ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Июль, 2020

2020-07-23

  • 2020 гъэм бадзэуэгъуэм и 31-р щымылажьэ гуфIэгъуэ
  • махуэу гъэувыным и IуэхукIэ
  • Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и
  • Указ
  • «Я фIэщхъуныгъэр зыхуэдэнур езыхэм яубзыхужынымкIэ яIэ хуитыныгъэхэмрэ дин зэгухьэныгъэхэмрэ я IуэхукIэ» 1997 гъэм фокIадэм и 26-м къащта Федеральнэ закон №125-ФЗ-м и 4-нэ статьям и 7-нэ пунктым тету, Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Муслъымэн дин IуэхущIапIэм Къурмэн хьидыр щагъэлъапIэ бадзэуэгъуэм и 31 — шыщхьэуIум и 2 махуэхэм я IуэхукIэ зыкъызэрытхуигъэзам ипкъ иткIэ унафэ сощI:
  • 2020 гъэм бадзэуэгъуэм и 31-р щымылажьэ гуфIэгъуэ махуэу Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щыгъэувын.
  •       Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм
  •       и Iэтащхьэ                КIуэкIуэ Казбек
  • Налшык къалэ
  • 2020 гъэм бадзэуэгъуэм и 21-м
  • №92-УГ

Зыхыхьэхэр: Указ

Быф  Анатолэ  и жэрдэмкIэ

2020-07-23

  • Иджыблагъэ Къэрал Думэм ещанэ еджэгъуэкIэ къыщащтащ «Пестицидхэмрэ агрохимикатхэмрэ шынагъуэншэу зегъэкIуэным и IуэхукIэ» Федеральнэ законым и 22-нэ статьям зэхъуэкIыныгъэ хэлъхьэным теухуауэ» федеральнэ закон №681101-7-м и проектымрэ «Мэкъумэш унэтIыныгъэ зиIэ щIыхэм къат хъерым къэрал кIэлъыплъыныгъэ иIэным и IуэхукIэ» Федеральнэ законымрэ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

Нобэрэ пщэдейрэ

2020-07-23

  • Бадзэуэгъуэм и 23, махуэку
  •  Джейхэмрэ хыкхъуэхэмрэ я дунейпсо махуэщ. 1986 гъэм ягъэуващ, а псэущхьэхэр илъэс 200-кIэ гущIэгъуншэу зэрызэтраукIам и зэранышхуэ дыкъэзыухъуреихь дунейм зэрекIым игъэгузавэри. Абы лъандэрэ джейхэр къаубыдуи, я лыр ящэуи ядэркъым.
  •  Абхъаз Республикэм и Къэрал ныпым и махуэщ
  •  Осетие Ипщэм и хъыбарегъащIэ IуэхущIапIэхэм я лэжьакIуэхэм я махуэщ. Абы щыгъуэщ дунейм къыщытехьар япэ осетин газетыр — 1906 гъэм Владикавказ къыщыдэкIыу щIидзащ «Ирон газет» («Осетинхэм я газет») жыхуиIэм.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

Псыхьэ нанэ

2020-07-23

  • Зауэ увыIам цIыхухэр щыгуфIыкI пэтми, абы хэкIуэдахэмрэ хъыбарыншэу къэтхэмрэ гуфIэгъуэр фагъуэ къащищIырт. ЦIыхур гуфIэрт икIи нэщхъейрт.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Жыжьэ-гъунэгъу

ШкIэжь Дамир дыдэвгъэIэпыкъу

2020-07-23

  • Сэ си цIэр Дамирщ. Илъэсий сохъу. Илъэсрэ ныкъуэ ипэкIэ лейкоз узыфэр сиIэу къахутащ. Си адэ-анэм ар гущIыхьэ ящыхъуащ, сэ узыр зыхуэзгъэшэчу сопсэу. Узыр зыгъэундэращхъуэ мастэр къысхамылъхьэу пункцие сащIащ, ауэ сэ зэи сыгъакъым. Гугъэ, гушхуэныгъэ къысхилъ-хьэу си адэр сытым дежи     сщIыгъут. Унэм къыщыспэплъэрт си анэмрэ си къуэш нэхъыщIэ цIыкIу Iэдэмрэ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

Адыгэ литературэм и Iуащхьэмахуэ КIыщокъуэ Алим

2020-07-23

  • Уахътыншэ
  • Псалъэ гуапэхэр, гурыщIэ Iэджэр, хъуэхъу дахэхэр гъунэжщ. ТхылъымпIэм ирижэну хьэзыр хъуа къалэмыр сIыгъщ зыIэщIэзмыгъэкIыу, тхэну сфIэлъэпIастхъэу. Си псэм къепщIа гуапагъэ Iэджэм сахощыпыхьыж гукIэ. Нэхъ псалъэ хъарзынэ дыдэхэр къыхэсхыурэ, удз Iэрамэу зэхэслъхьэну сыхэтщ. АбыкIэ сыхуэупсэнут Алим, ди адыгэ тхакIуэшхуэм, ди гъуазэм, ауэ, бетэмал, си гухэлъ псори кърисIуэтэну згъуэтыркъым сызыхуей псалъэхэр.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

Iуащхьэмахуэ дэкIын ипэ

2020-07-23

  • Илъэси 101-кIэ екIуэкIа Урыс-Кавказ зауэжьым и зы Iыхьэу щытащ адыгэ щIыналъэхэр зэкъуачын щыщIадза лъэхъэнэр. Тхыдэтххэм я нэхъыбэм зэрытрагъэчыныхьымкIэ, абы и къежьапIэу къэлъытапхъэр Урысеймрэ Тыркумрэ Кючук-Кайнаджи мамыр зэгурыIуэныгъэр щызэращIылIа 1774 гъэращ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Тхыдэ

Тамбий Казим и хъыбаритI

2020-07-23

  • Бешкъэзакъхьэблэрэ Азей къалэмрэ я зэхуаку шыкIэ дэлъыр зы махуэ ныкъуэ гъуэгущ. Зы шы дэгъуэ утесу Мэчэнеикъуэ удыхьэрэ ПсышхуэмкIэ уекIуэкIмэ, Ло къуажэкIэ зиукъуэдийуэ нэхъ кIэщIу зы шы гъуэгу иIэщи, шэджагъуэ мыхъуу унэсыфынущ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

«Мэуджыр псэр»

2020-07-23

  • Бахъсэн щыщ егъэджакIуэ Бейтыгъуэн ФатIимэ и тхылъыщIэ Котляровхэ Мариерэ Викторрэ я тхылъ тедзапIэм дунейм къыщытехьащ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: ТхылъыщIэ

Квазархэр

2020-07-23

  • Астрономхэм хьэршым къыщалъэгъуа къэщIыгъэхэм ящыщу я нэхъ шынагъуэ дыдэу мы зэманым къалъытэр «квази-вагъуэкIэ» зэджэхэрщ («квази» — латин псалъэщ, «ещхь» жыхуиIэщ).

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: ГъэщIэгъуэнщ

ЕсэнтIыгу  щыхамэкъым

2020-07-23

  • Урысей Федерацэм футболымкIэ и етIуанэ дивизионым и «Ипщэ» гупым 2020-2021 гъэхэм щыIэну зэхьэзэхуэм зыхуэзыгъэхьэзыр «Спартак-Налшыкым» блыщхьэ кIуам зэныбжьэгъугъэ зэIущIэ ЕсэнтIыгу къалэм щригъэкIуэкIащ. Абы ди щIалэхэр бжыгъэшхуэкIэ, 5:0-у, щытекIуащ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Футбол