ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

ЗэфIэкI  ин  зыбгъэдэлъа Щоджэн  Аслъэнбэч

2021-02-11

  • Къэбэрдей-Балъкъэрым, Урысей Федерацэм я щIэныгъэмрэ егъэджэныгъэмрэ зи гуащIэ ин хэзылъхьахэм ящыщщ техникэ щIэныгъэхэм я доктор, профессор, зи къалэмыпэм къыпыкIа лэжьыгъэ купщIафIэхэмкIэ цIэрыIуэ хъуа еджагъэшхуэ, ЩIДАА-м и академик Щоджэн Аслъэнбэч Хьэжумар и къуэр. АдыгэлI щыпкъэр дунейм ехыжащ иджыблагъэ. Псэужамэ, абы и ныбжьыр куэд дэмыкIыу илъэс 85-рэ ирикъунут.

  • Щоджэн Аслъэнбэч 1936 гъэм Тэрч щIыналъэм хыхьэ Ботэщей къуажэм къыщалъхуащ. 1954 гъэм абы къиухащ а лъэхъэнэм Къэбэрдейм и еджапIэ нэхъыфIу къалъытэу щыта, Налшык къалэ дэта школ-интернатыр. Еджэным, щIэныгъэ зэгъэгъуэтыным хуэнэхъуеиншэ щIалэщIэм мурад ищIащ бгъэдэлъ зэфIэкIым адэкIи хигъэхъуэну. А гуращэр иIэу ар кIуащ СССР-м и щыхьэрым дэт еджапIэ нэхъыщхьэхэм ящыщ зым: Мэкъумэш IэнатIэр механизацэ, электрификацэ щIынымкIэ Москва дэт институтым (МИМЭСХ) электрификацэмкIэ и факультетым. Студент илъэсхэр жыджэру, купщIафIэу ирихьэкIащ Аслъэнбэч. Институтым щIэсыху ар хэтащ еджапIэм и комсомол комитетым, жэуаплыныгъэ зыпылъ къалэнхэр пщэрылъ къыщащIу, щIалэгъуалэр зэщIэгъэуIуэным епха Iуэхушхуэхэм я жэрдэмщIакIуэрэ къызэгъэпэщакIуэу. Апхуэдиз жыджэрагъ зыхэлъ щIалэм гу къылъамытэу къэнакъым. Щоджэным и цIэр иратхауэ щытащ институтым и комсомол комитетым и ЩIыхь тхылъым. Апхуэдэуи абы къыхуагъэфэщауэ щатащ ВЛКСМ-м и ЦК-м и ЩIыхь тхылъыр, дамыгъэри щIыгъуу.
  • 1959 гъэм ехъулIэныгъэкIэ еджапIэ нэхъыщхьэр къэзыуха щIалэр щалъхуа щIыналъэм къэкIуэжащ, гупсысэщIэрэ жэрдэмыщIэрэ и куэду. А илъэс дыдэм къыщыщIэдзауэ ар инженеру щылэжьащ Бахъсэн ГЭС-м. ИужькIэ Налшык къыщызэIуахагъащIэ электроремонт заводым и цехым и унафэщIу ягъэкIуащ, «Къуажээнерго» IэнатIэм и инженер нэхъыщхьэу, политехникумым и унафэщIым егъэджэныгъэ-гъэсэныгъэ лэжьыгъэмкIэ и къуэдзэу лэжьащ.
  •  Бгъэдэлъ зэфIэкIхэм, щIэныгъэм адэкIи хэгъуэхъуэныр сыт щыгъуи зи хъуэпсапIэу екIуэкI Аслъэнбэч 1963 гъэм щIэтIысхьащ Темирязевым и цIэр зэрихьэу Москва дэт мэкъумэш академием и аспирантурэм. Мыбдежми фIыкIэ зыкъыщигъэлъэгъуащ ди хэкуэгъум. Аспирант Щоджэныр еджапIэ нэхъыщхьэм и комсомол зэгухьэныгъэм и комитетым хагъэхьащ, иужькIэ абы и секретарь къулыкъури къыхуагъэфэщащ. А къулыкъум пэрытыху Щоджэным куэд хузэфIэкIащ. НэгъуэщI еджапIэ нэхъыщхьэхэм хагъэхьэжу, иужькIэ къыхагъэкIыжу, гугъу ехьу къекIуэкIа IуэхущIапIэр институт щыхъужым, абы къыщызэригъэпэщыжыфащ цIыху мини 5 зыхэт комсомол зэгухьэныгъэ, ректоратымрэ парткомымрэ и дэIэпыкъуэгъуу.
  • А лъэхъэнэр игу къыщигъэкIыжкIэ, Аслъэнбэч тепсэлъыхьыжырт комсомол, парт Iуэхухэм нэхъ куууэ хыхьэну Iэмал къыхукъуэкIауэ зэрыщытар. АрщхьэкIэ абы и хъуэпсапIэр политикэ лэжьыгъэм пэрытынратэкъым, атIэ къызытекIухьа кандидат диссертацэр игъэхьэзыру ар ехъулIэныгъэкIэ пхигъэкIыныр арат.
  • Апхуэдэуи хъуащ. 1968 гъэм Аслъэнбэч, щIэныгъэхэм я кандидат хъуауэ, Налшык къигъэзэжащ. КъБКъУ-м лэжьыгъэ щимыгъуэту, Орджоникидзе (иджы Владикавказ) кIуащ. Институтым электрификацэмкIэ факультет къыщызэIуахагъащIэти, IэщIагъэлIхэр яхурикъуртэкъым. Арати, адыгэ щIалэр занщIэу «Теоретические основы электротехники, электроснабжение и автоматика» кафедрэм и унафэщIу ягъэуващ. Зэман кIэщIым къриубыдэу Аслъэнбэч зи пашэ кафедрэщIэр нэхъ лъэрызехьэхэм ящыщ ищIыфащ. Ар хъуат Iэмэпсымэ псори зыщIэт лабораторэу 6 зиIэ IэнатIэфI.
  • 1969 гъэм Щоджэн Аслъэнбэч КъБКъУ-м кърагъэблэгъэжащ. «Электротехника» кафедрэм и егъэджакIуэ нэхъыжьу езыгъэжьа джылахъстэней щIалэр зэман кIэщIым къриубыдэу кафедрэм и доцент, факультетым и партбюром и секретарь хъуащ. Илъэситху дэкIри, 1974 гъэм, ар ящIащ кафедрэм и унафэщI. Егъэджэныгъэр лъагапIэщIэхэм нэзыгъэсыну хущIэкъу щIэныгъэлIым и жэрдэмкIэ, университетым къыщызэIуахауэ щытащ электротехникэ IэщIагъэм щыхурагъаджэ къудамэ. ЛэжьыгъэфI дыдэ щызэтриубла кафедрэм, жыпIэнурамэ, къыкIэлъыкIуа илъэситIым и кIуэцIкIэ лабора-
  • торэ лэжьыгъэ 50-м щIигъу щагъэзэщIат, кафедрэри КъБКъУ-м щынэхъ лъэщхэм халъытэ хъуат.
  • Мэкъумэш факультетым къыхагъэкIыу мэкъумэш хозяйствэм и механизацэ къудамэр къызэIуаха нэужь, ар факультетыщIэу зэтраублэри, Аслъэнбэч унафэщIу ягъэуващ. Сыт щыгъуи Iуэху зехьэкIэ мардэхэр лэжьыгъэм хэзылъхьэ щIэныгъэлIыр мыбдежми а хьэлым тетащ. ЩIытхъурэ фIыщIэрэ пылъу а къалэнри ирихьэкIащ Щоджэным.
  • 1981 гъэм КъБКъУ-м мэкъумэш IэнатIэмрэ механизацэмкIэ факультетымрэ я лъабжьэу ди республикэм къыщызэIуахауэ щытащ мэкъумэш еджапIэщIэ. Абыи щыIащ Аслъэнбэч зэман кIэщIкIэ, иужькIэ КъБКъУ-м игъэзэжащ. Куэд дэмыкIыуи щIэныгъэ-производствэ IэнатIэм щыпищащ. Ар щылэжьащ Вольт лъагэ зиIэ аппаратурэхэр щащI заводым (ЗВВА) и щIэныгъэ къудамэм, «Техноприбор» зэгухьэныгъэм. ЖэрдэмыщIэхэр зи куэд щIэныгъэлIым къызэIуихауэ щытащ «Электротехнологие» IуэхущIапIэр. Ар и лъабжьэу, и тегъэщIапIэу Аслъэнбэч аргуэру хыхьэжауэ щытащ щIэныгъэ-къэхутэныгъэ лэжьыгъэм.
  • «Электротехнологие» IуэхущIапIэр игъэлажьэурэ, Щоджэным абы щригъэкIуэкIащ гъэунэхуныгъэ хьэлэмэтхэр. А псори абы къыщызэщIикъуэжащ и доктор диссертацэм. А къэхутэныгъэ хьэлэмэтыр, монографие щхьэхуэ хъуар, Щоджэным 2003 гъэм Москва щыпхигъэкIащ, ехъулIэныгъэ пылъу. Техникэ щIэныгъэхэм я доктор цIэ лъапIэр зыфIаща адыгэлIым иужькIэ лэжьыгъэм щыпищащ Къэбэрдей-Балъкъэрым БизнесымкIэ и институтым. Пенсэ тIысыжын и пэ къихуэу, ар илъэситIкIэ КъБКъУ-ми щылэжьэжащ.
  • Лъэпкъ щIэныгъэм зегъэужьыным, щIэныгъэ-къэхутэныгъэ, егъэджэныгъэ-гъэсэныгъэ IэнатIэхэм я ехъулIэныгъэм и зэфIэкI езыхьэлIа IэщIагъэлI щыпкъэт Щоджэн Аслъэнбэч. ЗэфIиха апхуэдэ лэжьыгъэхэм къадэкIуэу, еджагъэшхуэм и къалэмыпэм къыпыкIащ къэхутэныгъэ купщIафIэхэр. Псори зэхэту абыхэм я бжыгъэр 90-м щIегъу. Абыхэм ящыщ зыбжанэ къытрадзащ «Электроника» журнал цIэрыIуэм, ди къэралым, хамэ щIыналъэхэм къыщыдэкI нэгъуэщI журналхэм. Техникэ щIэныгъэм дахьэх студентхэм, аспирантхэм я стIолыщхьэхэм ноби телъщ профессор цIэрыIуэм и къалэмыпэм къыпыкIа зэреджэ тхылъхэр. КъищынэмыщIауэ, Налшык, Москва къалэхэм къыщыдэкI газетхэм, журналхэм технико-экономикэ, социально- политикэ Iуэхухэм ятеухуа публицистикэ тхыгъи 150-м щIигъу къытрыригъэдзащ Щоджэным.
  • ЗэфIигъэкIа лэжьыгъэшхуэм папщIэ Щоджэн Аслъэнбэч къыхуагъэфэщащ СССР-м и Школ нэхъыщхьэм и профсоюзхэм я ЦК-м и ЩIыхь тхылъыр. Ар Урысейм и Журналистхэм я союзым хэтащ. ПщIэ хуащIу ар хагъэхьауэ щытащ ЩIДАА-ми.
  • ГъащIэ купщIафIэ, Iуэхугъуэ хьэлэмэтхэмрэ гупсысэ куухэмкIэ гъэнщIа илъэсхэр езыхьэкIа Щоджэн Аслъэнбэч Хьэжумар и къуэм и фэеплъыр щIэныгъэ дунейм куэдрэ щымыкIуэдыжынщ.
  • ТАМБИЙ  Линэ.