ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Июль, 2020

Адыгэ  академием  и лэжьыгъэм  пещэ

2020-07-21

  • Бадзэуэгъуэм и 20-м «Синдика» хьэщІэщым ЩІэныгъэхэмкІэ Дунейпсо Адыгэ Академием и чэзу зэІущІэр щызэхэтащ. Ар ирагъэкІуэкІащ Академием и вице-президент ХьэфІыцІэ Мухьэмэдрэ еджагъэшхуэ-секретарь нэхъыщхьэ Щхьэгъэпсо Сэфарбийрэ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Дыгъуасэ

ХьэтIохъущыкъуей  Ипщэм и  псалъалъэ

2020-07-21

  • Аргуэжь — цІыху зэхуэсыпІэ.
  • Бэдадэ — дэ хьэжа. Шхынхэлъхьэу зэрахьэу щытащ, нэхъыбэм шыпс щащІкІи халъхьэрт. Бешкъэзакъхьэблэм и нэхъыжьхэм нобэми жаІэж я анэшхуэхэм дэшыпс ящІу зэрыщытар. Дэшыпсыр шхыныгъуэ лІэужьыгъуэу но-бэ къыщызэтенар шапсыгъхэм я дежщ.
  • Гуэгуэн ныбэф — гуэгуэн лІэужьыгъуэщ, и Іур бгъузэрэ и кур ину. Бешкъэзакъхьэблэм 1940 гъэхэм пщІондэ зэрахьащ.
  • ГублыцI І — къамылылъэ.
  • ГублыцІ ІІ — гъужа хьэзыру къэкIыгъэ щыкI, щыбэ шэдылъэ.
  • ГъэплІэжын — зи псэ хэкIагъащIэр щызэрагъэзэхуэжкІэ, апхуэдэу жаІэ. Дунейм ехыжам и жьэпкъыпэр щIапхэри, и нэгум мыхъуу и щхьэм щэкIыщхьэ щабэ гуэр къытрапхъуэ. ПIалъэ-пIалъэкIэрэ къытрагъэзэжурэ, дунейм ехыжам и лъэм йоIусэ. ТхьэмыщкIэр дийуэ щыхуежьэкIэ, и нэгум нэхъыжьхэр йоплъэ. Зы медан гуэрым хуэзэу ар жаIэуи зэхыбох: хьэдэ нэпсыр щIокI, жаІэу. Мыбы иужь хьэдэм и нэгум тепхъуэ пІащІэ гуэр къытрапхъуэ, нэхъ Iуву зыгуэр телъами, ари трахри, и кIыхьагъым тещIыхьауэ щэкIыпхъэ хужь къытрапхъуэ, малъхъэдис и гущIыIум тралъхьэ. Хьэдэр ягъэплІэж, жаІэмэ, аращ къикІыр.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Адыгэбзэр ядж

Хъуэхъу лей щыIэкъым

2020-07-21

  • Дызэрыщыгъуазэщи, Азием и мызакъуэу дуней псом щынэхъ лъагэ Джомолунгмэ (Эверест) тIэуней дэкIащ ди лъэпкъым щыщ бзылъхугъэ телъыджэ Мэз Каринэ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

Ныуэжьыдзэ

2020-07-21

  • А цIэр зезыхьэ бгыр (метр 2948-рэ и лъагагъщ) ди республикэм и Iуащхьэмахуэ щIыналъэм итщ, псыхэу Гижгитрэ Урдырэ щежэх къуэладжэхэм я зэхуаку дэтщ. Зэрызэщхьэщыха и лъэныкъуэкIэ, Гижгит Бахъсэн хохуэж, Урды Гундэлэн холъэдэж.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

Лъэужь  дахэ  къызэринэкIащ

2020-07-21

  • ЦIыху куэдым гущIыхьэ ящыхъуащ Аруан къуажэм и Бзылъхугъэхэм я зэгухьэныгъэм и гуащэ Къардэн Маринэ Мухьэмэд и пхъур игъуэ нэмысу дунейм зэрехыжар. ГъащIэр фIыуэ зылъагъу, сыт хуэдэ Iуэхуми хуэжыджэр, ицIыхухэм яхуэгумащIэ, имыцIыхухэми яхуэбзэIэфI Маринэ гъащIэ мащIэу къыщIэкIащ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

Япэ урысей альпинист адыгэ щIалэ

2020-07-21

  • Лъэпкъым и тхыдэ
  • Чылар Гъузер Къэрэбат и къуэм и гукъэкIыжхэр
  • Ди унагъуэцIэмрэ лъэпкъым и тхыдэмрэ убзыхуауэ тхылъхэм изэгъауэ къыщыщIидзэр Чыларым и дежщ. Абы лъандэрэ лъэпкъищэхэм я тхыдэм ебгъапщэмэ, куэд дыдэ хъуакъым, илъэс щитIым нэсауэ арат.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

Уафэбгыкъу  и нэлат

2020-07-21

  • МэшбащIэ Исхьэкъ
  • Тхыдэ роман
  • (КIэлъыкIуэр. ПэщIэдзэр №№37 — 39, 41 — 48,
  • 50 — 51, 54 — 57, 62, 65 — 68,
  • 70 — 72, 74, 77, 79, 81 — 83, 85-хэм итщ).
  • Щхьэхъумэхэм Къэбард къызэратIатэм кIэлъыплъурэ, Къаплъэн-Джэрий дарий щхьэнтэ дытам тыншу зытрегъэзагъэ. Бахъейр къызыщхьэщих лы гъэвамрэ лэпсымрэ зытет Iэнэм пэрытIысхьапэурэ хъаным нэхъу-нэхъуу щIалэр зэпеплъыхь. Къаплъэн-Джэрий, дауи, щыгъуазэт адыгэхэм я шыгъупIастэ зехьэкIэми, я гъэхьэщIэкIэми… Анэмэт щIалэм дэгушыIэрэ хуэгуфIэрэ мыбелджылыуэ:

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

Уи дуней  тетыкIэм  дропагэ

2020-07-21

  • Мы хъуэхъур зыхуэгъэзар Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал мэкъумэш академием и студенткэ пажэхэм хабжэ, гъэсэныгъэ дахэ зыхэлъ адыгэ пщащэ Щоджэн Ланэ Артур и пхъурщ. Абы и ныбжьыр илъэс 20 ирокъу мы махуэхэм.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хъуэхъу

Iуащхьэмахуэ  къежэхыпIэщIэ щаухуэ

2020-07-21

  • Къэбэрдей-Балъкъэрым и «Iуащхьэмахуэ» курортым яужь щихьащ бгым лыжэкIэ къызэрежэх гъуэгущIэ щIыным. Ар нэхъ гугъу дыдэхэм хабжэхэм хуэдэщ. Мы зэманым яужь итщ гъуэгур зыпхыкIыну мывэхэм елэжьыным икIи лъагъуэр укъуэдииным.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хъыбар гуапэ