэр изыгъахуэ IэмалыфIхэм ящыщщ «Археологие туризм» зыфIаща унэтIыныгъэщIэри.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

Сэ  зыкъэслъыхъуэжу

2019-04-09

  • НАТХЪУЭ  Къадыр, тхакIуэ (США, Нью-Йорк)
  • ГукъэкIыжхэр
  • ГъащIэр зэрыкIыхьыр, псэр зэрыIэфIыр, напэр зэрылъапIэр, дунейм узэрезэгъын Iэмал псоми я нэхъыфIыр цIыхугъэрауэ зэрыщытыр уи фIэщ зыщI Натхъуэ Къадыр и гукъэкIыжхэр зэрыхуа тхылъыр напэкIуэцI щиплIым ноблагъэ. ПщIэуэ къыпфIэщI куэдым нэгъуэщIынэкIэ урегъэплъыж зи гъащIэ гъуэгуанэ мытыншыр и хьэтыр тлъагъун хуэдизкIэ Iэзэу, и пэж къызэрымыкIуэр къытхуэщтэн хуэдизкIэ гунэсу ди пащхьэ къизыхьа тхьэмадэм. МащIэу тхылъым къыхэча хъуами, IэдакъэщIэкIыр зейр нэгум нэхъ къыщIэзыгъэувэу къытфIэщI сатырхэр газетеджэм и пащхьэ къыдолъхьэ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

Утыкур  зыгъэдахэхэр

2019-04-09

  • Мэлбахъуэ Тимборэ и цIэр зезыхьэ Лъэпкъ библиотекэм Театрым и илъэсым ехьэлIа зэIущIэ гуапэ щекIуэкIащ. «Дискуссионная площадка: читаем, смотрим, обсуждаем. Диалог актёра и зрителя» зыфIаща пшыхьым кърагъэблэгъат Къэбэрдей-Балъкъэрым и Музыкэ театрым и лэжьакIуэхэр, ахэр щIэджыкIакIуэ ныбжьыщIэхэм хуагъэзэн, зэрагъэпсэлъэн папщIэ. Ар къызэрагъэпэщащ библиотекэм щеджэ и пэшымрэ гъуазджэхэмкIэ къудамэмрэ я унафэщIхэу, КъБР-м щIыхь зиIэ и лэжьакIуэхэу Сэкрэк Заремэрэ КIуж Заремэрэ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Театр

Дыщэ  медалу  16

2019-04-09

  • Мы махуэхэм Къэрэшей-Шэрджэсым и къалащхьэ Черкесск къалэм щекIуэкIащ тхэквондомкIэ Кавказ Ищхъэрэ щIыналъэм и зэпеуэшхуэ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Спорт хъыбархэр

Лъэныкъуэ  куэд  къызэщIэзыубыда   гъащIэ  хьэлэмэт

2019-04-09

  • И ныбжьыр илъэс 80 ирикъуащ Налшык и  «Спартак»-м и лъабжьэр зыгъэтIылъахэм ящыщ зы, дэнэ щIыпIэ щыIэми адыгэ Iуэхур япэ изыгъэщ топджэгу, гъэсакIуэ икIи щIэныгъэлI Iэзэ Наурзокъуэ Юрэ. Къэралпсо утыку ихьэну Къэбэрдей-Балъкъэрым и командэр 1959 гъэм къыщызэрагъэпэщым ар япэу ирагъэблэгъащ, абы и тренер нэхъыщхьэуи тIэунейрэ щытащ. ИужькIэ щIэныгъэм зритри, экономикэ щIэныгъэхэм я кандидат хъуащ икIи мыхьэнэшхуэ зиIэ къэхутэныгъэ зыбжанэ иригъэкIуэкIащ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: ДифI догъэлъапIэ

ЩыкIуам  нэхъыфIат

2019-04-09

  • «Спартак-Налшык» (Налшык) — «Волгарь» (Астрахань) — 1:2 (1:1). Налшык. «Спартак» стадион. Мэлыжьыхьым и 6-м. ЦIыху 200 еплъащ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Футбол