Зи тхыгъэхэм щIэупщIэ яIэ
2020-07-09
- Тхыгъэ къигъэщIахэм зи гъащIэр хэзыухуэнэжу, цIыхухэм тыгъэ яхуэзыщIа тхакIуэхэм ящыщщ бзылъхугъэ тхакIуэ къызэрымыкIуэ Кхъуэхъу Цуцэ Мэжид и пхъур. Абы и IэдакъэщIэкIхэр ноби цIыхухэм я пащхьэ илъщ, сыт хуэдиз зэман дэкIами, цIыху гупсысэр иджыри ягъэуш, сатырхэм къыщытIэщIа теплъэгъуэхэр жьы хъуакъым. Цуцэ псэужамэ, мэкъуауэгъуэм и 20-м илъэси 100 ирикъунут.
- Арами, уи гъащIэм хуэдэу, тхакIуэ пIалъэри Алыхьым къызэрыпхуи-ухщ. Хэт и гугъэнт лIыщIыгъуэкIэ узэIэбэкIыжмэ, революцэмрэ граждан зауэмрэ иджыри къыщIэмыхуа Къэсейхьэблэ къыдэкIа хъыджэбз цIыкIур щIэныгъэм хуэушу, адыгэхэр зыщыпсэу хэгъэгуищми, езы къэрал утыкуми зи цIэр щызыгъэIуну тхакIуэ цIэрыIуэ хъуну?
- Дауэ щытми, и япэ еджэгъуэ илъэсхэм къызыкъуиха творческэ зэфIэкIым емыпцIыжу, Цуцэ хузэфIэкIащ и гурылъхэм я нэхъ лъапIэу иIам — тхакIуэ хъуным — хуэкIуэн. Илъэс куэд дэкIыжа иужь дызэплъэкIыжми, нэрылъагъущ — Тхьэр фIыкIэ Цуци, лъэпкъми къыхуэупсэри, къалэмыр къыIэщIилъхьат.
- Нобэ апхуэдэу гугъуехь пымыщIа- уэ къэтлъытэми, а зэманым бзылъхугъэр и щIэныгъэкIэ, зэфIэкIкIэ, мурадкIэ утыкум ихьэныр къызэрыкIуэ Iуэхутэкъым. Арами, Цуцэ зытеува лъагъуэм емыпцIыжу тетащ.
- 1920 гъэм Къэсейхьэблэ (иджырей Хьэбэзым) къыщыхъуащ Кхъуэхъу Цуцэ. Адыгэ бзылъхугъэхэм ящыщу, япэу егъэджэныгъэм, щIэныгъэм зезытахэм ар яхэтащ. А илъэс гугъухэм ухэплъэжмэ, лъэпкъ зэмылIэужьыгъуэхэм я щIалэгъуалэм пкъырэ лъабжьэрэ яхуэхъуа ШКМ (мэкъумэшыщIэ щIалэгъуалэм я еджапIэр) къиухащ. Ари щIэныгъэ нэс къыхуэмыхъуауэ къилъытэри, Цуцэ щIэтIысхьащ Черкесск дэт педагогикэ училищэм.
- Бзылъхугъэм дежкIэ ар щIэныгъэшхуэт. И щхьэр ирипIыжуи, и унагъуэр зэрызэтриIыгъэну лэжьапIэ, къуажэм зырыщыпсэуфыну IэщIагъэ зригъэгъуэтагъэххэт Цуцэ. Арами, езым и гъащIэ еплъыкIэм сыт щыгъуи хуэткIийуэ къызэфIэува бзылъхугъэр зыхуэарэзыжу тIысыжакъым, атIэ зэрылъэкIкIэ и ужь итащ и щIэныгъэм зэрыхигъэхъуэным. Ар и мураду Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетми щIэныгъэ ищхьэ щызригъэгъуэтащ.
- Егъэджэныгъэ-гъэсэныгъэ лэжьыгъэми имыгъэгувэу пэрыуващ. Цуцэ егъэджакIуэу лэжьащ икIи и ныбжьым емылъытауэ лэжьыгъэ зэфIэкIыфIхэр къызыкъуихащ. Областым и еджапIэ-интернатым и унафэщIу щытащ. Къэрэшей-Шэрджэс тхылъ тедзапIэм и адыгэ къудамэм и редакторащ. Бзылъхугъэм пенсэм кIуэхуи щигъэтакъым и лэжьыгъэр, зэрылъэкIкIэ хуэсэбэпащ лъэпкъым, къэралым, егъэджэныгъэм, литературэм.
- Иужьрейуэ зи цIэ къитIуа IэщIагъэм — литературэ гъуэгуанэм — бзылъхугъэр хуэпэжащ. 1968 гъэм Цуцэ Урысейм и ТхакIуэхэм я союзым хыхьащ. А лъэхъэнэращ бзылъхугъэм бгъэдэлъ зэфIэкIыр нэгъэсауэ къыщызыкъуихыр, хэгъэгуми, къэралми я литературэ утыкуми щихьэр.
- «ФатIимэт» зыфIища и романыр Москва «Советская Россия», «Современник» тхылъ тедзапIэхэм къыщыдэкIащ 1974, 1985 гъэхэм. Ар и фIыгъэу, Къэрэшей-Шэрджэсым къыщымынэу, Кавказ Ищхъэрэри къыдэкIуэу, къэралыгъуэшхуэм и тхылъеджэхэм яIэрыхьащ зэдзэкIауэ. ТхакIуэм и гупсысэхэр ямыгъэкIуэду урысыбзэм кърагъэтIэсащ икIи романыр икъукIэ ягу ирихьащ щIэджыкIакIуэхэм.
- А зэманым щыщIэдзауэ, Цуцэ яхыхьащ зи цIэр фIыкIэ жаIэ бзылъхугъэ тхакIуэхэм я зэгухьэныгъэм. Абы нэхъри игъэгушхуа усакIуэм и Iэдакъэ къыщIэкIащ нэгъуэщI тхыгъэ гъэщIэгъуэнхэри. Абыхэм ящыщщ «Нысэ ябгэ», «Анэм и пэш» тхыгъэхэр, нэгъуэщIхэри. «ФатIимэт» романри апхуэдизкIэ цIэрыIуэ хъуати, цIыхухэм я лъэIукIэ етIуанэу къыдагъэкIыжащ.
- Цуцэ къиIуатэхэр къызэрымыкIуэ Iуэхугъуэтэкъым, зыри зыхэмыплъа къэхъукъащIэ телъыджэтэкъым, атIэ махуэ къэси зыхэплъэ къызэрыкIуэ теплъэгъуэхэрат. Ар апхуэдизу нэгъэсауэ цIыхухэм я гурыгъу-гуращэхэм хэплъэрт, я гукъеуэхэм лъэIэсырти, «ярэби, мыр сэрауэ пIэрэ щIатхар» жаIэу иригъэгупсысхэрт. Аращ бзылъхугъэм и IэдакъэщIэкIхэри щIэджыкIакIуэхэм апхуэдизу щIызэIэпахыр.
- Кхъуэхъу Цуцэ къиIэт гукъеуэхэр унагъуэм, уэрамым, лэжьапIэм узыщрихьэлIэ Iуэхугъуэхэрат. Нэгъэсауэ ухэплъэжмэ, ар гъащIэм и прозэт, псэм игъэуш сатырт. ЦIыкIухэми, балигъхэми, бзылъхугъэхэми, цIыхухъухэми зэрыжаIэу, я гущIэм иплъэфырт тхакIуэр. Нэгъэсауэ къитIэщIырт игъащIэми жылагъуэм къыдекIуэкI гукъеуэхэр. ГъэщIэгъуэнракъэ, абыхэм жэуапи къахуигъуэтыжырт.
- Цуцэ и творчествэм куэд тетхыхьащ. Бзылъхугъэм и тхакIуэ зэфIэкIым тепсэлъыхьахэм ящыщщ еджагъэшхуэхэу, критикхэу Бэчыжь Лей-ла, Хъупсырокъуэ Хъызыр, Дзасэжь Хьэсанш сымэ, нэгъуэщI куэди. Абыхэм къыщымынэу, Цуцэ и IэдакъэщIэкIхэр еджапIэхэм я программэм хагъэхьауэ, сабийхэми нэгъэсауэ ирагъэдж.
- Шэч хэмылъу, адыгэ литературэм къыщымынэу, хэгъэгуми хэлъхьэныгъэфI хуэзыщIа тхакIуэхэм ящыщщ Цуцэ. Абы хуэфэщэн пщIэри игъуэтыжащ — «Къэрэшей-Шэрджэсым и цIыхубэ тхакIуэ» цIэ лъапIэр къыхуагъэфэщащ.
- Нэхъ гъэщIэгъуэныр Кхъуэхъум и тхыгъэхэм гъащIэ кIыхь зэрагъуэтаращ. УусакIуэу, утхакIуэу птхыр Iуэхукъым, Iуэхур — дунейм уехыжа нэужь, уи IэдакъэщIэкIхэр здумыхьыжынырщ. Псэр зыхэкIа Iэпкълъэпкъым щIыгъуу уи IэдакъэщIэкIхэри мащэм ирагъэтIылъэхам хуэдэу, уи ужьым кIэщIу иту ящыгъупщэжмэ — тхылъымпIэ уцIэпI къудейуэ мы гъащIэм утетауэ аращ. Абы и IуэхукIэ, Цуцэ и насып къихьащ и тхыгъэхэм гъащIэ кIыхь яритын.
- Иджырей щIалэгъуалэм бзылъхугъэм и тхыгъэхэр зэIэпах. Псом хуэмыдэу нэхъ яджхэм ящыщщ «ФатIимэт» романыр. ЗыфIэгъэщIэгъуэныр хэплъэфынущ щIалэгъуалэр нобэ къыздимыкI Интернетым, сайт зэмылIэужьыгъуэхэм. НыбжьыщIэхэр зытепсэлъыхь, зи тхыгъэхэр щIаджыкI тхакIуэ, усакIуэ нэсхэм ящыщщ Цуцэ.
- А псом сэбэп хуэхъуар и тхыгъэхэр гъащIэ гъуджэ къудейуэ къимыгъанэу, психологие, философие гукъеуэхэр къиIэтыну сыт щыгъуи и ужь зэритарщ. Къапщтэмэ, философие еплъыкIэхэр куууэ къэзыIэту япэу щIэзыдза ди лъэпкъэгъу бзылъхугъэщ Кхъуэхъу Цуцэ. Аращ адыгэ бзылъхугъэм и гурыгъу-гуращэхэр нэгъэсауэ япэ сэтей къэзыщIар, цIыхухэм я пащхьэ изылъхьар.
- Пэжщ, цIыху гъащIэм хуэдэуи, творчествэм и пIалъэри псоми хуэгумащIэкъым. Зи лъэужьым щIы- гъуу, зи IэдакъэщIэкIхэри зэманым ихьыж куэд дунейм тетщ. АрщхьэкIэ щыIэщ цIыху и псалъэм иригъэгъуэ-та къарум илъэсхэр пэмылъэщу. Абыхэм ящыщщ зи лъэужь нэхур дунейм къытена, зи псалъэ узыншэхэр цIыхухэм къахуэна Кхъуэхъу Цуци. Тхьэм и ахърэтыр дахэ ищI!
- БЖЬЫХЬЭЛ9I Розэ.