МэшбащIэ Исхьэкъ «Урысей Федерацэм ЛэжьыгъэмкIэ и ЛIыхъужь» цIэ лъапIэр къыфIащащ
2019-04-30
- Мэлыжьыхьым и 29-м Кремлым щекIуэкIащ «Урысей Федерацэм ЛэжьыгъэмкIэ и ЛIыхъужь» цIэ лъапIэр зыхуагъэфэщахэр щагъэлъэпIа зэхыхьэр.
- Зи гугъу тщIы цIэ лъапIэр 2019 гъэм зратахэм яхэхуащ ди лъэпкъэгъу цIэрыIуэ усакIуэ, тхакIуэ, цIыхубэ лэжьакIуэ МэшбащIэ Исхьэкъ.
- «Урысейм ЛэжьыгъэмкIэ и ЛIыхъужь» цIэ лъапIэр УФ-м нэхъ лъагэ дыдэу щызекIуэ къэрал дамыгъэщ. Абы теухуа дэфтэрым зэрыжиIэмкIэ, а саугъэтыр ягъэувауэ щытащ «пщIэнтIэпс къабзэм, псэемыблэжу ягъэзащIэ лэжьыгъэм и пщIэр яIэтын папщIэ». ЦIэ лъапIэр хуагъэфащэ «къэралымрэ лъэпкъымрэ я пащхьэ ехъулIэныгъэ къызэрымыкIуэ къыщызыгъэлъэгъуахэм, урысей цIыхубэм я гъащIэр езыгъэфIакIуэ IуэхукIэ жыжьэ кIуэтэфахэм».
- ЦIэ лъапIэр зыфIаща цIыхуитхур утыку къришэн и пэкIэ, къэрал унафэщIым дэтхэнэ зыми дыгъуасэ псалъэ гуапэкIэ зыхуигъэзащ. МэшбащIэ Исхьэкъ и гугъу щищIым, Путин Владимир къыхигъэщащ абы и IэдакъэщIэкIхэм нэхърэ мынэхъ мащIэу, и зэдзэкIыгъэхэми мыхьэнэшхуэ зэраIэм: «Кавказ Ищхъэрэ псор зыгъэлъапIэ абы и усэ телъыджэхэр урысыбзэкIи нэгъуэщIыбзэхэмкIи Iуащ. Махуэ къэс узримыхьэлIэ бзэхэм язу щыт адыгэбзэмкIэ урыс литературэм и хъугъуэфIыгъуэхэр зэрызэридзэкIам папщIэ усакIуэм пщIэ лей къелэжь. Ар совет зэманым фIыуэ зыщызыужьа, иджы, ди жагъуэ зэрыхъущи, Iэпэдэгъэлэл тщIа лэжьыгъэщ, дызыхуэныкъуэ куэд тIэщIигъэхуу, икIэщIыпIэкIэ зэтегъэувэжын хуейуэ. Лъэпкъ зэмылIэужьыгъуэхэм я щэнхабзэхэмкIэ зэхъуэжэну Iэмал къезыт, урыс литературэми зезыгъэужь а лъэныкъуэмкIэ уиIэ ехъулIэныгъэхэр дэркIэ хуабжьу лъапIэщ».
- МэшбащIэ Исхьэкъ къэрал унафэщIми зэхыхьэм къеблэгъахэми псалъэ гуапэкIэ защыхуигъазэм, и псалъэм къыхигъэщащ а саугъэтыр езым и закъуэ хуагъэфэщауэ къызэримылъытэр. «Си дежкIэ мыхьэнэшхуэ зиIэ цIэ лъапIэр урыс литературэ щэджащэм, сэ сыкъызыхэтэджыкIа, Урысейм ис лъэпкъ псоми я литературэм, шэч хэмылъуи, адыгэ-шэрджэс литературэмрэ си хэку Адыгэ Республикэмрэ къыхуагъэфэщауэ къызолъытэ», — жиIащ тхьэмадэм.
- Нэхъыжьым гуфIэгъуэр даIыгъыну зэхыхьэм еблэгъахэщ Адыгэ Республикэм и Iэтащхьэ КъумпIыл Мурат, КъБР-м и Iэтащхьэм и къалэнхэр пIалъэкIэ зыгъэзащIэ КIуэкIуэ Казбек, КъШР-м и Iэтащхьэ Темрезов Рашид, ДАХ-м и тхьэмадэ Сэхъурокъуэ Хьэутий, сенатор Хъупсырокъуэ Мурат, Къэрал Думэм и депутат Хьэсанэ Мурат, н.
- МэшбащIэ Исхьэкъ и гъусэу цIэ лъа-пIэр зыфIащахэм ящыщщ Приморский крайм хыхьэ «Южморрыбфлот» IуэхущIапIэм и унафэщI Антонов Сергей; «Урысей гъущI гъуэгухэр» зэгухьэныгъэм и Новосибирск къудамэм хыхьэ Инскэ гъущI гъуэгу станцым и лэжьакIуэ Бочкарёвэ Ольгэ; Новгород Ищхъэрэ областым хыхьэ «Завод Красное Сормово» зи фIэщыгъэ IуэхущIапIэм и унафэщI Жарков Николай; КъБР-м мызэ-мытIэу щыхьэщIа, Вахтангов Евгений и цIэр зэрихьэу Мэз-куу дэт къэрал драмтеатрым щылажьэ артист цIэрыIуэ Лановой Василий.
- МэшбащIэ Исхьэкъ къыфIаща цIэ лъапIэр хуэмахуэну дохъуэхъу, Тхьэмадэ гуащIафIэр адэкIи узыншэу. Тхьэм ди япэ иригъэт.
- ЧЭРИМ Марианнэ.