ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Апрель, 2019

Лъэпкъым и напэ анэдэлъхубзэ

2019-04-23

  • КъыдэкIуэтей щIэблэм я анэдэлъхубзэр фIыуэ егъэлъагъуным хуэунэтIауэ ди щIыналъэм лэжьыгъэ ин щокIуэкI. Шэч хэмылъу, абы и къызэгъэпэщакIуэхэм фIыуэ къагуроIуэ къызыхэкIа лъэпкъым и тхыдэр цIыхухэм ямыщIэмэ, анэдэлъхубзэр яIурымылъмэ, нобэмрэ пщэдеймрэ я зэпыщIэныгъэр зэрызэпычынур.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: ДАХ

Егъэджэныгъэм зегъэужьыным топсэлъыхь

2019-04-23

  • КъБР-м и Парламентым «Правительствэм хухах сыхьэтым» хыхьэу, депутатхэр тепсэлъыхьащ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм егъэджэныгъэ Iуэхур зэрыщызэтеубламрэ абы зэрызрагъэужьыну Iэмалхэмрэ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: КъБР-м и Парламентым

Нобэрэ пщэдейрэ

2019-04-23

  • Мэлыжьыхьым и 23, гъубж
  •  Тхылъымрэ авторым и хуитыныгъэхэмрэ я дунейпсо махуэщ
  •  Инджылызыбзэм и дунейпсо махуэщ
  •  Испаныбзэм и махуэщ
  •  Тыркум щагъэлъапIэ я къэрал суверенитетымрэ сабийхэр хъумэнымрэ я махуэр

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

Псори абы хуэдэу дунейм дытетыфатэмэ…

2019-04-23

  • Журналист Iэзэ, тхакIуэ Тхьэмокъуэ Барэсбий Гъумар и къуэр 1940 гъэм накъыгъэм и 25-м Шэджэм Езанэ къуажэм (иджы Шэджэм къалэм) къыщалъхуащ. Абы школыр къыщиухри, Барэсбий щеджащ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым и тхыдэ-филологие факультетым. 1965 — 1968 гъэхэм ар щылэжьащ Пермь, Свердлов областхэм къыщыдэкI газетхэм, Каменск-Уральск къалэ газетым и редактор нэхъыщхьэм и къуэдзэу щытащ. 1968 гъэм Къэбэрдей-Балъкъэрым къигъэзэжри, Барэсбий журналистикэм и IэнатIэ зыбжанэм щылэжьащ — телевиденэм и редактор нэхъыщхьэу, абы и къудамэхэм ящыщ зым и унафэщIу. Илъэс зыбжанэкIэ абы зэрихьащ КъБР-м Печатымрэ хъыбарегъащIэ IэнатIэхэмкIэ и министерствэм и къудамэм и унафэщI къулыкъур. 2003 гъэм щегъэжьауэ «Адыгэ псалъэ» газетым и политикэ обозревателу щытащ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

Мамырыгъэм и Тхьэгъуш

2019-04-23

  • «МэзгъэфIэнхэм я лъэмакъ» («March for Parks») фIэщыгъэр иIэу 1990 гъэм япэ дыдэу США-м къыщрахьэжьа Iуэхур ЩIы Хъурейм тет къэралхэм ящыщу 200-м щIигъум, мэлыжьыхьым и 19-м къыщыщIэдзауэ и 26 пщIондэ, щагъэлъапIэ. ГъэщIэгъуэныр аращи, ЮНЕСКО-м и жэрдэмкIэ 1970 гъэм къыхалъхьа «ЩIым и махуэ» (International Mother Earth Day) зыфIаща дунейпсо Iуэхури мэлыжьыхьым и 22-м хуагъэзащ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Махуэгъэпс

Адыгэ бзылъхугъэ

2019-04-23

  • ЕгъэджакIуэ, унафэщI, депутат
  • Тэрч районым хыхьэ Инарыкъуей къуажэм дэт курыт еджапIэм и унафэщI Тумэ Валентинэ илъэс 23-рэ хъуауэ егъэджэныгъэ Iуэхум и гуащIэ хелъхьэ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

ЩIэблэм дытелэжьэху

2019-04-23

  • ХьэтIохъущокъуэ Къазий и цIэр зезыхьэ Адыгэбзэ Хасэм иригъэкIуэкI лэжьыгъэхэм нэмыщI, мы гъэм щIэуэ къыхилъхьащ «Усэпсэ» зыфIища хэгъэгу зэпеуэр. Абы кърихьэлIат адэшхуэ-анэшхуэхэри, адэ-анэхэри, адыгэбзэмрэ литературэмрэ езыгъэджхэри, пэщIэдзэ классхэм щIэс цIыкIухэри.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Зэпеуэхэр

«Хъыджэбз десантыр» ягъэунэху

2019-04-23

  • Урысей гвардием КъБР-м щиIэ къудамэм Калашников Михаил къызэралъхурэ илъэси 100 щрикъум ирихьэлIэу къызэригъэпэщащ «Хъыджэбз десант» зыфIаща Iуэхур. Абы зыкъыщагъэлъэгъуащ Урысей географием и «Альтаир» зэгухьэныгъэм хэт пщащитхум.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

Къэбэкъауэр къикIыну?

2019-04-23

  • Мэлыжьыхь мазэм ипэхэм Интернет дунейр къызэщIэхъеящ, Iуащхьэмахуэ къикIынкIэ шынагъуэу жаIэу. Ар пэжрэ пцIырэ зэхигъэкIыну, «АиФ-СК» газетым и лэжьакIуэ Теккеев Ислъам зыхуигъэзащ вулканолог Милюков Вадим.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: УпщIэхэмрэ жэуапхэмрэ

Бабыгуей Олег и зи чэзу текIуэныгъэ

2019-04-23

  • Рязань дэт «Академия единоборств» спорткомплексым щекIуэкIащ УФ-м и МВД-м дзюдомкIэ и чемпионат. Абы хэтащ къэралым и щIыналъэ куэдым къикIа спортсмен 400-м щIигъу.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Спорт хъыбархэр

Зы тхьэмахуэм – джэгугъуитI

2019-04-23

  • «Черноморец» (Новороссийск) — «Спартак-Налшык» (Налшык) — 0:0. Новороссийск. «Центральный» стадион. Мэлыжьыхьым и 17-м. ЦIыху 1000 еплъащ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Футбол