ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Къэбэрдей-Балъкъэрым  урысыбзэмкIэ Зыуэ щыт  экзаменыр еджакIуэ 2897-м щатащ

2020-07-09

  • Зыуэ щыт экзаменхэр, адрей илъэсхэм елъытауэ, мы гъэм зы мазэкIэ нэхъ кIасэу щIадзащ. Мэкъуауэгъуэм и 6-7 махуэхэм урысыбзэмкIэ я щIэныгъэр къагъэлъэгъуэну утыку ихьат КъБР-м и еджакIуэ 2897-рэ, экзаменыр щекIуэкIащ щIыпIэ 27-м.

  • ЕГЭ-центрым и унафэщI Мэшыкъуэ Анзор зэрыжиIамкIэ, санитарно-эпидемиологием къигъэув щытыкIэхэм хуэкIуэу экзаменыр щекIуэкI щIыпIэхэр къызэгъэпэщащ, къэхъу-къащIэ гуэри къыхэмыкIыу махуитIри зэфIэкIащ.
  • Рособрнадзорым, къэрал экзамен комиссэм и лIыкIуэхэр, КъБР-м егъэджэныгъэ IуэхукIэ и къызэгъэпэщакIуэхэр жыджэру кIэлъыплъащ экзаменыр дэнэ щIыпIи щыуагъэншэу егъэкIуэкIыным. Апхуэдэу Iуэхум онлайн щIыкIэкIэ щыкIэлъыплъащ щIыпIэ ситуационнэ центрым.
  • УрысыбзэмкIэ Зыуэ щыт экзаменыр, сыт щыгъуи хуэдэу, IыхьитIу гуэшащ: япэ Iыхьэм лэжьыгъэ 27-рэ, етIуанэм —  26-рэ хэтщ. Ахэр гъэзэщIэным сыхьэтищрэ ныкъуэрэ хухахащ.
  • Школыр къэзыух ныбжьыщIэхэм зи гугъу тщIы экзаменыр нэхъ мыхьэнэ зиIэхэм хабжэ. Шэджэм къалэ №1-нэ курыт еджапIэр къэзыух Ету Миланэ къызэрилъытэмкIэ, фIыуэ зыхуэбгъэхьэзырмэ, тыншу балли 100 къыпхуэхьын хуэдэщ:
  • — Школым щыдмыджа упщIэ сыщрихьэлIакъым сэ къысIэрыхьа вариантым. Сочиненэр зытеухуа Iуэхугъуэр си дежкIэ тыншт, гъэщIэгъуэнт, аргументхэр псынщIэу къыхэсхащ икIи си гупсысэр нахуэ къэсщIащ.
  • Мы махуэхэм экзаменым я узыншагъэм и зэранкIэ хэмытыфахэм урысыбзэмкIэ я зэфIэкIыр къагъэлъагъуэфынущ е мэкъуауэгъуэм и 25-м, е шыщхьэуIум и 3 — 8 махуэхэм.
  • Мэкъуауэгъуэм и 6 — 7-хэм лэжьыгъэ зытхахэм экзаменым кърикIуахэр мы мазэм и 23-м фIэмыкIыу нахуэ къэхъунущ.
  • ЖыIэпхъэщ, еджапIэ нэхъыщхьэ щIэтIысхьэну зи мурадхэм я дежкIэ урысыбзэмкIэ Зыуэ щыт экзаменыр Iэмалыншэу зэрыщытыр. КъыкIэлъыкIуэу школыр къэзыух ныбжьыщIэхэм я зэфIэкI къыщагъэлъэгъуэнущ математикэмкIэ экзаменым, ар екIуэкIынущ мэкъуауэгъуэм и 10-м.
  • Щоджэн  Iэминат.