2019-04-27
- Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм
- и къалэнхэр пIалъэкIэ зыгъэзащIэ КIуэкIуэ Казбек
- IутIыж махуэ лъапIэм и щIыхькIэ цIыхухэм
- ЗЭРЕХЪУЭХЪУР
-
- Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм ис православнэ чыристанхэм си гуапэу сохъуэхъу IутIыж махуэ лъапIэмкIэ. А махуэшхуэр гъащIэм, гуапагъэмрэ захуагъэмрэ я дамыгъэщ, дин зезыхьэхэм ягухэм къыщегъэуш гурыщIэ дахэхэмрэ мурадыфIхэмрэ, абыхэм IуэхуфIхэр ящIэным трегъэгушхуэ, и лъабжьэу щыт псэкупсэ къулеигъэ мыкIуэдыжынухэм цIыхухэр зэкъуагъэувэ.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: КъБР-м и Правительствэм
2019-04-27
- ТекIуэныгъэ Иным и махуэр дгъэлъэпIэным къэнэжар тхьэмахуитIщ. Ипэ илъэсхэми хуэдэу, республикэм абы ирихьэлIэу Iуэхугъуэ куэд щекIуэкIынущ. Абыхэм щытепсэлъыхьащ ТекIуэныгъэм и Махуэр гъэлъэпIэным теухуа Iуэхухэр зэкIэлъыгъэкIуэныр и пщэ дэлъу ягъэпса къызэгъэпэщакIуэ комитетым и зэIущIэм, КъБР-м и Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэ Къардэн Мурат иджыблагъэ иригъэкIуэкIам.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Къэрал къулыкъущIапIэхэр
2019-04-27
- Урысейм и парламентаризмэм и махуэр 2012 гъэм мэкъуауэгъуэм и 27-м федеральнэ хабзэкIэ къащтауэ щытащ. Ди къэралым и тхыдэм щыяпэ демократие институт нэхъыщхьэм — Урысейм и Къэрал Думэм — 1906 гъэм лэжьэн щIидзащ.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: КъБР-м и Парламентым
Шэрджэсхэм я пашэ
2019-04-27
- Кингстон Уильям Генри Джайлс
-
- Кингстон Уильям (1814 — 1880) ныбжьыщIэхэр дэзыхьэх тхылъхэр зи къалэмыпэм къыпыкIа инджылыз тхакIуэщ. КъызэрыщIэкIымкIэ, Кингстон 1844 гъэм япэ дыдэу и Iэдакъэ къыщIэкIа «Адыгэхэм я пашэ» («TheCircassianchief») романым лъабжьэ хуэхъуа хъыбарыр ди лъэпкъым XIX лIэщIыгъуэм иригъэкIуэкIа бэнэныгъэрщ. ЛIыхъужь нэхъыщхьэу тхыгъэм къыхэщ адыгэпщ Аслъэнджэрий, абы и къуэ Сэлим, ипхъу Айнэ сымэ я хъуреягъкIэ екIуэкI гъащIэр щапхъэу къещтэри, тхакIуэм адыгэ хьэлри, абыхэм къадекIуэкI хабзэхэри, пшыналъэхэри инджылыз тхылъеджэм и нэгу къыщIегъэувэ. ГъэщIэгъуэн дыдэщ Стивенсон Роберт, Киплинг Редьярд, Рид Майн сымэ хуэдэу, Кингстон и романхэм щыщу урысыбзэкIэ зэрадзэкIам «Адыгэхэм я пашэр» зэрахэмыхуар. НапэкIуэцI щищым нэблагъэ тхыгъэ щIэщыгъуэр, гунэсу си бзэкIэ сыкъеджащэрэт жыпIэм къыщымынэу, инджылызыбзэр щызрагъащIэ еджапIэхэм я дерсхэми къыщагъэщхьэпэфынущ. Инджылыз тхакIуэм и IэдакъэщIэкIым щыщ пычыгъуэ ди гуапэу фи пащхьэ идолъхьэ. Ар теухуащ Айнэ, и адэмрэ и дэлъхумрэ къэтыху, пщы уэлий Айтэч Джэрий и къуэрылъху Зарэ и гъусэу я деж зэрыщыIамрэ абы къыщыщыщIамрэ.
-
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Щикъухьащ адыгэр дунеижьым
2019-04-27
- ЗауэлI щIыхьым и къалэ Налшык, Урысейм и адрей къалипщIхэми яхуэдэу, накъыгъэм и 7-м хэтынущ «ТекIуэныгъэм и диктант» Урысейпсо акцэм. Хэку зауэшхуэм и тхыдэм теухуа тестыр Къэбэрдей-Балъкъэрым щыпсэухэмрэ абы и хьэщIэхэмрэ щатх хъунущ къалащхьэм дэт еджапIэ нэхъыщхьищым языхэзым — Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым, Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал мэкъумэш университетым, Кавказ Ищхъэрэм ГъуазджэхэмкIэ и къэрал институтым.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Гу зылъытапхъэ