2019-04-27
- Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм
- и къалэнхэр пIалъэкIэ зыгъэзащIэ КIуэкIуэ Казбек
- IутIыж махуэ лъапIэм и щIыхькIэ цIыхухэм
- ЗЭРЕХЪУЭХЪУР
- Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм ис православнэ чыристанхэм си гуапэу сохъуэхъу IутIыж махуэ лъапIэмкIэ. А махуэшхуэр гъащIэм, гуапагъэмрэ захуагъэмрэ я дамыгъэщ, дин зезыхьэхэм ягухэм къыщегъэуш гурыщIэ дахэхэмрэ мурадыфIхэмрэ, абыхэм IуэхуфIхэр ящIэным трегъэгушхуэ, и лъабжьэу щыт псэкупсэ къулеигъэ мыкIуэдыжынухэм цIыхухэр зэкъуагъэувэ.
- Къэбэрдей-Балъкъэрым и православнэ зэгухьэныгъэм хэлъхьэныгъэшхуэ хуещI лъэпкъхэм, динхэм яку дэлъ мамырыгъэмрэ зэгурыIуэныгъэмрэ, ди цIыхубэ зэкъуэтыныгъэр гъэбыдэным. Ар жыджэру икIи IуэхуфIхэр къыдэхъуу хэтщ жылагъуэ гъащIэм, социальнэ гугъуехьхэр дэгъэкIыным, къыддекIуэкI псэкупсэ, щэнхабзэ фIыгъуэхэр гъэбыдэнымрэ абыхэм зегъэужьынымрэ, къытщIэхъуэ щIэблэр гъэсэным.
- IутIыж махуэшхуэр иреув гумащIагъэмрэ гъэсэныгъэ дахэмрэ ди жылагъуэм дяпэкIи щытепщэу щытыным и джэлэсу.
- Православнэ чыристанхэм, Къэбэрдей-Балъкъэрым щыпсэу псоми мамырыгъэ, фIыгъуэ, насып, ехъулIэныгъэ фиIэну си гуапэщ.
- КIУЭКIУЭ Казбек,
- Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и къалэнхэр пIалъэкIэ зыгъэзащIэ