ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

КъикIуэт жыхуаIэр ищIэртэкъым

2020-07-09

  • Совет Союзым и ЛIыхъужь Стеблинский Сергей
  • Зауэм и пэ къихуэ лъэхъэнэм ди цIыхухэм я псэукIэр ефIакIуауэ, къэралым зыужьыныгъэ игъуэтауэ щытащ. Балигъхэр лажьэрт, я пщIэнтIэпсым хъерыфI къыпэкIуэрт. ЩIалэгъуалэм щIэныгъэм зритат.
  • ПщIэншэу щригъаджэу къэралым еджапIэ минхэр къыщызэIуахат. АтIэ узыхуей IэщIагъэкIэ уеджэу фIыуэ плъагъу лэжьыгъэм упэрыувэжыну Iэмал зэрыбгъуэтыр насыптэкъэ?! А насыпыр зыпаубыд ныбжьыщIэ щыIэжтэкъым. Стеблинский СергеикI а насыпым хэнакъым. Школ нэужьым Налшык институтым щеджащ. Ауэ щIалэ гурыхуэм мурад ещI адэкIи и щIэныгъэм хигъэхъуэну. Москва макIуэри нэхъ игу ирихьа еджапIэ нэхъыщхьэм щIотIысхьэ.

  • 1941 гъэм мэкъуауэгъуэм и 21-м Сергей къиухащ ещанэ курсыр. Студентхэр егупсысырт гъэмахуэ зыгъэпсэхугъуэр зэрагъэкIуэнум, къэралым щызэбгрыкIыжхэу я адэ-анэхэм лъагъунлъагъу зэрахуэкIуэжынум. Зэкурсэгъухэр зэгурыIуат ежьэжын и пэкIэ Москва и гъунэгъу мэзхэм къыщакIухьурэ махуэ зыбжанэкIэ я нэгу зрагъэужьыну… Зыми игу къэкIыртэкъым нэху къекIмэ, я гугъэ псори зэрылъэлъэжынур, гузэвэгъуэ иным къыхэушэу Iэщэр къащтэну. Пщэдджыжьым къащIащ мамырыгъэ зыхудиIа Германиер хьэ щэхурыпхъуэм хуэдэу къызэрыттеуар.
  • Куэд мыщIэу Стеблинскэр щIагъэтIысхьэ топгъауэ зауэлIхэм я унафэщI хъунухэр щрагъаджэ курсхэм. Iэщэр Iэзэу къигъэсэбэпыфу, унафэ ищIыфу абы щагъасэ, зэман кIэщIкIэ еджапIэр кърагъэухри, лейтенант нэхъыщIэ хъуауэ зауэм ягъакIуэ. Ар хэхуащ тIощIрэ етхуанэ фочгъауэ дивизэм и 53-нэ топгъауэ полкым.
  • ЗанщIэу Стеблинский къыIухутащ зауэ гуащIэ щекIуэкI щIыпIэм. Полкым зэтриIыгъэт Дон и зэпрыкIыпIэхэм ящыщ зымкIэ къебгъэрыкIуэ фашистхэр. А зэпрыкIыпIэр зыIэригъэхьэн щхьэкIэ бийр и къарум еблэжыртэкъым, зы гуп къызэхакъутэмэ, етIуанэр абы и пIэм иригъэувэрт. Хы укъубеям и толъкъунхэр зыпэмылъэщ къыр быдэу бийм къыхущIэкIащ полкыр…
  • Зэгуэрым дивизэм и унафэщI Шафаренкэ хъыбар кърагъэщIащ ебланэ топгъауэ гупым я пашэр къаукIауэ. Хэт абы игъэкIуэнур? Стеблинскэм лIыгъэ хэлъщ хужаIэу зыбжанэрэ зэхихат. Офицер щIалэр иреджэри, Iуэхур зытетыр къыжреIэ. Сергей Iэнкунащ: езым нэхърэ куэдкIэ нэхъыщхьэ офицерым и къулыкъу къыхуагъэфащэ. А пщIэм хуэфащэу къыщIэкIыфыну?
  • — Щхьэ зиплъэфыхьрэ? – къоупщI абы дивизэм и унафэщIыр.
  • — СлъэкI къэзгъэнэнкъым.
  • — Ар жэуап тыкIэ хъунукъым, лейтенант нэхъыщIэ. Уэ плъэкIын хуейщ комбатым хузэфIэкI псори. АбыкIэ уигурэ уи щхьэрэ зэтелъу зауэм уIухьэн хуейщ. УнафэщIым гушхуэныгъэ хэлъмэ, зауэлIхэми яхэлъщ. Бийр бзаджэщ…
  • — Хэт бзаджэми дэ а фашистхэм ядгъэлъагъунщ, — зэуэ къызэщIонэ Стеблинскэр.
  • Шафаренкэ нэщхъыфIэ къэхъужащ: хъунущ мы щIалэр комбат. Апхуэдэ фIэщхъуныгъэ зыхэлъым зауэлIхэри игъэгушхуэфынущ.
  • — ГъэзащIэ унафэр!
  •  КъызэрыгуэкIтэкъым унафэр: бийр нэхъ гуащIэу къыздеуэ щIыпIэт ар зи унафэщI хъуа батареем и хэщIапIэр. Фашист кхъухьлъатэхэр ящхьэщыкIамэ, танкхэр къежьэрт. Япэ махуэм и закъуэ нэмыцэ танкибл якъутащ. ЕтIуанэм – нэхъыбэж. Якъута танкхэм я бжыгъэр хэхъуэурэ махуэ зыбжанэ кIуащ. Зэгуэрым, зауэр нэхъ зэпыуауэ, Сергей дивизэм и штабым ираджащ. И закъуэтэкъым — лIыгъэ зезыхьа зауэлI зыбжани щIыгъут. «Сыту пIэрэ къытхуамурадыр, ныбжьэгъу командир?» – жаIэу зауэлIхэр къеупщIырт, ауэ езыри абы щыгъуазэтэкъым.
  • — Варенэ хэлъу шеибжьэ зырыз драгъэфэнущ, — жиIэу Тимофей лIыжьыр гушыIэрт.
  • И ныбжьым щхьэкIэ зауэм къамыгъэкIуэну къафIэкIуа а тхьэмадэм Iуэхур хэплъэгъуэ щыхъукIи и гушыIэныр иухыртэкъым. Топыр зыгъэпс ныбжьыщIэм зауэр здекIуэкIым сытым хуэдэу ар дэгушыIэрэт: «Танк» пэнцIывым фIэкIа нэгъуэщI бгъуэтыркъэ узэуэн?! Мес зым и пэм утехуащ, адрейм и нэжьгъыр ипкъутыхьащ. СлIожь, IэштIым зауэ уфIэщIыжрэ узыхэтыр?.. Моуэ, и гущхьэм хуэзэу утIыпщ а шэр».
  • Гупыр къыздежьам нэсащ, пщIэ къыхуащIу дивизэм и унафэщIым деж щIашахэщ. Ари гуфIэжу къапожьэ, къапожьэри гуапэу я Iэхэр къеубыд: «ЛIыхъужьхэм фи Iуэху Iей хуэдэкъым».
  • — ЩIэIеинур сыт? Ди бийхэм я Iуэхур Iейуэ щрет, — жи Тимофей. – Зыгуэр щыIэну? Мыбы нэс дыкъыщыпшакIэ, дауикI, гъущэ- псыщэу дывутIыпщыжынкъым.
  • — А жыхуэпIэри дгъуэтынущ, ауэ зэкIэ мыр… — Дивизэм и унафэщIым абы и бгъэм дамыгъэ лъапIэ къыхелъхьэ. Тимофей къэгумэщIащ, толъэщIыхь медалым. Абы щыгъуэ Стеблинскэм къритащ «ЛIыгъэ зэрызэрихьам папщIэ» медалыр. Ар япэу Хэкур къызэрыхуэупса дамыгъэ лъапIэт. Абы къыкIэлъыкIуащ нэгъуэщIхэри.
  • Сталинград деж бийм и дзэшхуэ къыщаухъуреихьауэ, абы зыкърагъэтыным къэнэжа щыIэтэкъым. Псори темыпыIэжу пэплъэрт, «уэрдыхъур» якъузу щIадзэу, биидзэм кIэ щигъуэтынум. ИкIи а махуэр къэсащ. Стеблинский Сергей и гъащIэкIэ игу къинэжащ япэу фашистхэм я бжьым къыщIагъэкIыжа щIыпIэхэр, цIыхухэр абыхэм къазэрыщыпежьэу щытар – гуфIэгъуэ нэпсхэр, удз гъэгъахэр, езыхэр зыхуэныкъуэ я щIакхъуэ Iыхьэхэр… Ди зауэлIхэм къазэрыхуэмыгуфIэ, къазэрыхуэмыупсэ щыIэтэкъым.
  • Абы иужькIэ дивизэр Харьков лъэныкъуэкIэ ядз. А лъэныкъуэмкIэ щекIуэкIа зауэхэм топсэлъыхьыж «Полкыр бийм пэщIоувэ» жиIэу генерал-майор Штыковым итха тхылъыр. Абы итщ: «Мазаем и 14-щ, пщэдджыжь пасэщ. Бгы ЩIыIэм и ижьырабгъу щыгумкIэ полкыр щозауэ. Абдежым — ар ипэжыпIэкIэ бгыщ — укъытетмэ, гукъинэж къыпщыхъу теплъэгъуэр нэгум къыщIоувэ. И лъабжьэмкIэ зыщиубгъуащ къалэ абрагъуэм…
  • Мазаем и 15-м ичынды нэблэгъауэ нэхъ хуэму дебгъэрыкIуэ хъуащ. Топхэм дапоплъэ, дзэ псомкIи къалэр къызэрытщтэнум зыхудогъэхьэзыр. Жэщ ныкъуэм фIэкIауэ топхэри къешэлIэн щIадзэ. Иджы ди Iэ-ди лъэри нэхъ щIэкIынкъэ. Пщэдджыжьым ди топхэм уэн зэраухыу вокзалымкIэ добгъэрыкIуэ, ехъулIэныгъи къыдохь.
  • Батареем и командир Стеблинскэм, полкым и мызакъуэу, дивизэ псом и цIэр фIыкIэ щыжаIэ. ЛIыгъэ зыхэлъ цIыху Iэдэбщ, и топгъауэ гупри зэфIэкI яIэу егъэзэуэф. СощIэж Харьков къыщытщтам ар ундэрэщхъуауэ зэрыщытар. ИтIани уIэгъэщым щIэгъуэлъхьэн идатэкъым»…
  • ХАРЬКОВ иужькIэ дивизэм, Валки лъэныкъуэмкIэ щобгъэрыкIуэри, бийр ирегъэкIуэт. Ауэ абыкIэ фашистхэм дзэшхуэ щагъэхьэзырауэ къыщIокIри, ди фочауэ полкхэр къеублэрэкIыж. Танкхэр къызэрыкъуох, ди топхэр зэтраупщIэныр, зэтрагъэщэхэныр, топгъауэр зэтрапIытIэныр, зэтраукIэныр я къалэну. АрщхьэкIэ Стеблинскэм и гупыр узэреуэу зэхэпкъутэфым хуэдэтэкъым, ахэр Дон деж бийм и къаруушхуэм къыр быдэу зэрыщыпэщIэтам хуэдэт иджыри. Хы укъубеяр зыпэмылъэщ къыр быдэт… Дэтхэнэ зауэлIми къыхэщт иIакъым. Пэжщ, хэкIуэдахэри щыIэт… Командирым зэуэ гу лъетэ зы топым бгъэдэта псори къаукIауэ, связистыр зыщIегъури абыкIэ мажэ, псынщIэу топыр яузэдри, япэ къища танкыр и пIэм ирагъэщахэ. А махуэм батареем нэмыцэ танки 5 игъусати, абы щыщу тIум кIэ езытар езы Сергейт… Абдеж зэрыщызэуам къыпэкIуэу Стеблинскэм кърат Вагъуэ Плъыжь орденыр.
  • Абы иужькIи зыгъэпсэхупIэ ихуэркъым дивизэр. Днепр зэпрокIри лIэн-къэнэну бийм пэщIоувэ. Стеблинскэм и батареер ягъэужьыхыну фашистхэм танк 30-м щIигъу къраутIыпщат. Ауэ къапэмылъэщу, танкитху къутауэ зэуапIэм къыIуанэри, икIуэтыжахэщ. ХьэуамкIэ Iисраф къыщащIыну хуожьэ, кхъухьлъатэхэр пщIырыпщIу, пщыкIутху- пщыкIутхуу дыдейхэм къащхьэщыхьэурэ, я бомбэхэр кърагъэлъэлъэх. Iугъуэмрэ мафIэмрэ зэщIрагъэщтащ щIылъэри, дунейр мафIэм есыж жыпIэнщ. «КъуанщIэ фIыцIэхэр» зэрыIулъэтыжу, аргуэру танкхэр къежьащ. КъокIуэхэр зэбгъурыту, гъущI хьэпщхупщ абрагъуэхэм хуэдэу, я мафIэбзийм гъуэгу напщIэр илыпщIу.
  • Батареем цIыху куэд хэщIат, и топ зыбжани къутат, шэхэри зэригъэзахуэрт. Апхуэдэу щыт пэтми, совет зауэлIхэм бийр зэтраIыгъащ ди дзэ нэхъыщхьэхэр къекIуалIэу фашистхэр яублэрэкIыху. Батареер зыхыхьэ фочауэ дивизэм щыщу абы щыгъуэ цIыху 25-м фIащащ Совет Союзым и ЛIыхъужь цIэ лъапIэр. Къэрал унафэщIхэм апхуэдэ пщIэшхуэ зыхуащIахэм ящыщ зыт ди хэкуэгъур.
  • ХЭКУ зауэшхуэр иуха нэужь Стеблинский Сергей дзэ академием щеджащ. Илъэс куэдкIи дзэм къулыкъу щищIащ щIалэгъуалэр и Iуэхум хуигъасэу, хуригъаджэу.
  • ХьэфIыцIэ Мухьэмэд.