Унагъуэ 65312-м яIэрохьэ
2019-04-30
- Анэм сабий етIуанэм щхьэкIэ ират яхъшэм теухуа программэр къызэращтэрэ Къэбэрдей-Балъкъэрым и унагъуэ 65312-м яIэрыхьащ а сертификатыр. абыхэм ящыщу процент 66,2-м ахъшэр нэсу къагъэсэбэпащ.
- Мы ахъшэм и фIыгъэкIэ унагъуэ 48445-м я псэупIэхэр ирагъэфIэкIуащ. Абыхэм ящыщу 26226-м псэупIэ кредитым щыщ Iыхьэ халъхьэжащ е псори зытрагъэкIыжащ. Апхуэдэуи унагъуэ 22219-м я псэупIэхэр ирагъэфIэкIуащ кредит къамыщтэу.
- Къыхэдгъэщынщи, ПФР-м лъэIу 801-рэ къыIэрыхьащ а ахъшэр сабийхэр егъэджэным трагъэкIуэдэну, 6-м — ахъшэр халъхьащ анэм и ныбжьыр нэсмэ къратыну пенсэм. А ахъшэм щыщ мазэ къэс яIэрыхьэну зэрагъэпэщащ унагъуэ 206-м.
- 2019 гъэм анэ мылъкур сом 453 026-рэ мэхъу.
- Фигу къэдгъэкIыжынщи, Пенсэ фондым сертификатыр анэм етыным е ар емытыным теухуа унафэ махуэ 15-м къриубыдэу къещтэ икIи махуи 5 нэхъ мыгувэу хъыбар ирегъащIэ.
- Дыгулыбгъу Жантинэ.