«Вагъуэшэсхэм» я зэфIэкIыр
2019-04-30
- Къулъкъужын Ищхъэрэ (Къуэнхьэблэ) ЩэнхабзэмкIэ и унэм иджыблагъэ щекIуэкIащ «Вагъуэшэсхэр» джэгурэш-зэпеуэр. Ар къызэзыгъэпэщари езыгъэкIуэкIари Бахъсэн щIыналъэм егъэджэныгъэмкIэ и IэнатIэм пэщIэдзэ классхэмкIэ и методист АфэщIагъуэ Маритэщ. Зэхьэзэхуэм хэтащ районым и еджапIэхэр.
- ПэщIэдзэ классхэм щеджэхэм я бзэм зегъэужьыным, гъащIэм зыщыIууэ Iуэхугъуэхэм нэ жанкIэ цIыкIухэр хэгъэплъэным, ди лъэпкъым къыдекIуэкI гушыIэхэмрэ ауанхэмрэ ящIэлъ гупсысэ нэхъыщхьэр зыхегъэщIэным, утыку итыкIэм егъэсэным, зэфIэкI зыбгъэдэлъ сабийхэр къэхутэным, лъэпкъ хабзэм дегъэхьэхыным хуэунэтIат зэхьэзэхуэр.
- Зэпеуэр IыхьиплIу гуэшат. «Хъуэхъуэрисэ, псалъэисэ» арат зэреджэр япэ Iыхьэм. Джэгурэшым хэта гупхэм къэпщытакIуэхэми кърихьэлIахэми зыкърагъэцIыхуни къыдахьэхыни хуейт, адыгэ хъуэхъужьхэр, псалъэжьхэр, псалъэ шэрыуэхэр къагъэсэбэпу.
- КърихьэлIахэм гукъинэж ящыхъуащ «ШыкъумцIий и кхъузанэ» етIуанэ Iыхьэри. Дэтхэнэ гупми екIуу ягъэхьэзырат къызыдэкIа къуажэм епха хъыбар гъэщIэгъуэнхэр, гушыIэ купщIафIэхэр, тхыгъэ хьэлэмэтхэр, къуажэр къызэращIэ, къызэрацIыху щIыпIэхэр, Iуэху дахэхэр, нэгъуэщIхэри.
- Нэгузыужьт «Ди къуажэ амкIыщхэр» зыфIаща Iыхьэри. Дэтхэнэ зыми гушыIэ теплъэгъуэ кIэщI игъэхьэзырат, макъамэ щIэту.
- «Псалъэгъашэ нанэгъэшэрыуэ» Iыхьэм гупхэм я пашэхэр щызэхьэзэхуащ. «Нобэрей махуэм жысIэнур жызмыIэу сыщIэкIыжмэ, думп жысIэу сызэгуэудынущи, фыкъэдаIуэ…» гупсысэм пащэну я къалэнт абыхэм. Я ныбжьым емылъытауэ, сабийхэм екIуу икIи гукъинэжу зыкъагъэлъэгъуащ.
- КъэпщытакIуэ гупым хэтащ Бахъсэн щIыналъэм егъэджэныгъэмкIэ и IэнатIэм и унафэщI Абрэдж Тамарэ, районым щыIэ методикэ къудамэм и Iэтащхьэ Абазэ Ларисэ, профсоюз зэгухьэныгъэм и пашэ Молэ Хьэсэн, методистхэу БешкIур Светэрэ Нанэ Любэрэ. КъэпщытакIуэхэм я дежкIэ тынштэкъым гупхэр увыпIэкIэ зэщхьэщыхыныр, дэтхэнэми зэфIэкI лъагэхэр яIэу зэрызыкъагъэлъэгъуам къыхэкIыу. Iуэхум жыджэру хэтащ икIи япэ увыпIэр хуагъэфэщащ ХьэтIохъущыкъуей дэт прогимназием къикIа «Шыбжий сырхэр» гупым. ЕтIуанэ хъуащ Къулъкъужын дэт курыт еджапIэ №3-м и «Къуэнхьэблэ вагъуэхэр», ещанэ увыпIэр иратащ Ислъэмей дэт курыт еджапIэ №4-м и «Нарт вагъуэм».
- ПэщIэдзэ классхэм щезыгъаджэхэм щIэныгъэ куурэ гъэсэныгъэ екIурэ щIэблэм зэрыбгъэдалъхьэфыр, лъэпкъ тхыдэмрэ хабзэмрэ сабийхэм япкърыту къызэрагъэтэджым теухуауэ псалъэ гуапэхэр жиIащ Абрэдж Тамарэ. Апхуэдэу абы къыхигъэщащ джэгурэш зэпеуэр дяпэкIи щIыналъэм щегъэкIуэкIын зэрыхуейр. ЕгъэджакIуэхэми, адэ-анэхэми, сабийхэми лэжьыгъэ купщIафIэ къызэрырахьэлIам, еджапIэхэм я унафэщIхэми я гуащIэрэ зэманрэ Iуэхум зэрытрагъэкIуэдам папщIэ фIыщIэ яхуищIащ АфэщIагъуэ Маритэ.
- Зэпеуэм хэтахэми ахэр зыгъэхьэзыра егъэджакIуэхэми фIыщIэ тхылъхэр хуагъэфэщащ.
- Тхыгъэри сурэтхэри зейр
- ТАБЫЩ Динарэщ.