ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Мэзыхьэ Борис Беслъэн и къуэр

2020-07-09

  • Къэбэрдей-Балъкъэрым бадзэуэгъуэм и 7-м иужьрей гъуэгуанэм щытрагъэувэжащ Урысей Федерацэм щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, Адыгэ, Къэрэшей-Шэрджэс республикэхэм щIыхь зиIэ я журналист, УФ-м и Журналистхэм я зэгухьэныгъэм и секретарь, КъБР-м и Журналистхэм я зэгухьэныгъэм и тхьэмадэ, тхакIуэ, журналист цIэрыIуэ Мэзыхьэ Борис Беслъэн и къуэр.

  • Мэзыхьэ Борис 1940 гъэм мэлыжьыхь мазэм и 7-м Щхьэлыкъуэ къуажэм къыщалъхуащ, курыт школым щеджащ. МэкъумэшыщIэ унагъуэм къихъукIа щIалэр колхозым зы илъэскIэ щылэжьащ. ИтIанэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым щIэныгъэ нэхъыщхьэ щызригъэгъуэтащ.
  •  Лэжьэн щlидза нэужь Мэзыхьэ Борис къулыкъу зыбжанэ ихъуэжащ. Ар щылэжьащ печатым и щэхухэр щахъумэу Къэбэрдей-Балъкъэрым  щыIа IуэхущIапIэм, «Адыгэ псалъэ» газетым (корреспонденту, къудамэм и унафэщIу, жэуап зыхь секретару, редактор нэхъыщхьэу), КПСС-м и обкомым печатымкIэ, телевиденэмрэ радиомкIэ и къудамэм и пашэуи щытащ. Мэзыхьэр тIэунейрэ хахащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и Совет Нэхъыщхьэм и цIыхубэ депутату. Ар КъБР-м и Журналистхэм я зэгухьэныгъэм илъэс 37 хъуауэ и тхьэмадэт.
  • Мэзыхьэ Борис и фIыгъэщ «Адыгэ псалъэ» (Къэбэрдей-Балъкъэр), «Адыгэ макъ» (Адыгей), «Черкес хэку» (Къэрэшей-Шэрджэс) газетхэм я номер зэгуэтхэр мазищ къэс зэ зэгъусэу къыдэкI зэрыхъуар. Абы зэкъуегъэувэ республикищым щыпсэу адыгэбзэ зэIурылъ зэлъэпкъэгъухэр. Апхуэдэ япэ номер 28-м и гуащIэ хилъхьащ адыгэлI щыпкъэм.
  • Урысей Федерацэм и Журналистхэм я зэгухьэныгъэм Мэзыхьэр хамэ къэрал куэдым игъэкIуащ икIи абыхэм и нэгу щыщIэкIахэр газетым къытригъэдзэжащ. КПСС-м и ЦК-м пщэрылъ къыщищIри, совет лIыкIуэхэм я пашэу Бангладешым щыIащ.
  • Художественнэ творчествэми жылагъуэ лэжьыгъэхэми ехъулIэныгъэфIхэр щызиIа Мэзыхьэ Борис хуэфащэ гулъытэ игъуэтащ — Урысей Федерацэм щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, Адыгэ Республикэмрэ Къэрэшей-Шэрджэсымрэ щIыхь зиIэ я журналист цIэ лъапIэхэр къыфIащащ. Мэзыхьэм къыхуагъэфэщащ СССР-м, Урысей Федерацэм я Журналистхэм я союзхэм я саугъэтхэри, ЩIыхь, Щытхъу тхылъ куэди къратащ.
  •  Абы и lэдакъэщlэкlхэу «Гъуэгуанэ псалъэ», «Вагъуэзэшибл», «ПцIащхъуэ хужь», «Мазэхэ жэщ», «Бжьыхьэр пщIащэ пылъэлъыжыгъуэщ», «Къуажэ пшыхьхэр», «Жэщ закъуэрэ гъащIэ псомрэ», нэгъуэщI тхылъхэри щlэджыкlакlуэхэм ягу дыхьащ. Адыгэбзэм къригъэзэгъа Мэлбахъуэ Елбэрд и «Iуащхьэмахуэ кIуэ гъуэгур шынагъуэт», Вэрокъуэ Владимир и «Яхуэзыгъэгъум къахурегъэгъу» романхэмкIэ, Толстой Лев и «Хьэжы-Мурат» повестымкIэ цlыхубэр игъэгуфlащ.
  • Борис адыгэбзэм хуеджат, филологие щIэныгъэ иIэт. Абы и бзэр дахэт, лантIэт, щIэщыгъуэт. Новеллэ жанрыр япэу нэхъ IэщIагъэ зыхуэхъуар, абы и дахагъэмрэ и фIагъымрэ нэхъ IупщI тщызыщIар Мэзыхьэ Борисщ. Абы и тхыгъэхэрщ ди прозэм и жанрыр зэрефIакIуэр нэхъ наIуэу къызыхэщыр. Мэзыхьэм новеллэм и хабзэхэр ди литературэм къригъэтIэсащ, а тхэкIэ дахэ дыдэм и щапхъэ нэхъыфIхэм тету.
  •  Инщ абы адыгэ литературэм, журналистикэм хуищIа хэлъхьэныгъэр. И lэдакъэщlэкlхэр дунейм тетыхукIэ псэунущ езыри, и цlыхугъэ иныр дигу илъыху къытхэтынущ Мэзыхьэ Борис.
  • КъБР-м ЩэнхабзэмкIэ и министерствэ, «КъБР-Медиа» къэрал-кIэзонэ IуэхущIапIэ, Урысей Федерацэм и Журналистхэм я союз, КъБР-м и ТхакIуэхэмрэ Журналистхэмрэ я зэгухьэныгъэхэр, «Адыгэ псалъэ» газетым, «Iуащхьэмахуэ» журналым я редакцэхэр, Дунейпсо Адыгэ Хасэ, Къэбэрдей Адыгэ Хасэ.