Хэхыныгъэхэр ирагъажьэ
2021-02-11
- Мы гъэм фокIадэ мазэм Къэрал Думэр щIэуэ хахынущ. Абы зыхуэзыгъэхьэзыр политикэ партхэр, цIыхухэр къызэрыдахьэхын программэм елэжь къудей мыхъуу, гъусэ зыхуащIынум йогупсыс. Псалъэм папщIэ, зи пашэ политикэ партхэр зэрызэгухьэм Iэ щIадзащ Миронов Сергей («Захуагъэм тет Урысей»), Семигин Геннадий («Урысейм и хэкупсэхэр»), Прилепин Захар («Пэжым и телъхьэу»).
- Зэгухьахэм я манифестым къыщагъэлъэгъуащ захуагъэмрэ пэжыгъэмрэ хущIэкъуным, къэралым зегъэужьыным теухуауэ яIэ мурадхэр куэдкIэ зэрызэщ-хьэщымыкIым тращIыхьу зэрызэкъуэувэр.
- ЦIыхухэр я лъэныкъуэ къызэращIыну ягъэбелджылам зыри щIэуэ хэту пхужыIэнукъым. Къапщтэмэ, ахэр хущIэкъунущ налог тыкIэр зэрахъуэкIыну (зи хэхъуэр нэхъыбэм ит налогри нэхъыбэу), зэделэжьынущ зи къулыкъур щхьэхуещагъэкIэ къэзыгъэсэбэп, Iулъхьэ щымыIэным, псы, газ, уэздыгъэ уасэу унагъуэхэм ятыр къэралым и нэIэ щIагъэувэжыным, я нэхъ мащIэу ят улахуэм хагъэхъуэным, медицинэ хуэIухуэщIэр цIыхухэм тыншу ялъэIэсыным. Я мурадхэм ящыщу къыхэгъэ-щыпхъэщ ЕГЭ-мрэ еджапIэ нэхъыщхьэ-хэм къыщагъэсэбэп Болонскэ системэм-рэ Iуахыжыну зэрыхуейр.
- ЖыпIэнумэ, жылагъуэр нэхъ зыгъэпIейтей псори къызэщIакъуащ, хэхыныгъэхэм хэт партхэм зэрахабзэу.
- Коммунистхэм я мурадщ цIыхухэм гъунэгъу зыхуащIын папщIэ соцсетхэр къагъэсэбэпыну. Зюгановым зэрыжиIамкIэ, цIыхухэм я упщIэхэм, я гукъеуэхэм, я жэрдэмхэм щыхэплъэ центр къызэрагъэпэщынущ. Абы коммунистхэр къыхуриджащ псалъэ лейм пыкIыу IуэхукIэ гу зылърагъэтэну, къэрал унафэр зыIэщIэлъхэр яуб къудей мыхъуу, цIыхухэр зыгъэпIейтейхэм я хэкIыпIэр ягъэбелджылыну. Зюгановым къелъытэ я партым хэтхэм я бжыгъэм къыхэхъуэныр я къалэн пашэхэм ящыщу.
- Мы зэманым КПРФ-м и къудамэхэм я лэжьыгъэр къапщытэж, итIанэ съезд екIуэкIынущ тIэу зэхыхьэгъуэу. Мэлыжьыхьым зэхуэсынущ илъэсиплI блэкIам яхузэфIэкIам ириплъэжыну, ЦК-р щIэрыщIэу хахыжыну. Мэкъуауэгъуэм яIэну зэхуэ- сым коммунистхэм къыщащтэнущ хэхыныгъэм зэрыхэтыну программэр, партым къыбгъэдэкIыу Къэрал Думэм ягъэкIуэнухэм я унэцIэхэри абдежращ щагъэбелджылынур.
- ФедерацэмкIэ Советым и УнафэщI Матвиенкэ Валентинэ хэхыныгъэхэм нэгъуэщI гугъэхэр яхуиIэщ. Абы политикэ партхэм я пашэхэм захуигъэзэнущ абы-хэм къабгъэдэкIыу Къэрал Думэм къагъэкIуэнкIэ хъунухэм цIыхубз нэхъыбэ хагъэхьэну.
- Абы зэрыжиIащи, Къэрал Думэм ягъэкIуэнухэм цIыхухъухэмрэ цIыхубзхэмрэ зэхуэдитIу хатхэу я хабзэщ. Ауэ япэ ирагъэщыр цIыхухъухэращи, къахьа бжыгъэм теухуауэ ахэращ депутатыныр къызылъысри.
- Матвиенкэ Валентинэ жиIащ бзылъхугъэхэр я щIэныгъэкIи, жэуаплыныгъэкIи, жыджэрагъкIи цIыхухъухэм зыкIи къазэрыкIэрымыхур, политикэ утыкушхуэм ахэр щынэхъыбэн зэрыхуейр. Щапхъэуи къихьащ «Урысейм и пашэхэр» зэпеуэм щытекIуахэм я процент 25-р зэрыбзылъхугъэр.