Алътудым и дамэ, лъэпкъым и щIыхь
2020-07-09
- Мы тхыгъэр зытеухуар Альтуд къуажэм щыщхэу Мэремыкъуэ Ахьмэдрэ абы и щхьэгъусэ Шэрифэрэ я бынунагъуэшхуэм сабий нэхъыщIэ дыдэу — ебланэу — 1915 гъэм фокIадэм и 24-м къыщалъхуа Анэщ. Абы дэлъхуитхурэ зы шыпхъурэ иIэт. Дэлъху нэхъыжьхэу СулътIан, Анатолэ, Нурхьэлий, Мухьэмэд, Амхьияд, и шыпхъу Мэржан яхэту.
- Аня къыхэкIащ нэмысрэ насыпрэ зэрылъ, зэгурыIуэрэ зэдэIуэжу псэу, зышхынрэ зыщIэнрэ зыгъуэт, зыр адрейм щыдэIэпыкъу мэкъумэшыщIэ унагъуэм. Ар илъэсий щрикъум къуажэ школым щIэтIысхьэри, классиблыр фIы дыдэу, и егъэджакIуэхэр къыхуэарэзыуэ, и адэ-анэри къыщыгуфIыкIыу къиухащ. И ныбжь емылъытауэ Аня сытым дежи кIэщIущ цIыкIут, акъыл жан зиIэт, гъащIэмрэ дунеймрэ я къэхъукъащIэхэм куууэ егупсыст. А зэманым хуэзэу пщIыхьэпIэ гъэщIэгъуэн илъэгъуауэ щытауэ жиIэжырт и IэщIагъэ, и псэукIэ, и насып хъунум теухуауэ: уанэм тесу пшэхэм я щхьэжкIэ уэгум иту, къеплъыхмэ, губгъуэхэр, мэзхэр щхъуантIэ дахэу, и лъащIэмкIэ унэхэр цIыкIунитIэу щилъагъуу.
- А пщIыхьэпIэм Аня и гъащIэм мыхьэнэшхуэ щиIауэ жыпIэ хъунущ. Абы иужькIэ ар куэдрэ уафэм дэплъей хъуащ, хуарзэу уэгум ит къуаргъхэм, бгъэхэм, кхъухьлъатэхэм игъэщIагъуэу якIэлъыплъырт, сыт хуэдэ къарууэ пIэрэ ахэр къемыхуэхыу хьэуам хэзыIыгъэр жиIэу егупсысырт. И пщIыхьэпIэри щIэх-щIэхыурэ игу къэмыкIыжу къанэртэкъым.
- Налшык дэс и дэлъхур, и адэ-анэм ящIэупщIэну къэкIуэжауэ, Аня къеупщIащ: «Школыр хъарзы- нэу къэбухащ, адэкIэ сыт пщIэну уи гум илъыр, си шыпхъу цIыкIу?» — жиIэри. Абы къыхуиIуэтащ Лениным и цIэр зезыхьэ еджапIэ къалэ цIыкIум хэт педагогикэ техникумым щIэтIысхьэну хуейхэм я дэфтэрхэр къыIахын зэрыщIадзар, парашютист хъуну щIэхъуэпсхэм папщIэ ДОСААФ-м и унафэм щIэту аэроклуб къызэрызэIуахар. СулътIан Аня еупщIщ, и адэ-анэми ечэнджэщри, унафэ ящIащ а еджапIитIми щеджэну хуей Аня Налшык здишэу щIигъэтIысхьэну. Апхуэдэуи ящIащ.
- Япэ махуэм щегъэжьауэ Аня ерыщу и мурадым хуэкIуэн щIидзащ. Дэзыхьэх IэщIагъэхэр зригъэгъуэтын папщIэ къикIуэт ищIакъым, егъэджакIуэхэм я жыIэм фIэкIакъым. Мазэ зытIущ нэхъ дэмыкIыу, нэхъыфI дыдэу еджэ курсантхэм ящыщ хъуащ икIи ар ящIащ парашют спортым и инструктор. Еджэныгъэм и программэм тету кхъухьлъатэм и зэхэлъыкIэм, парашюткIэ укъелъэн щхьэкIэ Iэмал имыIэу пщIэн хуей псоми щагъэгъуэза иужь, курсантхэр кхъухьлъатэм гъуэрыгъуэу ирагъэтIысхьэрт, уэгум драхьейуэрэ ирагъэщIахэр нэрылъагъуу щIагъэбыдэрт. Абы иужькIэ экзаменхэр, зачётхэр ирагъэтыжырти къащIэрт хэт сыт хуэдэ щIэныгъэ игъуэтами. Мыбдежми Аня япэ зыри къиувэфакъым. Абы къыфIащащ инструктор, мазэ зытIущ дэкIри уэгум зыIэтынымрэ абы парашюткIэ къелъэнымкIэ инструктор нэхъыжь ящIащ.
- «Адыгэ псалъэ» газетым еджэхэм ящIэмэ си гуапэщ Аня аэроклубым щIэныгъэ щыщызригъэгъуэт зэманым абы ди республикэм и къуэ пажэ, Совет Союзым и ЛIыхъужь, Хэку зауэшхуэм кхъухьлъатэзехуэ хахуэу хэта, нэмыцэ зэрыпхъуакIуэхэм я дзэм, я техникэм хэщIыныгъэшхуэ езыта Байсултанов Алим къызэрыдеджар.
- Аня куэд щIауэ щIэхъуэпсырт кхъухьлъатэ зехуэнми парашюткIэ къелъэнми хуэIэзэ зэрыхъуар и адэ-анэм, и благъэ-Iыхьлыхэм, и къуажэгъухэм яригъэлъагъуну икIи ар абы къехъулIащ. Накъыгъэ махуэшхуэхэм ирихьэлIэу, аэроклубым и унафэщIым и жыIэкIэ, кхъухьлъатэм ису къуажэм къэкIуэжурэ парашюткIэ къелъащ, и «гъущIышри» къигъэтIысащ псоми ялъагъуу. Алътуд къуажэм и гупэм деж иIэ губгъуэ нэщIышхуэ удзыпцIэ дахэм деж щызэхуэса къуажэдэсхэр щыгуфIыкIат бзылъхугъэм и зэфIэкIым, Iэгуауэшхуи хуаIэтат. Мы щIыпIэм деж махуэшхуэм ирихьэлIэу щызэхыхьэрт колхозым хэтхэр, абы и бригадиплIми я мэкъумэшыщIэхэр, Iэщыхъуэ фермэхэм я лэжьакIуэхэр, адрей алътуддэсхэри.
- Езы Аня зэи игу имыхужыр 1932 гъэм Псыхуабэ аэроклубым щекIуэкIа зэхьэзэхуэ инырт. Абы кърихьэлIат цIыху мин 15-м щIигъу. Къызэхуэсахэм яхэтт Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и лIыкIуэхэр, КПСС-м и обкомым и япэ секретарь Къалмыкъ БетIал я пашэу, Кавказ Ищхъэрэм и щIыналъэхэм я унафэщIхэр, ди къэралым къыщыдэкI газетхэм я корреспондентхэр. А псоми ялъагъуу кхъухьлъатэкIэ метр 1100-кIэ дэлъэтейри, Iэзэу парашютымкIэ къелъауэ щытащ Мэремыкъуэхэ я пщащэр. ЩIылъэм къызэрысу щIалэгъуалэр бгъэдэлъадэри, зэрыгуфIэщахэм и щыхьэту, драдзейуэ хуежьащ. ИужькIэ абы гуапэу ехъуэхъуащ ди щIыналъэм икIахэри нэгъуэщI щIыпIэ щыщхэри. Къалмыкъ БетIал и машинэмкIэ ар Налшык къыздишэжат. МахуитI-щы нэхъ дэмыкIыуи Аня и адэ-анэр и гъусэу КПСС-м и обкомым ирагъэблэгъащ, щIыхь тхылърэ ахъшэ саугъэтрэ (абы щыгъуэ ахъшэшхуэт сом мини 10-р) къратащ. Илъэс 18 фIэкIа мыхъуа пщащэм ди республикэм, адыгэ лъэпкъым и пщIэмрэ и щIыхьымрэ мис апхуэдэу иIэтыгъащ.
- Абы иужькIэ куэд дэмыкIыу Аня хэтыгъащ Москва и аэроклубхэм ящыщ зым Авиацэм и махуэр щыщагъэлъапIэм. Къалэдэс мин бжыгъэхэм ящIыгъуу гуфIэгъуэм кърихьэлIат ди къэралым и лIыщхьэхэр, нэгъуэщI щIыпIэ къикIа къулыкъущIэ куэди. Грознэ къалэм и аэроклубым къикIа Делявская Нинэрэ Мэремыкъуэ Анярэ япэ увыпIэр зэдагуэшауэ щытащ абы щыгъуэ.
- Украинэм и Винницэ къалэм 1938 гъэм щекIуэкIат лъатэ-парашют зэхьэзэхуэшхуэ. СССР-м и союз республикэ 16-м къикIа делегатхэр зыхэта а зэпеуэ иным, ди щIыналъэм щыщ гупым хэту, и зэфIэкI щигъэлъэгъуат Аня. Москва, къыкIэлъыкIуэу Киев щыщ кхъухьлъатэзехуэхэм зыкъагъэлъэгъуа иужь, уэгур хуит хуащIат Мэремыкъуэм. Метр 1200-кIэ зиIэтри, и кхъухьлъатэмрэ езымрэ яхузэфIэкI псори къызэхуэсахэм наIуэ ящищIат бзылъхугъэм. Зэм ижьымкIэ зригъэщIу, зэм сэмэгурабгъу зищIу, зэми и «гъущIышым» и пэр дригъэзейрэ нэхъ лъагэ хъууэ, зэми зыкъригъэлъэхъшэхыу уардэу уэгум итащ. ПарашюткIэ къелъэнымкIэ щызэпеуами, Аня япэ зыри иригъэщакъым.
- Куэд дэмыкIыу Аня унагъуэ ихьащ икIи Тырныауз къалэм щыпсэуну Iэпхъуащ. Здынэсам къыщыувыIэну хуэмей, щIэныгъэ, IэщIагъэ зэзыгъэгъуэтыну щIэхъуэпс пщащэр Владикавказ дэт медицинэ институтым щIэтIысхьэри, нэхъыфIу еджахэм ящыщу къиухащ. Гинеколог дохутырым и дипломыр IэщIэлъу къэкIуэжри лэжьэн щIидзащ. Мыбдежми Аня къыщигъэлъэгъуащ гу хьэлэлрэ псэ къабзэрэ зэриIэр. Хэт къыбгъэдыхьэми, сэбэп хуэхъуфу, псалъэ дахэ яжриIэу, псори къыхуэарэзыуэ, фIыуэ къалъагъуу лэжьащ илъэс куэдкIэ. Аня сэбэп зыхуэхъуа, игъэхъужахэм я лъэIукIэ абы къыфIащауэ щытащ «Урысей Федерацэм щIыхь зиIэ и дохутыр» цIэ лъапIэр.
- ИужькIэ Аня егъэджакIуэу щылэжьащ Налшык дэт медицинэ училищэм, зыхэт гупым фIыуэ къалъагъуу, пщIэ къыхуащIу.
- ЦIыху дахэу, цIыхуфIу дунейм тета Мэремыкъуэр 1983 гъэм накъыгъэм и 5-м дунейм ехыжащ — жэнэтыр увыIэпIэ хуэхъуауэ Тхьэм къыщIигъэкI!
- P.S. «Адыгэ псалъэ» газетыр къэдгъэсэбэпу, ди къуажэм щыпсэу унагъуэ 1200-м ис цIыху мини 6-рэ 300-м къабгъэдэкIыу, ди республикэм и унафэщIхэм делъэIуну дыхуейщ Мэремыкъуэ Аня и фэеплъ Налшыки Алътуди щагъэувыну, абы и цIэр къыщалъхуа къуажэм и уэрамым фIащыну. Адыгэ лъэпкъым и пщIэмрэ и щIыхьымрэ лъагэу зыIэта цIыхур ящымыгъупщэнымкIэ, щIалэгъуалэм абы и лIыгъэм щапхъэ трахынымкIэ, и цIэр мыкIуэдыжынымкIэ ар щхьэпэнут.
- КЪЭЖЭР ЛатIиф.
- Альтуд къуажэ