Дэ ар зэи тщыгъупщэнукъым
2020-07-09
- Журналистикэм и ветеранхэм, «День республики», «Карачай», «Черкес хэку», «Абазашта», «Ногай давасы» газетхэм я редакцэхэм я лэжьакIуэхэр, Урысейм и Журналистхэм я союзым и щIыналъэ къудамэм хэтхэр ягуми я псэми къыбгъэдэкIыу хуогузавэ Къэбэрдей-Балъкъэрым и журналистхэм, тхакIуэ, журналист, Урысейм щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, Къэрэшей-Шэрджэсми Адыгейми щIыхь зиIэ я журналист Мэзыхьэ Борис Беслъэн и къуэр дунейм зэрехыжам къыхэкIыу.
- Борис и гъащIэ псор творчествэм хьэлэлу узэрыхуэлэжьэнум, укъыщалъхуа щIыналъэр фIыуэ зэрыплъагъунум, узыхэс лъэпкъхэм пщIэ зэрахуэпщIынум и щапхъэ нэст. Абы къыхуагъэфэщат Урысейм и Журналистхэм я союзым и саугъэтыр, УФ-м и Журналистхэм я союзым и Федеративнэ Советым илъэс куэдкIэ хэтащ, СССР-ми Урысейми я журналистхэм я съезди 10-м щIигъум ягъэкIуащ. Лъэпкъ журналистикэм хуищIа хэлъхьэныгъэшхуэм папщIэ Борис ди къэралым и Журналистхэм я зэгухьэныгъэм и ЩIыхь дамыгъэр къыхуагъэфэщащ. Илъэс 15-кIэ «Адыгэ псалъэ» газетым и редактор нэхъыщхьэу щытащ Мэзыхьэр, Къэбэрдей-Балъкъэрым и Совет Нэхъыщхьэм и депутату тIэунейрэ хахащ.
- Ди республикэм и журналист зэгухьэныгъэм хэтхэм пщIэшхуэ хуащIырт КъБР-м и Журналистхэм я союзым и тхьэмадэу илъэс 37-м щIигъукIэ щыта я лэжьэгъум. Мэзыхьэ Борис «Адыгэ псалъэ» газетым и редактор нэхъыщхьэу щыщыта зэманым къыхилъхьэри, къыдагъэкIын щIадзат Къэрэшей-Шэрджэсым, Адыгейм, Къэбэрдей-Балъкъэрым къыщыдэкI газетхэм я номер зэгуэтхэр. Ди лъэпкъхэр зэкъуэзыгъэувэ а Iуэху дахэр нобэр къыздэсым йокIуэкI.
- Мэзыхьэ Борис и къалэмыпэм къыщIэкIащ художественнэ прозэ тхылъу 20-м нэс. Ахэр къыщыдэкIащ Налшыкрэ Москварэ. Абы и тхыгъэхэр тыркубзэрэ хьэрыпыбзэкIэ зэрадзэкIауэ дунейм къытехьащ. Езыми и къалэмыр IэкIуэлъакIуэу хуигъэлэжьащ тхыгъэ купщIафIэхэр адыгэбзэм къигъэзэгъэнэм. Апхуэдэу абы зэридзэкIащ Толстой Лев и «Хьэжы-Мурат» повестыр, Мэлбахъуэ Елбэрд и «Iуащхьэмахуэ кIуэ гъуэгур шынагъуэщ», Вэрокъуэ Владимир и «Яхуэзыгъэгъум къахурегъэгъу» романхэр.
- Борис цIыхуфIт, ныбжьэгъу пэжт, чэнджэщакIуэ губзыгъэт, адыгэ хабзэм фIыуэ хищIыкIырт, сыт хуэдэ Iуэхуми гумызэгъагъэрэ жэуаплыныгъэрэ пылъу бгъэдыхьэ IэщIагъэлIт. Журналист Iэзэ къызэрыщIыкIа цIыху куэд IэщIагъэм и щэхухэм хигъэгъуэзэн лъэкIащ абы.
- ХэщIыныгъэшхуэ зыгъуэта лъэпкъ интеллигенцэми Мэзыхьэм и благъэхэмрэ Iыхьлыхэмри фи гуауэр вдыдоIэт икIи дывдощыгъуэ.
- КЪУЛ Фэрдаус,
- КъШР-м и Журналистхэм я зэгухьэныгъэм и гуащэ.
- Черкесск къалэ,
- 2020 гъэ бадзэуэгъуэм и 7