ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Гъэкъэси, сыт щыгъуи

2019-04-30

  • Щхьэусыгъуэ зимыIэ щыIэкъым. Апхуэдэ дыдэщ мы зэманым Гъатхэмрэ Лэжьыгъэмрэ я гуфIэгъуэу дгъэлъапIэ Накъыгъэм и 1-р. Зэуэ жытIэнщи, абы и лъабжьэхэр куущ. Накъыгъэ гуфIэгъуэхэр ягъэ лъапIэу щытащ Пасэрей Римым и зэманми. Тхьэ гуащэ Майя и щIыхькIэ ирахьэжьэ а Iуэхур хэIэ тыкIауэ  къекIуэкIащ. Накъыгъэм и япэ махуэм гъатхэм и  гуфIэгъуэу, щIыуэпсым и къэщIэрэщIэжыгъуэу  Урысейм щагъэуващ Пётр Езанэм и тетыгъуэми.

  • ЕпщыкIуиянэ лIэщIыгъуэм и кIэухым зиужьащ Ев ропэм и къэралхэм я промышленностым. Фабрикэхэм зыщаубгъуащ Америкэ Ищхъэрэми. Ахэр зыгъэлэжьэн хуейт. Абы къыхэкIыу цIыхухэр къуажэхэм дэкIыурэ къалэхэм Iэпхъуэрт. Фабрикэхэм я хъуреягъкIэ къыщыунэ хурт жылэщIэхэр. ГъащIэм зихъуэжырт, арщхьэкIэ, куэдрэ зэрыхъуу, псэукIэр зэIыхьэрт. ЛэжьакIуэхэр факъырэт, лэжьэгъуэ махуэр кIыхь дыдэт. Фабрикэхэмрэ заводхэмрэ зейхэм абыхэм иратыр мащIэ дыдэт.
  • Ауэрэ профсоюзхэри къэунэхуащ, апхуэдэ дыдэу  гуащIэрыпсэухэмрэ мылъкушхуэ зиIэхэмрэ я зэпэ щIэтыныгъэр нэхъ куу хъуащ. США-м и Чикаго къалэмрэ Канадэмрэ лэжьакIуэхэм зыкъыщаIэтащ. АрщхьэкIэ  тетыгъуэр зейхэм цIыхухэм ялъ ягъэжащ. ЕтIуанэ Интернационалым 1889 гъэм бадзэуэгъуэм и 14-м (Франджы революцэр илъэсищэ щрикъу махуэм) Париж щригъэкIуэкIа япэ конгрессым и уна фэ кIэ Накъыгъэм и 1-р ГуащIэрыпсэухэм я махуэу ягъэуващ. Урысей империем япэ дыдэу а махуэр 1891 гъэм Санкт-Петербург щэхуу  щагъэлъэпIауэ щытащ.
  • 1917 гъэм екIуэкIа Февраль революцэм и ужькIэщ Урысейм а гуфIэгъуэр нахуэу щаIэт щыхъуар. Абы и ужькIэ щыIа Октябрь революцэм Накъыгъэм и 1-р къэралым и нэхъ гуфIэгъуэ ин дыдэхэм хуигъэкIуащ. Иджы абы зэреджэр ГуащIэрыпсэухэм дунейпсо зэ хуаку зэгурыIуэныгъэм и махуэт. СССР-р къутэжыхукIэ а гуфIэгъуэм и щIыхькIэ пэкIухэр, уеблэмэ, дзэ па рад хэр зэхагъэхьащ.
  • Накъыгъэм и 1-м зыхуагъэхьэзырырт жьыми щIэми. ЦIыхухэр зыр адрейм ехъуэхъурт махуэшхуэм фIы гъуэ къахудэкIуэну. Дэнэ щIыпIи ныпхэр къы щы фIадзэрт.  Къалэхэм я уэрамхэм гуащIэрыпсэу минхэр  ирикIуэрт, гъащIэфI къезыта властхэм яхуэ хъуахъуэу. Псори нэжэгужэт.
  • Иджы, зэрытщIэщи, Накъыгъэм и 1-р Гъатхэмрэ Лэ жьыгъэмрэ я махуэу къэнэжащ, езы гуфIэгъуэри, адрейхэми яхуэдэу политикэ Iуэхуу щытыжкъым. АрщхьэкIэ хабзэр хабзэщ. Накъыгъэм и 1-р цIыхухэм я зы гъэп сэхугъуэ махуэщ, ар ягъэлъапIэ гъэ къэси икIи сыт щыгъуи. Апхуэдэуи лIэщIыгъуэхэм япхрыкIынущ.
  • Шал  Мухьэмэд.