ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Июль, 2020

Хэкур зыхъумахэм — щIыхь

2020-07-11

  • УФ-м и Президентым и унафэкIэ 2020 гъэр ди къэралым щагъэуващ Фэеплъымрэ щIыхьымрэ я илъэсу. Абы къриубыдэ лэжьыгъэхэм хэту, Урысей гвардием Къэбэрдей-Балъкъэрым щиIэ управленэм и лэжьакIуэхэм гулъытэ хуащI Хэку зауэшхуэм хэкIуэдахэм хуагъэува фэеплъхэм. Апхуэдэ пэкIу дахэ иджыблагъэ щекIуэкIащ Май щIыналъэм.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: ПэкIухэр

«Адыгэ псалъэр» къезыгъэхьхэм захудогъазэ

2020-07-11

  • 2020 гъэм и етIуанэ илъэс ныкъуэм цIыхухэм яIэрыхьэну газетхэмрэ журналхэмрэ Iэ щыщIадз зэманыр иухащ.
  • «Адыгэ псалъэ» газетыр зыIэрыхьэну хуейхэм хъыбар фыдогъащIэ — шыщхьэуIум (августым) щыщIэдзауэ ар къевгъэхьын папщIэ Iэ щыщIэвдз хъунущ Урысей пощтым и дэтхэнэ IуэхущIапIэми.
  • Мази 5-м «Адыгэ псалъэ» газетым и уасэр сом 580-рэ кIэпIейкIэ 25-рэщ.

Зыхыхьэхэр: Гу зылъытапхъэ

Мы махуэхэм

2020-07-11

  • Бадзэуэгъуэм и 11, щэбэт
  • ЦIыху бжыгъэм хэхъуэным и дунейпсо махуэщ
  • Шоколадым и дунейпсо махуэщ
  • Уэздыгъэ нэхур къигъэсэбэпурэ сурэт зыщIым и махуэщ
  • Монголием щагъэлъапIэ я цIыхубэ революцэм и махуэр

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

Ажалищэм къела

2020-07-11

  • Къамэ дзитI зыIуту,
  • Ар хэтащ зауищым,
  • Уащхъуэ гъуэгу къриту,
  • Къелащ ажалищэм.
  • Финляндием и мэзым
  • ЩыхьэщIащ зекIуэлIыр,
  • Абдеж шэгын гъуэзым

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: ТекIуэныгъэ

Махуэрыеджэ  мардэм  тохьэж

2020-07-11

  • Уз зэрыцIалэ лIэужьыгъуэщIэр здынэса сыт хуэдэ щIыпIэми хуэдэу, ди къэралым щекIуэкI гъащIэми лъэныкъуэ куэдкIэ зэхъуэкIыныгъэ инхэр игъуэтащ. Ахэр нэсащ экономикэми, политикэми, щэнхабзэми, щIэныгъэми, н. къ. Лъэныкъуэегъэзу къэнакъым егъэджэныгъэ-гъэсэныгъэ IэнатIэри. Ари ящыщщ зэхъуэкIыныгъэхэр нэрылъагъу дыдэу щекIуэкI унэтIыныгъэхэм.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Егъэджэныгъэ

Я гуащIэ псори сымаджэм ирахьэлIэ

2020-07-11

  • Ди фIэщ мыхъущэурэ мазэ зыбжанэ ипэкIэ ди гъащIэм къыхыхьа коронавирус узыфэм цIыхухэри къэралхэри щытыкIэ гугъум иригъэуващ. Куэдым ар пыхусыху лIэужьыгъуэхэм ящыщ зыуэ къалъытэми, абы псынщIэу тхьэмбылым зрет, апхуэдэуи узыфэ «гъэтIылъа» зиIэхэм ар нэхъ къатохьэлъэ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

ЩIы Хъурейм щыпсэу цIыхухэм я махуэ

2020-07-11

  • Ар ди планетэм щагъэлъапIэ 1987 гъэм и бадзэуэгъуэм къыщыщIэдзауэ. Абдежыращ ЩIы Хъурейм щыпсэухэм я бжыгъэр меларди 5-м щынэсар. Телъыджэу къыхэгъэщыпхъэр аращи, а бжыгъэр меларди 6-м хуэкIуэным абы иужькIэ «текIуэдар» илъэс 12 къудейщ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

КъБР-м и ТВ-мрэ радиомрэ

2020-07-11

  • 1 КъБР „Мир“ канал
  • Блыщхьэ, бадзэуэгъуэм и 13
  • 6.00 «Республикэ: тхьэмахуэ зэхуаку хъыбархэр» (16+)
  • 6.30 «ГуащIэм фIыщIэ пылъщ». УФ-м и цIыхубэ сурэтыщI Пащты Герман (адыгэбзэкIэ) (12+)
  • 6.55 «КъызыхуигъэщIа IэщIагъэр». КъБР-м щIыхь зиIэ и дохутыр Чым Агнессэ (12+)
  • 7.30 «Республикэ: тхьэмахуэ зэхуаку хъыбархэр» (16+)
  • 8.05 «ЩIэблэм хуэсакъыу» (адыгэбзэкIэ) (12+)
  • 8.35 «ЩIэдзапIэ». КъБР-м и Парламентым и ЩIалэгъуалэ советым хэт Мэрзей Аслъэнбий (12+)

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Нэтынхэр

Уафэбгыкъу  и нэлат

2020-07-11

  • МЭШБАЩIЭ Исхьэкъ
  • Тхыдэ роман
  • (КIэлъыкIуэр. ПэщIэдзэр №№37 — 39, 41 — 48, 50 — 51, 54 — 57,
  • 62, 65 — 68, 70 — 72, 74, 77, 79, 81-хэм итщ).
  • Гурыт Мэчыхъу и гъащIэ кIыхьыр гугъэрэ гуIэжу, гугъу ехьрэ иIуэтэжу, бын дигъуэтрэ дипIыжу къызыдип- сэуа бзылъхугъэр нэгъуэщI дунейм мамыру хыхьэжат… Апхуэдизрэ зэм пэгушыIэу, нэхъыбэм ехъурджауэу, зэм хуилъу, адрейм — техъушышыхьу ешхыдэрэ арыххэуи игу хэзыгъэщIыр дзыхь хуищIыжу зыбгъэдэса щхьэгъусэм Мэчыхъу здэщыIэ дунейр ибгынат! ЛIыжьым игу икъузурэ Iэбэри бзылъхугъэм и напIэхэр къыхурихьэхыжащ, жьэпкъыпэ къыIурыхуар хущIигъэзагъэри, пкъы диижар Iэбэлъабэурэ хузэригъэзэхуэжащ. ГуIэурэ иукъуэдиижа псэгъусэм и пIэщхьагъым Гуры-тым и натIэр трилъхьэри:

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

Зыгъэпсэхугъуэ махуэм

2020-07-11

  • Лъэпкъ шхыныгъуэхэр
  • ДзасэкIэ гъэжьа щынэ
  • Щынэ фIагъэжагъащIэм и фэр трах, и кIуэцIыр кърах, псы щIыIэкIэ ятхьэщI. ИтIанэ бжьыныху убарэ шыбжий сыррэ зыхэлъ шыгъукIэ фIыуэ яшыу — и щIыби, и кIуэцIи хагъэхьэурэ. Щынэ шыуар тепщэчышхуэм иралъхьэ, и щхьэр трапIэри, щIыIапIэм сыхьэти 2 — 3 хуэдизкIэ щагъэув, шыгъури бжьыныхури лым фIыуэ хыхьэн щхьэкIэ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Малъхъэдис