ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Июль, 2020

Урысей Федерацэм щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, тхакIуэ икIи журналист Мэзыхьэ Борис дунейм зэрехыжам къыхэкIыу абы и Iыхьлыхэм КIуэкIуэ Казбек яхуогузавэ

2020-07-09

  • Къэбэрдей-Балъкъэрым и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек яхуэгузэващ Урысей Федерацэм щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, тхакIуэ икIи журналист гъуэзэджэ Мэзыхьэ Борис и унагъуэм, благъэхэм, Iыхьлыхэм.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

Къэбэрдей-Балъкъэрым  урысыбзэмкIэ Зыуэ щыт  экзаменыр еджакIуэ 2897-м щатащ

2020-07-09

  • Зыуэ щыт экзаменхэр, адрей илъэсхэм елъытауэ, мы гъэм зы мазэкIэ нэхъ кIасэу щIадзащ. Мэкъуауэгъуэм и 6-7 махуэхэм урысыбзэмкIэ я щIэныгъэр къагъэлъэгъуэну утыку ихьат КъБР-м и еджакIуэ 2897-рэ, экзаменыр щекIуэкIащ щIыпIэ 27-м.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Егъэджэныгъэ

Унагъуэ нэхъыфIхэм  йохъуэхъу

2020-07-09

  • Унагъуэм, лагъуныгъэм, пэжыгъэм и урысейпсо махуэм ирихьэлIэу Бахъсэн щIыналъэм зэщхьэгъусэ нэхъыфIхэр щагъэпажащ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

Нобэрэ пщэдейрэ

2020-07-09

  • Бадзэуэгъуэм и 9, махуэку
  •  Азербайджаным и дипломатие къулыкъум и лэжьакIуэхэм я махуэщ
  • Аргентинэм и щхьэхуитыныгъэм и махуэщ. 1816 гъэм ар Испанием къыгуэкIащ.
  • Къэзахъстаным и налог IэнатIэм и махуэщ
  • 1762 гъэм Урысейм и император Пётр Ещанэр традзри, къэрал унафэр абы и щхьэгъусэ Екатеринэ ЕтIуанэм IэщIалъхьащ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

«Адыгэ псалъэр»  къезыгъэхьхэм захудогъазэ

2020-07-09

  • 2020 гъэм и етIуанэ илъэс ныкъуэм цIыхухэм яIэрыхьэну газетхэмрэ журналхэмрэ Iэ щыщIадз зэманыр иухащ.
  • «Адыгэ псалъэ» газетыр зыIэрыхьэну хуейхэм хъыбар фыдогъащIэ шыщхьэуIум (августым) щыщIэдзауэ ар къевгъэхьын папщIэ Iэ щыщIэвдз хъунущ Урысей пощтым и дэтхэнэ IуэхущIапIэми.
  • Мази 5-м «Адыгэ псалъэ» газетым и уасэр сом 580-рэ кIэпIейкIэ 25-рэщ.

Зыхыхьэхэр: Гу зылъытапхъэ

КъикIуэт жыхуаIэр ищIэртэкъым

2020-07-09

  • Совет Союзым и ЛIыхъужь Стеблинский Сергей
  • Зауэм и пэ къихуэ лъэхъэнэм ди цIыхухэм я псэукIэр ефIакIуауэ, къэралым зыужьыныгъэ игъуэтауэ щытащ. Балигъхэр лажьэрт, я пщIэнтIэпсым хъерыфI къыпэкIуэрт. ЩIалэгъуалэм щIэныгъэм зритат.
  • ПщIэншэу щригъаджэу къэралым еджапIэ минхэр къыщызэIуахат. АтIэ узыхуей IэщIагъэкIэ уеджэу фIыуэ плъагъу лэжьыгъэм упэрыувэжыну Iэмал зэрыбгъуэтыр насыптэкъэ?! А насыпыр зыпаубыд ныбжьыщIэ щыIэжтэкъым. Стеблинский СергеикI а насыпым хэнакъым. Школ нэужьым Налшык институтым щеджащ. Ауэ щIалэ гурыхуэм мурад ещI адэкIи и щIэныгъэм хигъэхъуэну. Москва макIуэри нэхъ игу ирихьа еджапIэ нэхъыщхьэм щIотIысхьэ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: ТекIуэныгъэ

Алътудым и дамэ, лъэпкъым и щIыхь

2020-07-09

  • Мы тхыгъэр зытеухуар Альтуд къуажэм щыщхэу Мэремыкъуэ Ахьмэдрэ абы и щхьэгъусэ Шэрифэрэ я бынунагъуэшхуэм сабий нэхъыщIэ дыдэу — ебланэу — 1915 гъэм фокIадэм и 24-м къыщалъхуа Анэщ. Абы дэлъхуитхурэ зы шыпхъурэ иIэт. Дэлъху нэхъыжьхэу СулътIан, Анатолэ, Нурхьэлий, Мухьэмэд, Амхьияд, и шыпхъу Мэржан яхэту.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Щапхъэ

Мэзыхьэ Борис Беслъэн и къуэр

2020-07-09

  • Къэбэрдей-Балъкъэрым бадзэуэгъуэм и 7-м иужьрей гъуэгуанэм щытрагъэувэжащ Урысей Федерацэм щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, Адыгэ, Къэрэшей-Шэрджэс республикэхэм щIыхь зиIэ я журналист, УФ-м и Журналистхэм я зэгухьэныгъэм и секретарь, КъБР-м и Журналистхэм я зэгухьэныгъэм и тхьэмадэ, тхакIуэ, журналист цIэрыIуэ Мэзыхьэ Борис Беслъэн и къуэр.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

Дэ ар зэи тщыгъупщэнукъым

2020-07-09

  • Журналистикэм и ветеранхэм, «День республики», «Карачай», «Черкес хэку», «Абазашта», «Ногай давасы» газетхэм я редакцэхэм я лэжьакIуэхэр, Урысейм и Журналистхэм я союзым и щIыналъэ къудамэм хэтхэр ягуми я псэми къыбгъэдэкIыу хуогузавэ Къэбэрдей-Балъкъэрым и журналистхэм, тхакIуэ, журналист, Урысейм щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, Къэрэшей-Шэрджэсми Адыгейми щIыхь зиIэ я журналист Мэзыхьэ Борис Беслъэн и къуэр дунейм зэрехыжам къыхэкIыу.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

2020-07-09

  • КъБР-м ЩэнхабзэмкIэ и министерствэм, «КъБР-Медиа» ГКУ-м, УФ-м и Журналистхэм я зэгухьэныгъэм, КъБР-м и ТхакIуэхэм, Журналистхэм я зэгухьэныгъэхэм, «Адыгэ псалъэ», «Кабардино-Балкарская правда», «Заман», «Горянка», «Советская молодежь», газетхэм, «Литературная Кабардино-Балкария», «Iуащхьэмахуэ», «Минги Тау», «Солнышко», «Нур», «Нюр» журналхэм, «Къэбэрдей-Балъкъэр» ВТК-м, ВГТРК-м и «Къэбэрдей-Балъкъэр» ГТРК-м, «Эльбрус» тхылъ тедзапIэм, «Тетраграф» ООО-м я лэжьакIуэхэр, Дунейпсо, Къэбэрдей Адыгэ Хасэхэр Мэзыхьэ Борис Беслъэн и къуэм и Iыхьлыхэмрэ и благъэхэмрэ яхуогузавэ ар дунейм зэрехыжам къыхэкIыу.

Зыхыхьэхэр: Хэха

Амазонкэхэр – адыгэщ

2020-07-09

  • Тхыдэмрэ щэнхабзэмрэ я фэеплъхэр хъумэнымкІэ Урысейпсо зэгухьэныгъэм (ВООПИК) и Ростов къудамэм и археолог экспедицэм хэтахэм  хъыбар къатащ мэуэт лъэпкъым (иджырей адыгэхэр къызытехъукІахэм) щыщ цІыхубз-зауэлІым (амазонкэм) и къупщхьэхэр къызэрагъуэтыжар.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

Уафэбгыкъу  и нэлат

2020-07-09

  • МэшбащIэ Исхьэкъ
  • Тхыдэ роман
  •  (КIэлъыкIуэр.
  • ПэщIэдзэр №№37 — 39, 41 — 48,
  • 50 — 51, 54 — 57, 62, 65 — 68,
  • 70 — 72, 74, 77-79-хэм итщ).
  • Зэгуэр и адэшхуэм (нэхъ иужьыIуэкIэ — и адэм) зэрищIу щытам ещхьыпсу, кIэмыргуеипщыр хьэмбыIуу псынащхьэм йотIысылIэ:
  • — Уи пщэдджыжьыр дахэу, псынэ нэху! Сытхэр уи псысэ нышэдибэ? Дауэрэ къыпхэпса ди дыгъэ? — жриIэурэ псынэм и шкIур Iущабэм щIодэIури: — Ардыдэщ дэри. Ардыдэщ… Уэ уэщхьу ди мывэпэщIэдзхэр нэхъри быркъуэшыркъуэщ иджыпсту. СымыщIэ, кIэрыху димыIэу дыпхрыкIыфынуми…

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

Зи тхыгъэхэм щIэупщIэ яIэ

2020-07-09

  • Тхыгъэ къигъэщIахэм зи гъащIэр хэзыухуэнэжу, цIыхухэм тыгъэ яхуэзыщIа тхакIуэхэм ящыщщ бзылъхугъэ тхакIуэ къызэрымыкIуэ Кхъуэхъу Цуцэ Мэжид и пхъур. Абы и IэдакъэщIэкIхэр ноби цIыхухэм я пащхьэ илъщ, сыт хуэдиз зэман дэкIами, цIыху гупсысэр иджыри ягъэуш, сатырхэм къыщытIэщIа теплъэгъуэхэр жьы хъуакъым. Цуцэ псэужамэ, мэкъуауэгъуэм и 20-м илъэси 100 ирикъунут.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

Физикэм  и  хабзэхэр щызэблэхъуа

2020-07-09

  • Хьэршыр зыджхэм иджыблагъэ хъыбар зэбграгъэхащ нэм къимыплъыхьыф, гъуни нэзи зимыIэ уафэ жыжьэм зэманыр, дызэсам хуэмыдэу, щызэщIэкIуэж нэгъуэщI Дуней (КъэщIыгъэ) зэрыщыIэм ехьэлIауэ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

Хьэнифэ  и  гъыбзитI

2020-07-09

  • Адыгэ уэрэдыжьхэм набдзэгубдзаплъэу уакIэлъыплъмэ, гу лъыботэ зы Iуэхум е къэхъугъэм къытехъукIауэ уэрэд е гъыбзэ лIэужьыгъуэ щхьэхуэхэр зэрыщыIэм. Апхуэдэщ урыс-адыгэ зауэжьым и лIыхъужь адыгэ дзэзешэхэм хуаусахэр, АдыгэщIым и Хэку къутэжыгъуэу ИстамбылакIуэм щыгъуэ хуаусахэр, Лабэжь и гъыбзэ лIэужьыгъуэхэр, Хъымсад-гуащэ и гъыбзэр, Къарс зауэм хуаусахэр, Хэку зауэшхуэм щыгъуэ яусахэм я лIэужьыгъуэ щыIэхэр, нэгъуэщI куэди.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха