ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Март, 2019

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэр къызэрызэрагъэпэщрэ илъэси 100 зэрырикъум теухуа гуфIэгъуэхэмкIэ къызэгъэпэщакIуэ комитетым и япэ зэIущIэр КIуэкIуэ Казбек ирегъэкIуэкI

2019-03-30

  • КъБР-м и Iэтащхьэм и къалэнхэр пIалъэкIэ зыгъэзащIэ КIуэкIуэ Казбек дыгъуасэ иригъэкIуэкIащ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэр къызэрызэрагъэпэщрэ илъэси 100 зэрырикъум зыхуэгъэхьэзырынымкIэ къызэгъэпэщакIуэ комитетым и япэ зэIущIэр. Абы хэтащ КъБР-м и Парламентымрэ Правительствэмрэ я унафэщIхэр, КъБР-м къегъэщIылIа федеральнэ инспектор нэхъыщхьэ Ткачёв Е. А., профсоюз, жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм, муниципальнэ районхэмрэ къалэ округхэмрэ я лIыкIуэхэр.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: КъБР-м и Правительствэм

Гукъыдэжрэ дэрэжэгъуэрэ

2019-03-30

  • Къэбэрдей-Балъкъэрым Iэтауэ щагъэлъэпIащ Балъкъэр лъэпкъым и къэщIэрэщIэжыныгъэм и махуэр.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Пшыхьхэр

Къэбэрдей-Балъкъэрыр яхэтщ сымаджэ нэхъ хьэлъэ дыдэхэм якIэлъыплъ IэнатIэ Урысейм щыяпэу къыщызэрагъэпэща щIыналъэхэм

2019-03-30

  • Урысейпсо цIыхубэ фронтым къыхилъхьа жэрдэмым ипкъ иткIэ къэралым и щIыналъэу 25-м щагъэунэхуу щIадзащ паллиативнэ дэIэпыкъуныгъэ зэтегъэувэным теухуа проектыр. Къапщтэмэ, апхуэдэ щIыналъэхэм ящыщщ Москва, Тулэ, Рязань, Сахалин областхэр, Къэбэрдей-Балъкъэрыр, Осетие Ищхъэрэ — Аланиер, Дагъыстэныр, Тэтэрстаныр, Санкт-Петербург къалэр. Проектыр гъэзэщIэным кърикIуэхэр Правительствэм и пащхьэ иралъхьэжынущ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

Балъкъэр лъэпкъым и къэщIэрэщIэжыныгъэм и махуэр республикэм Iэтауэ егъэлъапIэ

2019-03-30

  • ГуфIэгъуэ зэхыхьэхэр щекIуэкIащ республикэм и муниципальнэ районхэмрэ къалэ округхэмрэ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

Мы махуэхэм

2019-03-30

  • Гъатхэпэм и 30, щэбэт
  • «ЩIым и сыхьэт» акцэр ирагъэкIуэкI. Дыкъэзыухъуреихь дунейм хуэсакъын, абы и хъугъуэфIыгъуэхэр зэгъэзэхуауэ къэгъэсэбэпын зэрыхуейм цIыхухэм иджыри зэ гу лърагъэтэн мурадкIэ къызэрагъэпэщ 2007 гъэ лъандэрэ. Абы хэтхэм нобэ щIыпIэ зэманымкIэ сыхьэт 20-рэ дакъикъэ 30-м уэздыгъэхэр ягъэункIыфI икIи ар зы сыхьэткIэ ягъаблэркъым.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

Лъэпкъ гвардием и тхьэIухудхэр

2019-03-30

  • «Урысей гвардием и тхьэIухуд- 2019» зыфIащауэ Урысей гвардием иригъэкIуэкI зэпеуэм и щIыналъэ Iыхьэр зэфIэкIащ. Абы щытекIуахэр иджыблагъэ щагъэбелджылащ Пятигорск къалэм.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Зэпеуэхэр

Си еджапIэ — си къежьапIэ

2019-03-30

  • Iуэху зехьэкIэ пэрыт
  • Сыт къэралым и пщэдейр зэлъытар?
  • ЦIыхум и гупсысэр узэщIыным, абы и хьэл-щэныр зэтегъэувэным, щIэныгъэ егъэгъуэтыным зи лэжьыгъэр къыгуэхыпIэ имыIэу епхахэм ящыщщ егъэджакIуэхэр. А къалэнхэр къызыхуэтыншэу зэфIэхыныр жэуап-лыныгъэ ин зыпылъ Iуэхугъуэщ, сыту жыпIэмэ, нобэ къытщIэхъуэ щIэблэм едгъэгъуэт дуней еплъыкIэм, бгъэ-дэтлъхьэ зэхэщIыкIым елъытащ къэралым и къэкIуэнур. А псори къэзылъытэу зи IэнатIэр езыхьэкI егъэджакIуэ гумызагъэщ Дзэлыкъуэкъуажэ дэт курыт школ №1-м адыгэбзэмрэ литературэмрэ щезыгъэдж Iэпщэ (Тау) Залинэ Нэщир и пхъур.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Егъэджэныгъэ

Зыгъэпсэхугъуэ махуэм

2019-03-30

  • Псалъэжьхэр
  • Зэхэпх псор уи фIэщ умыщI
  • ФIыгъуэм я нэхъыщхьэр зэгурыIуэщ.
  • Щэным я нэхъ дахэр тэмакъкIыхьщ.
  • ХьэщIэр гъафIэ, цIыхуфIыр лъытэ.
  • ЩIалэм ебгъэлъагъур и гъуэгущ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Малъхъэдис

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и къалэнхэр пIалъэкIэ зыгъэзащIэ КIуэкIуэ К. В. Балъкъэр лъэпкъым и къэщIэрэщIэжыныгъэ махуэм теухуа и хъуэхъу

2019-03-28

  • Къэбэрдей-Балъкъэрым и цIыхухэу пщIэ зыхуэсщIхэ!
  • МахуэшхуэмкIэ — Балъкъэр лъэпкъым и къэщIэрэщIэжыныгъэ махуэмкIэ си гуапэу сынывохъуэхъу.
  • Къэбэрдей-Балъкъэрым и тхыдэм мыхьэнэ хэха щызиIэ а пIалъэр пэжымрэ захуагъэмрэ я дамыгъэу уващ. Республикэм и дежкIэ лъэпкъпсо мыхьэнэ зиIэ а махуэм дэ балъкъэр лъэпкъым социально-экономикэ, щэнхабзэ, щIэныгъэ зыужьыныгъэм и лъэныкъуэкIэ къихьа ехъулIэныгъэхэм, абы и гурыщIэ лъагэмрэ зэфIэкIышхуэмрэ дрогушхуэ. Къэбэрдей-Балъкъэрым, зэрыщыту Урысейм ис адрей лъэпкъхэм ящIыгъуу ар пщэдейрей махуэм фIыкIэ хоплъэ икIи мамырыгъэмрэ социальнэ зыужьыныгъэмрэ я гъуэгум тету тегушхуауэ япэкIэ макIуэ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хъуэхъу

Къэбэрдей-Балъкъэрым зэгурыIуэныгъэ ирищIылIащ Урыс географие зэгухьэныгъэм

2019-03-28

  • КъБР-м и Iэтащхьэм и къалэнхэр пIалъэкIэ зыгъэзащIэ КIуэкIуэ Казбекрэ Урыс географие зэгухьэныгъэм и япэ вице-президент, Совет Союзым и ЛIыхъужь, Урысейм и ЛIыхъужь Чилингаров Артуррэ Iэ традзащ зэрызэдэлэжьэнум теухуа зэгурыIуэныгъэм.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: КъБР-м и Правительствэм

КъэкIуэнум хуоплъэ

2019-03-28

  • Илъэс 20-м щIигъуауэ (1995 гъэ лъандэрэ) гъатхэпэм и 28-р ди республикэм щыдогъэлъапIэ Балъкъэр лъэпкъым и къэщIэрэщIэжыныгъэм и махуэу. А лъэпкъым ехьэлIауэ захуагъэр тепщэ щыхъужа а махуэшхуэр гъэувыным лъабжьэ хуэхъуащ 1957 гъэм СССР-м и Совет Нэхъыщхьэм и Президиумым къыдигъэкIауэ щыта Унафэр. Абы ипкъ иткIэ къащтащ «Къэбэрдей АССР-р Къэбэрдей-Балъкъэр АССР-у зэхъуэкIыным и IуэхукIэ» республикэ хабзэр. Апхуэдэу зэфIагъэувэжащ Балъкъэр лъэпкъым и къэралыгъуэр.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

ШэсыпIэ ирехъу!

2019-03-28

  • Ди къуэш, ди шыпхъу лъапIэхэ!
  • ПIалъэ гъуэзэджэмкIэ — Балъкъэр лъэпкъым и къэщIэрэщIэжыныгъэ махуэмкIэ — Дунейпсо Адыгэ Хасэм и гъэзэщIакIуэ гупым и цIэкIэ сынывохъуэхъу!
  • Нобэ КъБР-м и лъэпкъ гуфIэгъуэр — Балъкъэр лъэпкъым и къэщIэрэщIэжыныгъэ махуэр егъэлъапIэ. Абы балъкъэрхэр щрагъэкIам яшэча бэлыхьри, адэжь щIыналъэм къызэрагъэзэжам къахуихьа гуфIэгъуэри къызэщIэзыубыдэ мыхьэнэ иIэщ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хъуэхъу

2019-03-28

«Балкария» къэрал къэфакIуэ гупым и зэфIэкIыр инщ.

Зыхыхьэхэр: Хэха

IэнатIэ гугъу

2019-03-28

  • Урысей гвардием Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щиIэ къудамэм и унафэщI полицэм и полковник Васильев Сергей я лэжьыгъэм щигъэгъуэзащ журналистхэр. ЗэIущIэр къызэрагъэпэщат УФ-м и Лъэпкъ гвардием и махуэм ирихьэлIэу.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

МэшбащIэ Исхьэкъ: «Уи блэкIам зыщыбгъэгъуазэмэ, ипэкIэ уегъаплъэ икIи уегъэкIуатэ»

2019-03-28

  • Зэманымрэ лъэпкъ зэмылIэужьыгъуэхэм щыщ цIыхухэм я зэхущытыкIэхэмрэ кууэ къыщыгъэлъэгъуэжа «Ажал гъуэгу» тхыдэ романыр иджыблагъэ и Iэдакъэ къыщIэкIащ Адыгэ, Къэбэрдей-Балъкъэр, Къэрэшей-Шэрджэс республикэхэм я цIыхубэ тхакIуэ, СССР-мрэ Урысей Федерацэмрэ я Къэрал саугъэтхэм, Шолоховым, Островскэм я цIэкIэ щыIэ литературэ саугъэтхэм я лауреат МэшбащIэ Исхьэкъ. Ар тхакIуэм и тхыдэ роман тIощIрэ езанэщ. Тхыгъэм лъабжьэ хуэхъуащ 1708 гъэм адыгэхэм текIуэныгъэ ин къыщахьа Къэнжал зауэр.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

« Раньше