Хьэнифэ и гъыбзитI
2020-07-09
- Адыгэ уэрэдыжьхэм набдзэгубдзаплъэу уакIэлъыплъмэ, гу лъыботэ зы Iуэхум е къэхъугъэм къытехъукIауэ уэрэд е гъыбзэ лIэужьыгъуэ щхьэхуэхэр зэрыщыIэм. Апхуэдэщ урыс-адыгэ зауэжьым и лIыхъужь адыгэ дзэзешэхэм хуаусахэр, АдыгэщIым и Хэку къутэжыгъуэу ИстамбылакIуэм щыгъуэ хуаусахэр, Лабэжь и гъыбзэ лIэужьыгъуэхэр, Хъымсад-гуащэ и гъыбзэр, Къарс зауэм хуаусахэр, Хэку зауэшхуэм щыгъуэ яусахэм я лIэужьыгъуэ щыIэхэр, нэгъуэщI куэди.
- ДЭ НОБЭ зи гугъу фхуэтщIынур и псалъэхэмкIи, и макъамэхэмкIи зэтемыхуэу щыIэ Хьэнифэ-дахэ и гъыбзитIращ. А тIури зытеухуа Iуэхугъуэр анэнэпIэсымрэ абы и бзэгуэгъу пщащэм и дэлъхумрэ Хьэнифэ гъэпцIагъэкIэ нэгъуэщI лъэпкъ щIалэм дыщэкIэ зэрыращарщ. Пщащэм къыпылъ сохъустэмрэ и дэлъхумрэ къыкIэлъыпхъэрынкIэ гугъэу и шыпхъу нэхъыщIэр иIуэхуати, тIури анэнэпIэсым и бзэгуэгъуу къыщIэкIри, дыщэр нэхъ къыхахащ, я напэм нэхърэ. Гъыбзэм и лIэужьыгъуитIми къаIуатэр бэлыхьышхуэ къызыщыщIа адыгэ пщащэм а зыхэхуа хамэ лъэпкъымрэ нэгъуэщI динымрэ и псэм къимыщтэу ажалыр къызэрыхихаращ. А лIэужьыгъуитIри зэбгъапщэмэ, гу лъумытэу къанэркъым а тIури къызытехъу-кIар зы пщащэу зэрыщытыр, ауэ зыусахэр зэрыцIыху щхьэхуэхэр.
- Япэ лIэужьыгъуэр езы Хьэнифэ иусауэ нэхъ хубогъэфащэ, и кIэм деж зытепсэлъыхьыр къэхъункIэ хъунуращи: «Нэху къекI си хьэдэр си дэлъхум иреIэтыж» жэуэ. ЕтIуанэ лIэужьыгъуэри езы Хьэнифэ жиIэ хуэдэурэ уса хъуа пэтми, фIэщ щIыгъуейщ ар езым иусауэ, Iуэху блэкIагъэххэкIэ и кIэр еухри: «Хьэнифэм и хьэдэ дахэр члисэжьым щIэфыхьыжащ» . Мы лIэужьыгъуэр зыусам зэуэ гу лъыуегъатэ чыристанхэм я хьэдэр махуэ бжыгъэкIэ щIамылъхьэу зэрыщагъэлъым, «члисэжьым щIэфыхьыжауэ» щIыжиIэри арагъэнщ.
- Гъыбзэм и япэ лIэужьыгъуэр едзыгъуэ 20 мэхъу. Мыр 1970 гъэхэм зи хьэдры-хэр нэху хъун си анэ тхьэмыщкIэм — Шэрджэс Лизэ сигъэтхыжауэ щытащ. Си анэм зэрысабийрэ илъэгъуаи зэхихаи зы щымыгъупщауэ дунейм ехыжащ, и гурыхуагъым зыри хэмыщIауэ. Сэ абы хъыбарыжьрэ уэрэдыжьу сигъэтхыжар зы тхылъ щхьэхуэ хъунущ. Мы гъыбзэри зы псалъэ къыщымыуэу сигъэтхыжат, и макъамэм хэлъу жиIэурэ. Къуэш пэлъытэу сиIа Сидакъ СулътIан тхьэмыщкIэм зэхишауэ щыта бзылъхугъэ уэрэджыIэ гупым гъыбзэр жаIэу щытащ илъэс бжыгъэкIэ. Гъыбзэм и хъыбарым зэрыжиIэмкIэ, а лъэхъэнэм Ермэлыхьэблэ (Армавир) дэ-са ермэлыхэм адыгэбзэр уэрсэру ящIэти, Хьэнифэ пщыпхъу къыхуащIа ермэлы пщащэм и гъыбзэр иригъэцIыхури, езым лэныстэкIэ зиукIыжауэ нэху къекIащ. Аращ зи шыпхъур зыщэжа и дэлъхум и хьэдэр иIэтыжыну уэсят и гъыбзэмкIэ къыщIыхуищIари.
- ЕтIуанэ лIэужьыгъуэм сыщыIущIар зэманыфI текIыжауэщ. 2003 гъэм и гъэмахуэпэм Тыркуейм и къалащхьэ Анкара щекIуэкIат адыгэ хабзэр къызэтегъэна зэрыхъунум теухуа зэIущIэшхуэ, адыгэрэ абазэрэ зыщыпсэу хэгъэгуи къэрали къикIа лIыкIуэхэр хэту. ДыщIэкIуа Iуэхум и дауэдапщэхэр зэфIэкIа нэужь, Къайсэр къикIа щIалэхэм нэхъыбэу адыгэ-абазэ къуажэхэр здэщыIэ а щIыналъэмкIэ дашат Бгъэжьнокъуэ Барэсбийрэ ТхьэицIыху Михаилрэ си гъусэу. Тыркуейм щызэхэт жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм я нэхъ лъэщхэм ящыщщ Къайсэр Хасэр. Я анэ къыдалъхуахэм хуэ-дэу дригъэблагъэри, тхьэмахуэкIэ а къалэм къегъэбыдылIа адыгэ-абазэ къуажэхэм езым и машинэмкIэ дыкъришэкIащ адыгэлI нэс Токъмакъ Сэджыт. (А зэманым ар дзэ къулыкъум къыхэкIыжати, иджы и пенсэм иужь итт, ар зэрызэфIэкIыу и унагъуэри къэкIуэжри Къэбэрдей-Балъкъэрым щыпсэуащ).
- Зи гугъу сщIа къуажэхэр къэткIухьурэ, Къаншууей къуажэм дэс Зэшокъуэ Межни и унагъуэм деблэгъат. Адыгэ унагъуэ зэпэщ зэрыхуэфащэу дагъэхьэщIащ, иужькIэ хъыбархэм, уэрэдхэм дыхыхьэри, дэ тщIэ гуэрхэми едгъэдэIуащ, езыхэми къыджаIащ. Мис абдеж зэщхьэгъуситIыр зэдэIэпыкъужмэ, ягу къагъэкIыжурэ щызэхэсхащ икIи зэуэ си диктофонымкIэ стхащ Хьэнифэ-дахэ и гъыбзэм и зы лIэужьыгъуэр. Хэкум дыкъихьэжу Тыркуейм щыстхахэр здызэзгъэзэхуэжым, сигу къэкIыжащ мы Хьэнифэ и етIуанэ лIэужьыгъуэр и анэм къыжриIэу зэхэзыха, ауэ хэлъ псори къызыхуэмыгубзыгъыж Бэлахъуэ Къумилэт Бгъэжьнокъуэ Барэсбий къыдигъэкI «ЩIэнгъуазэ» газетым зэрытридзар. Апхуэдэ къыдэкIыгъуэ псори сиIэти, жыхуэсIар къэзгъуэтыжащ (1991 гъэм и епщыкIузанэ номерыр). Зэшокъуэ зэщхьэгъусэхэм а гъыбзэм хэлъа псори зэрамыщIэжыр жаIагъэххэти, Къумилэт ищIэжу газетым къытехуа едзыгъуэхэри хъарзынэу хэувэжащ гъыбзэм, икIи псори едзыгъуэ 12 хъуащ. Межни сымэ сэ сабгъэдэсати, абыхэм яхуэфэщэн тхьэгъэпсэу яжесIат, ауэ Къумилэт сэ сринэIуасэкъым, сыхуейт абыи си тхьэгъэпсэур лъысыну!
- ШЭРДЖЭС Алий,
- КъШР, Хьэбэз къуажэ (Къэсейхьэблэ).
- ЯПЭ ЛIЭУЖЬЫГЪУЭ
- АнэнэпIэс гущэм, раедэ,
- Мэшыхым сешэри, раедэ.
- Сызэрища гущэр, раедэ,
- Чысэ из дыщэти, уей.
- Си шыпхъу нэхъыщIэри, раедэ,
- ХъыбарегъащIэти, раедэ,
- Сэ сыкъэзыщIэхэм, раедэ,
- ГущIэгъу къысхуэфщI, сыволъэIу.
- Къанщауэ Мэшыри, раедэ,
- Зэрыщхьэбапхъэти, раедэ,
- Сохъустэ пхъэрышхуэкIэ, раедэ,
- Сащыгугъа гущэт, уей.
- Машинэ цIыкIури, раедэ,
- Си Iэрыгъади, раедэ,
- Сэ сымыдэххэурэ, раедэ,
- Ермэлым сыкъратай.
- Си жыр лэныстэри, раедэ,
- Жану согъабзэри, раедэ.
- Бзэншэ схуэхъунурэ, раедэ,
- АнэнэпIэсым сищай.
- Унэ къуапиплIми, раедэ,
- Сурэтыр къощри, раедэ,
- АнэнэпIэсым сыщищэми
- Си дэлъхур щхьэ уасэ щIэхт?
- МамсырыIэри, раедэ,
- Сэ сагъэубыдри, раедэ,
- Ермэлы жорымкIэ, раедэ,
- Нэчыхьыр ягъэбыдай.
- Ермэлы пщащэри, раедэ,
- Си ущиякIуэти, раедэ.
- Хэт и ущиеми, раедэ,
- СемыдэIуэнути, уей.
- Си Iэлъын цIыкIури, раедэ,
- Си Iэпэм покIри, раедэ.
- ГуимыкIыжхэри, раедэ,
- Сэ къысщыщIа гущи, уей.
- Нобэрей махуэми, раедэ,
- Си Iур согъэгъури, раедэ,
- Кхъуэл гъэгъуакIэрэ, раедэ,
- Сыхагъэщхьэж гущэр, уей.
- Блафэ IэлъэщIри, раедэ,
- Си фэм йозэгъри, раедэ,
- Зэмызэгъыжурэ, раедэ,
- Ермэлым сакъыхэнай.
- Дарий босцей гущэр, раедэ,
- Жыжьэу пызолъэри, раедэ,
- Зэпылъ-зэрышэхэр, раедэ,
- Спэжыжьэ хъуа гущи, уей.
- Махуэм и кIыхьри, раедэ,
- Iуэхум егъакIуэри, раедэ,
- Ныжэбэ жэщри, раедэ,
- ГъынкIэ согъакIуэри, уей.
- Си пшынэ макъми, раедэ,
- ПцIащхъуэр дожьу гущэ, раедэ.
- Си гъыбзэ макъми, раедэ,
- Мы унэ нэщIыр дожьу.
- Си дыщэ Iэхъури, раедэ,
- Iэпщэм щокъутэри, раедэ,
- Си гухэлъыфIхэри, раедэ,
- Абджыпсу зэхэкъутай.
- Данэ пэлъэщIри, раедэ,
- Iэгум йокIуадэри, раедэ,
- Хьэнифэ дахэри, раедэ,
- Ермэлым хэкIуэдэжай.
- Си дыщэ пыIэри, раедэ,
- Щхьэрызохыжри, раедэ,
- Си щхьэр пахынуми, раедэ,
- Ермэлым сыхуэмей!
- Щхьэцыгъуэ дахэри, раедэ,
- Бгым изохыжри, раедэ,
- Мы дуней бзаджэми, раедэ,
- Ажалыр сэ къыхызох.
- Ипщэм сынаплъэмэ, раедэ,
- Си гур къысфIокIри, раедэ,
- Нэху къекI си хьэдэри, раедэ,
- Си дэлъхум иреIэтыж.
- ЕТIУАНЭ ЛIЭУЖЬЫГЪУЭ
- ЛъэпкъкIэрэ фыкъысщIэупщIэм,
- Назычхэ сырапхъурылъхути.
- Си дэлъхум къызищIа лажьэр
- Къэбэрдейхэм ящремыгъупщэ.
- Дыщэурэ си пыIэ лъагэр
- ПылъапIэм ныфIызолъэжыр.
- Хьэнифэ зыпэплъа щIалэр
- Джаурыжьу къыщIэкIыжакъэ.
- Данэурэ си щхьэцыгъуэшхуэр
- Мажьэдзэм хузэгуэмыхи,
- ПхъэхкIэрэ сызэгуахами,
- Джаурыжьым сыдэмыкIуэнут.
- Данэурэ си нэжьгъуцитIыр
- ТхьэкIумакIэм ныдызоупщIэр,
- Хьэнифэ и щIэупщIакIуэр
- А махуэм, уэр, мэлъэлъэжкъэ.
- Жэзурэ си бжэмышх тIощIыр
- Дапхъащхьэм къытызокIутэ.
- Хьэнифэм кърикIутэхыу
- Члисэжьым ирашэхыжыр.
- Жыгейуэ си пхъэ вакъитIым
- Жыхафэгум сринэмыси,
- Гузэвэгъуэр къыщыслъэIэсым,
- Уэс мычыр нырызокъутэ.
- Джаурыжьым и унэ лъагэм
- Хьэнифэ дахэр щIозашэ.
- Хьэнифэр емызэшыжу,
- МыувыIэу гъыбзэр еусыр.
- Си адэу сыкъэзылъхуами
- Тен джэдыгур къысхурегъэхьыр.
- Джаурыжьу сызыхуахьами
- Еууей, сыжьэхолыдэр.
- Iэдийуэ си блэ хужьитIыр
- Джаурыжьым и пщэм иредзэр.
- ЕнцIурэ си щхьэцышхуитIыр
- Джаурыжьым и дзажэщIэлъи.
- НэщI мазэр къыщыунэхуу
- Муслъымэным и Iур щигъэгъум,
- Ахъшэмыр къыщыгъунэгъум
- Кхъуэл гъэгъуахэр
- къысхуагъэкIуатэ.
- Жэзурэ си сэмвар цIыкIур
- Псы къэкъуалъэм къызэгуеудыр.
- Хьэнифэ зэгуэмыуду
- Адэ-анэм явгъэлъагъужкъэ.
- Данэурэ мы си бэлътокур
- IэмыщIэм изогъэфыхьыр.
- Хьэнифэм и хьэдэ дахэр
- ЧлисэжьымщIэфыхьыжащ.