ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Июль, 2020

Пэжымрэ пцIымрэ  ятеухуауэ  иджыри  зэ

2020-07-07

  • ХьэфIыцIэ Мухьэмэд, Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Адыгэ Хасэм и тхьэмадэщ, КъБР-м и Жылагъуэ палатэм хэтщ, КъБР-м и Правительствэм, Печатымрэ хъыбарегъащIэ IэнатIэмкIэ министерствэм, Журналистхэм я зэгухьэныгъэм я саугъэтхэр къратащ, Кавказыр джыным хуэгъэпса дунейпсо зэгухьэныгъэм хэтщ, Урысей Федерацэм щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьа-кIуэщ, КъБР-м, КъШР-м, Адыгэ Республикэм щIыхь зиIэ я журналистщ, Абхъазым и «ПщIэрэ ЩIыхьрэ» къэрал дамыгъэ нэхъ лъапIэ дыдэр къыхуагъэфэщащ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

Мы махуэхэм

2020-07-07

  • Бадзэуэгъуэм и 7, гъубж
  •  Тенджыз, псы флотхэм я лэжьакIуэхэм я махуэщ
  •  Осетие Ищхъэрэ — Аланием егъэлъапIэ Респуб-ликэм и махуэр
  •  Японием щагъэлъапIэ Лъагъуныгъэм и махуэр
  •  1687 гъэм Ньютон Исаак къихутащ дунейм зыщIэ-зышэ къару зэрыхэ- лъыр.
  •  1918 гъэм Советхэм Екатеринодар (иджырей Краснодар) щрагъэкIуэкIа съездым унафэ къыщащтащ Кавказ Ищхъэрэ Республикэ къызэгъэпэщыным теухуауэ.
  •  1920 гъэм Антверпен (Бельгие) щыщIидзащ VII гъэмахуэ Олимп джэгухэм. Ар къызэIухыным теухуа гуфIэгъуэ дауэдапщэхэр щекIуэкIар шыщхьэуIум и 14-рщ.
  •  1923 гъэм Азербайджан ССР-м хыхьэу къызэрагъэпэщащ Нагорнэ Карабах автономнэ областыр.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

Къэбэрдей-Балъкъэрым къэрал бюджетым щыщу иджыри сом мелуан 44-м щIигъу къратынущ социальнэ IэнатIэм и лэжьакIуэхэм я улахуэхэм хущIагъун папщIэ

2020-07-07

  • Урысейм и щIыналъэхэм иджыри сом меларди 3,6-рэ хуэдиз иратыну траухуащ. Ахэр трагъэкIуэдэнущ коронавирус узыфэр зыпкърытхэр щагъэхъуж социальнэ IуэхущIапIэхэм я лэжьакIуэхэм я улахуэхэм яхущIыгъуным. Абы лъабжьэ хуэхъур а сымаджэщхэм щылажьэхэм я улахуэхэм хущIагъу ахъшэхэр иджыри мазитIкIэ — фокIадэм и 15 пщIондэ — иратын хуейуэ зэрагъэуварщ. Ар щыубзыхуа унафэм Iэ щIидзащ УФ-и Правительствэм и УнафэщI Мишустин Михаил. Псори зэхэту къэрал бюджетым щыщу сом мелард 11-м щIигъу трагъэкIуэдэнущ а Iуэхум.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: КъБР-м и Правительствэм

2020-07-07

Налшык и гулхэр

Зыхыхьэхэр: Ди сурэт гъэтIылъыгъэхэр

Ныкъусаныгъэншэу йокIуэкI

2020-07-07

  • ДэнэкIи хуэдэу, Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и курыт школхэр мы гъэм къэзыух ныбжьыщIэхэм бадзэуэгъуэм и 3-м Зыуэ щыт къэрал экзаменхэр яублащ. Абыхэм ятащ литературэр (цIыху 200-м), географиер (57-м), информатикэр (цIыху 230-м). Къэпщытэныгъэхэр къызыхуэтыншэу къызэрагъэпэщащ икIи ныкъусаныгъэншэу, хабзэхэр къызэпамыуду екIуэкIащ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Егъэджэныгъэ

Жырым хуэдэ Къардэн Къэбард

2020-07-07

  • Къардэн Къэбард Лэкъумэн и къуэм и гъащIэр ещхьт вагъуэижым — махуэ 257-кIэщ ар Хэку зауэшхуэм зэрыхэтар. Дэфтэрхэм яхъумащ абы сыхьэтихым къриубыдэу и танкымкIэ нэмыцэ фашисту 50-м щIигъу зэриукIар, топу 5 зэрикъутар, къуентхъыу танки 7, топ 13, автомашинэ 78-рэ дыдейхэм къаIэрыхьэным ар зэрыхэлIыфIыхьар…

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: ТекIуэныгъэ

Хэкупсэ нэс Сэхъурокъуэ Анатолэ

2020-07-07

  • Мэкъумэш щIэныгъэхэм я доктор, Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм егъэджэныгъэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, Старэ Шэрэдж (Дохъушыкъуей) къуажэм Хьэмдэхъу Башир и цIэр зэрихьэу дэт мэкъумэш-промышленнэ колледжым и унафэщI, жылагъуэ лэжьакIуэ цIэрыIуэ, Аруан щIыналъэм и щIыпIэ самоуправленэм и депутат, цIыху щыпкъэ, хэкупсэ нэс Сэхъурокъуэ Анатолэ Хьэзрит и къуэм и ныбжьыр илъэс 60 ирикъуащ. И махуэ лъапIэм ирихьэлIэу абы упщIэ зыбжанэкIэ зыхуэдгъэзащ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: ДифI догъэлъапIэ

Адыгэ  газетым  щыщу  зауэм  хэкIуэдахэр

2020-07-07

  • Махуэ 1418-кIэ екIуэкIа Хэку зауэшхуэм къыздихьа гуауэр зылъэмыIэса зы унагъуи ибгъуэтэнкъым къэралым. Абы хэкIуэда цIыху мелуанипщI бжыгъэхэм я закъуэкъым зауэм и мафIэр зылъэIэсар, и нэщIэбжьэр зыгъэвар — ахэр къэзылъхуахэми, я щIэблэхэми я псэм тридза уIэгъэр кIыжакъым, адэ-анэншэу къэна сабий мелуанхэр къэхъуащ я гур иудауэ, адэм и псалъэм, и гумащIагъэм хуэныкъуэу.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

Я гъэсэн цIэрыIуэм и хъер ялъагъу

2020-07-07

  • Налшык дэт курыт еджапIэ №31-м иджыблагъэ сом мелуан зыбжанэ къыIэрыхьащ. Ар къыхэкIащ абы топджэгум щыхуагъэса гъуащхьэхъумэ- ныкъуэ цIэрыIуэ Мырзэ Резуан зыхэта «Ростов»-м еврэ мелуаниплI ириту Мэзкуу и «Спартак»-м ди лъахэгъур нэгъабэ зэрызыхигъэхьам.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Футбол

Хэкужь щалъытэ, хамэщІ щахутэ

2020-07-07

  • Канадэм щыщ бзэщІэныгъэлІ Коларуссэ Джон илъэс 75-рэ ирокъу
  • Мы тхыгъэр зытеухуа щІэныгъэлІым и гугъу щІын едмыгъажьэ щІыкІэ, «Адыгэ псалъэ» газетым еджэхэм зы гукъэкІыж гуэркІэ сывдэгуэшэну сыхуейт. «ХамэщІ щыпсэу ди лъэпкъэгъухэм бзэр къабзэу яхъумащ, уахыхьэу ящІэж ІуэрыІуатэр зэхуэпхьэсыжыну уасэ иІэтэкъым», жаІэу си егъэджакІуэхэм сыщытрагъэгушхуэм, ІуэрыІуатэщыпэ гуращэр сиІэу 2005 гъэм щыпэкІуэу Тыркум сежьащ. ТхьэмахуитІкІэ щхьэкъэІэт димыІэу дадэ-нанэхэр дгъэуэршэрауэ, бысым щІалэм къыхилъхьэри, зыдгъэпсэхуну Истамбыл дишэгъат.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха