ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

И  сэбэпи,  и  зэрани  къэлъытауэ

2021-02-11

  • Китайм ЩIэныгъэмкIэ и министерствэм и унафэкIэ еджапIэхэм жып телефон ирагъэхьыжыркъым илъэси 6 — 14 ныбжьым итхэм.

  • Абы хуэкIуэныр къызыхэкIар щIэблэм я нэхэм зэран хуамыгъэхъун, дерсыр здекIуэкIым телефонымкIэ ямыгъэджэгун, интернетым зэрыдихьэхыпэр ягъэмэщIэн папщIэщ. ЕгъэджакIуэр хуитщ мы хабзэм ебэкъуа ныбжьыщIэм и телефоныр къыIихыу семестрыр иухыху иримытыжыну (Китайм гъэ еджэгъуэр семестритI щыхъуу аращ). Щхьэусыгъуэ гуэрым къыхэкIыу сабийм жып телефон къыздрихьэкIын хуеймэ, абы и къалэнщ еджапIэм къызэрыщIыхьэу телефоныр пэш щхьэхуэм щигъэтIылъыну. Китайм и егъэджакIуэхэм сабийхэм унэ лэжьыгъэ иратыркъым жып телефоныр къагъэсэбэпын хуей хъууэ.
  • Бжыгъэхэм къызэрагъэлъагъуэщи, мы къэралым зи ныбжьыр илъэс 18-м нэмысахэм я процент 80-м нэсым смартфон яIыгъщ. Дохутырхэм жаIэ зи нэм сэкъат игъуэтахэм кIуэ пэтми къазэрыхэхъуэр. КъищынэмыщIауэ, телефоным ит джэгукIэ зэмылIэужьыгъуэхэм дахьэхыпахэм я акъылыр зэщхьэщеху.
  • Хэт нэхъ пасэу, хэти нэхъ кIасэу къэрал куэдым хабзэу ягъэуващ жып телефоныр, смартфоныр еджапIэм щIамыхьэну. Псалъэм папщIэ, Азербайджаным, Франджым, Алыджым, Таджикистаным, нэгъуэщIхэми.
  • Урысейм санитар-эпидемиологие пщалъэхэр щыIэщ еджапIэхэм ягъэзэщIэн хуейуэ. Къапщтэмэ, 1 — 4-нэ классхэм щеджэхэр дакъикъэ 15 нэхърэ нэхъыбэкIэ компьютерым бгъэдагъэс хъунукъым, 5 — 7-нэ классхэр — дакъикъэ 20-кIэ, 8 — 11-нэ классхэр — дакъикъэ 25-кIэ. Компьютерым ирилэжьа нэужь, нэм зезыгъэпсэху  зарядкэ ирагъэщIын, дерсыр яухмэ, Iэпкълъэпкъым зрагъэшэщIын хуейщ.
  • ЖыпIэнумэ, птхыныр тыншщ, нэгъуэщI Iуэхущ а псор егъэджакIуэм зэрыхузэфIэкIынур.
  • РАН-м и член-корреспондент, связымрэ информатикэмкIэ IэщIагъэлI цIэрыIуэ Зубарев Юрий и тхыгъэ иджыблагъэ къыспэщIэхуам и гугъу кIэщI дыдэу фхуэсщIынут, жып телефоным сабийхэр щыхъумэн зэрыхуейм иджыри зэ гу лъывэзгъэтэн папщIэ.
  • ЩIэныгъэлIым жиIэращи, компьютерымрэ жып телефонымрэ сабийм и узыншагъэм къызэрымыкIуэу зэран хуохъу, лышх (рак) къеуэлIэным щыщIэкIыжу. Абы къыхегъэщ зи щIэблэр зыхъумэну хуей адэ-анэм махуэм къриубыдэу дакъикъитху нэхърэ нэхъыбэкIэ ар я быным ирамыгъэIыгъыну.
  • Абы жеIэ компьютеррэ гаджетрэ къыщагъэсэбэп еджапIэ пэшхэм я блынхэр электромалъхъэдис къарур зыщIэзышэ лэчкIэ ялэн, щхьэгъубжэхэм халъхьэ абджри абы хухэхауэ щытын зэрыхуейр. Сабийхэм я гъуэншэджхэр, курткэхэр тIууэ зэтелъу,  и щIагъ щIэлъ щэкIым электромалъхъэдисыр пхымыкIыу ящIын хуейуэ къегъэув. Щапхъэу къехь апхуэдэ щыгъын Японием щад, ахэр сабийхэм зэрахьэ зэрыхъуар.
  • Хэт а къомым пылъынур, иримыгъэлейуэ пIэрэ, жыпIэу узытетым пыпщэ хъунущ. Ауэ сабий куэдыщэ зэрысымаджэм, я щхьэ куцIым дагъуэ иIэ зэрыхъум, лышхыр зэрахуэлъэм тепщIыхьмэ, дызэгупсысын щыIэщ. «Дымылъагъу ажалым дригъэрщ», — жиIэу и тхыгъэм зэрыфIищами, Iуэхум и пэжыпIэр къиIуатэу къыщIэкIынущ.
  • Псыр псэхэлъхьэжщ, ауэ абыи уи ажалыр къыхэкIынущ уемысыфу зыхэбдзэмэ. Апхуэдэщ иджырей технологиехэри: угубзыгъэмэ, уи Iуэху бгъэкIуэтэнымкIэ сэбэпышхуэщ; зэманыр ауэ сытми ирибгъэкIуэнумэ, узыгъэделэн защIэщ, уи узыншагъэри здихьу. Унафэ щытумыщIыхьыфынукIэ, щхьэж и щхьэр къызэрыфIэIуэхущ, жыпIэнырщ къыпхуэнэжыр.