Урысейм и ЛIыхъужь МэшбащIэ Исхьэкъ
2019-04-30
- Апхуэдэ диIэкъым
- Дэнэ щIыпIэ дыкъыщыхутами, дэ къэтлъыхъуэр 1763 — 1864 гъэхэм екIуэкIа Урыс-Кавказ зауэжьым и зэранкIэ зи лъахэр къэзыбгынэу хэхэс псэукIэ бзаджэр зыгъэва ди лъэпкъэгъухэм я щIэблэхэрат. ИкIи къэдгъуэтырт апхуэдэхэр. Ауэ…ИЛЪЭС куэд щIащ сэ МэшбащIэ Исхьэкъ ныбжьэгъу сызэрыхуэхъурэ. ЗекIуэ и вакъэ лажьэркъым жыхуаIэу, си напщIэм телъ а ныбжьэгъугъэр къыздисхауэ щытар КъуэкIыпIэ Гъунэгъум щызэпысча гъуэгуанэхэрат: 1969 гъэм туристхэм срагъусэу Сириемрэ Ливанымрэ сыкIуат. Абы щыгъуэ сэ илъэс тIощIрэ щырэ сыхъуу арат, а зекIуэм и фIыгъэкIэ къэзгъуэта си ныб-жьэгъур сэ нэхърэ илъэс 16-кIэ нэхъыжьт. Ауэ, нэхъыжьыфIти, сигъэныбжьэгъуу, сигъэгушхуэу сызригъэгъусащ. Апхуэдэу щIэхъуар зыкъомкIэ елъытагъэнт ди Iуэху еплъыкIэхэр зэрызэтехуэм, хэхэс гъащIэр натIэ зыхуэхъуа ди лъэпкъэгъухэм ехьэлIауэ къыдэфыкI узхэмкIи дызэрызэщхьым.
- Адэжьхэм я хэкум ирамыгъэзэгъа ди лъэпкъэгъу насыпыншэхэм а хамэ щIыпIэхэми псэупIэ щратыртэкъым: 1967 гъэм израилыдзэхэр къызытеуа щIыпIэхэр адыгэхэм нэхъыбэу хэщIапIэ ящIа щIыпIэхэрати, мо тхьэмыщкIэ къомым, я щхьэр щIахьэри, адэ-мыдэкIэ егъэзыпIэ щащIат. Мис ахэр къэгъуэтыгъуафIэтэкъым. Ауэ абыхэм захуэдмыгъазэу ди гум тхутегъэхуэнутэкъыми, дымыщхьэхыу къэтлъыхъуэрт ахэр. Псом хуэмыдэу темыпыIэжыр, емызэшэжыр усакIуэ МэшбащIэ Исхьэкът. Адыгэхэм я щхьэм кърикIуа насыпыншагъым теухуауэ сэри ди гъусэхэми дымы-щIэ куэдым щыгъуазэт ар. А хъыбар гуауэхэм дыщIигъэдэIуу сыхьэт бжыгъэкIэ дыщигъэст. Дызыхуэза ди лъэпкъэгъухэм къыджаIэхэр и дэфтэрым иритхэрт, ахэр зи тегъэщIапIэрэ гущIэм зыкъыдэзыгъазэ усэщIэхэм дригъэдаIуэрт нэхъ и ужькIэ.
- Сириемрэ Ливанымрэ дыкъикIыжа нэужь, МэшбащIэр куэдрэ ялъыгъуэзащ унафэщIышхуэхэм. Зыхуейр лIот? ХамэщIым щыпсэу адыгэхэм я дунейр зэрыкIыфIыр яжриIэу, абыхэм зыгуэркIэ защIэгъэкъуэн зэрыхуеймкIэ лъаIуэу арат. Ауэ «уи мыIуэху зумыхуэ», къыжраIэ мыхъумэ, къапих щыIэтэкъым. «Зи мыIуэху зезыхуэ» тхакIуэм хузэфIэкIрати, тIысырти, усэбзэкIэ и щхьэм хуэтхьэусыхэжырт, адыгэхэм я тхыдэр лъабжьэ зыхуищI усэ уахътыншэхэр итхырт. Абдежхэращ дунейм къыщытехьар нобэ ди лъэпкъэгъуу хъуам яIурылъ «Адыгэхэр» уэрэд цIэрыIуэр къызытращIыкIа усэр.
- Илъэс щэ ныкъуэ хъуащ си ныбжьэгъу нэхъыжьымрэ сэрэ дызэрызэрыцIыхури, абы адыгагъэу, цIыхугъэу дэслъагъур сэркIэ щапхъэфIщ, ауэ Исхьэкъ ещхь хъугъуафIэкъым, псом япэрауэ, и талантышхуэмкIэ, итIанэ — и дуней тетыкIэ дахэмкIэ. Абыхэм щIэхъуэпсын, Исхьэкъ удэплъейуэ псэун хуейуэ аращи…
- 2006 гъэм Истамбыл щекIуэкIырт Дунейпсо Адыгэ Хасэм и VII Зэхуэсышхуэр. Дауи, МэшбащIэ Исхьэкъи абы кърихьэлIат. Гухэхъуэт а Лъэпкъ Хасэшхуэм литературэмкIэ игъэува саугъэт лъапIэр си ныбжьэгъу нэхъыжь МэшбащIэм и роман телъыджэхэм папщIэ къызэрыратыр плъагъуныр. Апхуэдэ гуфIэгъуэ куэд си нэгу щIигъэкIащ Адыгэ Республикэми, Къэбэрдей-Балъкъэрми, Къэрэшей-Шэрджэсми я цIыхубэ тхакIуэ, РСФСР-ми СССР-ми я Къэрал саугъэтхэр зыхуагъэфэща си ныб-жьэгъу нэхъыжь МэшбащIэ Исхьэкъ. Абыхэм я закъуэкъым Исхьэкъ адыгэхэр дызэригъэгуфIэр, дызэригъэгушхуэр — Хэку литературэм хуищIа хэлъхьэныгъэ инхэм папщIэ, МэшбащIэм къратащ къэрал дамыгъэ лъапIэ куэд, Адыгэ Республикэми Краснодар крайми абы къыхуагъэфэщащ цIыхушхуэхэр зэрагъэпажэу яIэ дамыгъэ нэхъ лъапIэ дыдэхэр.
- Жылагъуэ лэжьыгъэм жыджэру зэрыхэтыр, ди къэралым щыпсэу лъэпкъхэм я зэныбжьэгъугъэр, мамырыгъэр гъэбыдэным псэемыблэжу зэрыбгъэдэтыр къалъытэри, МэшбащIэ Исхьэкъ къыхуагъэфэщащ «Мамырыгъэм щIэбэн» дыщэ медалыр, Урысей лъэпкъ фондым и «Жылагъуэм зэригъэлъапIэ» дыщэ щIыхь нагъыщэр.
- Дауи, мис а псори къалъытащ абы Мейкъуапэ къалэм щIыхь зиIэ и гражданин цIэр къыщыфIащми, Урысейм и ЛIыхъужь цIэр къыщратами.
- Нобель саугъэтыр къуатыну, къыпфIащыну пхуэфащэщи, ари къыплъагъэсауэ Тхьэм дигъэлъагъу, си ныбжьэгъу нэхъыжьыфI Исхьэкъ!
- ХЬЭФIЫЦIЭ Мухьэмэд,
- УФ-м щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, КъБР-м,
- Адыгэ Республикэм, КъШР-м щIыхь зиIэ я журналист.
- ТхакIуэ телъыджэ
- МэшбащIэ Исхьэкъ и къалэмыпэм къыщIэкIащ тхыгъэ купщIафIэ куэд — усыгъэ телъыджэхэр, роман гъуэзэджэхэр, ахэр Адыгейм и литературэм и лъагапIэ хъуащ, ди лъэпкъым и цIэмрэ и пщIэмрэ жыжьэ щагъэIуащ. Исхьэкъ и усыгъэхэр гъэнщIащ гъащIэм и пэжыпIэкIэ, уи акъылыр зыгъэлажьэ, гукъыдэжрэ дэрэжэгъуэрэ къозыт гупсысэ жанхэмкIэ. ТхакIуэм и романхэм лъабжьэ яхуэхъуар адыгэ тхыдэрщ — пасэрей адыгэ дзэпщ Ридадэ деж къыщыщIэдзауэ XIX лIэщIыгъуэм къэс.
- МэшбащIэ Исхьэкъ Шумахуэ и къуэр Краснодар крайм хыхьэ Щхьэщэхуж къуажэм 1930 гъэм накъыгъэ мазэм и 28-м къыщалъхуащ. 1951 гъэм Адыгей педучилищэр, 1956 гъэм Москва дэт Литературэ институтыр къиухащ, КПСС-м и ЦК-м деж щыIэ Парт школ нэхъыщхьэм щеджащ, «Социалистическэ Адыгей» газетым щылэжьащ. 1962 гъэ лъандэрэ МэшбащIэ Исхьэкъ Адыгейм и ТхакIуэхэм я зэгухьэныгъэм и тхьэмадэщ, ди къуэш республикэм къыщыдэкI литературэ журналхэм я редактор нэхъыщхьэщ; депутатхэм я Адыгей, Краснодар советхэм, СССР-м и Совет Нэхъыщхьэм хэтащ, Урысейм и Жылагъуэ палатэм ноби щолажьэ.
- МэшбащIэ Исхьэкъ и тхыгъэхэр щызэхуэхьэсауэ дунейм къытехьащ тхылъищэм щIигъу, абыхэм ящыщ куэд нэгъуэщI лъэпкъхэм я бзэхэм-кIэ зэрадзэкIащ. ЦIэрыIуэ дыдэ хъуащ Исхьэкъ и романхэр — «Щэрэ езанэ щхьэдэхыпIэ», «Ягъеяхэм пэплъэжыркъым», «Щхьэл мывэ», «ГъэритI», «Ридадэ», «Адыгэхэр», «Хъан-Джэрий», «КъуэкIыпIэмрэ КъухьэпIэмрэ», «ТIасхъэщIэх», «Ажал гъуэгу», нэгъуэщIхэри.
- ТхакIуэ цIэрыIуэм къратащ СССР-м, РСФСР-м, Адыгейм я Къэрал саугъэтхэр, Шолохов Михаил и цIэкIэ щыIэ, Дунейпсо Адыгэ Ха-сэм я саугъэтхэр.
- МэшбащIэ Исхьэкъ Адыгейми, Къэбэрдей-Балъкъэрми, Къэрэшей-Шэрджэсми я цIыхубэ тхакIуэщ, «Хэкум и пащхьэм щиIэ фIыщIэм папщIэ» орденым и II, III, IV нагъыщэхэр къратащ, иджы Урысейм и ЛIыхъужьщ. Исхьэкъ УФ-м и ТхакIуэхэм я зэгухьэныгъэм и правленэм и Iэтащхьэхэм ящыщщ, ЩIДАА-м, Абхъазым ЩIэныгъэхэмкIэ и академием хэтщ.
- КЪЭРМОКЪУЭ Хьэмид.
- ТхакIуэхэм я псалъэ
- Сэри абы щыхьэт сытохъуэ
- УСАКIУЭ псалъэр гупсысэ куу зыхэлъ Псалъэшхуэщ. Ар щIэбгъэщIэрэщIэни щыIэкъым. Ар уэри фIыуэ уощIэ, Исхьэкъ. Дауи, уэ езыми къыбгуроIуэж узэрыусакIуэр. Сэри абы щыхьэт сытохъуэ. Ауэ, сэ сыщынэхъыжькIэ, а Псалъэм щIызогъу: уэ уусакIуэшхуэщ, гу губзыгъэ зи бгъэм къыщеуэ уусакIуэ телъыджэщ. Кавказым и усакIуэ нэхъ ин дыдэхэм уащыщщ.
- КУЛИЕВ Къайсын.1981 гъэ
- УсакIуэ нэс
- ИСХЬЭКЪ и усыгъэ тхылъхэм укъыщеджэкIэ, уи нэгу къыщIохьэ абы и къуажэгъу Iущхэм я дунейр, я псэукIэ-щыIэкIэхэр, я хьэл-щэнхэр. Къыпщохъу абыхэм урахьэщIэу, урапсэлъэгъуу. Усыгъэм и къалэн нэхъ лъапIэу хъуар гъэзэщIа щохъу Исхьэкъ и тхыгъэхэм — Iуэхур апхуэдэу щIыщытыр си ныбжьэгъу МэшбащIэр усакIуэ нэсщи аращ.
- РОЖДЕСТВЕНСКИЙ Роберт.
- 1981 гъэ
- Хуэфащэу пещэ
- СИ НЫБЖЬЭГЪУ адыгэ тхакIуэшхуэ МэшбащIэ Исхьэкъ зи щIалэгъуэ дахэм насыпыфIэу къыхэтэджыкIахэм ящыщщ. Сэ ар соцIыху щыстудента илъэсхэм лъандэрэ. Си щхьэгъусэ, сурэтыщI Кончаловская Наталье занщIэу гу лъитат а щIалэщIэр усакIуэшхуэ зэрыхъунум. Ар икIи щыуатэкъым. СССР-м и ТхакIуэхэм я зэгухьэныгъэм хагъэхьэну абы тхылъ зэрестамкIэ сэри сыщыуатэкъым.
- МэшбащIэ Исхьэкъ ящыщщ Урысейм и ТхакIуэхэм я зэгухьэныгъэм нэхъ пщIэшхуэ дыдэ щызиIэхэм. Абы пщIэ хуэзымыщIрэ ар фIыуэ зымылъагъурэ яхэткъым лъэпкъыбэу зэдэлажьэ ди тхакIуэхэм. МэшбащIэм хуэфащэу пещэ и ныбжьэгъу нэхъыжьыфIхэу щытахэу КIыщокъуэ Алим, Кулиев Къайсын, Гамзатов Расул, Кугультинов Давид сымэ я IуэхущIафэ дахэ псоми.
- МИХАЛКОВ Сергей.2001 гъэ
- Тхыдэм и пэжыр
- МЭШБАЩIЭМ и усэхэр сыт щыгъуи узыгъэпIейтейщ. Ахэр зи IэдакъэщIэкIыр зи акъылыр тIыса, дуней и пIалъэ зыщIэ адыгэлI нэсщ. УсакIуэшхуэщ. Куэдым зэрыжаIэщи, Исхьэкъ и усыгъэхэм я тегъэщIапIэр и лъэпкъ тхыдэращ. А тхыдэм и пэжырщ абы и усэхэр псэ быдэ, удэзы-хьэх зыщIыр, езы усакIуэм пщIэрэ щIыхь-рэ къыхуэзыхьыр.
- ДАНГУЛОВ Саввэ.
- 1971 гъэ
- Шэч къытесхьэркъым
- ЗЫМИ ШЭЧ къытрихьэну къыщIэкIынкъым МэшбащIэ Исхьэкъ зэчий ин зыбгъэдэлъ усакIуэшхуэу зэрыщытым. Дауи, аращ абы псалъэ гуапэ куэд щIыхужаIэ-ри, дяпэкIи нэхъыбэж щIыхужаIэнури. Ар адыгэ усыгъэм и зэфIэкIым зезыгъэу-зэщI, зыгъэбжьыфIэ усакIуэшхуэщ.
- ИВАНОВ Всеволод.
- 1971 гъэ
- Тхьэм къыбгъэдилъхьэж
- ТАЛАНТ ин зиIэ тхакIуэшхуэ, и лъэпкъым хуэпэж, и псэм пищIу зи лъахэри Урысейри фIыуэ зылъагъу МэшбащIэ Исхьэкъ и творчествэ лъэщым щхьэкIэ гъунапкъэншэу фIыщIэ хузощI. И роман телъыджэхэмкIэ къыдит гуфIэгъуэр щэрэ минкIэ гъэбэгъуауэ езым Тхьэм къыбгъэдилъхьэж.
- ПРОКУШЕВ Юрий.2001 гъэ
- Зэбгъэдэпх хъунукъым
- КАВКАЗ Ищхъэрэм и усыгъэм Гамзатов Расул иIэмэ, МэшбащIэ Исхьэкъ зыхуэлажьэ абы и прозэри насыпыншэкъым. Расулрэ Исхьэкърэ зэбгъэдэпх хъуну-къым — тIуми талантышхуэ ябгъэдэлъщ, къызыхэкIа лъэпкъхэри, Урысейм и литературэри зыгъэбжьыфIэ цIыху цIэрыIуэхэщ.
- ИСАЕВ Егор. 1981 гъэ
- Апхуэдэу щIыщытыр
- СЭ КУЭДРЭ слъэгъуащ МэшбащIэ Исхьэкъ дэнэ щIыпIи, — Якутиеми, Краснодари, Смоленски, Налшыки, Ростови — цIыхухэр гуапэу къызэрыщыIущIэр. Апхуэдэу щIыщытыр гурыIуэгъуэщ: Исхьэкъ зи тхакIуэр адыгэхэм я закъуэкъым — ар лъэпкъыбэ урысей литературэр япэкIэ зыгъэкIуатэ шу пашэхэм ящыщщ.
- СОРОКИН Валентин.1991 гъэ
- Шу пашэ
- МЭШБАЩIЭ Исхьэкъ и творчествэм теухуауэ ятхахэм зыкъомкIэ сыщыгъуазэщи, абыхэм нэхърэ нэхъыфIи нэхъыби жысIэну сыпымылъу, Iуэхур гукъэкIыжхэм нэхъ тызогъащIэ…
- Горький Максим и цIэр зэрихьэу Мэзкуу дэт Литературэ институтым сыщыщIэтIысхьа 1955 гъэращ сэ Исхьэкъ япэ дыдэу сыщыхуэзар. Абы и пэкIэ сцIыхуакъым ар. Псыгуэнсу къуажэм щыщ къэбэрдей усакIуэ Мысачэ Пётррэ МэшбащIэмрэ 5-нэ курсым щIэст абы щыгъуэ. Дыгъуасэ Щхьэлыкъуэ еджапIэр къэзыуха сэ щIалэжь цIыкIум къызэлъытауэ, мохэр я творчествэкIи я теплъэкIи лIыт. Ауэ, пцIы щхьэ упсын хуей, зыкъысхуагъэщIагъуэртэкъым, зыкъысхуагъэлIыртэкъым, си щтэIэщтэблагъэр, IэпцIупцIу сызэрыхуэпар, си Iуэхур зэрымыщIагъуэр, стипендиеншэу (сыщыщIэтIысхьэм урысыбзэ тхэнымкIэ «щы» къэсхьат) сыкъызэрынар ялъагъурти, сыт хуэдизкIи сигу фIы къысхуащIырт, сымыгужьейуэ лIыгъэ зыхэгъэлъын зэрыхуейм сыхуагъэIущырт. Аркъудейтэкъым — Исхьэкъ абы щыгъуэ бынунагъуэ хъуакIэт. Щыпсэур ди общежитым пэгъунэгъубзэти, я деж дригъэблэгъэрейт. Зи тхыгъэхэр адыгэбзэкIи урысыбзэкIи щIэх-щIэхыурэ къытрадзэ, зи япэ тхылъри 1953 гъэм Мейкъуапэ къыщыдэкIа МэшбащIэ Исхьэкъ и унагъуэр хъарзынэу хуэщIауэ псэурти, зи ныбэ ныкъуэ, зи щIалэгъуэ-зи шхэгъуэ сэркIэ апхуэдэ бысым Тхьэм къузэритынт. Абы и закъуэ? Исхьэкъ и усэхэмкIи, литературэм теухуауэ сызригъэдаIуэхэмкIи сигъэнщIырт. Сэри ЩоджэнцIыкIу Алий, КIыщокъуэ Алим сымэ я усыгъэ зыкъом гукIэ сщIэ пэтми, а лъэныкъуэмкIи Исхьэкъ сылъэщIыхьэнутэкъым — абы Алий и поэмэу хъуари гукIэ къыбжиIэфынут. Сэ а лъэхъэнэхэм зыри зыхэзмыщIыкI КIэрашэ Тембот и творчествэм япэ дыдэ щыгъуазэ сызыщIари Исхьэкъщ.
- Апхуэдэ ди зэIущIэхэр щIэх-щIэхыурэ екIуэкIырт. ЗэрыжысIащи, ди общежитыр здэщыIэ Переделкинэрат МэшбащIэхи щыпсэур. Лекцэ нэужьхэм электричкэкIэ Мэзкуу дикIыжу дыщыкIуэжкIэ, Исхьэкъхэ я унэмкIэ дыблэкIыжын хуейти, «Фынеблагъэ, фи нысэм тхуигъэхьэзыра ерыскъым деплъынщ», — жиIэрэ къолъэIумэ, уи ныбжьэгъум и хьэтыр умылъагъуу дауэ хъунт? И жагъуэ тхуэщIыртэкъым…
- Махуэшхуэхэр гъэлъэпIэнри, илъэсыщIэр къигъэхьэнри МэшбащIэхэ я деж мызэ-мытIэу щедгъэкIуэкIащ. Апхуэдэу умыщIу къыпхуадэнутэкъым езы Исхьэкъи, хьэщIэ къегъэблэгъэнкIэ нэхъыфI узыгъэлъыхъуэн и щхьэгъусэми. Апхуэдэхэр зыщыбгъэгъупщэмэ, уфIыщIэгъэкIуэдщ, сэ Исхьэкъ и фIыщIагъэ куэд слъэгъуащ.
- МЕЙКЪУАПЭ къигъэзэжа нэужь къудейкъым МэшбащIэм къулыкъу IэнатIэ куэд зэрихьэн щыщIидзар — институтым щыщIэса илъэсхэми унафэщIхэм ящыщт ар: студентхэм ди комитетым и тхьэмадэт, парт, комсомол организацэхэми щыкъулыкъущIэт. ЖыпIэнурамэ, жьы зыщIэт, дэнэкIи хунэс щIалэ жыджэрт. Арат ар егъэджакIуэхэми еджакIуэхэми фIыуэ щIалъагъур. Иджыпсту слъагъум хуэдэу фIыуэ сощIэж институтыр къыщиухым абы и диплом лэжьыгъэм иращIэкIауэ щыта гуфIэгъуэ зэIущIэшхуэр зэрекIуэкIар. МэшбащIэм а пщыхьэщхьэм щытхъурэ псалъэ гуапэу къылъагъэсар зы тхылъ хъунт. Ин срихъуу седаIуэрт къэралым и тхакIуэ, усакIуэ цIэрыIуэхэу Чуковский Корней, Иванов Всеволод, Светлов Михаил сымэ, нэгъуэщIхэми Исхьэкъ къыхужаIэ щытхъушхуэхэм. Зи творчествэр фIым я нэхъыфIыжхэм хабжэ МэшбащIэм диплом плъыжьыр къыщратым иращIэкIа Iэгуауэ макъыр зэхэпхыныр гухэхъуэт…
- Илъэс 69-рэ япэкIэ апхуэдэ Iэгуауэхэр зыхуаIэту литературэм и гъуэгуанэшхуэм техьа си ныбжьэгъу МэшбащIэ Исхьэкъ и цIыхугъэкIи и талантышхуэмкIи псалъэ гуапэхэр, щытхъухэр къыхуагъэфащэу сыт щыгъуи къызэрекIуэкIым куэд щыгъуазэщ. Ар зэи укъэзымыгъэщIэхъун ныбжьэгъу пэжщ. ЦIыху жумартщ. Гулъытэшхуэ зыхэлъщ. А хьэл-щэныфIхэр абы куэдрэ щыдэслъэгъуащ Мэзкууи, Мейкъуапи, Налшыки. Дыщынэхъ щIалэхэм щыгъуэ ди лэжьыгъэхэмкIи, литературэ IуэхухэмкIи, тхакIуэхэм я юбилейхэр гъэлъэпIэным ехьэлIауи нэхъыбэрэ дызэкIэлъыкIуэу зэрыщытам шэч хэлъкъым. Абыхэм щыгъуэ Мейкъуапэ узэрыдыхьэу япэ узыхуэза уи цIыхугъэр, сэлам-чэлам нэужьхэм, занщIэу къоупщIырт: «Исхьэкъ флъэгъуа?» — жиIэрти.
- Абы къикIыр гурыIуэгъуэщ: Исхьэкъ ухуэзэмэ, абы зэфIимыхыфынрэ къыпхуимыщIэфынрэ щымыIэу арат. Зи зэманыр апхуэдизу зэпэубыда, щхьэIэтыпIэ зимыIэ (апхуэдэу щымытамэ, абы тхылъи 100-м щIигъу къыхудэгъэкIрэт?!) тхакIуэ, IэнатIэ Iэджэ зезыхьэ, жылагъуэ лэжьыгъэхэри зыгъэ-защIэ ди ныбжьэгъум псоми закъыдигъахуэрти ущIэкIуа Iуэхур пхузэфIигъэкIырт. Литературэм, лъэпкъ проблемэхэм ятеухуауэ псалъэмакъ щхьэпэхэр къыбдригъэкIуэкIырт. Я деж уишэу и щхьэгъусэ телъыджэм и шыгъупIастэ умышхауи къалэм укъыдигъэкIыжынутэкъым. Аркъудейкъым: «Фызытехьэжыну гъуэгум и кIыхьагъыр сэ фIыуэ сощIэ», — жиIэнти, гъуэмылэншэуи укъригъэжьэжынтэкъым.
- Пэж дыдэу, абы фIыуэ ещIэ Мейкъуапэрэ Налшыкрэ яку дэлъ гъуэгум и кIыхьагъыр: езыр гущхьэIыгъыуи (псом хуэмыдэу щынэхъ щIалэм щыгъуэ) е и шоферым зыкъригъашэури ар ди деж къэкIуэрейт — лъагъунлъагъу къудейуи, ди тхакIуэхэм я юбилейхэм хэтын папщIи. Апхуэдэ щхьэкIэ километр 1000-м нэблагъэ зэпызычыну гъуэгу техьэнкIэ хъунур адыгэ тхакIуэу хъуар дызыгъэныбжьэгъу, дэри пщIэ зыхуэтщI, КIэрашэ Темботрэ КIыщокъуэ Алимрэ я гъукIэгъэсэн, я цIыхугъэ лъагэу щытахэмкIи, я талантымкIи абыхэм ядэплъейуэ, я гъуэгум пызыщэу зи илъэс 89-р къезыхьэлIа си ныбжьэгъу нэхъыжь МэшбащIэ Исхьэкъ и илъэсищэ юбилейри щигъэлъапIэкIэ езым дэ къытхуищI гулъытэм хуэдэ зэригъуэтыжыр зылъагъунухэм я насыпщи, абы хэмынынхэм ящыщ Тхьэм дищI.
- ЕЛГЪЭР Кашиф,
- КъБР-м и цIыхубэ тхакIуэ.
- МэшбащIэ Исхьэкъ и усэ кIэщIхэр
- Зэманым и шэрхъ
- Уахъты кIэншэм и щIыхуэ пшыныжыпхъэ
- Стелъ хуэдэ,сыкIэлъожэ зэман шэрхъым.
- Сяпэ итми, ищIэркъым къэувыIэ,
- ЗэщIэплъауэ, гъущIышыр щIегъэIэ.
- МафIэ ужьыхыж
- Бжьыхьэ уэфIым и мафIэ дыхьэрэным
- И бзий зэмыфэгъухэр зэбгредз щхьэхынэу…
- Ди блэкIахэм щыщу къытхуэнэжыр
- И сахуэ закъуэрщ мафIэ ужьыхыжым.
- ШхуэIу
- Къызатащи зы шы емылыдж,
- ЕщIыр зэм ислъэмей, зэм мэудж!
- Сыт хуэдиз и IэфIагъми щIалэгъуэм,
- СIыгъщ сыт щыгъуи и шхуэIур нэхъ Iэгъуэу.
- Къару мыух
- Уахътыншэ щIэмытми мазэм и щIагъым,
- ГугъапIэм зэи лIэжын и мыгугъэ.
- Зэгуэрым шэчыншэу сщыхъунущ хьэкъ мыр:
- Зи гугъэр мыухым мыухщ и къарур.
- Дуней щэхум
- Пшапэр зэхэуэм, къыщIэкIынущ мазэр,
- Псэхэр къытхуигъэнэхуу, тхуигъэкъабзэу.
- Уахътыншэу итми уэгум мазэм и бзийр,
- Мамыру псэуфыркъым зи мы дунейр.
- Уэшхым сошэс
- Сытым щыгъуи согъэщIагъуэ мы гупсысэр:
- Дэнэ щыIэ нобэм къэс си шы мыгъасэр?
- Зэшыгъуэ схуэмыхьыжыр зыщхьэщысхыу,
- Сошэсыр уафэгъуагъуэ уэшхым!
- ЛъэхъэниплI
- Мазэ пщыкIутIыр кIэншэу хэтщ илъэсым,
- ЛъэхъэниплIу егуэшыжыр мы дунейр.
- Ахэм ящыщу зы къыхуэтым уи псэм,
- ПлъэкIыфынукъым укIуэну уи пщэдейм.
- Iэлъын
- Къысщыдыхьэшх, ухуейм сыкъэщI ауан,
- Пхуэзгъэгъуфынущ, узолъагъури фIыуэ.
- Ауэ мы си гугъапIэм и Iэлъын
- СIэрылъар згъуэтыжыркъым, кIуэдауэ.
- Уафэм игъуэщыхьа пшэ хужь
- Пшэ хужьыр ныбжьу щIэлъщи уафэ лъащIэм,
- ЕгъэпIейтей мы си псэр псэху имыщIэу…
- Къуршыщхьэ лъагэхэм къыщежэх жьыбгъэ,
- Щхьэ щIыIэр ноби гум и лъащIэм щыкъугърэ?