ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Ди блэкIар тщымыгъупщэн папщIэ

2021-02-11

  • Урысей тхыдэ зэгухьэныгъэм и унафэщI Нарышкин Сергей видеоконференц зэпыщIэныгъэ мардэм тету иригъэкIуэкIащ Урысей тхыдэ зэгухьэныгъэм и президиумым и зэIущIэр. Ар теухуауэ щытащ Хэку зауэшхуэм и тхыдэм, абы цIыху мамыру хэкIуэдахэм я бжыгъэр ди зэманым языныкъуэхэм зэрыхуейуэ къалъытэу зэрыхуежьар яхуэбдэ зэрымыхъунум.

  • ЗэIущIэм хэтащ КъБР-м и Парламентым и УнафэщI, Урысей тхы-дэ зэгухьэныгъэм и Къэбэрдей-Балъкъэр щIыналъэ къудамэм и советым и Iэтащхьэ Егоровэ Татьянэ.
  • Зэхуэсым хэтхэм фIэхъус ярихри, Нарышкин Сергей тепсэлъыхьащ я Iуэху зытетымрэ зэгухьэныгъэм зэман гъунэгъум зэфIигъэкIыну я мурадхэмрэ.
  • — Сыщыгъуазэщ Урысей тхыдэ зэгухьэныгъэм хэтхэм гъатхэм Iуэху куэд Москваи щIыналъэхэми щызэфIагъэкIыну зэраубзыхуам. Мэлыжьыхьым дэ дгъэлъэпIэнущ цIыхур япэ дыдэу хьэршым зэрынэсрэ илъэс 60 зэрырикъур — Гагарин Юрий зэрихьа лIыхъужьыгъэр иджыри зэ цIыхухэм ягу къэдгъэкIыжынущ. Накъыгъэм дгъэлъэпIэнущ ТекIуэныгъэ Иныр илъэс 76-рэ зэрырикъур. Накъыгъэм и 13-м илъэс 800 ирикъунущ Невский Александр. ЗэрыгурыIуэгъуэщи, фэеплъ Iуэхугъуэ куэд екIуэкIынущ мэкъуауэгъуэм и 22-м — Хэку зауэшхуэр зэрыщIидзэрэ илъэс 80 щрикъум ирихьэлIэу. НэгъуэщI Iуэхухэми долэжь, — къыхигъэщащ Нарышкин Сергей.
  • Апхуэдэуи абы жиIащ Урысей тхыдэ зэгухьэныгъэмрэ ЕгъэджакIуэхэм я урысейпсо зэгухьэныгъэмрэ я жэрдэмкIэ тхыдэмкIэ егъэджакIуэхэм я дунейпсо конгресс 2021 гъэм жэпуэгъуэм зэрекIуэкIынур. Абы хэтынущ Европэм, Азием, Африкэм, Австралием, Америкэ Ищхъэрэмрэ Ипщэмрэ щыщ къэралхэм я лIыкIуэу егъэджакIуэ 700-м щIигъу.
  • Ленинград областым и губернатор Дрозденкэ Александр къыхилъхьащ Гатчинэ щIыналъэм щыIа гъэрэщым — сабийхэр щаIыгъам — деж мемориал къыщызэIуахыну. Губернаторым къызэрилъытэмкIэ, а мемориалыр туристхэр къыщрашэкI щIыпIэхэм хагъэхьэныр тэмэм хъунт, Хэку зауэшхуэм теухуа пэж шынагъуэм, Ленинград къэухъуреихьыныгъэм зэритам, а щIыпIэм щекIуэкIахэм ятеухуа хъыбар гукъутэм цIыху нэхъыбэ щыгъуазэ хъун хуэдэу.
  • Нарышкин Сергей зэIущIэм хэтхэм ягу къигъэкIыжащ Урысей дзэ-тхыдэ, Урысей тхыдэ зэгухьэныгъэхэм Совет Союзым щыщ цIыху мамыру фашистхэм яIэщIэкIуэдахэм я фэеплъыр гъэлъэпIэным теухуа жэрдэм къызэрыхалъхьар.
  • — А проектышхуэр диIыгъащ Урысейм и Президентым икIи абы теухуа пщэрылъ хуищIащ УФ-м и Правительствэм. Ленинград областым и губернатор Дрозденкэ Александр Гатчинэ къалэм пэмыжыжьэу мемориал къыщызэгъэпэщыным теухуа и жэрдэмыр ягу ирихьащ УФ-м и Правительствэм хэтхэми, ар даIыгъ Урысей дзэ-тхыдэ зэгухьэныгъэми, Урысей тхыдэ зэгухьэныгъэми. Мемориалыр къызэгъэпэщыным къыдэкIуэу нэмыцэ-фашист зэрыпхъуакIуэхэр Совет Союзым къыщытеуам зауэм цIыху мамыру хэкIуэдахэм я бжыгъэр гъэтэмэмыжыным хуэунэтIа лэжьыгъэри щIэгъэхуэбжьапхъэщ, — жиIащ Нарышкин Сергей.
  • ЗэIущIэм хэтащ Урысей Федерацэм и Президентым и дэIэпыкъуэгъу, Урысей дзэ-тхыдэ зэгухьэныгъэм и унафэщI Мединский Владимир, РАН-м дунейпсо тхыдэмкIэ и институтым и щIэныгъэ унафэщI, Урысей тхыдэ зэгухьэныгъэм и тхьэмадэхэм ящыщ зы Чубарьян Александр, Урысей тхыдэ зэгухьэныгъэм и президиумым хэтхэу — къэрал архив агентствэм и уна-фэщI Антизов Андрей, полномочнэ лIыкIуэ Завгаев Доку, Ломоносов М. В. и цIэр зезыхьэ МКъУ-м и тхыдэ факультетым и президент Карпов Сергей, Урысей тхыдэ зэгухьэныгъэм и правленэм и унафэщI, «Хэкум и тхыдэр» фондым и гъэзэщIакIуэ унафэщI Могилевский Константин, РАН-м урысей тхыдэмкIэ и институтым и унафэщI Петров Юрий, «МКъУ — ППИ» университет зэхэту Шэньчжэнь щыIэм и япэ проректор — щIэныгъэ советым и Iэтащхьэ, Ломоносов М. В. и цэр зезыхьэ Москва къэрал университетым къэрал аудитымкIэ и школ нэхъыщхьэм и президент Шахрай Сергей, зэгухьэныгъэм и къудамэу щIыналъэхэм щыIэхэм я советхэм   я унафэщIхэр.
  • Видеоконференцым и гугъу щищIым Егоровэ Татьянэ республикэ хъыбарегъащIэ IуэхущIапIэхэм я лIыкIуэхэм яжриIащ зэгухьэныгъэм и республикэ къудамэм и Iуэху зыIутхэр. ЩIыналъэ къудамэм цIыху 75-рэ хэтщ. Илъэс кIуам и щэкIуэгъуэм къудамэм и зэIущIэ зэхэтащ икIи абы советыр щIэуэ щыхахащ. КъБР-м и тхыдэ зэгухьэныгъэм щыщ цIыху 24-рэ советым хагъэхьащ — КъБР-м и щIэныгъэ IэнатIэм, еджапIэ нэхъыщхьэхэм, Архив къулыкъущIапIэм, РАН-м и Къэбэрдей-Балъкъэр щIэныгъэ центрым гуманитар къэхутэныгъэхэмкIэ и институтым я лIыкIуэхэу.
  • ЩIыналъэ къудамэм зэфIигъэкIыну къыпэщытхэм я гугъу щищIым Егоровэ Татьянэ къыхигъэщащ:
  • — Дызэлэжьынухэр дубзыхуащ. Ахэр икъукIэ куэд мэхъу. Конференц, зэхуэс зэмылIэужьыгъуэхэр едгъэкIуэкIыну ди мурадщ. ЩIыналъэ къудамэр жыджэру лэжьэнущ икIи ди IуэхущIафэхэм кърикIуэ-хэмкIэ къэралым къыщыхэжаныкIхэм ящыщ дыщыхъунуи си гугъэщ. Къэлъыхъуэныгъэ Iуэхухэм гулъытэ хэха хуэтщIынущ, къуршым музей къызэрымыкIуэ къыщызэIутхынуи ди мурадщ. Президиумым и зэIущIэм зыщытепсэлъыхьахэм я гугъу пщIымэ, абыхэм икъукIэ мыхьэнэшхуэ яIэщ икIи зи чэзущ. Хэку зауэшхуэм теухуа тхыдэр хъумэным, къытщIэхъуэ щIэблэр хэкупсэу гъэсэным хуэунэтIауэ щIыналъэ къудамэм хузэфIэкI къигъэнэнукъым.
  • КъБР-м и Парламентым и пресс-IуэхущIапIэ.