НыбжьыщIэхэр утыку къохьэ
2021-02-11
- Хабзэ хъуауэ, Урысей щIэныгъэм и махуэм ирихьэлIэу ди къэралым и щIыналъэхэм илъэс къэс къыщызэрагъэпэщ «ЩIэныгъэм хэзышэ лъэбакъуэ» щIэныгъэ-практикэ конференцхэр. НыбжьыщIэхэр щызэчэнджэщ апхуэдэ зэIущIэ купщIафIэ мы махуэхэм щокIуэкI ди республикэми. Ар къызэрагъэпэщащ КъБР-м ЦIыхухэр егъэджэнымкIэ, щIэныгъэмрэ щIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ и министерствэмрэ ЩIэныгъэлI, IэщIагъэлI ныбжьыщIэхэм я республикэпсо советымрэ.
- Зи цIэ къитIуа министерствэм дыгъуасэ къыщызэIуаха а конференцыр махуищкIэ екIуэкIынущ. Абы жыджэру хэтщ Налшык, Москва, Владикавказ, Грознэ, Краснодар, Курган, Мэхъэчкъалэ, Мейкъуапэ, Ставрополь къалэхэм дэт еджапIэ нэхъыщхьэхэм я студентхэр, аспирантхэр, щIэныгъэлI ныбжьыщIэхэр. Псори зэхэту ахэр цIыхуи 100-м нос. Абыхэм конференцым щащI докладхэр хьэлэмэтщ икIи купщIафIэщ, щIэныгъэм и унэтIыныгъэ куэди къызэщIаубыдэ: физико-математикэ, техникэ, естественнэ, социально-гуманитар, мэкъумэш, медицинэ хуэдэхэр.
- ГуфIэгъуэ щытыкIэм иту къызэIуахащ конференцыр. Япэу псалъэ зратахэм ящыщщ КъБР-м ЦIыхухэр егъэджэнымкIэ, щIэныгъэмрэ щIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ и министрым и къалэнхэр зыгъэзащIэ, мэкъумэш щIэныгъэхэм я кандидат Езауэ Анзор. Абы фIыщIэ яхуищIащ зэхуэсым къекIуэлIа псоми икIи лэжьыгъэр зэрекIуэкIынум щыгъуазэ хуищIащ.
- ЩIэныгъэлI, IэщIагъэлI ныбжьыщIэхэм я республикэпсо советым илъэс блэкIам зэфIиха Iуэхугъуэхэмрэ дызэрыт гъэм хуаIэ мурадхэмрэ теухуа презентацэ-гъэлъэгъуэныгъэр гунэс ящыхъуащ конференцым кърилIахэм ящыщ куэдым. А лэжьыгъэр къызэрагъэпэщащ икIи къызыхуэтыншэу зэфIагъэкIащ советым и лIыкIуэхэм.
- Конференцым къекIуэлIахэм псалъэ гуапэкIэ захуэзыгъэзахэм ящыщщ тхыдэ щIэныгъэхэм я доктор Абазэ Алексей. Апхуэдэу зэхуэсым и япэ Iыхьэм къыщраIуащ илъэс кIуам ехъулIэныгъэ зэмылIэужьыгъуэхэр зыIэрызыгъэхьа щIэныгъэлI ныбжьыщIэхэм я цIэхэр. Абыхэм фIыщIэ тхылъхэр иратащ.
- Зэхуэсым и лэжьыгъэм иджыри пещэ. Нобэрэ пщэдейрэ абы хэтхэр секцэхэм щылэжьэнущ. Ар йокIуэкI ди щIыналъэм щагъэува санитар-эпидемиологие мардэхэм тету.
- Жыласэ Маритэ.