КIуэкIуэ Казбек къыхигъэщащ коронавирус зэфыкIхэм я бжыгъэр Къэбэрдей-Балъкъэрым нэхъ мащIэ зэрыщыхъур
2021-02-11
- КIуэкIуэ Казбек мазаем и 9-м иригъэкIуэкIащ Коронавирус уз зэрыцIалэм Къэбэрдей-Балъкъэрым зыщемыгъэубгъуным хуэунэтIа лэжьыгъэхэр къызэрызэрагъэпэщым, а узыфэм зэрыпэщIэтым теухуа Iуэхухэр зэкIэлъы- зыгъакIуэ оперативнэ штабым и зэIущIэр.
- КъБР-м и Iэтащхьэм къыхигъэщащ республикэм эпидемиологие щытыкIэр зэрыщызэпIэзэрытыр, сымаджэщхэм щIагъэгъуалъхьэхэм я бжыгъэм зэрыкIэрыхур. «МазэкIэ узэIэбэкIыжмэ, илъэсыщIэ махуэшхуэхэм яужькIэ, ди госпиталхэм сымаджэ минрэ ныкъуэм хуэди- зым щеIэзэу щытамэ, нобэм ирихьэлIэу а бжыгъэр хуэдитIым щIигъукIэ нэхъ мащIэ хъуащ», — къыхигъэщащ абы.
- «Роспотребнадзор»-м и Управленэу КъБР-м щыIэм къызэритамкIэ, СOVID-19-р къызэрежьэрэ Къэбэрдей-Балъкъэрым щыщу ар цIыху 19.541-м къайуэлIауэ ятхащ, абыхэм ящыщу 18.226-р хъужащ, 349-р илIыкIащ. Тест къэпщытэныгъэу мин 423-м щIигъу ирагъэкIуэкIащ. Госпиталхэм щоIэзэ сымаджэ 620-м, абыхэм ящыщу 52-р реанимацэхэм щIэлъщ.
- КъБР-м и санитар дохутыр нэхъыщхьэ Пагуэ Жыраслъэн жиIащ эпидемиологие щытыкIэр республикэм зэман гъунэгъум щефIэкIуэжыну къызэрилъытэр, сымэджахэм, вакцинэр зыхезыгъэлъхьахэм я бжыгъэр зэрымымащIэр къилъытэри. Абы къыхигъэщащ, еджапIэ нэхъыщхьэхэмрэ колледжхэмрэ щIэсхэр махуэрыеджэ мардэм зэрытехьэжам щхьэкIи къэмынэу, узыфэр зэуалIэхэм я бжыгъэр нэхъ мащIэ зэрыхъунур. Абы къыдэкIуэу дохутыр нэхъыщхьэм цIыхухэм чэнджэщ яритащ узыфэм зыщыхъумэным хуэгъэзауэ ягъэува мардэхэм къытекIыну мыпIэщIэну, цIыху куэд зэуэ зэрызэхуамышэсыпхъэр, гуфIэгъуэхэри хьэщIэ щэ ныкъуэ нэхърэ нэхъыбэ къемыкIуалIэу зэрырагъэкIуэкIыпхъэр ягу къигъэкIыжащ.
- КIуэкIуэ Казбек къыхигъэщхьэхукIащ, узыр зэуалIэхэм я бжыгъэр нэхъ мащIэ зэрыхъум щхьэкIи къэмынэу, тест къэпщытэныгъэу ирагъэкIуэкIхэр нэхъыбэ щIын зэрыхуейр, сыту жыпIэмэ абы Iэмал къитынущ узыфэр мынаIуэу зыпкърытыр къэхутэнымкIэ.
- КъБР-м Узыншагъэр хъумэнымкIэ и министерствэм къызэритамкIэ, госпи- талитхум я лэжьыгъэм пащэ, абыхэм гъуэлъыпIэ 931-рэ щIэтщ, 652-м сымаджэр кислородкIэ зэрагъэбауэ Iэмэпсымэхэр ешэлIащ, 113-м ИВЛ аппарат- хэр яIэщ. Коронавирус узыфэр къэхутэнымрэ ар зыпкърытхэр гъэхъужынымрэ къыхузэрагъэпэщауэ щыта амбулаторнэ центрхэм щадэIэпыкъуащ цIыху 4025-м. Коронавирусыр зыпкърытхэу амбулаторнэу ягъэхъужхэм хущхъуэхэр пщIэншэу етыным хуэунэтIа лэжьыгъэм пащэ. 2020 гъэм мэкъуауэгъуэм къыщыщIэдзауэ хущхъуэхэр иратащ сымаджэ 23.962-м. Республикэм и Iэтащхьэм узыншагъэр хъумэнымкIэ министрым пщэрылъ щищIащ унэхэм зыщызыгъэхъуж сымаджэхэр хущхъуэхэмкIэ пщIэншэу къызэрызэрагъэпэщым кIэлъыплъыныр щIигъэткIиену.
- КIуэкIуэ Казбек щхьэхуэу къытеувыIащ цIыхухэм мастэхэр яхэлъхьэным теухуа Iуэхум икIи IэнатIэхэм я унафэщIхэм ягу къигъэкIыжащ цIыхухэм вакцинэр яхэлъхьэныр зэщIэгъэуIуауэ егъэкIуэкIын зэрыхуейр. «ЦIыху куэдым хущхъуэр халъхьэрэ узыфэр къаймыуэлIэнымкIэ шэсыпIэ щыIэ хъуа нэужьщ дэ экономикэм зедгъэужьыжыну, дызэса псэукIэм дытехьэжыну Iэмал щыдгъуэтынур», — жиIащ щIыналъэм и Iэтащхьэм.
- Нобэм ирихьэлIэу республикэм вакцинэр щыхалъхьащ цIыху 5151-м, псори зэхэту хэIугъуэ 12.652-рэ къаIэрыхьащ, COVID-19-м пэщIэт мастэр щIыпIэ 49-м щыхалъхьэ. ЛэжьакIуэ гупхэм кIуэурэ мастэхэр яхэзыIу гупхэри къызэрагъэпэщащ.
- КъБР-м и Iэтащхьэмрэ
- Правительствэмрэ я
- пресс-IуэхущIапIэ.