ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Физикэм  и  хабзэхэр щызэблэхъуа

2020-07-09

  • Хьэршыр зыджхэм иджыблагъэ хъыбар зэбграгъэхащ нэм къимыплъыхьыф, гъуни нэзи зимыIэ уафэ жыжьэм зэманыр, дызэсам хуэмыдэу, щызэщIэкIуэж нэгъуэщI Дуней (КъэщIыгъэ) зэрыщыIэм ехьэлIауэ.

  • США-м и NASA щIэныгъэрылажьэ IуэхущIапIэм къызэрыщалъытэмкIэ, зэхуэмыдэ ДунеитI-ри астрофизикхэр «КъэлындышхуэкIэ» зэджэ къэхъугъэм  и  Iэужьщ.
  • «Al Jazeera» агентствэм къызэритымкIэ, щIэныгъэлIхэм я деж зэдауэ инхэр къыщыхъеящ, NASA-м и IэщIагъэлIхэм щыIэнкIэ хъуну зыхужаIэ дуней къызэрымыкIуэм и «хьэл-щэныр», и щытыкIэр зыхуэдэм ехьэлIауэ. ИкIи, еджагъэшхуэхэм я нэхъыбэм зэрыхуагъэфащэмкIэ, дызэсам емыщхьу зэманыр щызэщIэкIуэж КъэщIыгъэм къыщхьэщыкIыныгъэ нэхъыщхьэу иIэр (дыщыпсэум елъытауэ) зы закъуэщ: къыщыхъу псоми я зэблэхъукIэр, дэбгъуэн щымыIэу щызэпыща пэтми, блэкIам къикIыу дызэрыт лъэхъэнэм къызэрыхуэкIуэрщ. ЗэрыгурыIуэгъуэщи, апхуэдэр дэ, КъэщIыгъэ «захуэм» щыпсэухэр, я нэхъ мащIэрауэ дызэмысащ.
  • NASA-м щыщхэр зи гугъу тщIы гупсысэм тезышар хьэршым къикI мэскъалхэм къапкърыкI импульсхэр зыхуэдэр къэзыпщытэ ANITA антеннэу Антарктидэм щагъэувам къыпыщIа шар абрагъуэу лъагэу щаIэтам къиубыда радиоимпульс-хэм я зэкIэлъыкIуэкIэрщ (спектр).
  • ЩIы Хъурейм къыдэгъуэгурыкIуэ и хьэуам увыIэгъуэ ямыIэу къыхэлъатэ-къыхэпсэ мэскъал цIыкIужьейхэм, хьэршым и щIыпIэ жыжьэхэм къикIхэм, яхэтщ къаруушхуэ зыбгъэдэлъхэри. Абыхэм яхэтщ, я хьэлъагъкIи лъэщагъыу ябгъэдэлъымкIи (зэрызэщIэузэда и лъэныкъуэкIэ), ди нобэр къыздэсым щIэныгъэлIхэм къахуэгупсысахэр ауэ жыжьэу зыщIэмыхьэнухэри.
  • Мыри гъэщIэгъуэнщ: Антарктидэм щрагъэкIуэкIа къэпщытэныгъэхэм къызэрагъэлъэгъуащи, «тау-нейтрино» зыфIаща мэскъал хьэлъэхэм къахэкIащ ди планетэм и щIы щхьэфэм къыкIуэцIрыкIыжу уэгум ихьэжахэри. ЯфIэтелъыджэ а Iуэхум ехьэлIауэ астрофизикхэр щыхьэт зэрытехъуэмкIэ, «Дуней тэмэм» зыхужаIэм апхуэдэ къыщыхъункIэ хъунур зэзэмызэххэрэ ANITA антеннэм къыхуэбжар куэдкIэ нэхъыбэу щыщыткIэ, абы къикIыр зыщ — зи гугъу тщIы мэскъалхэр къыздикIыр дэ дызэса физикэм и хабзэ-хэр щызэблэхъуа, зэманыр щызэщIэкIуэж нэгъуэщI Дунейщ (Вселеннэщ).
  • КЪУМАХУЭ Аслъэн.